УримыинынкIэ Iэмал иIэкъым
2020-05-28
- Нобэ и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъур егъэлъапІэ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цІыхубэ тхакІуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛІыхъужь МэшбащІэ Исхьэкъ.
- Урысейм и лъэпкъыбэ литературэм зи гуащІэрэ зи зэфІэкІкІэ хэува тхакІуэшхуэхэм я цІэм бгъурытущ МэшбащІэ Исхьэкъ и цІэр къызэрыраІуэри, абы фІэкІа хэмытами, лъэпкъым и щхьэр лъагэу щІиІэтын щхьэусыгъуэ ар ирокъу. Литературэ лъагъуэм теувэу абы и зэфІэувэным, и зыужыным и къару хилъхьащ МэшбащІэм. Лъэпкъ щэнхабзэм фІэкІыпІэ имыІэу зэфІихын хуейуэ къыпэщылъ Іуэхугъуэ куэдым зрипщытри, абы и хьэлъэр щІэблэм зыкъомкІэ псынщІэ ящищІащ.
- УримыинынкІэ Іэмал иІэкъым тхакІуэ телъыджэм, зэдзэкІакІуэм, публицистым, жылагъуэ лэжьакІуэ цІэрыІуэм зэфІигъэкІа Іуэхугъуэбэм. Зэрыщыту ди лъэпкъым игъащІэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкІуэ адыгагъэм, Хабзэм и гъэлъэпІэным, абы и фІыгъуэм къытщІэхъуэ щІэблэр щІэпІыкІа зэрыхъуным хуэунэтІащ. И тхыгъэхэм гурыщІэ нэхъыщхьэу хэлъыр щалъхуа лъахэмрэ зыщыщ лъэпкъымрэ яхуиІэ фІылъагъуныгъэрщ. Адыгэр лъагэу зыІэт МэшбащІэр лъэпкъ зэхущытыкІэхэми хуосакъ. «Бзиикъуэ зауэ», «Щхьэл мывэ», «ЦІыхур тІэу къалъхуркъым», «Адыгэхэр» зыфІища романхэри, и Іэдакъэ къыщІэкІа нэгъуэщІ тхыгъэ куэдхэри цІыхур лъытэным, и пщІэр ину Іэтыным теухуащ, лІыхъужьыгъэкІэ гъэнщІа лъэпкъ тхыдэм и пэжыр зэрыщытым хуэдэу къэІуэтэжыным хуэщІащ. Адыгэ литературэм дыщэ фонд иІэмэ, шэч хэлъкъым, МэшбащІэ Исхьэкъ и ІэдакъэщІэкІхэр абы зэрыхыхьэр.
- Исхьэкъ адыгэбзэм къригъэзэгъащ урыс литературэм и классикхэм я тхыгъэ куэд. Абы и анэдэлъхубзэкІэ къигъэпсэлъащ Пушкин, Лермонтов, Некрасов, Есенин, Блок, нэгъуэщІхэри. ЗэдзэкІа зэрыхъуа бзэр апхуэдизкІэ шэрыуэщ икІи шэщІащи, еджэм зэІэпахыу, яфІэгъэщІэгъуэну апхуэдэщ.
- Илъэс куэд щІауэ МэшбащІэр жылагъуэ лэжьыгъэми и акъылрэ и гулъытэкІэ ущиякІуэ хъууэ лъэпкъ Іуэхум емызэшыжу хэтщ. Исхьэкъ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхэублакІуэхэм яхэтащ, ноби абы и Нэхъыжь гупым я пашэу жыджэру хэтщ. ПхуэмыІуэтэн хуэдизу инщ Исхьэкъ адыгэ зэщІэхъееныгъэм Іуэхутхьэбзэ хуищІар. Апхуэдэ дыдэу инщ адыгэ литературэм хуищІ хэлъхьэныгъэр, лъэпкъ зэхущытыкІэр ефІэкІуэн папщІэ дищІэ лэжьыгъэр.
- СэркІэ МэшбащІэ Исхьэкъ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ тхакІуэ къудейкъым. Ар икІи си чэнджэщэгъущ, си ущиякІуэщ. Хуримыкъу зэманым зыкъыдигъахуэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм хэпсэлъэну зэрызыхущІигъэхьэм сэркІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. И щхьэкІэ кърихьэлІэу ДАХ-м и зэхуэсхэм къыщыкІуэри хъугъэ-щІагъэшхуэ ирокъу, апхуэдизкІэ а зэІущІэхэр нэхъ гъэщІэгъуэн, нэхъ купщІафІэ, нэхъ щІэщыгъуэ ещІри.
- Зигури зи псэри пщэдейрей махуэхэм хуэунэтІа Исхьэкъ и псалъи, и ІущІэгъуи, и ущии кІуэдыж имыІэу си гум илъынущ. Сыщогугъ ди ныбжьэгъугъэм, ди зэпыщІэныгъэм зэпыу имыІэу иджыри куэдрэ екІуэкІыну.
- Мыбдеж къыщезэгъыу къызолъытэ, МэшбащІэм теухуауэ усакІуэ Домбровский Виктор и сатырхэр къыщысхьмэ:
- Исхьэкъ здэщыІэм дунейр щыхуабэщ,
- Исхьэкъ здэщыІэм нэхур щыбэщ,
- Адыгэ Хэкуми армырауэ пІэрэ
- Дыгъэр къыщемыпс махуэ
- щІыщымыІэр…
- Сыхуейт, «Адыгэ псалъэ» газетыр къэзгъэсэбэпу, пщІэшхуэ зыхуэсщІ МэшбащІэ Исхьэкъ нобэрей и махуэмкІэ сехъуэхъуну.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм лъытэныгъэшхуэ къыпхуиІэщ, Исхьэкъ, узэрыщІыгъум, узэрыкъуэтым, узэриныбжьэгъум папщІэ. УэркІэ догушхуэ, доин, долъагэ. Уи гъащІэ гъуэгур зэрыщыту щапхъэщ, уи ІуэхущІэкІэр щысэтехыпІэщ, лъэпкъымрэ хэкумрэ узэрыхущыт щІыкІэр гъэсэпэтхыдэщ.
- Гурэ псэкІэ сынохъуэхъу уи ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъумкІэ. Узыншагъэ уиІэу, гукъыдэж ущымыщІэу, ущІэгуфІэнрэ ущІэгушхуэнрэ уи гъащІэм куэду хэлъу, уи гъащІэр зэпта тхэн Іуэхуми иджыри бэр щыбгъэшыну, нэхъыщхьэращи, уи тхылъ щІэджыкІакІуэхэр къыпкъуэту упсэуну сынохъуэхъу.
- СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.