ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нартыху зэтеуда хьэнтхъупс

2020-06-20

  • Нартыху зэтеудар тIэу-щэ щIагъэпщ, псы щIыIэкIэ плIэ-тхуэ ялъэс, итIанэ шыуаным ит псы къэкъуалъэм хакIутэ зэIащIэурэ, тхъурымбэр къытрах, мафIэр щабэ ящIри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 20-25-кIэ ягъавэ, Iув хъуху. Абы зэIащIэурэ шэ гъэпщта щIакIэ. Шыгъу хадзэри, щIэх-щIэхыурэ зэIащIэурэ, хьэзыр хъуху ягъавэ. Пщтыру фалъэ куум иракIэри, шатэпс тракIэж. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.

  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
  • Нартыху зэтеудауэ — г 50
  • Псыуэ — г 300
  • Шэ щIэмыхуу — г 400
  • Шатэпсу — г 50
  • Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Джэш лыбжьэ
  • Джэшыр зэхадз, фIыуэ ялъэс, псы къэкъуалъэм хакIутэри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтрэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Шыгъу хадзэри, иджыри апхуэдизкIэ ягъавэ. АпщIондэху псыр щIэващIэмэ, псывэ щIакIэ. Джэш вар зэрыпщтыру яуб е лыхьэжым щIагъэкIри, шы­уаным иралъхьэж. Абы тхъукIэ гъэлыбжьа бжьын халъ­хьэ, шыбжий сыр хакIутэ, а псори зэIащIэ, шатэ хакIэри, дакъикъи 7-8-кIэ къагъэкъуалъэ.
  • Хьэзыр хъуа джэш лыбжьэм джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ тIэкIурэ щагъэт, мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ. Пщтыру яшх, щIакхъуэ е пIастэ и гъусэу.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • Джэшу — г 200
  • Псыуэ — г 1450-рэ
  • Бжьын укъэбзауэ — г 30
  • Тхъууэ — г 60
  • Шатэу — г 160
  • Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.