2020-05-28
- ПщIэ зыхуащI Исхьэкъ Шумахуэ и къуэ!
- Си гуапэу сынохъуэхъу уи гъащIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и лъэхъэнэмкIэ — укъызэралъхурэ илъэс бгъущI зэрырикъумкIэ. Уэ уи гъащIэр и щапхъэщ къызыхэкIа лъэпкъым, ди Хэкум зэрыхуэпэжымрэ усыгъэм псэемыблэжу зэрыхуэлажьэмрэ. Уи творческэ IуэхущIафэхэр сыт щыгъуи хуэунэтIауэ щытщ зы мурадым — цIыхур фIыуэ лъагъуным, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ ехьэлIа гупысэхэр пхыгъэкIыным. Философие купщIэ куурэ тхыдэм и пэжыр къэлъыхъуэнымкIэ гъэнщIа уи тхыгъэхэр хыхьащ лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым и литературэм и фIыпIэм, уи цIэр хуэфащэу нобэ яхэтщ Урысейм и усакIуэ, тхакIуэ телъыджэхэм.
- Уи юбилей лъапIэм уэ урохьэлIэ уи къару илъыгъуэу, адыгэ литературэм и классикыу дунейм укъыщалъытауэ, укъызыхэкIа лъэпкъым урикъуэ пэжу, ди Хэкум урипатриот нэсу.
- Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ уи IуэхущIафэхэр хуэфэщэну къэрал дамыгъэ лъапIэхэмрэ щIыхьыцIэхэмкIэ къалъытащ. Абы щыгъуэми, дауи, уи дежкIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр — узыщыщ адыгэ лъэпкъым, ди къэралым къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI щIыпIэхэми уи зэфIэкIым щыдихьэх куэдым я лъагъуныгъэрщ.
- Мы махуэм си гум къыбгъэдэкIыу сынохъуэхъуну сыхуейщ, пщIэ зыхуащI Исхьэкъ Шумахуэ и къуэ, узыншагъэ быдэ, мыухыж творческэ къару, ехъулIэныгъэ, зэIузэпэщыныгъэ уиIэну.
- ПщIэ къыпхуэзыщI,
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ
- КIуэкIуэ Казбек.