Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-08-22
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
- Нартыху лэкъум
- Нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIар, шэ къэкъуалъэ хакIэурэ, бэлагъкIэ япщ. Бахъэ пщтырыр ягъакIуэри, гуэдз хьэжыгъэ щIапщэ, абы хакIэ шэ хуабэкIэ зэIыха пщагъэ, фIыуэ зэхапщэжри, зы сыхьэтрэ ныкъуэкIэ и щхьэр тепIауэ хуабапIэ ягъэув, тэджын щхьэкIэ.
- Абы иужькIэ хупцIынэм хакIэ шыгъу зыхэдза джэдыкIэ уда, аргуэру зэ щIапщэжри, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ хуабапIэ ягъэув дакъикъэ 20 — 25-рэ хуэдизкIэ. ИтIанэ я Iэр псы щIыIэм хащIэурэ хупцIынэм къыпач, лэкъумыр чыржын хъурейм хуэдэу ящI, тебэм ит тхъу къэплъам халъхьэри, зэрагъэдзэкIыурэ тхъуэплъ хъуху ягъажьэ.
- Хуабэу Iэнэм трагъэувэ. Шатэ, кхъуей дашх, шэ, шей драф.
- Халъхьэхэр (цIыхуищ Iыхьэ): нартыху хьэжыгъэу — г 560-рэ, гуэдз хьэжыгъэу — г 80, джэдыкIэу — 4, шэуэ — г 800, пщагъэу — г 64-рэ, шыгъуу, зэрыбгъэжьэну тхъууэ — узыхуейм хуэдиз.
- Прунж щIэгъэва
- Прунж зэхадзар псы хуабэкIэ фIыуэ ялъэс, псы къэкъуалъэм хакIутэ, шыгъу тIэкIу хадзэри, зэIащIэурэ, тхъурымбэри къытрахыурэ, хьэзыр хъуху ягъавэ. Кхъузанэм иралъхьэри, и псыр щIагъэж. Iэнэм щытрагъэувэкIэ шыгъу е фошыгъу хадзэ, тхъуцIынэ халъхьэ. Пщтыру яшх. ЩIакхъуэ, лэкъум докIу.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): прунжу — г 250-рэ, псыуэ — г 500, тхъуцIынэу — г 40, шыгъуу е фошыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Псалъэжьхэр
- Къанжэр и бзэ токIуадэ
- Дзыгъуэ нэпсейр шэм етхьэлэ.
- Жейм и щIыхуэ къыптринэркъым.
- Жьэм къыжьэдэкIа псалъэри фочым къикIа шэри зэхуэдэщ.
- Жьындури гугъат тхьэрыкъуэ къришыну.
- Зи бзэ хуимытыжыр и бзэ токIуэдэж.
- Къэзыгъуэтыр мэгуфIэри, зыфIэкIуэдыр магъ.
- И насып бжыхьым ирапхакъым.
- Куэдыр пхурикъуркъым, мащIэр къыбдохуэж.
- Къанжэр и бзэ токIуадэ.
- Дзасэм тхъу пызагъэрэ?
- Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ.
- Къыхэдзэ закъуэ — ежьуун бгъуэтынщ.
- ЛIым Iэщэ зыхуиIыгъыр зы дакъикъэщ.
- МафIэм псыр къегъавэ, псывэм мафIэр егъэункIыфI.
- Мывэ дзыкIэ зымыщIэм и щхьэм къохуэж.
- Къуажэхьхэр
- Акъыл куэду къызыхах
- Бзаджэм къыIэщIэкI,
- Бэлыхь куэд къызэрыкI.
- Езыр зыщIыпIи мыпIащIэ,
- Ауэ цIыхухэр зыгъэпIащIэ.
- ЦIыхухэм куэдрэ къызэгуах,
- Акъыл куэду къызыхах.
- Жьыбгъэр щызеуэ, Iугъуэр щыуэр.
- Iэщ егъэзыпIэ Iэхъуэ хьэщIапIэ.
- Ди еджапIэм щIэсщ зы бзу,
- Махуэм куэдрэ ар мэзу.
- Жэуапхэр:
- ПцIы. Сыхьэт. Тхылъ. Уэнжакъ. Уэтэр. Уэзджынэ.
- Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ.
- КъэкIыгъэхэм я дуней
- Гъэмахуэм и гъэгъахэр
- Уафэр къащхъуэщ, лъащIэншэщ, пшэ закъуэтIакъуэщ уэгум иплъагъуэр. Ашэмэз и бжьамийр зэгуэр дунейм зэрытетар уи фIэщ мэхъу. Уи нэм къыIуидзэ гъэгъа плъыфэбэхэр, къыпщIихьэ мэ гуакIуэр абы щыхьэт тохъуэ.
- Тафэхэм, мэз лъапэхэм, мэкъупIэхэм щикъухьа удз гъэгъа дахэхэм гъуни нэзи яIэкъым. Нэр ягъэгуфIэ абыхэм я теплъэм, я щхъуэкIэплъыкIагъэм. Шынэ-шынэ (ромашка) зи къапщIийхэр хужь цIыкIухэр зыми яхэгъуэщэнукъым. Дарииху (эспарцет) пшэ плъыфэхэм яфIэфI дыдэу бжьэхэм фо къыпах. ДжэдутхьэкIумэ (колокольчик) цIыкIухэр лIэужьыгъуэ куэду бэгъуауэ мэкъупIэхэм щикъухьащ. Ди щIыпIэм куэдрэ ущыхуозэ епэр гъэгъа шакъафэхэм, къащхъуэпсхэм. Губгъуэбалыджэ (ночная фиалка) шакъафэ мащIэ зыщIэлъадэм пщыхьэщхьэкIэрэ мэ гуакIуэ къыпех. Накъыгъэм и кIэхэм — мэкъуауэгъуэм и пэхэм хужь цIыкIуу мэгъагъэ ландыщэхэр — къэлэрдэгухэр (ландыш).
- ГъэщIэгъуэнщ удз гъэгъахэр, акъужьым абыхэм я мэ IэфIхэр хьэуам щызэрехьэ. Къуалэбзухэми я уэрэд мыухыжыр къраш. Гъэмахуэщ…
- Гъуазджэ
- ЖыIэгъуэхэр
- Зи вагъуэ ижри дыгъэм щогугъ
- Зыплъыхьи — ущыуэнкъым, щIэупщIи — угъуэщэнкъым.
- Зыхьыр гурымыхукIэ, яхьым зегъэпсэху.
- ЗыщIэн зымыщIэжым нысэ къамышар еуб.
- Зи бзэ IэфIри и псалъэ хуэсакъыпхъэщ.
- Зи бзэ быдэми и бзэгупэр машхэ.
- Зи вагъуэ ижри дыгъэм щогугъ.
- Зи гупкIэ исыр дэгути, и уэрэдым дежьукIи мыхьэнэ иIэтэкъым.
- Зи дахэр мыжэм и Iейр жэрщ.
- Зи закъуэу псэум гупсысэр и къуэшщ.
- Зи занщIэр зи гъуэгур къэгъэшыпIэ куэд Iуоуэ.
- Зи кIэм куэд ищIар и кIэм щощтэж.
- Зи мыIуэху зезыхуэ и Iуэху мэкIуатэ.
- Зи нэхъыжь зылъытэ и щхьи елъытэж.
- Зи уэрэд щIэмыдэIуа и гупкIэ пигъэтIысхьэркъым.
- Зи хьэл зыхэплъхьэ и фащи щыптIэгъащ.
- Зи хьэсэпэр здынэсыр зымыщIэжым и гъунэгъуу гъавэ щумыщIэ.
- Зи щхьэ фIэкIа зымылъагъужыр лъагъуныгъэ хуэныкъуэкъым.
- Зы алэрыбгъу тхьэмыщкIибгъу тохуэри, зы нэпсей тезагъэркъым.
- Зы делэ щетIысэх делэ тIысыпIэ мэхъу.
- И анэ жиIэм едаIуэм и адэм жиIэнури къещIэ.
- КIэрэф Хьэсэнбий.
- Кулизар «мэIэзэ»
- Ауан
- — Къэбэрдейм къикIыу Синэхухэ къэкIуа фыз Iэзэм дунеишхуэр хузэблэкIыу зэрыжаIэу уэ тхьэмыщкIэжь мыгъуэр занщIэу сигу укъэкIащ, — жиIэурэ Сурэт къихьа шейхэкIэр зэрыт фалъэр стIолым тригъэувэри, етIысэхащ.
- Алыхьыр арэзы къыпхухъу, сыту хъыбарыфI дыдэ къысхуэпхьа. Къызэмыузу зы Iэпкълъэпкъ сиIэкъым…
- — Сурэт къыжриIахэр Хъаным и гуапэ дыдэ зэрыхъуар пщIэуэ щIэгуфIыкIащ, итIанэ къыщIигъуащ: «Зэпытыр къахукIуэ псоми. Уи напIэ зэрызэтеплъхьэу къэнэжынущ. Ди щхьэ дыкIэлъымыплъыфурэ гъащIэр макIуэ. Узыр уэ къожьэн?! Хьэдрыхэ здэзыхьаIа щыIэкъым. Пщэдей сыкIуэнщ», — Хъаным и щхьэ хуэхъущIэжурэ Сурэт куэбжэм дишыжащ.
- — Алыхь, пэжмэ, ди щхьэм зыри тхуехьэлIэркъым. Дахэлинэ къысхуэзати, фыз Iэзэм щытхъупсыр къригъэжэхащ. Абы и къуэ закъуэр-щэ? ПщIэжыркъэ? Илъэс дапщэ хъуауэ сымаджэ? Мис ар фыз Iэзэм игъэхъужыну жиIащ. Иджы анэр бжэн къуий дагъэрэ илъэсищ хъуа май форэ мэлъыхъуэ. Ахэр къызэригъуэту, хущхъуэ хьэлэмэтыщэ хузэхилъхьэнущ. ИтIанэ, сщыгъупщэрти, бзу къаукIагъащIэ зи псэр хэмыкIам игу цIыкIур псынщIэу кърипхъуэту зэрыпIэтIауэу иригъэлъэтэхыну къыхуигъэуващ. Узым уимыгъэщIэн щыIэ?! Хьэл жаIами уигъэшхынущ, Алыхьым къысхуимыухкIэ жыIэ армыхъумэ, — Сурэт и пщэдджыжь хъыбархэр утыкум кърихьащ.
- Iэзэм и IэзэкIэу Сурэт къыжриIам фIэщхъуныгъэ къритати, жэщ псом жеякъым Хъаным, нэху къызэрекIыу цIыхухэр чэзууэрэ зыхузэблэкIым деж кIуащ.
- Фыз лъахъшэ зэпэхъурей цIыкIут ар. Бысым гуащэм хухиха пэшым и закъуэ щыIэзэрт. Зырызурэт цIыхухэр зэрыщIигъэхьэр. Джэдуужь хуэдэ зигъэтIэтIэжу гъуэлъыпIэкум здисым Iущащэурэ зыгуэрхэр къибжырт. И жьэгъу къыщIэлэлам и пщэр щIихъумэжауэ плъагъужIатэкъым. Псом хуэмыдэу ар гурымыхь щыхъур и нэгъуджэр и пэбг кIагуэм къытригъэкIуатэу и дзыгъуэнэ цIыкIухэр зэригъажэу щыщIидзэм дежт.
- Дыщэм къикъутэ и Iэпхъуамбэхэр дыщэдзэхэр къызыIупс и Iупэхэм щIэх-щIэхыурэ Iуилъхьэрт.
- — Алыхьыр Iэзэщ, уэ уIэзэщ. Уи цIэр куэдрэ фIыкIэ жауIэ. Уи хъыбарыфI яIуатэм сыкъыпхуишащ, — зэкIэлъигъэпIащIэу къригъэжьащ Хъаным и матэр здиунэщIым.
- Шхын лIэужьыгъуэу стIолым къытемыхьа щыIэтэкъым, гуэгушыхъу укIамрэ бостеяпхъэ лъапIэмрэ щIыгъужу.
- ЗыфIимыгъэIуэхуурэ а псоми я деж ноплъыс Iэзэр, и IупитIри фIызэтож. ИтIанэ фэрыщIыгъэ хэлъу:
- — Апхуэдизу угузэвэн хуея мыгъуэкъым. Ауэ, угузэвами, уи щхьэм и щхьэузыхьщ, — жеIэри, нэхъ жан къэхъуауэ, сымаджэм къеузымкIэ еупщIу щIедзэ:
- — Нэхъыбэу узыгъэгумэщIыр сыт?
- — Алыхь, къызэмыуз симыIэ. Си Iэпкълъэпкъыр сысымей хуэдэщ, хьэлъэщ, хуабэри щIыIэри къызэзэгъыркъым, — нэщхъей-нэщхъейуэ жэуап къетыж Хъаным.
- — Зэм укъызэщIэплъэу, зэм техьэгъуэм уиубыду ухъурэ?
- — Упсэу, ардыдэщ, — сымаджэр къыхудэплъеящ.
- — Алыхь, иджы къэсщIакIэ. Мы тхылъымпIэм кIуэцIылъыр тхьэмахуищкIэ зыщIэбгъэуэнущ, мыбы уефэнущ. Ауэ, нэхъыщхьэр, хуабэм деж жьауэм, щIыIэм деж унэ хуабэм ущIэсынырщ, — а «рецептхэр» къритри, фызыр къригъэжьэжащ.
- КъыжриIауэ имыщIа щыIэкъым Хъаным. АрщхьэкIэ нобэр къыздэсым гурыфIыгъуэ лъэпкъ иIэкъым. ЩIэгъауэм Хъаным и нэпкъпэпкъыр дэбэгыу щIидзащ, зэфами, зэи имыкIыж щхьэузыр къыхуигъэнащ.
- КЪАНТЕМЫР Тыркубий.
- Тхыгъэ кIэщIхэр
- Мажьэм игъэщIэгъуар
- Щхьэр ижьу еса мажьэр зыкъом лъандэрэ къамыгъэсэбэпыж хъуат. «Сыту пIэрэ абы и щхьэусыгъуэр?» — гупсысэрт мажьэр.
- Зэгуэрым, гушыIэм къыхэкIыу ар щхьэм щыхуахьам, мажьэм къилъэгъуащ абы зы щхьэц зэримытыжыр, мылгъурыджэм хуэдэу джафэ зэрыхъуар. «Дэнэ здэкIуар сэ апхуэдизу селIалIэу зжьыуэ щыта щхьэц Iувыр?» — игъэщIагъуэрт абы, щхьэцыр ижьурэ езыми дахэ-дахэу дзэ къызэрыIумынэжам емыгупсысу.
- Псалъэжьым и жэуап
- — УцIыкIущ, укIэщIщ, псалъэ зыбжанэ фIэкIа ухъуркъым, итIани, сыт цIыхум уащIыIурылъыр, сыт пщIэшхуи ущIиIэр? — жари псалъэжьым еупщIати, мащIэу пыгуфIыкIри, мыращ жэуапу къаритар:
- — Пэжщ, сэ сыинкъым икIи сыкIыхькъым, ауэ абы къыхэкIыу фыкъыстегушхуэну, IэщIыб сыфщIыну фыхэмыт. Сэ сыкIэщIми, сIуатэр пэжщи, аращ си къарур щIэинри, гъащIэ кIыхь сыщIиIэри.
- Акъылыр лей хъуркъым
- ТхьэкIумэкIыхь гуэрым акъылышхуэ иIэу зэхахати, еупщIахэщ, сыт апхуэдиз акъылыр зэрыпщIынур? — жаIэри.
- — Зэзэмызэ сIэщIэкI щыуагъэхэмрэ делагъэхэмрэ ирищIэсхъумэну аращ, — жиIащ тхьэкIумэкIыхьым.
- Бабыщ жыIэзыфIэщ
- Псы Iуфэм Iус бабыщыр бажэм къиубыдри ирихьэжьати, «Дэнэ сыздэпхьыр? — жиIэри еупщIащ. — Уи дзэхэр къысхэбукIащи, си лыр уогъэуз».
- — Умыгузавэ, бабыщ цIыкIу, жыжьэ усхьынукъым, модэ мо чыцэм дызэрыхыхьэу, узутIыпщыжынущ, — жиIащ бажэм. — Си дзэхэр къыпхэсхыжынщи, утыншыжынщ.
- — А чыцэм псыпцIэ иIэу пIэрэ сыхэсыну? — щIэупщIащ бабыщыр.
- — ИIэщи, абы ухэзгъэсыну, бдзэжьей уезгъэщэну аракъэ ущIэсхьыр, дахэ цIыкIу.
- — Хъунщ-тIэ, абы щыгъуэ нажэ нэхъ псынщIэу.
- Бажэр чыцэм нэсри, бабыщыр фIиудащ.
- Бажэм и жэуапыр
- КъуажэмкIэ джэд къизых бажэм шылъэгур хуэзати, жреIэ:
- — Уэ, бажэ, убзаджэщ, угубзыгъэщ, уи Iуэхур сыт щыгъуи дыбогъэкIыф. Урысми жаIащи, джанэ пщыгъыу укъалъхуа хуэдэщ.
- Шылъэгум жиIэм едаIуэщ, джэдыр игъэтIылъри, бажэм жиIащ:
- — Пэжщ, сэ сынасыпыншэ хуэдэкъым, джанэ сщыгъыу сыкъалъхуагъэнщ, ауэ ар сщаудыну сыт хуэдиз къэзэщэрэ сэ, шылъэгу цIыкIу?!
- Къагъырмэс Борис.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 3. Зеиншэ. 5. Выр зэрыщIащIэ пхъэ. 6. Тепщэхэр къызэрырашэкIыу щыта шыгу. 9. Аргъуейм и … макъ. 10. Пхъэщхьэмыщхьэ. 11. Щыхь пIащэ. 12. Католикхэм я къэрал жьгъей Ватиканыр зыхиубыдэ къалэ. 15. Къуаргъ лъэпкъ. 18. … и къуэ дзыгъуащэщ. 19. Гъэмахуэм Iэщым я фэр изых бадзэжь. 20. Гум щагъафIэ, зыщIэхъуэпс гугъэхэр. 23. Псыхуабэ къалэм щыIэ адыгэ Iуащхьэ. 24. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 26. Уэзырмэс хигъэщIа, нартхэм тезыр къатезылъхьэу щыта тхьэпэлъытэ. 28. БгитI зэхуаку. 29. ХадэхэкI. 33. Джэдкъаз. 34. Зэхьэзэхуэм щытекIуэм ирату щыта щэкI плъыжь цIыкIу. 35. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, ар куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 36. ФIы дыдэу еджэм ар хуагъэув. 38. Iэщ пIащэ. 40. Гъэсыныпхъэ ткIуаткIуэ. 41. Гъатхэр къызэрихьэу жыгхэм … иратащ. 42. ЦIыху зыпI цIыху уасэ …
- Къехыу:1. Къалэ-лIыхъужь. 2. ЛIыгъэшхуэ зыхэлъ, щхьэмыгъазэ. 4. Ди унэр … Iэджэу зэтетщ. 7. Лэскэн щIыналъэм щыщ къуажэ. 8. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и етIуанэ ректору щыта. 11. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI. 13. ТхылъымпIэм итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ дамыгъэ. 14. Шху мыхъуу упщIыIужа шэ гъэпщта. 16. Зи кIуэцIыр нэщI, купщIэ зэрымылъ. 17. Зи щхьэгъусэм и унагъуэм щыпсэу щIалэжь. 21. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 22. Iуэху мыублэ … хэсщ. 25. Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ къуажэ. 27. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ щIалэ. 30. Iуэху щIэным хуэмыпIащIэ, жыджэрагъ зыхэмылъ цIыху. 31. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 32. IэщIэвыщIэ гуп зытет фермэ. 36. Пхъэм къыхащIыкI бжэмышх, шынакъ хуэдэхэм я кIуэцIыр зэрагъэтэмэм, дзитI зыIут Iэмэпсымэ. 37. Адыгэ художник цIэрыIуэ … Мухьэдин. 39. Iэпслъэпсым щыщ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ШыщхьэуIум и 15-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:5. Iэхулъэху. 7. Уэсмыч. 9. Пхъы. 12. Инэрокъуэ. 15. Мыгъуэ. 16. Къузгъун. 18. Пажэ. 20. Црым. 23. Шыд. 24. Сом. 25. Жьым. 26. Баш. 27. Куэсэ. 28. Къунан. 33. Амур. 35. ИкIута. 37. Устинов. 40. Къурш. 41. Нэбзий. 42. ХьэпцIий.
- Къехыу:1. Шху. 2. Нэсри. 3. Iэгупэ. 4. Къум. 5. Iэрамэ. 6. Пхъэр. 8. Чэщанэ. 10. Шыгъу. 11. Мэз. 13. Ныш. 14. Къуэш. 17. Псынабэ. 18. Пхъэшку. 19. Жасус. 21. Румын. 22. Медан. 29. Салъкъын. 30. КIэс. 31. Пкъо. 32. Къабзий. 34. Уэх. 36. КIущэ. 37. Уэлий. 38. Изрэ. 39. Выуэч. 42. Бо. 44. ЦIэ.