ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэрызэмыщхьыр я беягъэщ

2020-08-08

  • ШыщхьэуIум и 9-р щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм — щалъхуа щIыналъэм щыпсэужхэм — я махуэщ. Ар гъэ­лъэ­пIэнымкIэ унафэр 1994 гъэм и дыгъэгъазэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къыщащтащ (Interna­tio­nal Day of the World‘s Indigenous People).

  • ЩIыпIэдэлъху лъэпкъхэм заужьынымкIэ, я хуитыныгъэм ­зегъэубгъунымкIэ Iэмалхэм нэхъ убгъуауэ лъыхъуэн щыщIадзар XX лIэ­щIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ — а лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм, жылагъуэм, властым пэрытхэм лъэпкъ цIыкIухэм хуащI гулъытэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм щытеп­сэ­лъыхь хъуа иужькIэщ.

  • ЕкIуэкIащ лъэхъэнэ псо, щIыпIэ­дэлъху лъэпкъхэм ящыщу нэхъ цIыкIухэр къазэрыфIэIуэху щIагъуи щымыIэрэ гулъытэу хуащIри мащIэ дыдэу щыщыта. БжыгъэкIэ ебэкIхэм къакIэрыхуауэ (я зыужьыныгъэкIэ) къалъытэрти, къахэкIахэр политикэ Iуэхухэми хамыгъэхьащэу, я хуитыныгъэкIи нэхъ дакъузэу ягъэпсэуащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм, хабзэ щыхъужами ярейуэ, щеувэлIат ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщ куэ­дым (Урысейри абыхэм яхэту), юридическэ къару зыгъуэт унафэхэр къыщащтэкIи, хабзэщIэхэр къыщрахьэжьэкIи.
  • Тхыдэ мыжыжьэм дриплъэжынщи, 1982 гъэм ООН-м Экономикэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и советым деж гуп щхьэхуэ щызэхашат, зи бжыгъэкIэ мащIэ лъэпкъхэм я Iуэхухэр зэри­гъакIуэрэ абыхэм яхуэгъэзауэ дэ­къузэныгъэ къэмыгъэхъуным тела­жьэу. Апхуэдэуи, 1985 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм деж фонд щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщат, щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм пыщIэныгъэ яхуиIэн, зыхуей-зыхуэфIхэр зэхигъэкIын, хуей хъумэ ядэIэпыкъун папщIэ.
  • АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Iуэхум зэрызихъуэжа щIагъуи щы­мыIэу, ди нобэрей гъащIэми щIы­пIэ­дэлъху лъэпкъхэр, я щэнхабзэ, я бзэ яхъумэжын и лъэныкъуэкIэ, лъэпощхьэпо Iэджэми щыIуоуэ. Властыр зы­Iы­гъхэр зэрелIалIэ щымыIэу, къарууэ трагъэкIуадэр мащIэ дыдэщ, лъэпкъ цIыкIухэм, я дуней еплъыкIэ-хущы­тыкIэ елъытауэ, зрагъэужьыным, я лIыкIуэхэр политикэ Iуэхухэм ирикъуу хэшэным ехьэлIауэ.
  • Мы зэманым зи гугъу тщIы лъэп­къ­хэм ящыщ цIыхухэр къэрал 90-м щопсэу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэм ироп­салъэ, я щэнхабзэкIи зэтемыхуэщ, я бжыгъэр мы зэманым, псори зэхэту, мелуан 370-м ноблагъэ. ЩIы Хъурейм проценти 5 фIэкIа щымыхъуми, нэхъ тхьэмыщкIэрэ хуэмыщIауэ щыпсэум я процент 15-р ахэращ.
  • УФ-м ис лъэпкъ цIыкIухэм уащы­хуозэ Сыбырми, КъуэкIыпIэ Жыжьэми, Кавказ Ищхъэрэми, нэгъуэщI щIыналъэхэми.
  • Этнографхэм зэрытрагъэ­чы­ны­хьым­кIэ, зи бжыгъэкIэ мащIэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, дуней еплъыкIэр, хабзэ-бзыпхъэу зэрахьэхэр адрей къэ­­зыухъуреихьхэм ейм къазэрыщ­хьэ­щыкIырщ ахэр ямылейуэ щIэщыгъуэ зыщIри, ди планетэм и нэхъ ­къулеягъэ дыдэхэм щIахэлъытапхъэри.
  •  КЪУМАХУЭ  Аслъэн.