Гур плъырмэ, нэр мэплъыз
2020-06-23
- «ГъащIэр псыежэхыу щIыжаIэр псымрэ гъащIэмрэ псынщIэу зэрыжэр арауэ фIэкIа къызгурыIуэртэкъыми, иджы сощIэ: дунейм теткъым псым хамыдзэ, гъэкIэрэ абы щызэтримыхьэ». (Хьэту Пётр)
- IункIыбзэ къэбщ цIыхум и гущхьэлъапсэр. ИщхьэкIэ къэтхьа щIагъыбзэ дыкъуакъуэм дэтхэнэм и зэхэщIыкI зэрыпэлъэщщи, къыхуэдгъэнэнщ щхьэж зэрегуакIуэу иузэщIыну. Хьэту Пётр-усакIуэм тхылъ пщыкIуз и Iувагъыу иухуэна псысэхэм я данэ иджы итшыжыну ди хьисэпкъым. Да-рищыхьэткъым Хьэту-цIыхум илъэс блыщI бгъуагъкIэ иукъуэ-дия хъыупцIым щызэтрихьахэми. А псыхьэлъахуэр езы бдзэжьеящэм хущыднэурэ, аддэ псыпэр къыщыхъуапсэмкIэ дыкъыщызекIуэнщ.
- Сыбыр лъэтхьэмпэ
- ЦIыху щхьэхуэхэм я натIащхьэ лэдэхт къэралыгъуэшхуэм и тхы-дэ хъэтIыр. 1905, 1917 гъэхэм я жьыуей-псыуейм унагъуэ куэд ирикъухьыжащ. Санкт-Петербург къыщрахужьа Романовхэ я унэцIэджэгъуи, я пыхъуэпышэ егъуи лъэныкъуэ щрагъэзым, абыхэм яжь зыщIэпщауэ Кемеровэ щIыналъэм къыщыщIидзахэм, «Быдэ и анэ гъыркъым» жыхуаIэрати, Романов унагъуэцIэр КошкинкIэ щахъуэжат. А дэхуэхахэм ящыщт тайга лъапэм (Осинники къалэ цIыкIум) щыпсэу Кошкинэ Евдокие. Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, Евдокие и щхьэгъусэр фронтым Iухьащ. Зэман дэкIри, бзылъхугъэм къратыжащ щхьэ-кIуэ тхылъ: иджы ар фызабэт, щIалитIым я адэр нэмыцэхэм яукIат.
- ЗауэкIэр куэдым я хьэдагъэт, Кемеровэ щыпсэу хэхэсхэм я бжыгъэм къыхэхъуащ. Гъаблэгу зыщта сыбырыщIым иджы зыIурилъэфат залымыгъэ зытраIуа бгырысхэр. Къылышбийхьэблэ ираша Хьэту Мацулэрэ нэгъуэщI и хэкуэгъухэмрэ яхэхуащ тайга жьэгъур псэупIэ зыхуэхъуа каторжанхэм.
- КъэзыгъэщIым и Iэмырщ тIум я насып щIызэхэткIуэр. Хьэту Мацулэрэ Кошкинэ Евдокиерэ я нэчыхьыр Осинники щрагъэтхщ, унэгъащIэу тIысри, зы щIали зэдагъуэтыжат. ЗэрыжытIащи, Евдокие къуитI иIэт — Николайрэ Александррэ; етIуанэлIым къыхуилъ-хуа цIыкIум фIащащ Пётр. Романовхэ пащтыхьу щытахэм я цIэхэрт Евдокие и бынхэм яфIищар…
- Сабийхэм зэхагъэгъуащэ хабзэщ нахуэу къащыщIамрэ пщIыхьу я нэгу къыщIыхьамрэ. Апхуэдэу щытми, илъэсиплIым щегъэжьауэ гум зыщIепхъуатэ щыгъупщэ зимыIэж теплъэгъуэхэр. Мацулэ и къуэр илъэситхум хыхьа къудей-ми, а нахуапIэр нобэ хуэдэу щIощхьэукъуэж уэздыгъей мэзым щызэтелъ уэс Iэтэм.
- Хьэблэ щIалэжь цIыкIухэр зэ- рызехьэу тайгам кIуэрт, кедр дэ цIыкIухьэ. ЗэщIэкудэпауэ бжэщхьэIум тет пыIэжьынэ цIыкIуни-тIэр абыхэм я ужь щIиувар Тхьэм ещIэ. Куэд икIунт езыми, уэс лъащхьэщIэнэр зэблимыхыфурэ щыукIурийм, уэздыгъей лъабжьэм щIэтIысхьэри зиудыгъужащ. Модрейхэрти, гу къылъамытэххэу мэзым хыхьахэщ. Ауэрэ уэси тесэжат сабий Iурихам; ауэрэ жьыпхъанкIэм исеижаи… Хьэтухэ я щIалэ цIыкIур а зэрыбзэхат, жэщри хэкIуатэрт. Хьэблэми благъэми мафIащхьэ бжыкIхэр яIыгъыу мэзылъэр щIащыкIырт, уэс Iуащхьэхэр къатIэщIырт. ГъащIэ иIэу къыщIэкIынт Петя! Сабий ундэрэщхъуар уэскIэ, итIанэ спирткIэ зэпаIуэтыхьурэ къагъэбэуэжат…
- Абдеж къыщызэIуех дунеягъэ-кIэ Хьэтум къыдекIуэкI щIэжыр. Хьэуэ, епщIыхьатэкъым. НахуапIэт. ТIэкIу пIыщIэIуами, псэут Мацулэ и къуэр. ЩIалэ цIыкIум и нитIыр щтэIэщтаблэу къыдызэтрихырт Сыбыр Iуплъэгъуэм.
- Мацулэ унагъуэм зэрахэсар илъэсиплIщ. Петя фIыуэ ищIэжыращи, адэр пасэу дэкIырт, гувауэ къыдыхьэжырт, езыхэр пIыщIэртэкъым, мэжалIэртэкъым.
- Сталин Иосиф дунейм щехыжым, къэрал лъэхъуэщ дэгухэр амнистэшхуэм къыдызэщыуащ. Хуит къэхъужахэр Сыбырым зэмыфэгъуу къиужьгъэри, Осинники бетэмалу къыщыунэхужащ Евдокие игъеижа зауэлIыр. Николайрэ Александррэ я адэр тутнакъэ-щым къыщIыщыщIидзар зэхэгъэкIыгъуей щхьэкIэ, щыхьэт лей зыхуэмеижрати: «Фызыр зейр сэращ. УкIыгъэ фыхуэмеймэ…» — жиIэри, езы и тIуанэм хуэзэну щимыгъуэтым, и ныбжьэгъу-и хэкуэгъухэм яхуиIуэхуащ. Мацулэ и щIалэр зыгуэрым зэрыримыты-нур хьэкъти, лъэныкъуитIыр зэпэщIэувэри, Iуэхур куу хъуащ. Мацулэ и ныбжьэгъухэм къагъэдэIуэну хэтт: «УтIыпщ бзылъхугъэр. Сабийр хуэпIынукъыми, IэмалкIэ къыIэщIэдгъэкIынщ». ЯутIыпщыхуи пэплъакъым Евдокие, къыкIэлъыкIуам и сапэщIыбым щыгъуазэ къыщIэкIын- ти, щIалищыр здищтэри етIысылIэжащ. МыдэкIэ езы Мацулэрэ и ныбжьэгъухэмрэ дауэрэ емылIэлIами, зы Iэмал хуагъуэтакъым Петя къаритыжыну. Абы ехутылIэри, Сыбырым щаIыгъ бгырысхэр гуп щхьэхуэурэ КъэзахъстанымкIэ къэIэпхъуэну унафэ къыдэкIащ. АпхуэдэкIэрэ Къэбэрдейм къихьэжыну гугъэ къызыхукъуэплъахэр Арысь къэзахъ къалэм къэIэпхъуат, Кемеровэ щIыналъэм къикIри.
- И бынищым яхэсу Осинники къыдэна Евдокие гъусэ хуэхъу- жар «пIастэ къаугъэщI» зи нэрыгъти, зыкъызэкъуихыпэри, хуит хъуат иджы. Петя и мылъхуадэр зэращIа чеижьу ефэрт; чэф зэрищIу: «Укъысхуэпэжатэкъым… Мо пэфIыцIэм бын хуэбгъуэтащ» — ирихъуэнурэ лъэдакъэкIэ щIалэ цIыкIур кIуэцIикъухьыжырт. Чэфыр щытеужми, темыужыххэр лIы кIуэцIейм и гужьгъэжьырти, Мацулэ и къуэ, мыгъуэр зи мыгъуар — аргуэру шырыкъу лъапэрыдзт. Апхуэдэурэ кIуэрт мазэхэр. ИкIырт илъэсыр. КIэлъыкIуэжырт етIуанэр. «ЗинэкIэ къалъхуа пэфIыцIэр» зэ фIыуэ къимыудыныхьауэ махуэл дихмэ, мылъхуадэр зэгуэудыпэнут.
- ГъэщIэгъуэныщэщ цIыху цIы-кIум и дзы къихыпIэхэр! НтIэ, зыр пэфIыцIэмэ, тIур лъапцIэжьу бын зэмыгуэгъуищ зэзыгъэгъуэта Евдокие иджы IэфракIэпэм едзэкъэжырт: Петя сымаджэщым щIэлът, иужьрей укIыгъуэм са-бийр Iисраф ищIауэ.
- Плъыржьэрт щIалэ цIыкIур. Плъыржьэрти, апхуэдэу уэс- укхъуэм хэжаеурэ и пыIэ шопсыр къыфIещэтэхырт. Плъыржьэрти, Iэгуэ-Iэгуэурэ бжьэхуц тыкушхуэм къыркуэ къыпилъэфырт. Къыркуэ пытхъахуэм елIалIэу хуихь щхьэ-кIэ, мафIэ бзийр дэгуу телыпщIэрти, бжьэхуц налъэм кIагъуэ фIыцIэу Iугъуэ пихурт. Аргуэру къыпилъэфырти, мафIэ щIидзэрт, аргуэру мафIэм зибзеижырти, бжьэхуц лыкхъурымэм сабийр итхьэлэрт.
- Бжьэхуцым мафIэ ищтэрэт-тIэ?! Петя и плъыржьэрысым иджып-сту къыхэуджэ теплъэгъуэр Iуэщхъутэкъым. НэхъапэIуэкIэ я унэ къыщыхъуат ар… джэгурэ пэт.
- А бжьэхуц тыкушхуэм щIэмына а мафIэр и кIэкъуащIэу Евдокие иджы къеIэрт КъэзахъcтанымкIэ. Псэ хьэхур IэфIыщэти, кIэтIий кIапэр IэфI гуащIэт.
- Псыхьэ щIалэм и зекIуэ
- ИлъэситI мэхъу Хьэту Мацулэ Арысь къалэм зэрыщыпсэурэ. Къэрал псом щызэбградзу а къалэм щызэхуэсыжа Хьэту зэкъуэшхэр мэлажьэ, я щхьэ япIыж. Мацулэми Мэкъуауэхэ япхъу кърагъэшэжри, я лъэгу банэ хэхужа хуэдэщ. Хэхужынут-тIэ, быныр банэу щытатэмэ!
- Пщэдджыжьыпэ гуэру Петя и Iэхэр зыIыгъ Евдокиер Хьэтухэ я куэбжэпэ къыщыIухутам, зэкъуэшхэр губгъуэм ихьакIэт. БжэщхьэIум къытехьащ Мэкъуауэхэ япхъу нысащIэр. АдэкIэ къэхъуар щIалэ цIыкIум и дыхьэшхэнми, зэтIуа- нитIым я дыхьэгъ гуимыхужт. Петя и щыпэлъагъутэкъым зэпщэфыIэ, дауи ирехъуи, илъэсихкIэ здэщыпсэуар каторжан хьэблэт, къыздрихари лъапэ удынт…
- Гу кIуэм илъэситIкIэ къыкIэры-хуа бзылъхугъэр Арысь къыщызэтемыувыIэу, къалэбгъум дэкIщ, «Овраги» жылэм ятIэ унэ-ятIэ лъэгуу зы пхъэ гъуэлъыпIэжь къута фIэкIа зыщIэмыт пэш цIыкIуитIым щIагъэсын къудей щхьэкIэ уна- гъуэ хуэщIа гуэрым я жьыщIа- кIуэ-лъэсакIуэу етIысылIат. Евдокие Сыбыр къыздриша Николай-рэ Александррэ иджы щIалэ- танэт, Петя и япэ гъэ еджэгъуэри къэблэгъат. Анэр кIыфIзэхэту тэджырти, жэщыр хэкIуэтэху кIэнтIырауэрт, итIани, быныр лъапцIэ-пцIанэт, нэхъежрати — ныбэнэщIт.
- «Ерыщыр щыту малIэ» жи, Мацулэрэ и къуэмрэ зэтримыгъэплъэну иукъуэдият Евдокие. Мыдэ, «Е уи къуэм сэ сыщIыгъуу, е си тIуанэр!» лIым пимыгъэтIылъыну армырмэ, гурыIуэгъуэтэкъым щIалэ цIыкIур Сыбыр къришу, зейр къыщIигъуэтыжар. Апхуэдэурэ илъэсыр икIри, Петя курыт еджапIэм щIэтIысхьэн хуей щыхъум, «Кошкин» унэцIэмкIэ иримыгъэтхыу увыIакъым анэр. Илъэс куэд дэкIынурэ, Хьэту Пётр итхынущ: «ЕджапIэм сыщыкIуа гъэм фIы дыдэу сыхэзэгъат къэзахъыбзэм, ныбжьэгъу цIыкIуи си мащIэтэкъым. А лъэхъэнэм ахэ- ри тхъэжу щытакъым, ауэ сэ сэщхь дыдэу гугъу ехьа яхэтауэ къысхуэщIэжыркъым. Джанэ хъыбийти, щIимыхъумэ си лыр вындырыжьэу дыгъэм дэуфIыцIырти, си еджэгъухэр «джэду фIыцIэкIэ» къызэщхэрт («Кошкин Пётрт» сызэратхри). Ди адэр тпэжыжьэIуэт, гъунэгъуами, сыкIэлъызекIуэну сыхуиттэкъым — си анэр абыкIэ ткIийт. Си адэм къэдыгъуауэ зыкъысхуигъэзэфмэ, къалэм сыдишурэ сигъашхэрт, зыгуэрхэр къысхуищэхурт. Ди Николай уркэхэм зэрахэтыр иджы псоми ящIэрт. Александр зимыбзыщIу а лъагъуэ дыдэмкIэ кIуэрт. ЖэщкIэрэ сыщIэжеикIырт ди анэр щэхуу зэрыпыхьэм»…
- Куэд тетхыхьащ сабий зэрагъа-сэ пщалъэхэм, нэхъыбэж тепсэлъыхьащ быныр зыщIапIыкI щапхъэхэм. Дэтхэнэри пэж, ярэби! Мы зы сабий щхьэгуэмкIэ нэрылъагъущ натIэм къритхар щапхъэкIэ зэрыпхуимыудыжынур. Зи хъуреягъыр апхуэдизу зэкIэлъымыкIуэр къэзыхъумэжари хэтыт? Илъэсибл зи ныбжь Петя псыхьэу бэзэрым теуват. Къэзахъстаныр щIыналъэ хуабейщ-тIэ, псыр гъэмахуэм щызэпэубыдащ. ЗыIуплъхьэ мыхъуну псы къэкъуалъэр мыл кIанэкIэ ягъэщIыIэурэ ящэрт. А мылыр къыздрихыр (лёдзавод) къалэм километриплI-тхукIэ пэIэщIэти, пшахъуэщI пщтырыжьэмкIэ узэпрыкIын хуей хъурт. ЩIалэ цIыкIур мылыхьэ къыщикIыжкIэ, къэзахъ сабийхэр къытеуэрт, и пэгун цIыкIухэр къытрахырти, ярылъ мылыр пшахъуэм фIыха-дзэрт, къэпщыпыжкIэ мыхьэнэ лъэпкъ имыIэжу зэхагъэщащэрти, щIэцIывэжырт. Псы шынакъжьейм и уасэр зы кIэпIейкIэт; Петя шынакъжьеищэ иригъэкIмэ, зы сом къилэжьырти, лъейуэ хъурыфэ щытрахым кIуэрт, лыджанэ цIыкIу къищэхурти, и анэм хуихьырт.
- Тыншщ жыпIэжыну… А псыр уиIэн папщIэ, махуэм хуэзэу зыбжанэрэ пшахъуэщIыр зэпыпчын хуейтэкъэ, ари сабий еIуящIэхэм къапэпкIухьурэ?! НэгъуэщIу хъуртэкъым, анэр къарууншэт, унэри къулейсызт. Псыхьэ цIыкIум и хьэрычэтырт тIуми я гугъапIэр. ШынэхъыжьитIым, къемыкIуэлIэжыххэу, я щхьэ Iуэху кърахуэкIыжырт…
- ЛIы ныбжь къэзыгъэщIа Хьэтум зэи щыгъупщэну къыщIэкIынкъым а махуэр: «…Псы шынакъжьей 98-рэт схуэщар. Лыджанэ къысхущIэкIынутэкъым, итIани сытегушхуащ — кIэпIейкIитI щхьэкIэ сыхэнынкъым, зыгуэр нэхъ мыхъуми къызащэнщ. СокIуэ. ЦIыхур Iуву щызэхэт мывэ гуэщышхуэр си щIэщыгъуэжтэкъыми, чэзум сыпоплъэ. Куэдрэ сыщытащ, блын куутIым къыдэщ щхьэгъубжэ Iузэ лъагэр къыслъымысу. ЛъапэпцIийкIэ сыдэпIэстхъейуэрэ, а сIыгъ тIэкIур теслъхьащи, си фэр пыхьэ-пыкIыу соплъ тIэтIэжу щхьэгъубжэм къыдэщ бзылъхугъэ домбейр зэрыбжэм. Сыту пIащэ, унэжын! Мыдэ псэущхьэ гъэтхъа гуэрым ещхьыркъабзэщ. Езыми — ебжри ебж си жьгъейр. Ебжри… и къэпхъуати и къипхъи зыуэ, ахъшэр щхьэгъубжэ кууужьым къысхузэпрепхъри, дыджу къысщIокIие:
- — Ирикъуркъым! ЗыIуегъэх!
- ЗыкъэсщIэжынуи сыхунэсакъым: жьгъейр зууэ мывэлъэгум къытещащэрти, лъеижурэ зэбгрыжырт. Къызэрыкъуэха щIалэ цIыкIухэм гуфIэу зэщIащыпэрт ди пщыхьэщхьэшхэр. Сэри сыщыпэрт, си нэр къыщхьэрипхъуауэ… КIэпIейкIэ 33-рэт згъуэтыжар! Сыкъыщиудри сыгъащ. Хьэуэ, а гъащIэм сэ сыщIэгъын куэдрэ къысхуихуат, ауэ… А махуэр, зы кIэпIейкIэ къызэзымыты-жа цIыкIухэр, а пщыхьэщхьэм мамэ хуэзмыхьыфа лыджанэ ущхъуэнтIар — нэгъуэщI нэпсщ ар»…
- Япэ классыр къыщиухым, Петя хатхащ удзхущхъуэ зэхуахьэсыну кишлак жыжьэхэм ягъакIуэ гу-пым. Хатхащ тэрмэшу: къэзахъыбзэмрэ урысыбзэмрэ хуэжьакIуэт щIалэр. УрысыбзэкIэ езыгъаджэ бзылъхугъэ цIыкIум Петя тхылъ укъуея зыбжанэ къыIэщIилъхьэри:
- — Еджэ. Умыхьэулейуэ еджи, ущыгуфIыкIыжынщ зэгур.
- Апхуэдэу Мацулэ и къуэм къэзахъ тафэ удзщыпэм къыщызэIуихат Михалков Сергей, Барто Агние, Маршак Самуил, Чуковский Корней, сымэ я дуней кIэухын-шэр. Еджэрт. ГукIэ зригъащIэрти, и закъуэу губгъуэжьым здитым, Сыр-Дарья Iуфэ здыIутым ахэр уэрэду къришырт, здыщыгъупщэжхэр — къигупсысурэ «хигъэувэрт»!
- Петя и етIуанэ гъэ еджэгъуэр и кIэм нэблэгъат. Хьэту зэкъуэшхэри, я унагъуэхэр ящIыгъуу Къэбэрдейм къихьэжыну хуит къащIати, Мацулэ щIалэ цIыкIур Къэзахъ- станым къришыну хэтт. Евдокие къыгурыIуагъэнт щIалэр къызэрыхуэмыIэтынур. Иужьрей махуэхэм къэхъуар абы нэхъри щыхьэт техъуэрт.
- … ЩIалэ цIыкIур гъэпцIагъэкIэ бэзэрым трашри, кишлак пхы-дзам щыпсэу быныншэ гуэрым иращат. Сабийм и насыпыр текIуащ аргуэру: хабзэхъумэхэр и лъэужьым техьэри, къагъуэтыжат.
- «Мамэ сфIэгуэныхь хъуауэ сыкъыдэкIыж щхьэкIэ, сигу пыкIыртэкъым а пщIантIэр. Апхуэдэу IэфIу зэи сышхатэкъым. Апхуэдэу чэсей хужьу щащыху зэи сыщыжеятэкъым. СызэщахуэпыкIри, къэзахъ пыIэ цIыкIури къысщхьэрагъэсыжауэ, си Iуфэлъафэр псоми къакIухьырт. Мамэ ныздиша хабзэхъумэм си Iэпэр иIыгъыу а унэм сыкъыщыщIашыжым, си гъын къакIуэрт (ущысабийм деж узэрыгупсысэри нэгъуэщIщ). Мотоцикл зэгуэтым сыкърагъэтIысхьэри, сыкъыIуашыжат сызэплъэкIыу…» — а сабий хъуэпсар иджыри игу пыкIыр-къым лIы балигъым.
- 1959 гъэм Хьэту Мацулэ и ны-сэр, и къуэш нэхъыщIэм и щхьэгъусэр, я дэлэлу, Евдокие сом 500 IэщIалъхьэри, Петя ящIыгъуу балигъхэр Къэзахъстаным къикIыжащ. ЗэхэкIат иджы гъуэгущхьитIыр: Хьэтухэ къэбэрдей лъагъуэ тетт. Евдокие и щхьэ игъэпсэужыну ТашкенткIэ кIуэрт. ЖыIэгъуафIэщ ар «ТашкенткIэ»…
- Петя и анэ къилъхуаитIым я зыр — Николай — лъэхъуэщым ист. Александр иужь дыдэ щилъагъужар гъущI гъуэгурт: зыщIыпIэ яшэрт ар… Гущхьэгъубжэм и бгым нэс зыкъыдишиикIыурэ, Александр къэкIиижырт:
- — Мамэ! Петя зыми иумыт… Сэ къэзгъэзэжынущ, ма-а-мэ!
- Пэжтэкъым ар… Дыргуэжу кIуатэ мыхъумэ, мафIэгухэм зэи къагъазэркъым.
- Лэгъупыкъу дыхьэрэнхэр
- Къылышбийхьэблэ дэтIысхьэжри, Хьэтухэ пэрыхьащ колхоз лэжьыгъэм. Мэкъу паупщIырти, зэщIакъуэжырт. Жыг хадэ ягъэкIырт. Гъавэ ящIэрт. Петя иджы ябгъэдэст анэшхуэ-адэшхуэм, адэм, абы и щхьэгъусэм.
- Мацулэ бжьахъуэт. «Кошкин-джэду фIыцIэтэкъым» иджы Пе-тя, ар Хьэту Мацулэ и къуэ закъуэт. ЩIалэр щеджэрт Къылышбийхьэблэ дэт курыт еджапIэм. Адыгэбзэри хуэбзэмыIу цIыкIум ирагъэджащ ПIаз Бытыр ипхъу Хьэужэдрэ Алшагъыр Батокъуэ ипхъу Iэминатрэ. А егъэджакIуэ-хэм папщIэ Пётр етх: «Сыкъагъанэрти, щхьэхуэу гугъу зыкъыздрагъэхьырт. Iэминат, гуп хэхам сыхитхауэ, сыщригъаджэрт. Шэджагъуэнэужьу я унэ сигъакIуэр-ти, аргуэру къыздэлажьэрт. ШеифI къысхуищIырт. Тхылъ гъэщIэгъуэнхэр къызитырт».
- Зэгуэр зыцIыхуахэм зэраIуэтэжымкIэ, Хьэту Мацулэ адыгэлI Iэдэбт, лэжьакIуэшхуэт, цIыху мамырт. Илъэс 88-рэ къигъэщIащ Пётр и адэ лэжьакIуэжьым. Ар дунейм тетащ и къуэр гуащIэдэкIым щIипIыкIыу. Щымэкъуауэм, къыбгъурытт, щыIэнащтэм, щхьэщихыртэкъым. Мэз еуэнуми — арат… ЦIыхур и щхьэ ирилъытрэ гущIэгъу хэлъу игъэсащ. Зэи ещхьэфэуатэкъым…
- Пётр щIалэ балигъ щыхъум, IуэрыIуэтэжу техьащ Николай и лъэужь. Абы къызэрыхуитхам- кIэ: Александр хъыбарыншэт, я анэрати… Евдокие Ташкент Iэпхъуат 1959 гъэм. Зыми ищIэртэкъым илъэсищ-плIым къриубы-дэу ар Iуэтэжыгъуэ ихуами, зыри щыгъуазэкъым абы игъуэтыжа (е къимыгъуэтыхха?) пIэщхьагъым. ЩIалэт ар, иджыри дахэт! Псоми зэдащIэращи: 1962 гъэм Ташкент зыутхыпщIа щIыхъеишхуэм Евдокие здихьат. Зи Iыхьэ щэху-нахуэми зымыгъэв анэ мы дунейм тетауэ си фIэщ зэи хъунукъым; Евдокиети, зы щхьэмыгъуэжь натIэ джафэт. Зи пащхьэ ихьэжа ЛъапIэр нэхуу и псэм Iуухуэ.
- Гъуапэр. ПщампIэр. ПыIэр
- Хьэту Пётр гъуазджэхэм щыхуаузэщI еджапIэу Налшык дэтыр къиухри, илъэс 17-кIэ щэнхабзэм хуэлэжьащ. ИужькIэ абы къиухащ Дон Iуфэ Iус Ростов щыIэ, Кавказ Ищхъэрэм Къэрал Iуэху зехьэ-нымкIэ и академиер, пресс-менеджер IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. Хьэтур «Адыгэ псалъэ» газетым щэнхабзэмкIэ иIэ къудамэм щылэжьащ, адэкIэ щыпищащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и адыгэбзэ къудамэм. Хьэту Пётр и редактор лэжьыгъэу дунейм къытехьащ КIыщокъуэ Алим, Нало Заур, Балъкъэр Фоусэт, АфIэунэ Лиуан, IутIыж Борис, МафIэдз Сэрэбий, Уэрэзей Аф-лик, КIэщт Мухьэз, Къагъырмэс Борис, Елгъэр Кашиф, Ацкъан Руслан, нэгъуэщI куэдми я тхылъ къыдэкIыгъуэхэр. Хьэтур 2010 гъэ лъандэрэ «Нур» сабий журна- лым и редакторщ. Пётр и япэ тхылъыр («Тхьэгъэлэдж») дунейм къытехьащ 1993 гъэм. «Зауркъан и дыщэ фалъэр» къыдэкIащ 2016 гъэм. ИщхьэкIэ къызэрыщытхьащи, тхылъ 11 и Iэдакъэ къыщIэкIащ псыхьэ щIалэм. Тхылъ, газет, журнал лэжьыгъэм Хьэтур илъэс 30 хъуауэ хэтщ.
- Сабийми балигъми я псэр къызыдэш тхакIуэщ Пётр. Абы ныбжьыщIэхэр зэрызыIэпишэр къэIуэтэгъуейщ. Псэ къабзэ цIыкIухэр зы дакъикъэкIэ цIуугъэ- нэм дихьэх щхьэкIэ, дэтхэнэ цIыхуми дишэхыркъым.
- НтIэ, псоми ящIэн папщIэ: зыми димыхьэх сабий нэгъунэ, Хьэтум йопщIэпщIэкI… Ар езыри цIыху еншэщ. Зэгъщ. Мамырщ. Хьэгъэщагъэ зэрихьэркъым. Ныбжьэгъум и хьэсэпэр абы и щыпэлъагъукъым. УнагъуэкIи зэIузэпэщщ Хьэтур. И бынитIыр (Къазбэчрэ Радмилэрэ) щIэныгъэ нэхъыщхьэхэр зрагъэгъуэтащ, мэлажьэхэр, унагъуэщ, езырщи — дадэщ. Хэти зытригъэгусэнтэкъым апхуэдэ дадэ: и шахмат кIуэкIэр Iэзэрэ и бокс IэштIымыжьыр — задэу! Хьэтум и щхьэгъусэ Светланэ щэнхабзэ лэжьакIуэщ — ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ республикэ сабий библиотекэм и унафэщIщ ар.
- Тхылъым, тхэным, бынунэм, ныбжьэгъум я нехуэкъехуэу Пётр къощакIуэ таурыхъ хьэлэмэтитI. Ахэр — мэз лъахэрэ бдзэжьеящэрэщ! Хьэтум фIэфIщ щхьэзакъуэу мэзым щIэтын. Апхуэдэ дыдэу Пётр и Iуэтэжыгъуэщ бдзэжьей щещэ псыхъуэр. И закъуэу… Псы Iуфэ нэпкъыр зэгъуэкIыу. Телефоныжьыр Iучауэ. Телефонхэм папщIэ: ахэр къызэрежьэрэ, Пётр и бжыгъэ нагъыщэхэр щихъуэж къэхъугъами, сыт щыгъуи иужь ит бжыгъитIыр а зэрыщытагъэжьу къонэ — 33. Зыри фигу къагъэкIыжыркъэ?..
- Илъэс 70 хъуа лIым IэкIуэлъакIуэу бдзэкъунтхыр еукъуэдий, псыежэхым хоплъэри, пылыхуэ лэрыгъур жьыхуу еупцI. Бдзы пэнцIывыр здыщIэтIысыкIар нэбгъузкIэ къипхъуатэурэ пыIэ къуенцIым и натIэIущIэр къреуфэхри, нэпкъ гуэщэтам къыхэбыргъукI мывэ джеищхьэм щотIысэх. Щысщ иджы плъыр мамыру. Псытепхъэ хъурыфэхэр зэрызэдэкIылым хэплъызэу иджыри куэдрэ щысынущ ар.
- Сыту пIэрэ, ярэби, а лIым зэригъэзахуэр? ПащIэкIапсэхэм я бэври? Пэжкъым! Псоми ящIэ, дапхуэдиз къимыубыдами — зэрыхьэблэ гъуэмылэр (унэрысхэм бдзэжьей яфIэфIкъым). Сыту пIэрэ-тIэ ар зыкIэлъыплъызыжыр? Сыбыр уэсмычхэм я лъэкъуам- пIэ дияхэра? Къэзахъстан тафэ-хэм я Iущхьэ дэпыплъхэра? Е и псыхьэ лъагъуэ жыжьэхэр лэгъупыкъу нэзым иджыпстуи лъабэдийуэ ирикIуэрэ?
- Сыти жыIи, IункIыбзэ къэб фIыцIэжьщ-тIэ цIыхум и гущIэ лъапсэр.
- КЪАРМЭ Iэсият.