Бешкъэзакъхьэблэр зэрычийлъэрыкІуэ, унэпакІуэ къэси зэрыгуащэтІурэ
2020-06-20
- ХьэтІохъущыкъуей Ипщэм и псалъалъэ
- И цІэр езым ещхьу екІуу икІи гъэщІэгъуэну Бешкъэзакъхьэблэ дэсащ зы цІыхубз — ДумэрданэтІас. Езыр Борэхэ япхъут, Мэршэнкъулхэ я нысэт. ЗэраІуэтэжымкІэ, и щІыкІэр ямылей пагагъ хэмылъу удэзыхьэхт, Іущт, и псалъэр бэм къалъыхъуэрт, къуажэдэс нэхъыжьхэми чэнджэщэгъу щащІи куэдрэ къыхэкІырт.
- Гум губгъуэм ис къуажэхэр абы къимыІэпхъукІынкІэ Іэмал имыІэу псэзэпылъхьэпІэ щихуэм, къуажэм цІыхухъу ямыІэжыр ДумэрданэтІас тегъэщІапІэ ищІщ, къащІэхъуэ щІэблэр хъумэн зэрыхуейм тригъэчыныхьри, и дыщ къуажэр, БорейкІэ зэджэр, нэхъапэкІэ Фэндыкъуэ кІуэжауэ дэсти, къуэблыгущ, къыкъуэнащ, дэри псэупІэ тхуэхъунущ, жиІэри Бешкъэзакъхьэблэр абы кІуэуэ тІысыну нэхъыжьхэр къыхуезыджауэ щытар аращ. Жылэр апхуэдэу ихъума хъуащ ДумэрданэтІас.
- ДумэрданэтІас ныбжьышхуэ къигъэщІащ, къыщІэхъуа цІыхубзхэми а нанэм и хабзэр я бзыпхъэщ хужаІэу апхуэдэт. И напщІэ телът и къуэм къыщІэхъуа зы къуэ закъуэмрэ пхъу пщыкІутІымрэ. Нэхъ гъэщІэгъуэныжращи, а щІалэ закъуэми къуитхурэ пхъу пщыкІутІрэ къыхуэхъуат. Апхуэдиз цІыхубзыр зэхэту плъагъуным гухэхъуэ къыуитым и мызакъуэу, акъылрэ щІэныгъэкІэ уакъуэ- увэж хъуну апхуэдэ защІэ хъуат.
- ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэм зэхихащ ДумэрданэтІас и къуэрылъу цІыхубзхэм я хъыбарыр. Ехъуэпсащ абыхэм я Іущагъым, я губзыгъагъым, ХьэтІохъущыкъуейм къыдалъагъумэ хъуапсэ хъуащ гуащэр. Къуажэ зэхуэхусыр щекІуэкІ лъэхъэнэти, Бешкъэзакъхьэблэри зыхэтІысхьэж хъуну къуажэм хэплъэрт. ЛІыкІуэ ящІри, Наурызхэ ягъэкІуащ, жаІэ, къуажэгъуу дыщтэж, жаІэри. Наурыз и къуэр «Бжьэхъуэкъуейм фекІужи, зэгъусэу фыкъыхыхьэж», жиІэри щІагъуэу къеплъакъым, жаІэ. ХьэтІохъущокъуэхэ щыкІуэм,
- «Си пщэкІэ зей лъэгущ,
- ЛампІэжьыкъуэр къешкІуркІурмэ,
- Аргъеикъуэр къошкІурэх, тІуащІэ зэвщ, жумыІэмэ,
- Бешкъэзакъхьэблэу абдеж къэтІысыж», — жиІащ, жаІэ, ХьэтІохъущокъуэ и къуэм, гуащэнанэм и чэнджэщкІэ.
- Бешкъэзакъхьэблэхэри куэдрэ гупсысакъым:
- «ТІури пщыми,
- ХьэтІохъущокъуэхэ пщыщхьэщ,
- ЩхьэегъэзыпІэ нэхърэ
- ЗыгъэзапІэр нэхъыфІщ», — жаІэри Бешкъэзакъхьэблэр ХьэтІохъущыкъуейм къэкІуэжащ.
- ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэр зэхъуэпса цІыхубзхэр къуажэм щыщ щыхъужым, цІыхубзхэр зы къэмынэу и уэрсэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ, чэнджэщакІуэ хъуащ. Гуащэнанэр ирагъэхъуэхъу хабзэт сабий къызыхуэхъуахэми, ар и уэрсэрхэм зэблэкІыу якІэлъыджэрт, «хъуэхъубзэу зэкІэлъызгъакІуэхэм едзыгъуэ щІэщыгъуэкІэ фыкъыхэувэ», жиІэурэ. «Зы Мэршэнкъул къыфхэтмэ, зы уэрсэри фиІэщ», жаІэ хабзэщ.
- ЦIыхубз дахэу, теплъэкIэ зэкIужу, щэныфIэу, IэпэIэсэу, унагъуэ Iуэхум хуэщIауэ апхуэдэт Мэршэн-къул зэшыпхъухэр. Куэд къащIэупщIэрт, нэхъыбэжи къалъыхъурт. Зыр зым иужьым иту яшэурэ, зыр игъэдыщасэмэ, зым ар уасэу къыщIихыжурэ Хьэцу и шыпхъухэри ипхъухэри зэбгрыкIа хъуащ. «Сыт ухуэдэ, Хьэцу?» жаIэрэ къыщIэупщIамэ, «ДыфIкъым, дыIейкъым, ды-Мэршэнкъулщ» жиIэу щытащ жаIэ. А псалъэри нобэр къыздэсам зэрахьэ, ауэ и тхыдэ пэжым щыгъуазэр мащIэ дыдэщ.
- АдыгэцІэ щІэупщІэр мащІэкъым. «Адыгэ псалъэ» газетым и щІэджыкІакІуэхэм гъэщІэгъуэн къащыхъуну къыщІэкІынщ а цІыхубзхэм я цІэхэри. «Пхъужь нэхъыжьхэр» Бэгъэгусэ, Асыху, ДанэтIас, Данэфо, НэхуритIэ, Хурмылэ, ЛэтIэ, Лабыху, Къанхурицэ, КъансиIэфI, ФIэрафIэ, КIулыху сымэт. «Пхъужь нэхъыщІэхэри» мыхэрат: Къангуащэ, Къансэрей, Муслъимэ, Лъостэхъан, Хъандусар, Сэрымэ, Мейгуащэ, ГуащэIэфI, Iэбэхунэ, Нэхушыр, Хуасэ, ТIасэцIыкIу сымэт. Мы цІыхубзхэм я адыгэбзэращ ХьэтІохъущыкъуейхэмрэ Щоджэнхьэблэхэмрэ зэхамыха ирихьэлІэмэ, «Бешкъэзакъхьэблэ бжьэпэ укъытекІауэ къыщІэкІынщ», щІыжаІар.
- БэрэхуатIэ — езыр хужыбзэрэ тIатIэу зи ныбжьыр хэкIуатэу хуежьа бзылъхугъэ. «БлагъэзэгъэцIыхум къыщIаша цIыхубзхэр апхуэдизкIэ бэрэхуатIэти, защетшэкIым я IэплIэм дыкъищакъым», жаІэу гушыIэ зыхэлъ цIыхубз псалъэмакъым дыщрихьэлIащ.
- БэрыкIуэхыр къыхуэкIуэн — мызэ-мытIэу щагъэтIылъам щамыгъуэтыжу кIуэд хьэпшыпым щхьэкIэ аращ жаIэр. Псом хуэмыдэу, Iэпхъуалъэ, мастэ, мастэкъуаншэ хуэдэхэм хуэгъэзауэ къапсэлъ.
- Гуащэ пхъуантэ — зэрыджэгу гуащэм и щыгъын хуэдэхэр, ирахьэлIэ цIыкIуфэкIухэр щахъумэ дестэ.
- ГуащэнэпIэс — щхьэгъусэм и анэнэпIэсыр нысэм зэрыхуэхъу.
- ГуащэтIурэ — зэрыджэгу гуащэ лІэужьыгъуэщ; зейм чымпэ псыгъуэ кIыхь зыбжанэ къыхахри, тIууэ зэтралъхьэ, и хъуреипIэм деж фIапхыкIри, ар щхьэ мэхъу, псыгъуэ кIыхьу къызэрыщIидзым щхьэкIэщ щхьэтIурэ щIыжаIэр, мыдрей къэнар пкъыщи, зэрахуэIэрыхуэм хуэдэу Iэмрэ лъакъуэмрэ къыхагъэкIыжри, гуащэтIурэкIэ зэджэжри аращ. ГуащэтIурэри хъыдан гуащэм хуэдэу яхуапэ. Бешкъэзакъхьэблэхэрат гуащэтІурэ щІынкІэ Іэзэр. «Бешкъэзакъхьэблэм я гушыІэ уэрэду» къэнам ар щыжеІэ: «Бешкъэзакъхьэблэр зэрычийлъэрыкІуэ, унэпакІуэ къэси зэрыгуащэтІурэ», жиІэу. Илъэс дэсыж кърамыту унэ ирашэ хъыджэбз щIалэм кІэлъырагъэхьыж щыгъыным гуащэтІурэ тралъхьэу щытащ, «фэттар щІалащэщи, фыхуэсакъ», жиІэу ар къикІыу.
- Гущхьэмэрычу зыгъэзэн — къэхъуари къэщIари умыщIэу гузавэм уиубыдрэ, зыхуэпхьыныр умыщIэу абы уигъэндэращхъуэу щытмэ, «мы си гущIэм гущхьэмэрычу зегъазэ», жаIэ.
- Джырыдж — нэм щIэпщIыпщIыкIыу къыIуидзэ плъыфэ. Нэхъыбэм хужь, дыжьын, дыщэ плъыфэхэм хуэгъэзауэщ къызэрапсэлъыр. Щоджэнхьэблэхэм жыджэру зэрахьэ псалъэщ.
- Дыщэ сырымэ — дыщэ къабзэ, щымыщ хэмылъу, жыхуиIэщ.
- Елъэстэуэн — зэмыпэсын, зыгуэрым елъэпэуэн, жыхуиIэщ. Бзэм нэхъыбэрэ узэрыщрихьэлIэр шхыным епхауэщ, «ерыскъым уемылъэстауэ», жаIэ.
- Есэбэуэн — тепIэнщIэлъыным е щыгъыным башкIэ е IэкIэ сабэр храгъэхумэ, есэбауэу аращ жаIэр.
- ЗэIэпыт — зэкIэлъыкIуэ, зым и ужь зыр ит.
- Зэзэн — щIыр мэзазэ, жаIэ. Зы гъэм гъавэр къытрахрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым зрагъэгъэпсэхумэ, апхуэдэу жаIэ.
- ЗэпыщI — мэзыр е бгыр уэх е къуэ хуэдэу тIууэ зэпэщIэзыхым зэпыщIкIэ йоджэ. ЗэпыщIышхуи щыIэщ, зэпыщI цIыкIуи щыIэщ. ЗэпыщIышхуэм псы ирожэ. Къуэр нэхъ бгъуэщ, псэущхьэ тIысыпIэу щытынкIэ хъунущ. ЗэпыщI цIыкIум батыргъэныр, удзлъэхъыцыр, къуацэр уэру щокI, пхыкIыгъуейщ, псыIэу щытщ.
- ЗэхэцIыцIэн — цIыкIу-цIыкIуу зэтекъутэн, къэнар зэтегъэсхьэн. «Къуажэр сыт хуэдизрэ зэхамыцIыцIами, щIэрыщIэу я псэуалъэр зэрагъэпэщыжырт», къыхощ.
- Куэтын гъуэлъыпIэ — чыр зэдадзурэ ящI гъуэлъы-пIэм аращ зэреджэр.
- КIэд — кIэ зимыIэ гурыщхъуэ упщIэкIэ уи щхьэр уэзыгъэужэгъу цIыхум щхьэкIэ «цIыху кIэдщ», жаIэ.
- КIэдыкIауэ І — нэхъыжьым и псалъэр и кIэ нримыгъэгъэсу зэпымычу зэпызыудым, зи псалъэ къыдэзыIум щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
- КІэдыкІауэ ІІ — сыт хуэдэ псалъэми гурыщхъуэрэ мыарэзыныгъэрэ тезыщIэ, щигъуэми щимыгъуэми сыт хуэдэ Іуэхури упщIэкIэ къэзыухь. Нэхъыбэм аращ мы псалъэр зэращІэр.
- КIэдэвэж — щIыр ява нэужь, гъавэм и кум псыгъуэ цIыкIуу щIы Iыхьэ мывауэ къонэ, абы кIэдэвэжщ зэреджэр.
- Курызэ — Iэпэ джэдыкIэ фIэкIа мыхъуу лы зыдэлъ псыхьэлывэ цІыкІум аращ зэреджэр. Курызэ щащIкIэ, «тхьэври лыри зыгуэр хъунт, курызэм IэфI щIэзылъхьэр шыбжиитхъуращ», жаIэурэ тхъу гъэвэжамрэ шыбжий плъыжьымрэ зэхагъажьэрт, дэ купщIэ хьэжа щыхалъхьи къэхъурт. Щоджэнхьэблэм я шхыныгъуэщ. «Щоджэнхэ я хьэщІэнышпежьэщ» жыхуаІэр курызэращ.
- Къэухьын — псалъэкIэ, упщIэкIэ щIэгъэнэн, щIэуфэн, жыхуиIэщ.
- ПIастэгъашэ — ерыскъыфIэ, зи Iэнэ зэикI шхын щIэщыгъуэншэ мыхъу.
- Пхъужьлъагъу — и дыщ пщIантIэ куэдрэ къемыкIуэлIэжыф, хамэ къуажэ жыжьэ яшауэ ис лъэпкъым ипхъухэр ялъагъуну унэкъуэщ нысэхэр пхъужьым деж лъагъунлъагъу кIуэуэ щытащ, аращ «пхъужьлъагъу» жыхуаIэри. Бешкъэзакъхьэблэм «пхъужьгъэгуфIэ» жаІэ.
- Пшапэнэгъу — дыгъэ тIысыгъуэмрэ жэщ хуэкIуэгъуэмрэ я кум илъ пIалъэ.
- ПщIэмыхь Iуэху — пщIэ зыпымылъ, фIыщIэ къызыпэмыкIуэн Iуэху. «ЖысIэм къедаIуи ухущIегъуэжынкъым, пщIэмыхь Iуэхущ, ухэмылъадэ», жаIэ.
- Пщыдэхь умыщIынумэ, къызыкъуэх — зыгуэрым ямылейуэ ихъумэ хьэпшып е Iэмэпсымэ гуэрым щхьэкIэ, хэбгъэзыхьмэ, ар зейм зыхуигъэтIыгъуэр езы дыдэми имыщІэжу къуэлъмэ, гушыIэу жраIэ хабзэщ.
- ПыIулэ — ищIэн имыгъуэту зэфIэлэлу дэт цIыхум щхьэкIэ гушыIэу жаIэ псалъэщ.
- Пэлыгъуэ — узыфэ лIэужьыгъуэщ; сырымэ къыпщIихьэ зэпыту екIуэкIмэ, «пэлыгъуэр йолыбжьэ», жаIэ.
- ТIатIэхъу — лIы ныбэф тIатIэшхуэм щхьэкIэ ауан щIэлъу жаIэ псалъэ.
- Тегурэн — зи къуэрылъху-пхъурылъхухэр зэпщIэкIа, и кIэ къуащIэри яIыгъыу, и гущIыIуми ису ялъагъу цIыхум щхьэкIэ «и сабий быныр тегураи» жаIэ.
- Техъушышэн — зыгуэрым техъущIыхьын, зэпымычу жьэкIэ шхын, зэпымыууэ зыгуэрым ешхыдэн, жыхуиIэщ. «Тохъушышэри, тохъушышэ, жьэмыгъэпсэхущ, сабийр сфIэпсэкIуэдщ», жаІэ.
- Тхыныху — тхым къехыу бгъурылъ лыпцIэ.
- Тхьэгъушауэ — КъалэкIыхьым ехыу ди къуажэ цIыхухъу зыбжанэ дэсащ, тхьэгъушауэкIэ еджэу. Ахэр пщIэкIэ урыс члисэхэм фIэлъ тхьэгъушхэм еуэрт, урыс жылэр я тхьэлъэIу, я зэIущIэ хуэдэхэм кърашалIэу.
- УнэпакІуэ — унэ къэс, жыхуиІэщ.
- УткIырыбжьэ — ерыскъым хэлъ ткIыбжьыр Iум ихьарэ имыкIыжыххэмэ, Iур мэуткIырыбжьэ, жаIэ.
- ФадэмыкIуэ — фадэр зэмызэгъ, зыIузымылъхьэ.
- Фал тхылъ — Iэзэ тхылъ; джэш зыдзри, дыуэ зытх-ри, къэхъуну-къэщIэнум теухуауэ щыплъэкIэ, здитхыхьыр фалщ. «Фал тхылъ уиджыкIакIи пхузэхэхынкъым абы зэхиджыхьа къомыр», жаIэ.
- Хъурэщхьэрыуэ — Iэхъуэм ялъыщIэмыхьэу иужь къинэу зэбгрыхъукI Iэщым щхьэкIэ хъурэщхьэрыуэщ, жаIэ.
- Хъытемых — зи нэчыхьыр ятхыу лIыр бгъэдэмыхьэ щІыкІэ зыщхьэщыукIуриикІам (зауэм, узым е нэгъуэщI щхьэусыгъуэм къыхэкIыу) хъытемых цIыхубзкIэ йоджэ.
- Хьэбыхъу — хьэнтхъупс. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ.
- Хьэжыбзу І — зи щхьэр плъыжь бзу лъэпкъ, урысыбзэкІэ «вьюрок» жыхуаІэращ.
- Хьэжыбзу ІІ — щхъуэкIэплъыкIагъэ зыхэлъагъуэ дэтхэнэ зы бзу лъэпкъми апхуэдэу йоджэ.
- Хьэжь-быжь — унагъуэм щIагъуэу щызэрамыхьэ, къуэдзэщхэм, хьэкуэщхэм щызэрагъэтIылъэкI хьэпшыпыжь.
- Хьэжьэрыхъу — зи шхыдэри зи кIий-гуори зэпымыууэ, сытым щхьэкIи зызышхыхьыж, хэт сыт къипсэлъми, зэIурыдзэсыкIыу жэуап зытыжым щхьэкIэ жаIэ.
- ХьэкIурашэ — ныбжьыщIэ куэд зэхуэзыша, псэгъу зэхуэзыщIа цIыхубз.
- ХьэкхъупIапIэ — уз лIэужьыгъуэщ, псыбыб ищIу щIыфэр къизыгъэлъэлъ узыфэ.
- Хьэнтхъу-вынтхъу — мыхьэнэ зимыIэ, щыкъуей, цIыкIуфэкIу.
- ХьэщIыIущIей — къэгъази егъэзэкIи имыIэу цIыху щIыкIей.
- ХэцIыцIыкIын — тІорысэ дыдэ хъуа шэнт, пхъэтIэкIу хуэдэхэм ирагъэщI зэщIэскъыскъэ макъ.
- ЦIацIырэ — хьэцIэпIацIэ лъэпкъщ, урысыбзэкIэ «светляк» жыхуаIэращ. Адыгэбзэм цIацIырэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ я фIэщыгъэм ущрохьэлIэ: цIау, цIыцIэ, лу, цІом.
- Шаш — зи кугъуэм хужьгъэр трищIа, ауэ джэдыкIафэр зытемыхъуа джэдыкIэ. «ДжэдыкIэ пцIапцIи мыхъуауэ къутэжа джэдыкIэ шаш», жаIэ.
- Шэджэлъаджэ — щитIэгъэни ишхыни зимыIэ, зыхуей зымыгъуэт тхьэмыщкIэ. «ИлъэсиблкIэ зэIэпыту екIуэкIа гъейм цIыхум ишхыни щитIэгъэни имыIэжу шэджэлъаджэ ищIати, и Iэр шияуэ лъаIуэу къуажэм къыдыхьэм къыдыхьэкIэ уеджэнутэкъым, къыдэужьгъэр жыпIэнут, куэдыщэ хъурти», жаІэ.
- ЩIалэегъаджэ — егъэджакIуэ. Бжьэхъуэкъуейхэм я псалъэщ.
- Щыхьэр шыбжий — бурш, жыхуаІэращ.
- IэгуиуэкIэ къыхэуда хуэдизщ — жыжьэ нэмысын, куэдрэ къуэмылъын, жыхуиIэщ. «Умымейр зэпхьэлIэкIэ ууей хъун, IэгуиуэкIэ къыхэудам хуэдизщ, напIэдэхьеигъуэм пIэщIэкIыжынущ», жаІэ.
- Iэпэрыгъажэ щIын — зыгуэр бжын, зыгуэр къэлъытэн.
- IэутIэ — цIыхум и псалъэр къыбгуригъэIуэну хэту и Iэхэр дищIу къыщопсалъэкIэ, а Iэ зэригъакIуэм зэреджэр аращ.
- Iудэ-мыдэ — хуей-хуэмейуэ, фIэфІ-фIэмыфIу зыгуэр зыщIэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
- ТАБЫЩ Мурат.
- Зеикъуэ къуажэ