ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыкIураш

2020-06-23

  • Абгъуэ бгынэжа
  • Ди унэ щIыхьэпIэм Iут щIэщI къэнжалыщхьэм и щIагъым илъэсищ хъуауэ пцIащхъуэ абгъуэ бгынэжа кIэщIэтщ. Гъэ къэскIэ абы пцIащхъуэ къитIысхьэжыну си гугъэу соплъэ, ауэ абгъуэр Iумпэм ящI, зы лажьэ имыIэ пэтми. ПцIащхъуэм уабгынэну мыфIу жаIэри, сигу ныкъуэщ.

  • ВжесIэжынщ а абгъуэр ябгынэн хуей щIэхъуар. Илъэсищ ипэкIэ пцIащхъуэ цIыкIуитI къытхуэкIуэри, щхьэкъэIэт ямыIэу тхьэмахуэ зэхуаку енкIэ ящIащ а абгъуэр. Зэман дэкIри, шыр цIыкIуиплI кърашащ. Еш ямыщIэжу махуэ псом ягъашхэрт я шырхэр а тIум. Абыхэм ящыщ зыгуэр абгъуэм къызэрыблэгъэжу, шыр цIыкIуиплIым я жьэр ину ущIауэ абгъуэм зыкърашиикIырт. Бадзэ е хьэпIацIэ цIыкIу къызылъысам иригъэлъэтэхырт, адрейхэри етIысэхыжырт куэд дэмыкIыу езыхэми къызэрыхуахьынур ящIэ хуэдэ. Къызэрырашрэ тхьэмахуэ зытIущ дэкIауэ, си гум къихьащ пцIащхъуэ шыр цIыкIухэм нэхъ гъунэгъуIуэу сеплъыну. ПкIэлъей езупсейрэ сыдэкIуеймэ, шыр цIыкIуиплIыр, заудыгъуауэ, исщ абгъуэм.
  • Зы пцIащхъуэ шыр цIыкIу сыхуэсакъыпэу къэсщтауэ пкIэлъейм сыздытетым, си щхьэщыгум зэуэ зыгуэрым зыкъытридзэри Iулъэтыжащ. А зэрымыщIэу къызэбгъэрыкIуа пцIащхъуэм сыкъигъащтэри, си Iэгум ис шыр цIыкIур къысIэщIэхуащ. Ар щIым нэмысыпэу и дамэ цIыкIухэм япхъуатэри, зиIэт-къелъэхъшэхыжурэ, жэнэтбзу лъэтэкIэу ди гъунэгъум я дэшхуей жыгым зэрыхэлъэтар слъэгъуащ.
  • КъысIэщIэщIар си жагъуэ хъужауэ пкIэлъейм сыздытетым, пцIащхъуэ зытхух зэрыхьзэрийуэ къызэбгъэрыкIуащ. Абыхэм сыт къызащIэфынт сэ, ауэ, зызумысыжынщи, сыкъэуIэбжьат икIи сызытет пкIэлъейм схуэмыхъуу сыкърахухыжауэ щытащ. ПкIэлъейр къэсщтэжу унэ щIыбагъымкIэ есхьэкIыжыху зыбжанэрэ къызэбгъэрыкIуащ а пцIащхъэ гупыр.
  • Ди гъунэгъум я дэшхуейм сыдэпщейуэ къудамэ зырызу къызыпэсплъыхьа щхьэкIэ, пцIащхъуэ шыр цIыкIур згъуэтыжакъым. Ар си жагъуэ хъуащ. «КъыщилъэтыхьыфкIэ, и анэм къигъуэтыжынщи къишэжынщ», — жысIэри си гур згъэфIат. АрщхьэкIэ а цIыкIур си зэранкIэ кIуэдауэ щытащ. Абы иужькIэ, пщантIэм сыдэтми, унэм сыщIыхьэжу я абгъуэм гъунэгъу сыхуэхъуми, гуауэм хэздза а пцIащхъуэ цIыкIуитIым зыкъысхурамыдзыхыу къэнакъым. Мис апхуэдэу къызэбийхэурэ бжьыхьэм пцIащхъуэ зэрыбыныр лъэтэжащ.
  • Абы лъандэрэ пцIащхъуэ къытхуэкIуэжыркъым. Хъунщ иджы, а пцIащхъуэ зэрыбыным зэран зэрымыщIэкIэ сахуэхъуами, адрейхэм сыт есщIа? Дэни къыщащIа ди пщIантIэм зэран хъуа зэрыдэсыр?
  • ПцIащхъуэ псоми «жраIэжауэ» пIэрэ а тIум есщIауэ щытар?
  • ПХЫТIЫКI Юрэ.
  • Шэджэм  къалэ
  •  
  • Франджым  и  лIыхъужь Хьэгъундокъуэ  Елмэсхъан
  • Бадзэуэгъуэм и 14-м илъэс 231-рэ ирокъу франджы революцэ Иныр. Iуэхугъуэ телъыджэт ар. ГуащIэрыпсэухэм Iэщэ яIыгъыу зыкъаIэтщ, Париж дэт хьэпс-быдапIэ Бастилиер яубыдри, щIым щыщ ящIыжат. Абы къигъэлъэгъуащ цIыхубэр щызэкъуэтым и деж къару    лъэщ зэрыхъур.
  • Илъэс 231-рэ ипэкIэ екIуэкIа революцэм и пщIэм хуэфащэу псэуащ зи гугъу фхуэтщIыну цIыхубз гуащIафIэр.
  • Ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан «хьет» жригъэIэу щыпсэуащ Франджым. Илъэс 35-рэ ипэкIэ дунейм щехыжым, абы и хьэдэр къэралым и унафэкIэ Инвалидхэм я унэм (Париж) щIалъхьащ. Абы япэ зэи къэмыхъуа Iуэхугъуэт ар. Инвалидхэм я унэр зэрыщыIэ илъэс   350-м къриубыдэу Франджым и цIэр зыIэта, лIыгъэшхуэ зезыхьа цIыхухъу фIэкIа абы щIалъхьатэкъым.
  • Езым и хахуагъэкIэ Хьэгъундокъуэм ар къилэжьащ. Фашист зэрыпхъуакIуэхэр Франджым 1940 гъэм къыщытеуа махуэм щегъэжьауэ, зауэр иухыху Елмэсхъан сэлэт щыгъыныр щихакъым. Ар дохутырт. Адыгэ пщащэм и унафэм щIэт сымаджэщым цIыху мин бжыгъэ ажалым къригъэлащ. Хьэгъундокъуэр зауэм мызэ-мытIэу щыхэта къэхъуащ Iэщэ иIыгъыу. Абы и зэфэкIыр, гулъытэр, псэ IэфIагъыр псоми яфIэтелъыджэт. «Адыгэ Жаннэ д’Арк» — апхуэдэут Елмэсхъан къызэреджэр.
  • США-м, Инджылызым, Франджым я дзэр зэпрыкIыу Германием щихьам, Елмэсхъан япэ дыдэ итахэм ябгъурытащ. 1945 гъэм, бадзэуэгъуэм (июлым) и 14-м, Париж щекIуэкIащ ТекIуахэм я еплъыныгъэ. Абы хэтащ адыгэ лъэпкъым ипхъу хъыжьэ, Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
  • Къармэхьэблэ щыщ бзылъхугъэм, генерал Хьэгъундокъуэ Едыдж и пхъум, къыхуагъэфэщат «ПщIэ лъагэ зиIэ легион», «Зауэм щиIа щIыхьым папщIэ», «Дзэ жор» орденхэр, «ЛIыгъэ зэрихьам папщIэ» медалыр икIи нэгъуэщI франджы дамыгъэ лъапIэхэр. Фашизмэм ебэныным хилъхьар къалъытэурэ, хамэ къэрал зыбжанэми Елмэсхъан орден, медалхэр къратащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Польшэм абы къыхуигъэфэща «Дыщэ жорыр».
  • КъызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу псэуащ Хьэгъундокъуэхэ я пхъур. Абы и IуэхущIафэхэми, и дуней тетыкIами уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан и цIэр Франджым и тхыдэм дыщэпскIэ итхащ.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
  • Илъэс  дапщэкIэ  псэурэ  цIыхур?
  • Мывэ, гъуаплъэ лIэщIыгъуэхэм я лъэхъэнэм цIыхур илъэс пщыкIуий, тIощI нэхъыбэ псэуртэкъым. Пасэрей Урымым (Римым) и зэманхэм цIыху гъащIэр илъэс тIощIрэ ирэ, тIощIрэ пщIым нэсащ. Апхуэдэу щыт пэтми, пасэрейхэм яхэтащ гъащIэшхуэ зиIахэр. Урымым и къэфакIуэ цIэрыIуэу щыта Люцее илъэсищэкIэ сценэм итащ. Уеблэмэ, а цIыхубзыр илъэсищэрэ пщыкIутIрэ хъуа нэужьи къэфауэ жаIэжырт.
  • Пасэрей алыджхэм (грекхэм) я дохутырышхуэ Гиппократ цIыхухэм чэнджэщ яритырт нэхъыбэрэ псэун щхьэкIэ тэмэму дунейм тетыну, гимнастикэ ящIыну, жьы къабзэм нэхъыбэрэ хэтыну, лъэсу куэдрэ къакIухьыну. Езы Гиппократ илъэсищэрэ плIыкIэ псэуащ.
  • Нэхъапэм щыгъуэ псэуа цIыху цIэрыIуэхэм куэду яхэтащ ныбжьышхуэ къэзыгъэщIахэр. Апхуэдэщ урыс тхакIуэшхуэ Толстой Лев.
  • Мэжэр (венгр) Ровель Сарэрэ и щхьэгъусэ Джонрэ илъэсищэрэ хыщIрэ плIыкIэ зэдэпсэуащ. Джон дунейм щехыжам и ныбжьыр илъэсищэрэ ищIрэ плIырэ хъурт. Илъэсищэрэ пщыкIухкIэ псэуащ абыхэм я къуэ нэхъыщIэри.
  • Еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, цIыхур псэуфынущ илъэсищэрэ пщыкIутхурэ, илъэсищэрэ тIощIрэ.
  • Индонезием щыщ мэкъумэшыщIэ цIыхубз Сурья илъэсищэрэ пщIейрэ къигъэщIауэ ятх. Ар и ныбжьым емылъытауэ жыджэрт, щIалэгъуалэм япеуэу губгъуэм щылажьэрт.
  • 1973 гъэм и ныбжьыр илъэсищэрэ хыщIрэ им иту дунейм ехыжащ азербайджан мэкъумэшыщIэ Муслимов Ширали.
  • Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэми къахокI илъэс куэдкIэ псэухэр.
  • БОРЕЙ  Рауф,
  • географие  щIэныгъэхэм я доктор.
  •  
  • ЗэвгъэцIыху
  •  Хэт  хъуну  Аиссе?
  • Мы сурэтым щыфлъагъур франджы литературэм и тхакIуэ цIэрыIуэ Шарлоттэ-Элизабет Аиссещ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ХьэIишэткIэ зэджэ адыгэ цIыхубзырщ. Ар къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 326-рэ ирокъу.
  • ХЬЭIИШЭТ и ныбжьыр илъэсибл фIэкIа мыхъуауэ, Истамбыл бэзэрым къыщащэхугъащ, иужькIэ Франджым яшащ. Ар пщащэ дахэт, псэм дыхьэ жыхуаIэм хуэдэт. ХьэIишэт франджыбзэр IэкIуэлъакIуэу зригъэщIащ, ар пшынэм хуэдэу игъэбзэрабзэрт. Абы цIыхубз зэкIуж, акъылыфIэ къищIыкIащ, тхакIуэ гъуэзэджэ хъуащ.
  • ХьэIишэт и тхыгъэхэр урысыбзэкIи ди къэралым къыщыдэкIащ, ахэр Налшык дыди дунейм къыщытехьащ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и фIыгъэкIэ.
  • Зи гугъу сщIы адыгэ цIыхубз телъыджэм Франджым и тхакIуэхэм тхыгъэ инхэр тратхыхьащ, абы теухуащ инджылыз  Кемпбелл Прейд и  романышхуэ.
  • Мейкъуапэ Пушкиным и цIэр зезыхьэ къэрал театрым щагъэувауэ щытащ драматург цIэрыIуэ Щхьэплъокъуэ Хьисэ и «ХьэIишэт» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр.
  • ТхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъи роман триухуащ Аиссе. А тхыгъэшхуэм къытращIыкIынурэ дызэрыт гъэмахуэм трахынущ художественнэ фильм. ХьэIишэт и ролыр зыгъэзэщIэнур Нарткъалэ щыщ актрисэ Мамрэш Светланэщ.
  • ХьэIишэт (Аиссе) 1733 гъэм дунейм ехыжащ. И Iуэху телъыджэхэр щызэрихьар хамэ къэралми, адыгэ псори абы дрогушхуэ. Ар дыдейщ, ди лъэпкъ набдзэщ, адыгэ анэм къилъхуащ.
  • ГЪУКIАКЪУЭ  Идар.
  • Уирэ!  УитI!
  • Уирэ!  Уишт!
  • ТIыжьым куэбжэр Iуиуда,
  • Уирэ! УитI!
  • Хьэмыщэжьыр къыхуилъа,
  • Уирэ! Уишт!
  • ТIыжьыр уэну къикIуэта,
  • Уирэ! УитI!
  • Хьэмыщэжьыр тегушхуа,
  • Уирэ! Уишт!
  • ТIыжьыр пкIэри епыджа,
  • Уирэ! УитI!
  • Хьэмыщэжьыр къэпщIэуа,
  • Уирэ! Уишт!
  • ТIыжьыр уэну щикIуэтыжым,
  • Уирэ! УитI!
  • Хьэмыщэжьыр щIэпхъуэжакъэ,
  • Уирэ! УитI! Уирэ! Уишт!
  • Хьэту  Пётр.
  • Амазонкэ и псыхъуэхэм къыщокI
  • Каучук жыгхэр нэхъапэм къыщыкIыу щытар Бразилием и закъуэщ. Абы хэхъуэшхуэ къызэритым щхьэкIэ, 1971 гъэм Бразилием унафэ къыщыдагъэкIауэ щытащ жыг жылэр къэралым изышым и щхьэр палъэну. Ауэ инджылыз Уиктэм Генри хузэфIэкIыгъащ жыг жылэ Бразилием къришыну. Ахэр Лондон дэт ботаникэ хадэм къыщигъэкIри, жыгыщIэ цIыкIухэр Цейлоным щыхисащ. ИужькIэ абы ирашыжурэ каучук жыгхэр Юго-Восточнэ Азием и нэгъуэщI къэралхэм щызэлъащIысащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Бразилиер каучукым и тепщэу щытыным кIэ игъуэтащ.
  • Амазонкэ и псыхъуэхэм къыщыкI жыг лIэужьыгъуэ куэдым цIыхум сэбэпынагъышхуэ кърет. А жыгхэм яхэтщ Iэщым къит шэм хуэдэ дыдэ къызыщIашхэр, щыIэщ шоколад жыгхэри, хъэуан къызыпыкIэхэри. Маморин, анон, папани жыхуаIэ жыгхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэр икъукIэ къэуатщ икIи IэфIщ. Дуней псом щыцIэрыIуэщ Бразилием къыщыкI жыгхэм къапыкIэ дэхэр. Ар хамэ къэралхэм ирагъашэ, хэхъуэшхуэ кърет.
  • Амазонкэ и псыхъуэхэм къыщокI кокос пальмэхэри. Апхуэдэ жыгхэм «индейцхэм я универсал тыкуэнкIэ» йоджэ. А пальмэхэм къыхащIыкI унэлъащIэхэр, кхъуафэжьей, фоч, унагъуэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI хьэпшып цIыкIуфэкIухэр. Пальмэм и къудамэгуэжыщIэ цIыкIухэр, «пальмэ къэбыстэкIэ» зэджэр, яшх. Пальмэм и псым сироп, фошыгъу къыхащIыкI.
  • ЩыIэщ ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп  жыгхэри. Абыхэм языныкъуэхэр жырым хуэдэу быдэщ, бдзапцIэм хуэдэу хьэлъэщ, языныкъуэхэри жьыхум хуэдэу псынщIэщ.
  • Жыг лIэужьыгъуэ куэдым хущхъуэ  къыхах. Хинэ жыгым хинин къыхащIыкI. АпхуэдэцIэ а жыгым щIигъуэтам и хъыбарри гъэщIэгъуэнщ. Испанием икIауэ щыIэ тепщэм и щхьэгъусэ Хинон сымаджэ хьэлъэ хъуат, техьэгъуэ гуащIэ къытехьэрт. Абы и унэIут индианкэ цIыхубзым жыг пхъафэр иущэбурэ и гуащэр иригъэфащ. Хинон хъужащ. Апхуэдэу индейцхэм я фIыщIэкIэ цIыхухэм къаIэрыхьащ миллион Iэджэ ажалым къезыгъэла хущхъуэр.
  • КЪЭСЕЙ  Алий.
  • Бзэгъэбзэрабзэ
  • Джыкъуэ щIакъуэ и къуэ Дыкъуэ  ныкъуэдыкъуэр мо къуэ закъуэм екъуу дохьэ.
  • *  *  *
  • Мо фи хъупыр япэрыхъуп? Мо фи хъупыр япэрыхъуп?
  • *  *  *
  • Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр ткIуэпс — ткIуэпсу къыщIигъэлъэлъащ.
  • *  *  *
  • ПхъащIэм хьэщIэм хуищIа гущIэм выщIэр щIищIэри, нэщIу пIащIэу пхащIэм кIуащ.
  • *  *  *
  • Мыщэр пэщащэу мыщэхупщейм дэпщейри, нэхущым къепщыхыжащ.
  • *  *  *
  • ТIыкIурэ КIукIурэ екIуу макIуэ мэракIуэхьэ…
  • Зытхыжар  УЭРТЭН  Марианнэщ.
  •  
  • Си  анэбзэ — си адыгэбзэ
  • Уэрэд
  •  Пщэдджыжь нэхулъэм
  • Вагъуэр полъэлъри,
  • Къуалэбзуубзэр
  • Мэхъур пшынэбзэ,
  • Бзум и бзэ дахэр
  • СфIощI си анэбзэ,
  • Сэ си анэбзэ,
  • Си адыгэбзэ.
  •  
  • Ежьу:
  • КъэтIысыт сибгъукIэ,
  • Си анэ дыщэ,
  • Гущэкъу уэрэдкIэ
  • КъызэIущащэ,
  • Сэ псэуэ сиIэр
  • Ар си анэбзэщ,
  • Ар си анэбзэ,
  • Си адыгэбзэщ.
  •  
  • Жыгей мэзыжьу
  • Жьым къигъэушым
  • Ныдэуэршэру
  • Псынэр мэушэ,
  • Псынэ Iущащэр
  • СфIощI си анэбзэ,
  • Сэ си анэбзэ,
  • Си адыгэбзэ,
  •  
  • Ежьу
  •  
  • Гъатхэ накъыгъэм
  • ЩIыр игъэпсалъэу,
  • Гухэлъхэр бэвыгъэу
  • Къызэрылъэлъым,
  • ЩIылъэм Iурылъыр
  • СфIощI си анэбзэ,
  • Сэ си анэбзэ,
  • Си адыгэбзэ.
  •  Ежьу
  • Псалъэхэр
  • ДЖЭДГъэф  Борис  итхащ.
  • ГуэшыкIэ
  • БжэIупэм Iус дадэм и деж гъунэгъу хъыджэбз цIыкIухэр къэкIуащ. Ахэр хы хъурт. Дадэ бгъэдэт кIэрзинкIэм мыIэрысих илъти, цIыкIухэм яхуигуэшащ, абы щыгъуэми кIэрзинкIэм зы мыIэрысэ къинэжу.
  • Дауэ мыIэрысэр цIыкIухэм зэрахуигуэша щIыкIэр?
  • Псалъэзэблэдз
  • 1. Венерэ планетэм адыгэхэр зэреджэр. 2. Урысыбзэм «Созвездие» жыхуиIэр адыгэбзэкIэ. 3. «Гроза» урыс псалъэр адыгэбзэкIэ. 4. Пшэм зэреджэ пасэрей адыгэ псалъэжь. 5. Нэху лъэпкъ здэщымыIэ жэщ. 6. «Молния» урыс псалъэр адыгэбзэкIэ. 7. «Млечный путь» урыс псалъэр анэдэлъхубзэкIэ. 8. «Метеор, метеорит» жыхуиIэхэр ди бзэмкIэ. 9. Башым ирагъэщхь вагъуэбэм адыгэхэр зэреджэр. 10. Уафэтхьэ.
  • Жэуапхэр тэмэммэ, сатыр къехым фыкъыщеджэнщ «Большая Медведица» вагъуэ быным адыгэхэр зэреджэ псалъэм.
  • Жэуапхэр:1. Нэхущвагъуэ. 2. Вагъуэбэ. 3. Уафэгъуагъуэ. 4. Уалэ. 5. Мазэхэ. 7. Шыхулъагъуэ. 8. Вагъуэиж. 9. Вагъуэбаш. 10. Щыблэ.
  • Къехыу:Вагъуэзэшибл.
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Акъылым и анэр гупсысэщ.
  • Бзэгур джатэм нэхърэ нэхъ жанщ.
  • Акъыл кIэщIыр бзэгу кIыхьщ.
  • Акъыл зиIэр еджэнкIэ ирикъуркъым.
  • ПсалъэфIнэхърэIуэхуфI.
  • Псалъэжьхэр
  • Бзэ Iей щыIэкъым,  бзэр Iейуэ зыщIэ мыхъумэ.
  • Зи бзэ теукIытыхьыж-рэ зи анэ теукIытыхьыжрэ.
  • ЦIыху лъэпкъым и псэр бзэращ.
  • Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ, уи адэ къыбжиIэр гъэзащIэ.