Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
2020-06-20
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу.
- А махуэм зэкъуегъэувэ гущIэгъумрэ гуапагъэмрэ зи лъабжьэ IэщIагъэр къыхэзыхахэр, щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, зи IэнатIэм егугъуу бгъэдэт, къарууэ яIэр Iуэхум ирахьэлIэну хьэзыр, нэхъыщхьэращи — псэкIэ бей, гудзакъэ зыхэлъ, цIыхум и гузэвэгъуэр зыхэзыщIэф псори. Мис апхуэдэ хьэлхэр сыт щыгъуи яхэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и медицинэ лэжьакIуэхэм.
- ФIыщIэ фхузощI фыкъэмыланджэу фи IэнатIэм фызэрыпэрытым, фи лэжьыгъэ мытыншым фи гур зэретам, фи IэщIагъэм къалэн къыфщищIхэм фазэрыхуэпэжым папщIэ. Си гум къыбгъэдэкIыу хэхауэ фIыщIэшхуэ яхуэсщIыну сыхуейщ я узыншагъэм, уеблэмэ я гъащIэми щемыблэж къащыхуихуэ щыIэу, мы зэманым коронавирус уз зэрыцIалэм пэщIэтхэм.
- Нобэ республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнышхуэхэр къыпэщытщ. Дэ тхузэфIэкI псори тщIэн хуейщ, щыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, ди цIыхухэм узыр къэхутэнми, сымаджэр гъэхъужынми, профилактикэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынми ехьэлIа, иджырей Iэмалхэмрэ технологиехэмрэ къыщагъэсэбэп медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтын папщIэ. Шэч къытесхьэркъым дызэкъуэтмэ, дэ тхузэфIэкIынущ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэув къалэнхэр дгъэзэщIэныр икIи фи щIэныгъэр, лэжьыгъэм и пIалъэ зэрыфщIэр, жэуаплыныгъэ фхэлъу Iуэхум фызэрыбгъэдыхьэр адэкIи сэбэп хуэхъунущ ди цIыхубэм я узыншагъэр гъэбыдэным.
- Узыншагъэ фиIэу, фи Iуэхур сыткIи ефIакIуэу, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм ехъулIэныгъэщIэхэр къыщыфхьу адэкIи фылэжьэну сынывохъуэхъу!