Бзыбэ-Бзыпэ
2020-06-10
- КъухьэпIэ Кавказым и псыежэх нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абхъаз Республикэм и щIыналъэм щожэх. Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Аданге щхьэдэхыпIэм (метр 2300-рэ и лъагагъщ) хы ФIыцIэмкIэ гъэза и джабэ задэхэм къапыткIу псы къуэпсхэмкIэ а щIыпIэм зыкъыщызэщIекъуэри, Пицундэ хытIыгуныкъуэм деж, хуэищхъэрэу, псышхуэм щыхолъэдэж.
- Лъахэхутэхэм къызэралъытэмкIэ, километри 110-рэ зи кIыхьагъ псы ежэхым фIащар IыхьитIу зэхэухуэнащ. «Бзы» пычыгъуэр убыххэм я бзэм зэрыхэтыр «псы» мыхьэнэ иIэущ. Абы къыкIэлъыкIуэ «пэ» Iыхьэри, зэрынэрылъагъущи, зэхэгъэкIыгъуейкъым — ар адыгэбзэм хэт «пэ» псалъэрщ, мыбдежым къыщрагъэкIри «псым и хэхуэжыпIэ» жыхуиIэрщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гугъу тщIы фIэщыгъэр япэщIыкIэ зытеIукIагъэнур псышхуэм хым и хэлъэдэжыпIэрщ.
- ФIэщыгъэр «бзы»-рэ «бэ»-уэ зэхэухуэнауэ жызыIэхэри щыIэщ, псы ежэхыр и кIыхьагъкIэ уэру икIи псыбэу зэрыщытым къыхэкIыу.
- Бзыбэ зыдэт кIейр (къуэладжэр) и кIыхьагъкIэ дахэкIейми, абы и нэхъыбапIэр апхуэдизу зэвщ, шынагъуэщи, цIыху кIуапIэу зэрыщымытыр нэрылъагъущ. И псыхъуащхьэхэм дэс къуажэ цIыкIу зытIущым унэсын папщIэ, тIуащIэм и нэхъ бгъузапIэхэм жыжьэу къапэпкIухьын хуей мэхъу.
- Хы Iуфэм къыщегъэжьауэ псышхуэм Iуту бгыщхьэхэмкIэ дэкI автомобиль гъуэгум, Юпшарэ псыр Бзыбэ щыхэлъэдэжым деж лъэныкъуэкIэ зрегъэзэкI-ри, совет лъэхъэнэ лъандэрэ туристхэм хуабжьу къагъэунэхуа Рицэ хыжьейм, адэкIэ нэхъ лъагэжу щыIэ Ауадхарэ псы итыпIэхэм уахуешэ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.