ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уафэбгыкъу и нэлат

2020-06-20

  • (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 71-хэм итщ).

Сурэтыр Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд ищIащ.

  • — Тхьэм уиузэщI, Iэта-Ильяс, — Нэкъар уа­нэгум зреIэтыкI, — ар лIы и псалъэщ. Ауэ «адэкIэ» жыхуэпIа гупсысэр зыщыгъэгъупщэт! ДызэщIыгъуу за­къуэм и Iыхьэ дызэдедзэкъащи, дызэдзейуэ дяпэкIи дыгупсысэнущ.
  • — Ар иджыпстукъым… — Iэта-Ильяс зэуэ зэIынащ. — Уэрэ сэрэ иджыри Iуэху куэдыщэ къытпоплъэ, Мамсыр.

  • — Бетэмал! А куэдыщэр мамырыгъэ Iуэхуу щытами сыт хъунт?.. — псэхъуап­сэм Нэкъар ирехьэжьэри, аргуэрыжьу гурыщхъуэмкIэ йощэтэкIыж: «Дигухэр зэхузэIухащ, итIани, сыт къыщIызжимыIэр игу апхуэдизу щIэгъур? ПсэкIэ зэхызощIэ: гуауэ емынэ гуэрым еудыныщIэ мы лIыр! Пэжщ, цIыху къэс иIэжщ хьэдрыхэ мащэм здрихьэхыж щэхухэр. Мыр иджыпсту зыуIур ап­хуэдэ гуэру щытмэ, сщIэну къыстехуэркъым. Ди мыгъуагъэ лъагъуэхэр щызэхыхьа махуэм щегъэжьауэ, нэ­гъуейр иджыпсту ещхьу гунэ­джыншэу зэи слъэгъуатэкъым. ХьэтIохъущо­къуэпщымрэ Къэзанокъуэмрэ и за­къуэу къызэрепсэлъылIэрэ гупсысэх хъуащ. ЩIэмычэу иджы игъэпIейтей-уэ зыгуэр ебзыщI. СыткIэ сщIэн сэ пщы уэлиймрэ Жэбагъырэ нэгъуейм къыжраIар?»
  • — Iэта-Ильяс, сыноупщIыну сигу илъ зэпытщи, сытемыгушхуэурэ изокъу­хыж… Уи шынэхъыщIэр кърымыдзэм хэт?
  •  — Хьэуэ, кърымыдзэуи жыпIэ хъунукъым ар.
  • — НтIэ сытыдзэ?
  • — ПщIэжрэт Iэлигъуэт-пэщэм и шэ­тырым зэ дыщыIухьар? ЩIыхьэпIэм деж щIопщыр игъэджэгуу щыта Бэу­бэч бейгуэлым гу лъыптагъэнщ а махуэм… Аращ си шынэхъыщIэр.
  •  — Ауэ сытми лъыста! — Нэкъар къэу­Iэбжьауэ шхуэIур жьэдикъуэIуэри, шыр зэщIигъэувыIыкIащ. ГъэщIэгъуэ­ныракъэ, дауи абы щыгъуэ зыфшыIат, зы анэ фыкъызэрилъхуар хэIущIыIу фымыщIу?
  • — Куэдрэ гузэвэгъуэ ихуа цIыхум и шыIэныгъэр тIуащIэ-щащIэщ, Мамсыр… Ныжэбэ къакIуэ си къуэшым сыIущIэну си мурадщ.
  • — ГурыIуэгъуэщ… ЖыпIакъым — зэхэсхакъым.
  • … Беслъэнейм зэрихьэу Нартым и хьэщIэщ еблэгъа гупыр гъуэгуанэм зэрызэхиукIар наIуэти, гъунэгъухэмрэ бысымымрэ кIыхьлIыхь замыщIу зэбгрыкIыжащ. ЗэныбжьэгъуитIыр я за­къуэ зэрыхъуу, Iэта-Ильяс:
  • — Нэкъар, сокIуэ сэ.
  • — Сыздэпщтэтэмэ, сыхьэзырт…
  • — Хьэуэ, Мамсыр. Нобэрей IуэхукIэ, си закъуэу сыкIуэнущ. Уи гуауэ пщIынкъым. Мыбдежщ ар, сыкъэгувэнукъым.
  • — Абы щыгъуэ, гъуэгу махуэ!
  • Жэщ Iувым хэкIуадэ шылъэ макъым бысымыр къыдэушыжащ:
  • — Къэхъуар сыт? Уи гъусэр дэнэ щыIэ? — къыщIыхьащ Бибард.
  •  — Умыгузавэт, Бибард. Iэта-Ильяс и щхьэ IуэхукIэ нэгъуей жылэм кIуауэ аращ.
  • — Жэщыбгым дэнэ къикIа «щхьэ Iуэху»? — мэгъумэтIымэ бысымыр. — Уи гъусэр хэтми, пцIыхуу пIэрэ уэ езым? Хэт хъуну ар? Дзыхь къилэжьрэ?
  • — Ари сэ схуэдэу цIыху дэхуэха щхьэзакъуэщ.
  •  — Ар нэхъ щхьэзакъуэти?! Абы и къуэ­шыр хэтми пщIащэрэт! Iэлигъуэт-пэщэм и бейгуэлхэм я нэхъ къанлы дыдэрщ. СымыщIэ иджы сызэгуп­сысынури… Сакъ, кхъыIэ, хьэщIэ. А нэзэвхэр езыхэр егъэлеяуэ гущIэгъун­шэ лъапсэщ…
  • — Умыгузавэ, беслъэней, — бысымым и лъэпкъыцIэмкIэ зыхуегъазэ Нэкъар, — дзыхь къэзымылэжьа лIы сэ зэи гъуэгу здытесшэркъым. Дауэ уеплърэ, уэри пщэдей укъыхыхьэнтэкъэ ди нысашэ гъуэгуанэм?
  • — Зэ догуэт, Нэкъар, — къыпопсалъэ бысымыр. — Нысашэр Беслъэнейм щедгъажьэу, Жанейм унэ щитшэжамэ нэхъ дэгъуэтэкъэ?! Ямылъэгъуауэ хьэгъуэлIыгъуэ зэхэтшэнт?!
  •  Мамсырым зэригъэзэхуащ иджыпсту псори зыгъэпIейтей кърым гукъеуэхэри и щхьэкIэ игъэва закъуэныгъэри. ИкIи имычэзууэ зимыщIын пап­щIэ:
  • — Тхьэм уиузэщI, Бибард. Сыпхуэша­чэркъым, ауэ нысашэр щедгъэжьэнур ди унэжьырщ — Жанейрщ.
  • Iэта-Ильяс къэмыгувэну жиIа щхьэ­кIэ, къыщекIуэлIэжам, нэхулъэ къы­зэщIитхъакIэт. Нэкъар абы и нэгум зэриплъэу къыгурыIуащ: Iуэхур нэ­гъуейм къехъулIат. Езы Iэта-Ильяс ­хьэ­щIэщым къыщина Мамсырым зихуэпакIэу Iуплъэри, къуаншафэ зищIу гушыIащ:
  • — ПIэ кIуэцI уимыгъуэлъхьауэ ара иджыри?
  •  — ИкIи сигъуалъхьэри, жейкIи зызгъэнщIри, икIи сытэджыжри, си пащIэ-жьакIи сыкIэлъыплъыжащ. ХъыбарыфIкIэ сынотэнщ, ухуеймэ: Бибард, и ныбжьэгъуитI щIыгъуу, Жанейм ныддокIуэ.
  • — Сыту фIыт ари! Сэращи — сып­щIэншэрыкIуэкъым.
  •  — Уи нэгум кърех ар, нэгъуей. НэхъыфIкIэ Алыхьыр иджы къыфхуэуп-сэ!
  •  — Псоми къытхуэупсэ Алыхьыр. ФIы зигу илъ дэтхэнэми Алыхьым къыдиIыгъ а фIыр.
  •  … «КIуэм и гъуэгур хощI» жыхуаIэрати, Мамсырым и гупыр КIэмыргуейми блэкIщ, Абазэхэри къызэранэкIщ, Шапсыгъымрэ Бжьэдыгъумрэ къыпакIухьри, Жанейм ихьэжахэт.
  • Нэкъаррэ Сурэтрэ апхуэдиз илъэс-кIэ зыпэплъа я хьэгъуэлIыгъуэм и ­етIуанэ махуэу шухэм хъыбар щхьэ­кIуэр къахьэсащ: «Мин бжыгъэ щэ ныкъуэм фIыуэ щIигъу кърымыдзэр Къэбэрдейм къыхуокIуэ. Муртаз-пэ­щэр зи шупашэ дзэр (миниплI зи бжыгъэр) Каффэ къыдэкIауэ къокIуэ, кърымхэм къахыхьэжыну».
  • Хы Iузэвым къызэпрыкIа кърым дзэшхуэр адыгэ шэрджэсхэм я щIы­налъэм къихьакIэт.
  • XXIV
  • Болэтей жэмыхьэтыр зэхуэсырт шэджагъуэ нэмэз уахътыр мэжджытым щащIыну. Батыр ефэндым Даур зыхуи­гъазэри щэхуу жриIащ:
  • — Шэджагъуэ нэмэзыр зэфIэкIмэ, си деж ныщIыхьэ. Сыпхуейщ.
  • Нэмэзыр зыщIа цIыхухэр мэжджыт пщIантIэм щыдэкIыжым, Даур щIы­хьащ ефэндым деж. Пэш ныкъуэ­кIыфIым и жьантIэмкIэ дэст Батыр, нэмэз щыгъэ фIыцIэ пIащэр хуэмурэ зыIэщIигъэжу. Бжэблыпкъ бгъузэм щIалэр бгъэдыхьэри, адэкIэ щIыхьэн къримыгъэзэгъыу жиIащ:
  • — СынодаIуэ, ефэнды.
  • — КъыщIыхьэт, Даур. УмыукIытэ, тIасэ, къыщIыхьэ!
  • ЩIалэр пэш жьауэ цIыкIум щIы­хьэри, бжэкъуагъым щызэтеувыIащ.
  • — Къыдыхьапэ. ТIыс, Даур.
  • — Нэхъыжьыр щысу сыбгъэ­дэ­тIысхьэркъым.
  • — УзыгъэтIыс уиубыжыркъым. ТIыс жысIаи…
  • — Губгъэн къысхуумыщI, ефэнды, цIыху къыспоплъэ.
  • — Iэстофрилэхь! Дэтхэнэ Iуэху блэкIрауэ пIэрэ фэ щIалэгъуалэр пIащIэтхъытхъыу, фызыкIэлъыжэр?! Ды­щыщIалэм щыгъуэ ди щхьэр зды­щIэтIуныр дымыщIэу зэманыр дапщэщи къыдэлыжт… — жеIэ ефэндыми, арыххэу къыщIегъуж: — Уи адэр плъа­гъуну ухуей?
  • Даур ефэндым къыжриIар зэхимыхаифэ зытригъауэри:
  • — Хэт жыпIа слъагъунур?
  • — Уи адэр плъагъуну ухуейтэкъэ? — пычыгъуэ зырызу зэпишурэ къытрегъэзэж ефэндым.
  • — Ефэнды, сэ Алыхьым и унэм сыкъыщIэкIуар нэмэз уахътыр сщIыну арщ, зыгуэрым сыIущIэн мурадкIэкъым.
  • — Алыхьым деж нэмысын псалъэщ а иджыпсту къызжепIар, щIалэ.
  • — Зэт!.. — жиIэурэ кIуэцIыбжэмкIэ зэуэзэпсэу Абрэдж Мырзэбэч къыщIоувыкIри: — Си щIалэ, Алыхьым и лэ­жьакIуэм къыбжиIам сыт ущIелъэпауэр? Сэ сыадэщ. Мыбдежым сы­щып­хуэзэну сэращ къыхэзыхар.
  • Батыр ефэндым зыкъеIэтри:
  • — Зэадэзэкъуэр фызэпсалъэ. Сэ сыщIокI.
  • Абрэджым ар имыдэу и Iэр еIэт:
  • — Уэ пщыдбзыщIын дэ ткъуэлъкъым, ефэнды.
  • Даури Батыр Iуоплъэри, пхъашэу:
  • — ЗэтеувыIэт, ефэнды. Мы лIым щэхуи нахуи дэсщIэну сыхуейкъым.
  • — ЩIалэ! — и макъыр пщIэум хуэкIуэжу хокIиикI иджы Абрэджыр. — Бэлэтокъуэхэ ялъ ткIуэпс зэрыпхэтыр зыщыгъэгъупщэт… БжесIэр щIэ!
  • Даур къигъэлыбат и адэм жиIам. ЩIалэр нэхъуу Мырзэбэч Iуплъэри: — ЖыпIэр сэ зэи сщIэнукъым! Нобэ щегъэжьауэ Абрэдж жыхуаIэ унэцIэр ­сэркIэ дунейм ехыжащ. Ефэндыр абыкIэ си щыхьэтщ.
  • Мэжджытыбжэр къыIуеудри, Къудас гуащэр бауэбапщэу къыщIолъадэ:
  • — Алыхьым и унэм иджы щефщIэкIыр сыт мы си къуэм?!
  • Мырзэбэч къызэкIуэкIыпати, зищIэ­жыртэкъым:
  • — Бэлэтокъуэхэ япхъу! Уи кIэкъуащIэм нэсыркъым а уи акъылыр. Си нэгу щIэкI иджыпсту! Армырамэ…
  • Даур лъэбакъуэ ичри, анэм и гупэ къиуващ:
  • — Иджыри зэ узогъэщIэж, Абрэдж: усцIыхуркъым — сыкъэпцIыхуркъым! НакIуэ, ди анэ.
  • Къудас гуащэр бжэм нэсри, дыджу къызэпсэлъэкIыурэ:
  • — УлIэмэ нэхъыфIщ, къэплъхуа уи ­къуэм апхуэдэ къыщIыуипэсын къэп­псэу нэхърэ!
  • Мырзэбэч зэрыригъэлеяр къыгу­ры­Iуэжауэ, нэхъ макъ щабэкIэ:
  • — Иужь дыдэу щрырет, Даур, а ди жыIэр, ауэ лIы и псалъэ зэжедгъэIэ иджыпсту…
  • Къудас зэрызихъунщIэм мыхьэнэ иримыту, Даур гупсысэурэ зэщIэу­-   вы­IыкIащ. Гуащэри икIуэттэкъым, ­щIалэр зыхуигъэжыIэщIэну ныкъуа­-къуэрт. Щымыхъуххэм Даур и Iэр иIэтри: — Зэт, ди анэ, лIы и псалъэкIэ къыскIэ­лъыджа лIым сэ себэкъуэнукъым. СиIэщ сэри сызыщIэупщIэн… Унэм дыхьэжи къыспэплъэ. Зызгъэгувэнкъым.
  • Даур губгъэн хэлъу къыIуплъэри, Къу­дас губжьауэ щIэкIыжащ.
  • — СынодаIуэ иджы, — къопсалъэ щIалэр.
  • — КъызжеIэт, Даур, щхьэ зыкъыс­щыбдзейрэ? Сыадэщ сэ…
  • — «Уадэуи?!» Ади ани сиIэрэ пэт, сыибэ хъурейуэ къалмыкъхэм лъапэкIэ сыщызэрахуэм, дэнэ фыщыIа? Хэт сыкъэзылъыхъуар? Илъэс зыбжанэ-кIэ сызэрыта пщылIыпIэр Къэбэрдей къикIа шухэм щысщхьэщахым дэнэ фыщыIа? Хэт сыздэкIуэм щIэупщIар?! Си анэри? Уэри? Фыхуиту пIэрэ иджы физыхэзыр бын фарз спыфхыжыну?
  • Мырзэбэч плъыжь хъууэрэ и фэр пыкIыжу, къуэм къыжриIэм щIэдэ­-Iурт. Дакъикъэ ныкъуэм лIым и нэгу щIэ­лъэтыжат гъащIэ псо! Уэркъ уна­гъуэм къыхэкIа Абрэджыр зэрыщIалэ цIыкIурэ Бэлэтокъуэм ехъуапсэрт. ­Нэхъ балигъ къыщыхъум, Мырзэбэч Бэлэтокъуэм ефыгъуэу хуежьащ. Абрэджым фIыуэ зыдищIэжырт теп­лъэкIи, лIыгъэкIи, лIы куцIкупсэкIи езыр Болэт зэрефIэкIыр. Ауэ щыхъукIи пщыгъэр зейри зеинури а зэфыгъуэр арти, Мырзэбэч бампIэм ихьырт.
  • Адыгэ лIакъуэхэм пщIэ хуащIырт Абрэджхэ я лъэпкъым. МыдэкIэ Мыр­зэбэч езыр щIалэ дахэт, уардэт. Бэ­лэтокъуэм и шыпхъу Къудас гуащэр Абрэджхэ нысэ зэрахуэхъуар зыми ­игъэщIэгъуатэкъым. Зэхуэфащэт а зэблагъэхэр. АрщхьэкIэ езы Къудас апхуэдэу къилъытэ къыщIэкIынтэкъыми, Абрэджхэ я лъапсэ щыщеувэха махуэм къыщыщIэдзауэ, и щхьэгъу­сэр жьэкIэ иIуэтырт… Бэлэтокъуэхэ я пхъур щIэчэ имыIэу тхьэусыхэрт: ­«Гуащэу сыкъалъхури, гуащэ ныкъуэ сыхъужауэ! Си бынхэри пщыанэш щхьэкIэ, пщы нэмыхъусу…»
  • Абрэдж Мырзэбэч Къудас и жьэш­хуэр хузэщIэпIакъым, езы бзылъхугъэми мэскъал дичыхакъым. Даур дунейм къытехьа нэужь анэ-нысащIэ ­палъэу нэхъ щабэ хъуным и пIэкIэ, зэзым и дыджыр къызыкъуихыпащ Бэлэтокъуэхэ я пхъум.
  • Къудас зэрыдэпсэуа илъэс зыбжанэм къриубыдэу, Мырзэбэч и щхьэ и псэр хуабжьу зэхэутхъуат. Бэлэто­къуэхэ япхъуми жагъын ищтати, лIыр нэхъри иIуантIэрт. Абрэджым къыгурыIуащ апхуэдэурэ адэкIэ фIэкIмэ, фыз кIэкъуащIэм зэрыкъуадзэжынур. И нысащIэ жьейри абы къыхуилъхуа   и къуэри къигъанэри, натIэм къритха лIы Iыхьэр игъэунэхуну, Мырзэбэч Кърымым икIыжащ. Хъаным къу­лыкъу хуищIэмэ — Абрэджыр езыри гу зылъамытэхэм ящыщтэкъым — хуэфащэ увыпIэ къритынщи, зы цIэрэ зы щхьэрэ иIэу адыгэхэм къащхьэщигъэувэнщ! Мырзэбэч и Iуэху Къры­-мым щыIейтэкъым. Зыхыхьа къалэнхэм хэкIэрэхъуапэри, къуэ зэриIэми ­  зы зэманкIэ теплъэкъукIыжат. Абрэ­джыр къыдалъхуахэм зэи къахыхьэр­-тэ­къым. Къудаси и къуэр зэрады­гъуам теухуауэ Мырзэбэч хъыбар лъи­гъэ­Iэсыххатэкъым. Псори зэрымы­щIэ­кIэ къекIэрэхъуэкIыу, къэбэрдейхэм Даур хуит къащIыжа нэужь, щIалэм и анэр игъэкъуэншащ: «Сызэрадыгъуар си адэм щхьэ иумыгъэщIарэ?» — жиIэу. Къудаси, хэкIыпIэр тынш дыдэу къи­гъуэтри, «Даур езыгъэдыгъуар и адэ Мырзэбэчу» къуэм и фIэщ ищIыфащ. Абдежи къыщызэтемыувыIэу, Къудас Абрэджым хьэр тригъэжьащ, и къуэр Кърымым залымыгъэкIэ щиIыгъауэ кIэрилъхьэри. Даур-щэ? Сыт иджы щIалэм и гугъэн хуейр?!…
  • — Даур, тхьэлъанэ сощI а къэхъуам сызэрыщамыгъэгъуэзамкIэ! Ар сэ щызэхэсхам, уэ куэд щIауэ щхьэхуит укъащIыжакIэт. Уи анэм псори къигъэпцIат. Псори лъагъуэ нэпцIкIэ иутIыпщат. Хэтыт апхуэдэу укъэзы­лъыхъуэнур?
  • — ЗэфIэкIащ ар, — гуауэу мэщатэ ­Даур, — а сабиигъуэр зэи къысхуеп­лъэкIыжынукъым. Си анэрти, и гужьгъэжь пагэм гъэзапIэншэу хиулъэрэхъащ. Уэрти, щхьэзыфIэфIыгъэм удишэхащ. Сэращи, «уей-уей» жезыгъэIэ унэцIэхэм сыкъалъхуарэ пэт, фэ тIум фи зэрышх къаугъэ кIэухыншэм сы­щIэдэIумэ, щэхуу сыкъигъыкIыурэ ­балигъыпIэм и закъуэныгъэ лъагъуэкIэ жыжьэ гуэрым сихьыжащ. Сыту фыс­щIын иджы? СыткIи фы­къысхуэны­къуэж? Къэбэрдейм щызиIэщ лъапси, нэхъыжь Iущи, ныбжьэгъу пэжи. Умыкъутэ а си дунеищIэр, Абрэдж. Сэри сыпсэун хуейщ. Уздэ­хъуэпсар уи лъагъуэщ уэри. КIуэ  иджы, псэу… ДиIэкъым уэрэ сэрэ нэгъуэщI псалъэ.
  • Даур жьы щIэту зигъазэри, къе­мып­лъэкIыу щIэкIащ.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).