ШынэхъыщIэ
2020-06-20
- Iуэтэж
- Зэшищ псэурти, я нэхъыщIэм ШыкъумцIийкIэ еджэрт. ШыкъумцIий яфIэделэти, зыхагъэкIын мурад ящIащ шынэхъыжьитIым: «Ди напэр трех, емыкIу къыдегъэхь, мыр афIэкIа къыддалъагъу хъунукъым», — жари.
- Мэл яIэти, мэл зытхух иратри, ШыкъумцIий зыхагъэкIащ зэшитIым.
- — Уи щхьэ гъэпсэуж, дэ укъытщымыгугъ, — жраIэри пщIантIэм дагъэкIащ. Мэл зытхухыр хъуакIуэ дихуащ ШыкъумцIий, мэз лъапэм щигъэхъуакIуэурэ, жэщ къытехъуащ. «Пщэдей мэз лъапэм къэсхун хуейщ мэлыр, — жиIащ ШыкъумцIий. — Сыт щхьэкIэ схужын: мэз лъапэм къэзгъэнэнщи, пщэдджыжь сыкъыкIэлъыкIуэнщ».
- Мэлыр мэз лъапэм къринэри, езыр жылэм дыхьэжащ. Нэху щырэ тригъазэмэ — мэлыр хьэм яшхауэ ирихьэлIащ. ЗигъэнщIа хъунтэкъым, зы дыгъужьыжь къупщхьэм йогъури щытщ.
- — Сыбгъэунэхъуащ, емынэунэ хъун! — жери ШыкъумцIий дыгъужьым хуилъащ, ирихужьэри, ихум-ихуурэ, гъуэм фIипкIэжащ.
- И куэщIым бжэгъу цIынэр иригъэувэри, ШыкъумцIий гъуащхьэм тетIысхьащ:
- — Гува-щIэхами, зэ укъикIынкъэ! — жери. ШыкъумцIий гъуащхьэм тесурэ, уэшхышхуэ къешхри, дыгъужьыгъуэм псыдзэ иуащ. «КъуртI-сыртI» жери, псыдзэр щыщIэуэм, дыгъужьыжьым и щхьэр гъуэм къригъэжащ.
- — ШыкъумцIий, — жиIащ дыгъужьым, — псым сумыгъэтхьэлэ, гъуэм сынигъэкI: мэлыр къэспшыныжынщ. Мэл зытхух пфIэтшхамэ, мэл хъушэ уэстыжынщ.
- — СыкъэбгъэпцIэнкъэ?
- — УкъэзгъэпцIэнкъым. Ныжэбэ нэху гъэщи, пщэдджыжь мэз лъапэм къакIуэ: мэл хъушэ укърезгъэхьэлIэнщ.
- — Хъунщ, — жери ШыкъумцIий гъуащхьэм къытекIыжащ.
- Дыгъужьыр гъуэм къикIщ, зиутхыпщIри, мэзым хыхьэжащ. Нэху игъэщри, ШыкъумцIий мэз лъапэм кIуащ. Мэз лъапэм мэл хъушэ тетт. Хъушэр къызэщIикъуэри, унэм къихуащ ШыкъумцIий.
- — Мэл хъушэр дэнэ къипха? — ягъэщIэгъуащ и къуэшитIым.
- — Си мэл зытхухыр мэз лъапэм къытезнати, бэгъуауэ нэху къекIащ, — жиIащ ШыкъумцIий.
- «Ди мэлри мэз лъапэм нэху къыщедгъэкIынщи, тхуэбэгъуэнщ», — жари зэшитIым я мэлыр мэз лъапэм яхуащ, мэлыр мэз лъапэм къытранэри, езыхэм къагъэзэжащ. Нэху щырэ трагъазэмэ — зэшитIым я мэлыр хьэм яшхауэ ирихьэлIащ.
- — Ди шынэхъыщIэм пцIы къытхуиупсри, ди мэлыр хьэм иригъэшхащ, — жари къыдэлъэдэжащ зэшитIыр, ШыкъумцIий къэпым иракуэри ирахьэжьащ: «Псым хэддзэнщи, едгъэтхьэлэнщ», — жари.
- Псым нэсри, къэпыр лъэмыж дакъэм тралъхьащ, езы тIур мэзым хыхьащ: «Бжэгъу пыдупщIынщи, псым хэддзэн ипэкIэ дубэрэжьынщ», — жари.
- ЗэшитIыр мэзым хыхьауэ, зы шыдыгъу къэсащ. Шыдыгъум шы гуартэ къихурти, шыр лъэмыжым къыхутехьакъым. «Шыр зыгъащтэр сыт?» — жери шыдыгъур лъэмыжым техьащ. Лъэмыж дакъэм телъ къэпыр щилъагъум, щIопщыкъукIэ теуIуащ. ШыкъумцIий и макъ къиIукIащ къэпым.
- — Къэпым щхьэ уилъ?
- — Срадзащи, силъщ, — жери къэпым къипсэлъыкIащ ШыкъумцIий.
- — Хэт уизыдзар, сыт ущIрадзар? — игъэщIэгъуащ шыдыгъум.
- — Пщым и пхъур къызагъэшэнущи, къахуэсшэркъым, аращ къэпым сыщIрадзар. Къахуэзмышэмэ, саукIынущ, — жиIащ ШыкъумцIий.
- — Сэ сигъапщхьэ-тIэ къэпым: сэ къэсшэнщ пщым и пхъур, — жиIащ шыдыгъум. — Абы щхьэкIэ зебгъэукI хъурэ!
- — Хъунщ, — жиIащ ШыкъумцIий. — Къэпыщхьэр тIатэ.
- Шыдыгъум къэпыщхьэр итIатэри, ШыкъумцIий къэпым къригъэкIыжащ, езыр къэпым ипщхьэри.
- — Къэпыщхьэр пхэ, — жиIащ. — Мо шы гуартэр мэзым хэгъэзагъи, якIэлъыплъ. Шыдыгъур лъэмыж дакъэм къытринэщ, шы гуартэр къызэщIикъуэри, ШыкъумцIий жылэм къыдыхьэжащ. Бжэгъу паупщIри, ШыкъумцIий и къуэшитIыр мэзым къыхэкIыжащ.
- — Удубэрэжьынщи, псым ухэддзэнщ, аращ уэ пхуэфащэр! — жаIащ зэшитIым, лъэмыжым къытехьэжри.
- — Сывмыубэрэжь: сыарэзыщ: пщым и пхъур къэсшэнщ! — къипсэлъыкIащ шыдыгъур къэпым.
- — Пщым ипхъуми ухуейти! — жари зэшитIым къэпыр къаудыныхьащ, лъэмыжым ирадзыхри къежьэжащ. Къэсыжри, ШыкъумцIий и пщIантIэм шы хъушэ дэту кърихьэлIэжащ.
- — Шыр дэнэ къипха? — Я нэр къихуащ зэшитIым.
- — Къыздисхар фщIэркъэ? — жиIащ ШыкъумцIий. — Сывубэрэжьри лъэмыжым севдзыхащ. Псым ситхьэлэн фи гугъа хъунщ. Ситхьэлакъым: псым срихьэхри ныджэм сыкъытридзэжауэ шыбзыхъуэ пщыIэ срихьэлIащ. «ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ», — жари сагъэтхъащ, сагъэлъэпIащ, шыбз гуартэ къызатри сыкъаутIыпщыжащ.
- — Дэри дыубэрэжьи, лъэмыжым дедзых-тIэ, — жаIащ зэшитIым.
- — ФынакIуэ, — жери ШыкъумцIий шынэхъыжьитIыр псым ишащ, къэпым ирикуащ, лъэмыжым иридзыхри, и унэ ихьэжащ. ЗэшитIыр псым ирихьэхри, ныджэм къытридзэжащ, шыбзыхъуи къинэмыщIи ирихьэлIакъым. ЩримыхьэлIэм, заутхыпщIыжри, я щхьэр къыфIэхуауэ къэджэдэжахэщ.
- КъЭрмокъуэ Хьэмид.