ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IэIэтым зэрыкIэлъыплъар къапщытэж

2020-07-04

  • Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ зэхэта къэралпсо IэIэтым КъБР-м щыщыIа жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм кърикIуахэм хэплъэжащ. Абы теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм щыIа пресс-конференцыр.

  • Урысейм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIа IэIэтыр зэфIэкIащ. Ар, дауи, къэралым и тхыдэм хыхьэнущ: япэрауэ, УФ-м и конституцэ зэIузэпэщыныгъэхэр абы щызэфIагъэкIащ, етIуанэрауэ, цIыхухэм я узыншагъэр хъумэнымкIэ зыхуеину псори ящIащ. Урысейпсо IэIэтыр хабзэм къемызэгъыу къыщIрагъэдзыну куэд хущIэкъуами, ар зэхэтащ. Дэ зэгъусэу гъуэгуанэшхуэ къэткIуащ.
  • Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэр зэхагъэуват муниципальнэ жылагъуэ палатэхэмрэ советхэмрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, политикэ партхэр, Iуэхум гудзакъэ хузиIэ цIыху къызэрыгуэкIхэр хэту. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм зэгурыIуэныгъэ ядрищIылIащ республикэм и муниципалитетхэм я жылагъуэ палатэу 13-м, политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэхэу 4-м («Урысей зэкъуэт», «Партия РОСТА», «Граждан платформа», «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» урысейпсо политикэ партхэм), КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм. Абы Iэмал къитащ граждан жылагъуэм и Iэмал псори къагъэсэбэпу IэIэтым щылэжьэну кIэлъыплъакIуэхэр къызэрагъэпэщыну, цIыху 1370-рэ хыхьэу.
  • «Дэ дыхущIэкъуащ цIыху нэхъыбэ къызэщIэдубыдэну икIи ар къыдэхъулIащ. Жылагъуэ палатэм щытыкIэр къэзыпщытэ и центрыр тхьэмахуэм къриубыдэу жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм япыщIауэ щытащ», — жиIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий.
  • Iэ щаIэтэта зы участки кIэлъыплъыныгъэншэу къэнакъым. Абы къегъэлъагъуэ ар сыт и лъэныкъуэкIи хабзэм къызэритIасэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Профсоюз зэгухьэныгъэхэм я унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт къызэрыхигъэщамкIэ, «цIыхухэм кIэлъыплъакIуэу зрагъэтха къудейкъым, атIэ я къалэн мытыншыр ягъэзащIэу мэкъуауэгъуэм и 25-м щыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 1 пщIондэ Iэ щаIэта участкэхэм щыIащ. Ахэр набдзэгубдзаплъэу бгъэдыхьащ къэралпсо мыхьэнэ зиIэ IэIэтымрэ абы кърикIуахэр зэрабжыжымрэ, къищынэмыщIауэ, Роспотребнадзорым къахуигъэува санитар-эпидемиологие мардэхэр зэрагъэзащIэм».
  • КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и Iэтащхьэ Джэш Вячеслав и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, нэхъапэхэм щыIа IэIэтхэм елъытауэ, иджы лэжьыгъэр нэхъыбэу яIащ. Ар нэхъыбэу къыхэкIащ санитар-эпидемиологие мардэхэр ткIийуэ гъэзэщIэн зэрыхуеймрэ махуэ зыбжанэкIэ Iуэхур зэрекIуэкIамрэ. Абы щыгъуэми, IэIэтыр хъарзынэу къызэгъэпэща хъуащ.
  • Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэм и къалэнхэр зэригъэзэщIа щIыкIэм тепсэлъыхьащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ НКО-м и Советым и унафэщIым и къуэдзэ, «Экология — жизнь» щIыналъэхэм зэдай жылагъуэ экологие зэщIэхъееныгъэм и Iэтащхьэ КIарэ Галинэ. «КъБР-м волонтёрхэм зыщаубгъунымкIэ и гъэтIылъыгъэ центр» АНО-м и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Алексейчик Татьянэ къэралпсо IэIэтым волонтёрхэм хуащIа хэлъхьэныгъэр къызэщIикъуэжащ.
  • ЗэIущIэм и кIэухым Берд Хьэзрэталий фIыщIэ яхуищIащ жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэр къызэзыгъэпэщахэмрэ езыгъэкIуэкIахэмрэ. Щхьэхуэу къыхигъэ-щащ волонтёрхэм я лэжьыгъэ мытыншыр. А псоми я фIыгъэкIэ цIыху куэд кърихьэлIэу икIи ныкъусаныгъэншэу зэфIэкIащ Урысейм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа IэIэтыр.
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и пресс-IуэхущIапIэ.