ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2020-06-18

  • Къэбэрдейм и тхыдэм щыцIэрыIуэщ генерал-майор Даутокъуэ Заурбэч (1886 — 1919 гъгъ.; дунейм ехыжа нэужь, генерал-лейтенант цIэр къыфIащын хуейуэ унафэ къащтащ). Абы и гъащIэмрэ Япэ дунейпсо зауэм щызэрихьа лIыгъэмрэ теухуащ Чхеидзе Константин итха «Прометей и лъахэ» повестыр (ди газетым тетащ абы щыщ пычыгъуэхэр).

  • ЗэрызауэлI хахуэм нэмыщI, Заурбэч усакIуэуи щытащ. Ди деж къэсар (е зэкIэ хэIущIыIу хъужар) адыгэ щIалэм и зы тхыгъэщ. Ар итщ зи цIэ къитIуа тхылъым. А зы усэри щыхьэт тохъуэ Даутокъуэ Заурбэч и Къэбэрдей хэкумрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ фIыуэ илъагъуу зэрыщытам.
  •  Нобэ теддзэ усэр абы урысыбзэкIэ 1913 гъэм итхащ, анэдэлъхубзэм ар къригъэзэгъауэ щытащ Уэрэзей Афлик.
  • ДАУТОКЪУЭ Заурбэч
  • Си лъэпкъыр
  • Солъагъур пщIыхьэпIэ, пщIыхьэпIэ
  •  шынагъуэ,
  • Си щIыфэр дэтхытхыу къыстехьэу
  • техьэгъуэ…
  • КIыфI Iувым къыхокIри, къыхохьэ
  •  си пщIыхьым
  • Алъп шу абрагъуи къоувэ си пащхьэм.
  • Сышынэу соупщIыр: «Уэ хэтхэ уарей?»
  • Нэщхъейуэ къызоплъыр:
  •  «Сэращ Къэбэрдейр…»
  •  
  • ЙокIуэтыр си шынэр, Iэнкуныр сIэщIоху:
  • Адыгэм къыпэплъэр си нэгу
  • къыщIыхьэху,
  • Сегупсысыху адыгэпсэр щIэгызым,
  • И напэм, и щIыхьым къапэплъэ пщэдейм,
  • ЛъэмыкIыу, гузасэу си гущIэм зехуз.
  •  
  • СоупщIыр аргуэру: «Уэра Къэбэрдейр?
  • Кавказым и мэIуу иджыри къэсар,
  • Щхьэхуиту, мышынэу щIым тету есар?»
  • Аргуэру нэщхъейуэ:
  •  «Сэращ Къэбэрдейр…»
  •  
  • — Уи гъащIэ нэхур, Къэбэрдей,
  • Уи лъагъуныгъэр, лъыщIэж джатэр,
  • ХабзэфI хэлъахэр пасэрейм,
  • Уи лIыгъэр дэнэкIэ щыхэтыр?
  •  
  • Уи уэрэдыжьхэр, уи нарт лIыгъэр,
  • Нэпс гуащIэу напIэр щIэзысыкIыр,
  • ЩIалэгъуэ хъыжьэм и Iэлыгъэр
  • ДебгъэдзэжакIэ хьэрэкъуакIэ?
  •  
  • Бэвыгъэр зи нэщэнэ хьэсэр,
  • Уи къуршыпс уэрхэу къыпхуэIэсэр,
  • Губгъуэшхуэм хуиту щикъухьа
  • ХэкIуапщIэ куэдыр дэнэ пхьа?
  • Адыгэм къыддалъхуа зышыIэр,
  • Пхэлъа Iущыгъэр дэнэ щыIэ?
  • Къызэтена иджы ди хабзэр:
  • Нэхъыжьым, хьэщIэм хуэтщI нэмысыр?
  •  
  • Щыхэтыр дэнэ лIым и псалъэр?
  • Зэкъуэшыныгъэ щапхъэ пщалъэр?
  • ШыгъупIастэм и пщIэр ягъэину,
  • Хъуэхъу дахэр щыIу адыгэ Iэнэр?
  •  
  • А псори мы дуней емынэм
  • Иужьыгуу, гум щыжеижа,
  • Уи фIэщ мыхъужу уи къэкIуэнур,
  • Мы гъащIэм укъыхэнэжа?
  •  
  • ПлъэкIыну, тхыдэм птелъ и щIыхуэм,
  • ЗыпхуэмыIэту, плIэр иухуэу,
  • КъыхэмыщтыкIыу уи гур, уи псэр
  • Иджы зепхьэну адыгэцIэр?
  •  
  • … Губжьауэ шу уардэм жэуап къызидзар,
  • Блэ фIыцIэ шэрэзу, си гущхьэм пхидзащ.
  • АрщхьэкIэ згъуэтыжщ дэрэжэгъуэ
  •  щIэрыщIи,
  • Мы си гум къеуэн щIидзэжащ
  •  мащIэ-мащIэу:
  •  
  • — Сабийуэ псэ махэ, щхьэ уи гум ихуа
  • Си лъэпкъым игъащIэм псэукIэу иIар?
  • Щхьэ уигу IэщIэхуа — зыхъумэжым
  •  зи хэкур
  • Ахърэтым къыщожьэ жэнэтым и жьэгур.
  •  
  • Сыт щыгъуи мы псалъэхэр уи гум игъэлъ,
  • А псалъэхэр ныпу лIыхъужьым IэщIэлъщ:
  • «Шууейм и нэмысыр, и щIыхьыр зыIэтыр
  • И Хэку къихьа бийм иращIэкI
  •  къэзэуатырщ».