ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НэгъуэщIхэм  яхэгъуащэркъым

2020-06-23

  • Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Индрис Залымхъан и ныбжьыр мэкъуауэгъуэм и 18-м илъэс 80 ирокъуащ.

  • Индрис Залымхъан 1940 гъэм Налшык къыщалъхуащ. 1968 гъэм Краснодар дэт художественнэ училищэр къиухащ. И лэжьыгъэхэр урысей-псо, союзпсо (1969 гъэ) гъэлъэгъуэныгъэхэм, Сириемрэ Иорданиемрэ (1965 гъэ) утыку къыщрихьащ. И щхьэзакъуэ выставкэхэр (1995, 2000 гъэхэм) Налшык щекIуэкIащ, и сурэтхэм щIэупщIэшхуэ яIэу.
  • Республикэм къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм Индрисым и сурэтхэм увыпIэфI щаубыд, жылагъуэ ухуэныгъэхэр егъэдахэ, щIыналъэм и музейхэм   я фондхэм щахъумэ. Апхуэдэу Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэухэм ящыщ куэдым За-лымхъан и лэжьыгъэхэр  зэхуахьэс.
  • СурэтыщIым и Iэдакъэ къыщIэкIащ и щхьэгъусэм, бынхэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм я портретхэр. ЩIыуэпсым, гъэм и зэманхэм, бгы уардэхэм я дахагъэм теухуахэри и мащIэкъым. КъищынэмыщIауэ, лэжьыгъэ куэд триухуащ лъэпкъ хабзэр, фащэр,  адыгэм  и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ щIэинхэмрэ хъумэным. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэр зэрекIуэкIым триухуар. Псыежэхым зэпрыкI, лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ шууейхэм я сурэтри фIыуэ къехъулIащ. Ар апхуэдизкIэ IупщIщи, сурэттехкIэ трахам хуэдэщ.
  • Залымхъан и лэжьыгъэхэр адрейхэм къащхьэщызыгъэкIыр, нэгъуэщIхэм щIахэмыгъуащэр Мысырым, Алыджым илъэс минищ ипэкIэ къыщыунэхуа «энкаустикэ» техникэм и Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ и сурэт-хэр зэрищIырщ. Нэхъыщхьэращи, а Iэмалыр, нэ-гъуэщIу жыпIэмэ, шэху (воск) пщтыркIэ ищI и сурэтхэм лIэщIыгъуэ мин зыбжанэкIэ зыри къащыщIынукъым, я плъыфэхэми захъуэжынукъым. Дуней псом и сурэтыщI куэдым абы зыщIрамыпщытыр а техникэр зэрыгугъурауэ къыщIэкIынущ. Абы и щыхьэтщ а Iэмалыр иджыпсту къэзыгъэсэбэп сурэтыщIхэр зэрымащIэр, уеблэмэ апхуэдэхэм я бжыгъэхэр IэпэкIэ къызэрыпхуэбжынур.
  • — Мысырхэм япэу къагъэщIа «энкаустикэ» техникэм алыджхэр хагъэгъуэзащ. Иужьрейхэм а Iуэхур ирагъэфIэкIуэжри лэжьыгъэ гъуэзэджэхэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, сурэтыщIхэр зэпеуэрт ар къагъэсэбэпу лэжьыгъэ нэхъыфI  щIынымкIэ. Гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм пщIэшхуэ хуащIырт, художникхэм             я сурэтхэм щIэупщIэрэ уасэрэ яIэт. Краснодар сыщыщеджэм, профессор, физик Капицэ Сергей иригъэкIуэкI «Очевидное невероятное» теленэтыным а техникэм щытепсэлъыхьу зэрымыщIэкIэ сыщрихьэлIэм, абы си зэфIэкI сыщеплъыжыну мурад сщIыри, сыдихьэхауэ щытащ, — жеIэ Индрисым.
  • Нэмыцэ сурэтыщI Шмидт Ганс 1922 гъэм япэ дыдэу къихутауэ щытащ «энкаустикэ» техникэр. Абы теухуа тхыгъи къытрыригъэдзащ, ауэ а щэхур хэIущIыIу имыщIу езыр дунейм ехыжащ. Иджырей сурэтыщIхэр а техникэм хэзыгъэгъуэзар Украинэм щыщ сурэтыщI Хвостенкэ Вениаминщ. «Энкаустикэ» техникэм теухуа тхылъхэр къыдигъэкIащ Хвостенкэ и лэжьыгъэхэм пызыща ипхъу Татьянэ. Арати, художникхэм Iэмал яIэ хъуащ абы я зэфIэкI щеплъыжыну.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ и зы IыхьэфI хъуащ и лэжьыгъэхэр. ПсэгъэгуфIэ-дахагъэ зыхэлъ а сурэтхэр зылъагъухэм дэрэжэгъуэ къарет. Залымхъан къызэригъэпэщыну и гъэлъэгъуэныгъэм хигъэхьэну сурэтхэрщ  иджыпсту   зэлэжьыр.
  • Индрис Залымхъан и щхьэгъусэ Еленэ Налшык къалэм и сабий гъэсапIэ №5-м и унафэщIщ. Я къуэ нэхъыжь Темботи адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ, сурэтыщI Iэзэщ, Ткаченкэ Андрей и гъэсэнщ. И лэжьыгъэхэр гъэлъэгъуэныгъэ куэдым хагъэхьащ. Я къуэ нэхъыщIэ Мурат УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэщ, майорщ. Япхъу Маринэ КъБКъУ-м философиер щрегъэдж. Залымхъанрэ Еленэрэ я псы къигъэхъуапIэр я бынхэмрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэщи, я  гуфIэгъуэ куэд ялъагъуну ди гуапэщ.
  • — Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, «энкаустикэ» Iэмалым ирилажьэр Инд-рисым и закъуэщ, — жеIэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Темыркъан Геннадий.
  • Индрис Залымхъан и дэтхэнэ сурэтми, ар ирегъатхэ е иребжьыхьэ, гъэм и зэманым и фIыпIэр къызэрыщигъэлъэгъуам гу лъыботэ. Ар сурэтыщI нэсщ, художник щIалэхэм я щапхъэщ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.