Табыхъу Мадинэ къыхилъхьа жэрдэмыр
2020-08-22
- ШыщхьэуIум и 17-м КъБР-м и профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и пэшышхуэм щекIуэкIащ щIалэгъуалэр я щIэныгъэкIэ щызэпеуа «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» джэгур.
- Абы хэтащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ курыт щIэныгъэ щрат еджапIэхэмрэ щIэс ныбжьыщIэ 50-м нэблагъэ.
- Джэгу-зэпеуэр къызэрагъэпэщащ студентхэм я щIэныгъэмрэ къэухьымрэ храгъэгъэхъуэн, зрагъэужьын мурадкIэ.
- Акъыл зэпеуэм и упщIэ-хэр теухуауэ щытащ псалъэжьхэм, цIыху цIэрыIуэхэм я жыIэгъуэхэм, тхыдэм, спортым, псалъэ шэрыуэхэм, нэгъуэщI куэдми.
- А Iуэхур зи жэрдэмыр Табыхъу Мадинэщ. Ар къызэригъэпэщын щхьэкIэ 2019 гъэм абы ахъшэ саугъэт къыщыхуагъэфэщащ Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ» зэпеуэм. Абы къыхилъхьа проектыр даIыгъащ Къалэн куэд щызэфIагъэкI центрым, «КъБР-м волонтёр Iуэхум зыщезыгъэужь ресурс центрым», Къэрал, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я урысейпсо профсоюзым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм.
- Проектыр Iыхьищу гуэшауэ гъэзэщIэным теухуат. Япэр — ищхьэкIэ зи гугъу тщIа «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» акъылжан зэпеуэр республикэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и еджапIи 6-мрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрату щымрэ я студентхэм ятещIыхьауэ егъэкIуэкIынырт. ЕтIуанэ Iыхьэм деж абыхэм ящыщу текIуахэм я щIыналъэ зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщынущ. Апхуэдэуи проектым ипкъ иткIэ «Интеллект в игре» щIалэгъуалэ клуб къызэIуахыну я мурадщ. Псори зэхэту мы Iуэхум щIалэгъуалэ 535-рэ къызэщIеубыдэ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.