ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сокъур Алим: Ди цIыхухэр лэжьакIуэшхуэщ, щIыуэпсыр къулейщ. Къалэныр — абыхэм защIэдгъэкъуэнырщ

2020-07-14

  • Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэр къызэрыунэхурэ блэкIа илъэс 20-м къриубыдэу экономикэм хуабжьу зиужьащ. Иджы ди къэралым къанэ щымыIэу езым зыкъызэрегъэпэщыж ерыскъыхэкIхэмкIэ, уеблэмэ, гъавэхэкIхэр нэгъуэщI къэралхэм куэду ирещэ. А псори къэхъуфынутэкъым, мэкъумэш IэнатIэм хуэфащэ щIэгъэкъуэн мылъкукIэ имыгъуэтамэ. Къуажэдэсхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъунымкIэ иужь илъэсхэм къэралым щыпашэщ «Мэкъумэшбанк» АО-р. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Сокъур Алим нобэ ди псэлъэгъущ.

  • — Алим, блэкIа илъэс тIощIым къриубыдэу сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр ди къэралым и мэкъумэш хозяйствэм къыщыхъуауэ къэплъытэрэ?
  • — Псом япэрауэ, агропромышленнэ комплексым и кIуэцIрыхуныгъэр къызэтеувыIэри, абы лъэщу зиужьын щIидзащ. Иужь илъэсипщIым ар нэрылъагъу дыдэщ. Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэр къыщIызэрагъэпэщам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ къуажэдэсхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэныр. ИкIи ар хъарзынэу тхузэфIэкIащ. Мэкъумэш хозяйствэм зиужьын папщIэ къыхалъхьа программэр зэрылажьэ 2008 гъэ лъандэрэ ди банкым абы хилъхьащ сом триллиони 8,5-рэ. Абы щыщу сом мелард 48-м щIигъур Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ. Ди цIыхухэр лэжьакIуэшхуэщ, щIыуэпсыр къулейщ. Къалэныр — абыхэм защIэдгъэкъуэнырщ. Аращ Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэр сыт щыгъуи зытелажьэр.
  • — Сыт хуэдэ проектхэр нэхъ къыхэгъэщыпхъэ?
  • — «Агропромышленнэ комплексым зегъэужьын» лъэпкъ проектыр къызэрыхалъхьэрэ, ди щIэгъэкъуэныгъэкIэ мэкъумэш проект 4200-рэ ягъэзэщIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щхьэхуэу утепсэ-  лъыхьмэ, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр яухуащ, жыг хадэхэр хасащ, псыщIэгъэлъадэ Iуэхухэр, нэгъуэщI куэди пхагъэкIащ. Агрохолдингхэм къищынэмыщIауэ, фермерхэми дэIэпыкъуныгъэшхуэ еттащ. Къуажэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абы дэсхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэным дыхущIэкъу зэпытщ. Аращ къызыхэкIар хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ ахъшэ уэру яхухэхыныр. Абы и фIыгъэкIэ АПК-м къилэжьыр 2010 гъэм елъытауэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ хъуащ.
  • — Дауэ мэкъумэшыщIэхэм зэрызащIэвгъакъуэ щIыкIэр?
  • — Мыхьэнэшхуэ иIэщ худэчых (льготэ) иIэу щIыхуэ зэреттым. Аращ дэ сыт щыгъуи дызытетыр. «Микро АПК» программэм ипкъ иткIэ фермерхэм псынщIэу икIи гугъуехь лей хэмыту кредитхэр ядот. Мы гъэм «Коридор щхъуантIэ» программэр къыхэтлъхьащ. Абы и фIыгъэкIэ зэгуэр щIыхуэ зэттам документхэр щIэрыщIэу зэхуедмыгъэхьэсыжу къыкIэлъыкIуэ кредитыр хухыдох. Банкыр илъэс тIощI щрикъу гъэм IT революцэ агробизнесым къыщыдгъэхъунущ: бжыгъэр зи лъабжьэ экосистемэ фермерхэм папщIэ дыутIыпщащ.
  • — Ар сыт зищIысыр икIи фермерхэм дауэ ядэIэпыкъуфыну?
  • — Инновацэ сервис зыбжанэ IT системэм къызэщIикъуэнущ. Абы и фIыгъэкIэ агропредприятэ мащIэхэмрэ курытымрэ мылъку лей трамыгъэкIуадэу, я Iуэху нэхъыщхьэми къыпэрымыкIыу къалэн зыбжанэ кърахьэлIэфынущ. Къапщтэмэ, гъавэ Iухыжыгъуэм и деж лэжьакIуэхэр къешэлIэныр. Банкым къызэрыщыдбжамкIэ, цIыху мелуанрэ мин 200-рэ илъэс къэс а лъэхъэнэм къуажэхэр хуэныкъуэщ. Ахэр къешэлIэныр ди пщэ итлъхьэжыфынущ. Гъавэ кърахьэлIэжар зыхуей хуэзэу щэнымкIэ, къалэжьар зищIысыр щэхуакIуэхэм къащIэнымкIэ, нэгъуэщI куэдымкIи мэкъумэшыщIэхэм дадэIэпыкъунущ.
  • — «Мэкъумэшбанк» акционер обществэр къызэрыунэхурэ илъэс тIощI зэрырикъум гукъыдэж щхьэхуэ къывитрэ?
  • — НэхъыфIыжу дылэжьэну дытрегъэгушхуэ. Дыхущокъу цIыхухэм я псэукIэр нэхъри едгъэфIэкIуэну. Абы папщIэ къыхэтлъхьащ «Кредит юбилейный», «Юбилейная ставка» акцэхэр. Апхуэдэ щIыхуэ къэзыщтэхэм илъэсым щхьэщатIыкIыр проценти 6,9-м щыщIэдзауэ проценти 6,1-рэ хъууэ аращ. КъищынэмыщIауэ, ди клиентхэм мэкъумэш продукцэхэр сомкIэкъым къызэращэхуфынур, атIэ зэхуэхьэса баллхэри абы хуагъэкIуэфынущ.
  • — Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ хьэрычэтыщIэхэм я жыджэрагъми кIэрыхуащ. Фи лэжьыгъэр нэхъ мащIэ абы ищIа?
  • — «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм и лэжьыгъэр нэхъ мащIэ хъункIэ Iэмал иIакъым. Уеблэмэ, абы хэхъуащ, кризисым гъатхэ гъавэ хэсэгъуэм зэрыщIидзам къыхэкIыу. Ар хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэхъэнэт икIи мэкъумэшыщIэхэм сыт илъэныкъуэкIи защIэдгъэкъуащ. Абы папщIэ мы гъэм и япэ мазитхум сом мелуан 210-р яхухэтхащ. Ар нэгъабэрейм процентитIкIэ йофIэкI.
  • — Худэчых зиIэ ипотекэми, дауи, мыхьэнэшхуэ иIэщ.
  • — Абы щхьэхуэу тепсэлъыхьыпхъэщ. ЯпэщIыкIэ худэчых зиIэ ипотекэм техьэ процентыр илъэсым проценти 6,3-м хуэдгъэкIуащ. АрщхьэкIэ накъыгъэ мазэм и кIэухым ар проценти 5,9-м нэс къедгъэхащ. Илъэсым къриубыдэу техьэ процентхэр нэхъ мащIэ тщIащ псэупIэ къыщащэхукIи. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм папщIи акцэ щхьэхуэхэр диIэщ.
  • — Къуажэдэсхэм щIыхуэ етынри езэгъырабгъуу къызэвгъэпэщащ.
  • — Бжыгъэхэр абы щыхьэт тохъуэ. Къапщтэмэ, «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм худэчых зиIэ къуажэ ипотекэм сом мелуан 60-м щIигъу хухихащ. Ар нэхъыбэу къэзыгъэсэбэпахэм ящыщщ Бахъсэн, Шэджэм, Аруан щIыналъэхэм щыпсэухэр. Къащта щIыхуэм илъэсым къриубыдэу абыхэм щхьэщатыкIынур проценти 2,7-рэщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къуажэдэсхэм Iэмал яIэщ газ, псы, электрокъару щIрагъэшэну, я псэуалъэр зыхуей хуагъэзэну.
  • — «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм къыбгъэдэкIыу дяпэкIэ сытым дыпэплъэ хъу-  ну?
  • — Къэралым и агропромышленнэ комплексым щIэгъэкъуэн нэс дыхуэхъукIэрэ, дэ адэкIи дыдэIэпыкъунущ цIыху щхьэхуэхэм, хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ, экономикэм зэрыщыту. Абы папщIэ худэчых зиIэ кредитхэр куэду ттынущ, программэщIэхэр къыхэтлъхьэнущ. Дэ псори дыщIэлажьэри, гугъу зыщIедгъэхьри цIыхум и зэIузэпэщыныгъэрщ. АдэкIи абы дытетынущ.
  • Епсэлъар  Хьэщыкъуей Олегщ.