Республикэм щыщыIэ щытыкIэр зыхуэдэр къапщытэ
2020-06-09
- КъБР-м и Парламентым и Президиумым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ зэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
- ЗэIущIэм хыхьэ «Правительствэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэр зригъэува щытыкIэ гугъум, медицинэ IуэхущIапIэхэр я лэжьыгъэм зэрыпэлъэщым, сымаджэхэм я узыр щхьэщызых дохутырхэмрэ абыхэм ядэлажьэхэмрэ я улахуэм дыщIагъуну ахъшэр зэрыратым.
- Егоровэ Татьянэ медицинэ лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ:
- — Сымаджэхэм ядэлажьэ псоми езыхэм я узыншагъэмрэ гъащIэмрэ щымысхьу цIыхухэм зэрадэIэпыкъум папщIэ фIы-щIэ ин яхузощI. Ахэращ нобэ псом нэхъ-рэ нэхъапэу коронавирусым пэщIэтыр.
- Къызэхуэсахэм щытыкIэр яхузэпкърихыу къэпсэлъащ ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымрэ цIыхум зэIузэпэщ псэукIэ къыхузэгъэпэщынымрэ я IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республи-кэм щыIэм и унафэщI Пагуэ Жырас- лъэн. Абы жиIащ коронавирус узым нэхъри зимыубгъун папщIэ Iуэхугъуэ хэха-хэр зэрырагъэкIуэкIыр, хамэ къэралхэм къикIыжахэм махуэ 14-кIэ медицинэм и лэжьакIуэхэр зэрыкIэлъагъэплъыр.
- ИджыпстукIэ республикэм эпидемиологие щытыкIэр щызэпIэзэрытщ, зыщIыпIи цIыхухэр хуабжьу щызэрыцIалэркъым.
- Узыншагъэр хъумэнымкIэ министр Къалэбатэ Рустам къызэхуэсахэм яжриIащ сымаджэ хъуахэм я узыр къызэрапщытэ, зэрагъэхъуж щIыкIэхэмрэ ирахьэлIэ хущхъуэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар, гъуэлъыпIэхэмрэ дохутырхэм я щыгъынхэмкIэ я Iуэху зыIутыр.
- НобэкIэ коронавирусыр къызыпкърыхьахэр сымаджэщи 5-м щагъэхъуж, абыхэм гъуэлъыпIэ 991-рэ щIэтщ, абыхэм ящыщу 574-м кислород йокIуалIэ. КъищынэмыщIауэ, иджыри гъуэлъыпIэ 200 щыIэщ, нэхъыфI хъужахэм щакIэлъыплъу.
- Апхуэдэу республикэм щолажьэ Ковид-19 узыр зыпкърыт бзылъхугъэ уэндэгъухэмрэ ОРВИ-р къызэуэлIахэмрэ папщIэ акушер отделенэхэр. ЦIыху 50 зыщIэхуэ обсерваторым и бжэхэр зэIухащ. Сымаджэ хъухэм папщIэ къызэгъэпэ-щын хуейуэ УФ-м УзыншагъэмкIэ и министерствэм къигъэув мардэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым проценти 114-кIэ гъэзэщIа щохъу.
- Дохутырхэм я улахуэм дыщIагъу ахъшэм Къалэбатэр щытепсэлъыхьым, къыхигъэщащ абыхэм хуаутIыпща ахъшэр мэкъуауэгъуэм и 3-м ирихьэлIэу сом мин 267961,8-рэ зэрыхъуар, ар федеральнэ, республикэ мылъкум къызэрыхэкIар. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ медицинэ IуэхущIапIэхэр къызэрыгуэкI сымаджэхэр щIагъэгъуалъхьэу хъужыным зэрыхуэхьэзырми.
- Егоровэ Татьянэ щIэупщIащ дызэрыт щытыкIэм ипкъ иткIэ, хабзэм теухуауэ лъэпощхьэпо щыIэрэ щымыIэрэ. Абы и жэуапу Къалэбатэм жиIащ апхуэдэ гугъуехь зэрыримыхьэлIар.
- — Иджыпсту нэхъыбэу сымаджэ хъухэр дохутырхэм къагъэува жыпхъэхэм темытхэр, егугъуу зыхуэмысакъыжхэр аращ. Абы къыхэкIыу, депутатхэри, адрей къулыкъущIэхэри цIыхухэм епсэлъэн хуейщ нэхъ зэгугъужу, зыкIэлъыплъыжу щытыным теухуауэ, — жиIащ Егоровэм.
- ЗэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ федеральнэ законхэм я проект зыбжанэм, УФ-м и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм къикI хабзэубзыху жэрдэмхэм. КъищынэмыщIауэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыт IэщIагъэлI зыбжанэ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъкIэ ягъэпэжэну къызэдащтащ.
- Къэбарт Мирэ.