Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ узыншэу псэуным гулъытэ нэхъыбэ щыхуащI щIыналъэхэм
2020-08-22
- «Роспотребнадзор»-м къызэритамкIэ, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу хьэл мыхъумыщIэхэм зыщызыдзейхэр нэхъыбэу щыпсэур Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэрщ, абы Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту.
- Экспертхэм къызэралъытэмкIэ, тутынхэкIхэмрэ фадэмрэ нэхъ мащIэ ды- дэу зыгъэкIуэщIхэм я деж бжьыпэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIыгъщ, абы кIэлъокIуэ Къэрэшей-Шэрджэсыр, Шэшэныр, Дагъыстэныр, Ингушыр, Осетие Ищхъэ-рэр. Апхуэдэуи я узыншагъэм зэран хуэхъу хьэлхэр зыхэмылъ, ерыскъыкIи зэмыгуэуэж цIыхухэр щынэхъыбэхэм хабжащ Къалмыкъыр, Чукотскэ автономнэ областыр, Алтай, Тыва Республикэхэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.