Нобэ
2020-06-09
- Зэныбжьэгъухэм я дунейпсо махуэщ
- Архивхэм я дунейпсо махуэщ
- Аккредитацэм и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и Промышленность псынщIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- Бельгием щагъэлъапIэ адэм и махуэр
- Иорданием щагъэлъапIэ Абдаллэ II Хьэшимит къэралыгъуэм и пащтыхь щыхъуа махуэр. Пащтыхьыгъуэм и тет Хъусен I ибн-ТIалал 1999 гъэм къэрал унафэр IэщIилъхьащ зи ныбжьыр илъэс 37-рэ фIэкIа мыхъуа и къуэ нэхъыжь Абдаллэ.
- 1719 гъэм Пётр Езанэм урысей губерниехэр щIыналъэ щхьэхуэ-щхьэхуэу зэпыудыным теухуа унафэ къыдигъэкIащ.
- 1737 гъэм Москва мафIэсышхуэ къыщыхъуащ. Ар а къалэм къыщыхъуа лыгъей нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы зэщIищтат къалэкур, уеблэмэ Кремль Уардэунэри исат.
- 1883 гъэм Москва тхыдэ музей къыщызэIуахащ.
- 1904 гъэм и япэ концертыр итащ Лондон къалэм и симфоние оркестрым. Иджы ар дунейм и оркестр нэхъ лъэщхэм ящыщ зыщ. Абы дэлэжьащ ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ дирижёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрий.
- 1935 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум япэ дыдэу гупышхуэ дэкIащ.
- 1935 гъэм СССР-м къыщыдэкIащ хамэ къэралым кIуэса цIыхум и судыр укIкIэ щIэным теу-хуа законыр.
- 1945 гъэм СССР-м щагъэуващ «Берлин къызэращтам папщIэ», «Будапешт къызэращтам папщIэ», «Венэ къызэращтам папщIэ», «Кёнигсберг къызэращтам папщIэ», «Белград хуит къызэращIыжам папщIэ», «Варшавэ хуит къызэращIыжам папщIэ», «Прагэ хуит къызэращIыжам папщIэ» медалхэр.
- 1995 гъэм Урысейм и Президент Ельцин Борисрэ Украинэм и президент Кучмэ Леонидрэ Со-чэ Iэ щытрадзащ тенджыз ФIыцIэ флотыр зэрагуэшым теухуа зэгурыIуэныгъэм.
- Урысейм и пщышхуэ (1676 — 1682 гъэхэм тетащ), Пётр Езанэм и къуэш нэхъыжь Фёдор III Алексей и къуэр къызэралъхурэ илъэс 359-рэ ирокъу.
- Япэ урыс император, къэралым зэхъуэкIыныгъэ куэд щезыгъэкIуэкIа Пётр Езанэр къызэралъхурэ илъэс 348-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Чым Агнессэ къыщалъхуа махуэщ.
- Урысей журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутату щыта Щекочихин Юрий къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу.
- Америкэм щыщ актёр цIэрыIуэ, режиссёр, сценарийхэр зытх Депп Джонни и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу.
- Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и член-корреспондент Блахъуэ Хьэзрэт и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 — 30, жэщым градус 17 — 19 щыхъунущ.