ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жырым  хуэдэ Тембот  Лъостэнащ

2020-06-10

  • Очерк
  • Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь орденым пащIу щыIэ ГуащIэдэкI ЩIыхьым и орденым и степенищри, абы «ЩIыхь» орденыр хэтыжу къэпхьын щхьэкIэ, Iуэхуу бгъэхъеин хуейуэ щытар уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъущ… Жэщ-махуэ уимыIэу, укъэмыланджэу, зыгъэпсэхугъуэ уимыIэу, пашэныгъэр пIыгъыу илъэс куэдкIэ улэжьэн хуейт. А жыхуэсIахэм уапэлъэщын щхьэкIэ сыт хуэдиз къару, ерыщагъ, бэшэчагъ пхэлъын хуейр? Жырым хуэдэу ущытын хуейщ, аращ сэ сщIэри. Ар къэзыхьыфауэ ди республикэм исыр цIыху зыбжанэщ. Абыхэм ящыщщ Бахъсэн районым хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм щызэхэта «Восток» колхозым и лэжьакIуэ пашэу щыта Тембот Лъостэнащ.

  • ТЕМБОТ Лъостэнащ щхьэкIэ мыпхуэдэу жаIэ: «Жырым хуэдэщ Лъостэнащ. Ар здагъакIуэ дэтхэнэ IэнатIэми ехъулIэныгъэ щыIэщ». «ПщIэ хуащIу, нэмыс хэлъу а зы лэжьапIэм илъэс 55-кIэ Iутащ, ар махуэ мин 20-м щIегъу». Шыгъу пут дэзмышхами, илъэс зыбжанэкIэ абы сэ сыдэлэжьащи, а псалъэхэр зэрыпэжым шэч къытесхьэркъым.
  • Лъостэнащ щылэжьа гъэхэращ «Восток» колхозым Бахъсэн щIыналъэм пашэныгъэр щыщиубыдар, шы, Iэщ лъэпкъыфI зэригъэпэщу щыщIидзар.
  • … Зи анэр лъхугъэм ихьу къэна шыщIэ цIыкIур «анэнэпIэсым» имыщтар, Лъостэнащ езым и пщэ дилъхьэжауэ бжьэфкIэ ипIырт. Бедрон цIэуэ фIищат. Зыхуей псори зыгъуэт шыщIэ цIыкIум зэуэ зричри, къунаным фIыуэ щхьэдэхат. Абы шыфI къызэрыхэкIынум шэч къытепхьэ хъунутэкъым: кIыхьт, пцIэгъуэплъ дахэт, бэшэчт, и жьэпкъ зэхуакум IэштIымыр щIэхуэрт (шыфI хъунум и нэщэнэщ). ЖыпIэнурамэ, уеплъыну хъуэпсэгъуэт.
  • — Бедрон слъагъуркъыми. Дапщэщми мы шыр зэ бгъэкIуэдынущ, Iуэм ибутIыпщыкI-ри уежьэжащ, сыкъэкIуэху си нэгу къыщIэхуэркъым, — махуэ гуэрым фермэм кIуа унафэщIым гуартэр зыIэщIэлъ Темботым зыхуигъэзащ, куэд щIауэ и нэIэ зытет шыр щимылъагъум. — Ар къэзылъхуам хуэдэш республикэм итакъым, илъэс куэдкIэ шыгъажэм бжьыпэр щиIыгъащ, ди пщIэр иIэту, бгъасэу шыгъажэм хуэбгъэхьэзырыну игъуэ хъуащ, кIэрыутIыпщ, щхьэзыфIэфI хъумэ, зыри пхуещIэжынкъым.
  • — Умыгузавэ, Къылышбий, сыкъигъанэу дэнэ кIуэн? — жиIэри, Лъостэнащ къыпыгуфIыкIащ. — Моуэ бгымкIэ зэ сыджэмэ, занщIэу къэсыжынущ.
  • Дыгъэм щхьэхынэу бгым зыкъуидзэжащ, и махуэ гъуэгуанэм иригъэзэшам хуэдэу. Къызбрун бгыри, Махуэгъэпс мэзри, къуажэри даущыншэ хъуащ, жейм зыхуащIа хуэдэ.
  • Лъостэнащ благъэу щыт Iуащхьэшхуэм дэкIуеящ и щхьэ хуэпсэлъэжу: «ЖаIэ-жамыIэми, мы Бедрон иригъэлей хъуащ. Хэт хъунщ хъун бэгъуам дихьэхауэ».
  • — Бедрон! Бедрон! — жиIэу ину гуоуащ щIалэр. АрщхьэкIэ абы къикIа щыIэкъым. «Имыхьэл къиублэщ мыбы» жиIэу Лъостэнащ, тIэкIуи гузавэ къищтауэ, пщыIэмкIэ къигъэзэжащ. Арыххэу и ужьымкIэ шы лъэмакъ щызэхех икIи Бедрон абы къылъэщIохьэж.
  • «Сыдихьэхри тIуэкIу сыгуващ, къысхуэгъэгъу», — жиIэ хуэдэ, Бедрон абы къыбгъэдыхьауэ нэкIубгъукIэ зыкъыщехъуэ…
  • — Нэсауэ алъпщ, щолэхъу жыхуаIэм хуэдэщ, еплъ мыбы и дахагъым, — жеIэ Къылышбий, Лъостэнащ къыбгъэдыхьэжа шым телъэщIыхьурэ. — Пщэдджыжь нэхъ фIумыгъэкIыу гъэсэн щIэдзэ, и чэзу хъуащ, сэри зыкърезгъэхьэлIэнщ.
  • Пэжщ, шы гуартэм къыхэпшауэ бгъасэмрэ, IэрыпIымрэ зэхуэдэкъым. Ауэ, сыт хуэдэу щымытми, шыр шыщ, IурыщIэ пщIыну гугъущ, щIэх дыдэ зитынукъым. Укъридзыхыу ныкъуэдыкъуэ уищIыныр зыуэ къыщыхъунукъым, сыт хуэдизкIэ «ухуэмыанами».
  • ТIэкIу ныкъуакъуэми, гугъущэ демыхьу Лъостэнащ уанэ трилъхьащ Бедрон (тримылъхьэу щигъаси щыIэт).
  • — Шэс, умыбэлэрыгъ, — йоущие Къылышбий абы, шы куэд зэригъэсам щыгъуазэми.
  • «Адрейхэм хуэдэ дыдэн хуейкъым мы IэрыпIыр, тэлайкIэ згъэIурыщIэнщ» жиIами, шэсын къудейм зэман хъарзынэ текIуэдащ, шхуэмылакIэри лъэрыгъри зэраIыгъыр сэбэп зэрыхъуа щыIэкъым. Зэман хъарзынэкIэ зэныкъуэкъуу шэса иужькIэ, шыр, делэ уз зыпкърытым хуэдэу, и щхьэр иутхыпщIу, шхуэIум езауэу, зигъэджэлэну зихъунщIащ, иужькIэ и занщIэр и гъуэгуу, шэ цIывауэ зричащ. Бедрон лъэкI къимыгъанэу мажэ, Лъостэнащ лIы хуэдэу уанэгум зыщиIыгъщ. «Уанэгупсыр къэмылалэмэ, сыпхуэгъэзащ, ухуеймэ зыгъэджэрэз, лъатэ, Бедрон», — жиIэу Лъостэнащ йолъэдэкъауэ зэкIэ зэщIэувыIыкIауэ «къафэ» шым.
  • ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ ихуаитIыр зоныкъуэкъу. Зыми дичыхын мурад имыIэ хуэдэщ. ПщыIэм бложри, Iуащхьэм до-   жей, зегъэджэрэз, зретIэ-зресэ, мэщыщ, мэпырхъ. Япэ махуэм шыр къыптекIуамэ, ар гъэсэгъуафIэ зэрымыхъужынур Лъостэнащ ещIэри, езыми зитыну и мурадкъым. Шыр ешу адкIэ пхуэмыкIуэжмэ, зэкIэ текIуэныгъэр къэпхьауэ аращ. ЕтIуанэ, ещанэ махуэхэм утекIуамэ, адкIэ гугъуехь щыIэжкъым.
  • — Мыр дауэ, зэман хъарзынэ дэкIащ, зыгуэр къэмыхъуауэ тхьэм къыщIигъэкI, — жиIа къудейуэ, шыр Iэдэжу къэзышэж Лъостэнащ къилъэгъуащ Къылышбий. Къэсыжахэм и гур къызэрыгъуэтыжауэ япежьэри, пщIэнтIэпсыр къызэхуэх, Iэдэжу къашэжа шым Iэ дилъащ, «Уэри зыуэ дыдей ухъуащ иджы», жыхуиIэу.
  • — Зы илъэси дэкIыркъым шы зыбгъупщI колхозым щхьэкIэ умыгъасэу. Ар лэжьыгъэ тыншкъым, фIыщIэ ин пхузощI, Лъостэнащ, — щотхъу абы колхоз унафэщIыр.
  • ЖЭМЫЩIЭ 250-м щIигъу зытет фер-мэм и унафэщI Лъостэнащ колхоз правленэм къыщIэкIыжри, щылажьэ губгъуэмкIэ игъэзащ. АпхуэдизкIэ щIыIэщи, хьэдзыгъуэ банэу къыпхоуэ, узытеувэ уэсыр мэтхьэусыхэ, нэкIур егъэундэращхъуэ, Iэхэм зредз.
  • ЩIалэм и тхьэкIумэм икIыркъым унафэщIым собранэм щыжиIа псалъэхэр: «Уэ, Лъостэнащ, уи пщэ идолъхьэ ди шы гуартэ 500-ри, дыпщогугъ хэщIыныгъэ имыIэу шыхэмрэ жэмыщIэхэмрэ гъэ щIэбгъэкIыну. Шы димыIэмэ, ди зы лэжьыгъи ипэкIэ тхуэгъэкIуэтэнукъым». Ар псори пэжт, пщэрылъышхуэт. Ахэр псори Лъостэнащ фIыуэ къыгурыIуэрт.
  • Шы щихым нэблагъэм шыщIэ зырыз къащIэбгъахъуэу, жэмыщIэхэм хэщIыныгъэ уимыIэу Къущхьэхъу укъехыжыныр Iуэху цIыкIутэкъым. Апхуэдэу бригадэхэмрэ фермэхэмрэ шы щырыщ-плIырыплI яхуэбгъэсэнри лэжьыгъэ тыншу сыбжыркъым. А щIалэ хахуэрат Iуэху мытыншыр зи пщэ дэхуэр. Бжыгъэншэщ абы щIыр блыпкъкIэ зэривар, зы дзажэкъым-тIукъым дыркъуэ зыгъуэтар. Сыт хуэдэ дыркъуэ къытрамыдзами, абы шыр фIыуэ илъагъурти, хуиIэ щытыкIэр нэхъри ефIакIуэ зэпытт.
  • — ПсынщIэ-псынщIэу зыхуапи, Махуэгъэпс дыгъакIуэ, щхьэ уасэ зыщIату къащэхуа адыгэш нэхъыфI дыдэр лъхуэфыркъым. Iэщ дохутыр сшами зыри хуещIэркъым, уэращ гугъапIэу къытхуэнар, — зэкIэлъигъэпIащIэу жэщ ныкъуэм Ислъэмей къуажэм къэкIуа Лъостэнащ ди куэбжэм къытеуIуащ.
  • СумкIэмрэ лъхугъэм теухуауэ сиIэ Iэмэпсымэхэмрэ къэсщтащ. Хьэзыру къыздиша шым псынщIэу сышэсри, абы и ужьым ситу мэзымкIэ дунэтIащ. Бжьыхьэщ. ЩIыIэщ, къотIэтIэхри ятIэр нэкIум къыдреупцIей. Пшагъуэ кIыфIым уздэкIуэр хэпщIыкIыркъым. Дынэсащ пщыIэм. Шым щIэуфэ хуищIауэ толъэщIыхьри бгъэдэсщ Лъостэнащ и гъусэр. Лъхугъэм гузэвэгъуэ зрита шыр къэтэджым тIысыжурэ Iуэ псор вагъэ защIэу къызэридзэкIащ. Ар тIэкIурэ щыму щылъщ, иужькIэ къотэджри, лъхуэн мурад иIэу ныкъуакъуэурэ къекIухь. Зредзыхыжри, къыхуэнэжа къару тIэкIумкIэ аргуэру зэщокъуэ лъхуэну.
  • — Мы дунейм теткъым мыбы зыгуэр зэрыпхуещIэн, сеплъати, ныкъуэдыкъуэщ мыбы кIуэцIылъыр, щхьэи лъакъуи имыIэу, икIэщIыпIэкIэ фIэгъэжауэ нэкулъ щащIым етын хуейщ, абы щхьэкIэ гугъу зумыгъэхь, — унафэ ещI къуажэм щыIэ лечебницэм къраша дохутырым. — Апхуэдэ куэд сыхуэзати, къикIа щыIэкъым.
  • — Сыт жыпIэ хьэдэгъуэдахэр, шыри шыщIэри къемылмэ дыкъэсыжащ, къытхуагъэгъунукъым, район унафэщIхэм я нэIэ тетщ мы шым, — жеIэ колхозым и унафэщI къэсам. — Сэри сощIэ мыр зэIэпыпхыну зэрымытыншыр…
  • — ШыщIэр къыпхуемыгъэлми, езы шым зыри къыщымыщIамэ арат, зыгуэр хэлъхьэ мы Iуэхум, Мухьэмэд, — жеIэ и гъусэ секретарми, къикIукI-никIукIыу.
  • Зызохуапэ, си Iэр согъэхьэзырри, шы тIысыжам сыкIуэцIоIэбэ, зэкIэ Iуэхур зытетыр къэсщIэну.
  • — Сыт мыбы кърилъэфэкI IэмэпсымэхэмкIэ ищIэфын и гугъэр, хъунукъым жысIа-  щи — хъунукъым, сеплъынщ уэ ар зэрыбгъалъхуэм, — ауаныщIу, щэхуу жеIэ зи гугъэр хэзыхыжу зызыхуэпэжауэ щыт си дохутырэгъум. Сэ, лэжьэн щIэзыдзагъащIэ дохутырым, слъэкI къэзгъэнэнукъым, си Iэмэпсымэхэр къызэрыздэIэпыкъунуми шэч къытесхьэркъым. КъызгуроIуэ, мы шыр згъэлъхуэфмэ, си кIэныр къызэрикIар, адэкIэ лъэбакъуэ счынур абы зэрелъытар, къуажэм фIыкIэ сазэрыхэIуэнур.
  • — Iэмал зимыIэ щыIэкъым, зыгуэр етщIэнщ, тхьэм жиIэмэ. Кесаревэ сеченэ жыхуиIэм хуэдэу сщIынурэ шыщIэр къыкIуэцIысхынущ, — жызоIэ, сигурэ си щхьэрэ зэтелъу, сызыIуувэну лэжьыгъэр зэрымытыншыр сщIэми.
  • СиIэбэмэ, лъхуалъэр зэрызэIуха щыIэтэкъым. Абы шыщIэр къихуэнкIэ Iэмал зимыIэт. Шым мастэ хызоIу, зэман докIри, Iуэху гугъум яужь сохьэж.
  • Шым и ныбэм зэкIуэцIыуплIэнщIауэ, зи щIыбыр къэгъэзауэ илъ шыщIэм сыхуэсакъыпэу IэмэпсымэмкIэ сеныкъуэкъуурэ зызогъэгъэзэж, щIэупщIа и щхьэмрэ и лъакъуэхэмрэ къыщIызохыж. Хуит хъужа лъакъуэхэр соубыдри, щIагъуэу гугъу сыдемыхьу шыщIэр къыкIуэцIызох.
  • — ШыщIэм дыпыкIащ, дауи. Арами, шыр къелащи хъарзынэщ, — жеIэ колхоз унафэщIым, мыбауэу щылъ шыщIэм еплъурэ. — ФымыпIащIэу иджыри шым фыкIэлъыплъ, зыгуэр ефхьэлIэ. Сэ пщэдей сыкъыфлъыгъуэзэнщ, — жеIэри, кIуэжыну IуегъэзыкIыж.
  • — УмыпIащIэт, Къылышбий, зы дакъикъэкIэ, — жызоIэ, щызгъалъхуэм си Iэпхъуамбэр шыщIэм жьэдэслъхьэу щIэфыну зэрыхуежьар сщIэжырти.
  • ШыщIэм псы щIыIэ тызокIэ, и щIыфэм фIыуэ сытоIуэтыхь, и жьэр зэтызохри сыжьэдопщэ. ШыщIэр къобауэ, и щхьэр еутхыпщIри къеIэт.
  • — Мыр сыт мы слъагъу телъыджэр? — жеIэ унафэщI къэзыгъэзэжам, игъэщIагъуэу. — Сымылъэгъуамэ си фIэщ хъунтэкъым мыр къэпсэужыну. ДыпыкIауэ фIэкIа сыгугъэжакъым.
  • Сэри згъэщIагъуэрт апхуэдизу гугъу ехьа шыщIэр къызэрелар.
  • ИкIэщIыпIэкIэ шым хущхъуэ хэслъхьащ. Дакъикъэ зытхух дэкIри, гугъу ехьа шыри къызэфIэувэжащ. Къеныкъуэкъуар щыщымыIэжым, абы и щытыкIэм зэуэ зихъуэ-жащ, шыщIэр зэщIибзеящ.
  • — Афэрым, афэрым! Мис аращ дохутыр жыхуаIэр, саугъэт къэблэжьащ, Мухьэмэд, уэ Лъостэнащ, уи бгъэм куэд дэмыкIыу орден зэрыхэплъхьэнум зыхуэгъэхьэзыр, — жеIэ Къылышбий, къэгуфIэжауэ. — Мы зым фIэкIа хэмылъми, ар уэ къэблэжьащ.
  • Нэрылъагъуу шым зиужьыжа пэтми, а жэщым Лъостэнащи сэри къуажэм дыкъэкIуэжакъым, шым дыбгъэдэсащ, ди нэбдзыпэ къемыхыу жэщыр дгъэкIуащ.
  • Илъэс щэ ныкъуэм щIигъуа мы Iуэхугъуэ закъуэр дэни кърихыжа жывмыIэ. Ар си гум къыщIинэжар лэжьыгъэм щыщIэздза дыдэм япэу сызыхуэза Iуэхугъуэ гугъути аращ. Хъарзынэуи къызэхъулIат зяужь сита лэжьыгъэ мытыншыр. Саугъэтыр-щэ! КъимыдэкIэ, Лъостэнащ а жэщырщ нэхъыфIу къыщысцIыхуар. ИужькIи мызэ-мытIэу си нэгу щIэкIащ ар  гулъытэ зыхэлъ, гу къабзэ зиIэ, гугъехьым щымышынэ цIыхуу зэрыщытыр.
  • Илъэс пщыкIутхум щIигъу иритат и гъащIэм щыщу Тембот Лъостэнащ шы гъэхъуным икIи зыбгъэдэт IэнатIэр районым къыщымынэу, республикэм цIэрыIуэ щыхъуат а зэманым. «ЩIыхь» орденыр къратат, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и Iэщыхъуэ» цIэ лъапIэри къыфIащат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутатуи хахат. Абы и лэжьэкIэр яджыну нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыурэ къакIуэрт. ЩIыхь иIэт, псоми фIыуэ къалъагъурт. ЗэрыжаIэщи, и лэжьыгъэм и хъер щилъагъунур дяпэкIэт.
  • …Колхозым гъэш комплексыр ухуэн щаухауэ фермэщIэ къызэрагъэпэщырт. Лебединскэ жэмыщIэ лъэпкъыфIу 680-рэ къащэхури, абы трагъэуват. Абыхэм махуэл дамыхыу лъхуэн щIадзэнут. ПсомкIи зэгурыIуа хуэдэт, ауэ иджыри куэд зэфIэгъэкIын хуейт. Фермэ иным и унафэщIу щытынур белджылытэкъым, абы щылэжьэну Iэщыхъуэхэр къыхахатэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ колхоз унафэщIым къыхилъхьа псалъэмакъыр правленэм и зэхуэсым кърихьэлIахэм даIыгъащ.
  • — Псори фызэрыщыгъуазэщи, лэжьакIуэ къэмылэнджэжщ, къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэщ Темботыр, — жиIащ унафэщIым. — Ар двгъэгъэув фермэм и унафэщIу. Абы щылэжьэну Iэщыхъуэхэри езым къыхихыжынщ.
  • Лъостэнащ колхоз зэхуэсым къыщIэкIыжащ куэдым егупсысу.
  • Пэжу, Iэщ комплексыр хуейт жылагъуэм ейр зи щхьэ Iуэхум япэ изыгъэщ, псалъэкIэ мыхъуу, езым и щапхъэкIэ ахэр лэжьыгъэм езышалIэ, ипэкIэ зышэ унафэщI. Арати, фермэщIэр къызэрагъэпэщащ, унафэщIри ягъэуващ, зэхуэсым и къалэныр игъэзэщIат…
  • ЗЫЩЫМЫГЪУАЗЭ IэнатIэтэкъым щIалэр зыпэрыувар, къыгурыIуэрт лэжьыгъэ мытыншыр дагъуэншэу гъэзэщIэн зэрыхуейр. Лъостэнащ и лэжьыгъэнум пэубли кIэухи иIэтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Лъостэнащ жэмышхэр, Iэхъуэхэр гъэувыным епIэщIэкIакъым. Гупсэхуу къыхихащ абы фермэм и лэжьакIуэхэр.
  • Колхозым и мащIэтэкъым жэмышыфI-хэр. Апхуэдэхэт Тыгъуэн Нану, Тембот Мишэ, Жолдащ Вадим, Къуршэ Мухьэж сымэ. Абыхэм жэм къэс хуэзэу шэ килограмм 3500 — 4000 къэзымыш яхэттэкъым. А лэжьакIуэ емызэшыжхэр колхозым къыдэхъуат. Темботым и деж лэжьэкIэщIэхэр, опыт пэрытыр щаджат. ЗэIусэм псэ халъхьэу лэжьащ а Iэщыхъуэхэр. Унафэ лей хуамыщIу, я къару емыблэжу, зыщIрамыгъэхыу абыхэм я къалэн мытыншыр ягъэзащIэрт. ЛэжьэкIэщIэм тет гупым я улахуэхэри япэм хуэмыдэжу дэуеят. Iэпщэ лэжьыгъэм къыхэкIа лэжьакIуэхэм дуней гуфIэгъуэр яIэт.
  • КIэ зимыIэ унафэщI къалэн куэдымрэ гулъытэмрэ хэтурэ зэманыр кIуэрт. Темботым и нэIэ куэдым тетын хуей хъурт: и зэманым жэмхэр къэшын, Iэщыр гъэшхэным теухуауэ щыIэ щIэныгъэхэр къэгъэсэбэпын, мэкъумылэр и зэманым фIагъ иIэу къешэлIэн, жэм гуп къэс къатым и фIагъыр къэлъытэн, дэтхэнэ зы лэжьакIуэми зэфIигъэкIыр къэлъытауэ хуэфащэ пщIэ хуэщIын, абы и ужькIэ мазэм балл псори зэхэлъхьэжауэ саугъэт етын. Абы къыдэкIуэу егупсысын хуейт лэжьакIуэхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэным, зэхьэзэхуэр тэмэму унэтIыным, Iэщыхъуэхэр егъэджэным.
  • ЩыIащ зэман, жэм къэс хуэзэу килограмм минитIыр къыпхуэмышыну къалъытэу щыщытар. Темботым и фермэращ а лъагапIэм япэ дыдэу нэсыфар, иужькIэ минитIрэ щитхурэ, минищрэ щитхурэ, миниплI къыщашар.
  • Илъэс куэдкIэ Лъостэнащ и фермэм и хьэрхуэрэгъуу щытащ районым япэ увыпIэр щIэх-щIэхыурэ щызыубыду къекIуэкIа, «Красная Кабарда» колхозым и ещанэ гъэш фермэр, Хьэмжу Шамхьун зи унафэщIыр. Абыхэм я зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ инхэр кърикIуэрт, фермэм и лэжьакIуэхэм илъэс къэс къэралым гъэшу иращэм хагъахъуэрт.
  • — Апхуэдэу занщIэу нэхъ пашэ дыдэр хьэрхуэрэгъу пщIын хуеякъым. УщIалэщ. Уи напэр текIынщ, — къыжезыIахэр щIегъуэжат, Лъостэнащ япэ увыпIэр районым щыщиубыдам.
  • Темботым езэш ищIэртэкъым, дэтхэнэ жэмышми махуэ къэс шэуэ къыщIишар тхауэ блыным къыкIэрилъхьэрт, бжьыпэр зыубыдым саугъэт иритырт, нып плъыжьыр хуиIэтырт. Езыращи, унагъуэ Iуэхум нэхърэ лэжьыгъэр япэ иригъэщырт. Абы зриусыгъуэджэртэкъым жэм къишыни, шкIэхэр шэ иригъэфэни, Iус къезышалIэхэм ядэIэпыкъуни… ЛэжьакIуэхэм унафэ щахуищIыр зэзэмызэххэт. «Сэрыншэу езыхэм я лэжьыгъэр ящIэж», — жиIэрт. КIэщIу жыпIэмэ, псоми хунэс цIыху зэрыщыIэр Лъостэнащ дежщ къыщысщIар.
  • Гупым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмкIэ абы и гур загъэртэкъым. Ар щIэбэнырт и фермэр республикэм шэ къэшынымкIэ щыпашэхэм я сатырым хыхьэным. Абы папщIэ и лэжьакIуэхэм зэхьэзэхуэм нэхъри лъэщу зрагъэубгъурт. Темботри езэшыртэкъым, псоми лэжьыгъэкIэ ядэгуашэрт. И ерыщагъми фIы къыдэкIуэри, жыхуиIари зригъэхъулIащ.
  • — УкъызыфIэмыщIыж закъуэ, — къыжра-Iэрт куэдым гушыIэу. — Апхуэдэурэ укIуэмэ, республикэ дэнэ къэна, дунейпсо рекорд бгъэувынщ.
  • — Фэри апхуэдэу куэдрэ фызэхэмыс. Гъуэгур щыфIыр, абы куэд ирикIуэфмэщ… — жиIэрт Лъостэнащи. 
  • ТЕМБОТЫМ куэдрэ сыкIэлъыплъа иужькIэ, зэгуэрым сеупщIауэ щытащ: «Уэ зэи зыгъэпсэхупIэ уимыIэу уолажьэ, гугъукъэ апхуэдэу упсэуну»?
  • — Махуэр IуэхукIэ щыбгъэнщIыфым дежщ гъащIэр щыдахэр, зэманыр зэрыкIуэр щызыхыумыщIэр. Сэ сылэжьэхукIэ сыпсэууэ аращ, — жэуап къызитауэ щытащ абы пыгуфIыкIыу. — Си гур мэпIейтей щIалэгъуалэм сащыхуэзэм деж. Ди лэжьыгъэ мытыншым, ауэ щIыхьышхуэ зиIэм теухуауэ чэнджэщхэр язот, лIыхъужьыгъэ зепхьэн щхьэкIэ щIым и кIэм нэс умыкIуэу ар зэрыпхузэфIэкIынур яжызоIэ.
  • Колхозым щекIуэкI зэIущIэ зэхуэмыдэхэм кIуэн и жагъуэт абы, «Лэжьыгъэр къонэ» жиIэрти.
  • Мыри жысIэнут. Лъостэнащ и къуэ СэфрэIил абы и лъагъуэм ирикIуэжащ. ИгъащIэм жаIэ: «И лъым хэлъу къалъхуащ». Лъостэнащ и къуэ СэфрэIили Iэщыр фIыуэ лъагъуныр и лъым хэлъу къалъхуам пцIы хэлъкъым. Иджыпсту абы иIэщ шыи, IэщIэвыщIи икIи хъерыншэкъым.
  • — Темботым хуэдэхэр илъэсищэм зэ къалъхуу аращ. Апхуэдэхэр лэжьыгъэм къыхуалъхуащ, — жеIэ колхоз унафэщIу лэжьа Шэт Шидэ. — Къуажэдэс псори абы хуэарэзыт, фIыщIэ хуащIырт, ноби и цIэр ящыгъупщэжакъым.
  •  ГуащIэдэкIым и бжьыпэ дыдэм нэс дэлъ гъуэгуанэр зэпыпчыну тыншкъым. Ар къызэхъулIэхэр зырызыххэщ. Темботыр абы и щыгум дэкIыфахэм ящыщщ. Ари зы вагъуэм хабжащи, езыр дунейм ехыжами, и нэхур мыужьыхыжауэ иджыри маблэ.
  • КЪАРДЭН  Мухьэмэд.
  • Ислъэмей  къуажэ