ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дэрбзэр   бзылъхугъэм и  гуращэхэр

2020-04-14

  • Мастэрэ Iуданэрэ игъэIэкIуэлъакIуэф зэрыхъуу, дэн щIидзащ Батыр Зерэ. ЩэкI бзыхьэхуэ къыIэрыхьамэ, зэрыджэгу и гуащэхэм фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуидынут. Апхуэдэ зыхузэфIэкIым и ныбжьыр илъэси 4 хъуурэ арат. Езы бзылъхугъэм нобэ и нэгу къыхущIэгъэхьэжыркъым зыгуэр имыду зы махуи дэкIауэ.

  • Зерэ и адэм и гъусэу

  • — Си анэр зэпымыууэ тегузэвыхьырт, мастэр зыщIыпIэ деж къыщызгъанэмэ, абы насыпыншагъэ гуэр къихьыным. Арагъэнт къызыхэкIар а «IэщIагъэр» сыцIыкIу щIыкIэ зэрызыхэзны-ным ар иужь итыныр, — жеIэ Зерэ. — АрщхьэкIэ диплом плъыжьитI къэсхьу илъэси 8-кIэ а Iуэхум срилэжьэжа нэужь, мамэ зыкъиумысыжащ: «Сыту фIыуэ абы щыгъуэм дэныр пIэпызмыудыфарэт!» — жиIэри. Пэжыр жыпIэмэ, сэ зэи къызгурыIуэркъым я лэжьыгъэр фIыуэ ямылъагъуми, абы махуэ къэс кIуэхэр. Сэ сыт щыгъуи сщIэрт дэрбзэр сызэрыхъунур икIи си мурадыр хуэмурэ зэзгъэхъулIащ. Лэжьэн щIэздза нэужьи, си гукъыдэжым абы нэхъри хигъэхъуа мыхъумэ, къыхэсха IэщIагъэм зэи сыхущIегъуэжакъым.
  • Узыпэрыт IэнатIэр гурэ псэкIэ къыхэпхамэ, абы       нэхъ уохъулIэ, тыншу уролажьэ. Зерэ щIэныгъэ зэриIэм шэч къытепхьэнукъым, сыт хуэдэ IэмалыщIэри псынщIэу епхъуатэри. Абы къиухащ Налшык дэта, Иджырей модэмкIэ лицейр (иджы Промышленность псынщIэмкIэ колледжыр). Ар къызэриухрэ илъэс 15 хъуауэ и IэщIагъэм иролажьэ.
  • ЕджапIэр къыщиухам лъэпкъ фащэхэр иду ар илъэсиплIкIэ щылэжьащ ХьэцIыкIу Мадинэ и IуэхущIапIэм. ИужькIэ Налшык къыщызэIуаха тырку фабрикэ иным («Борэн-текстиль» зыфIащам) ирагъэблэгъащ, къыщIагъэкIым и фIагъыр къипщытэу щылэжьэну. Зерэ и Iэзагъэм щIэх дыдэу гу лъитэри, IуэхущIапIэм и унафэщIым бзылъхугъэр конструктор-дизайнер ищIащ, Москва къалэм ирагъашэ хьэпшып лIэужьыгъуэщIэхэмкIэ жэуап ихьу.
  • Иужьым Батырым езым и лъэжьапIэ IэнатIэ къызэIуихыжащ. Зыгъэпсэхугъуэ махуэ имыIэу дэн щIидзащ. Пщэдджыжьым къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху цIыхухэм яхуэдэрт, абы и ужьыжкIэ езым и Iэдакъэ-щIэкIхэм елэжьырт: лъэпкъ фащэхэмрэ ныпхэмрэ, фэилъхьэгъуэ дахэхэр, саугъэт хьэпшыпхэр, нэгъуэщI куэди Iэзэу идырт.
  • Апхуэдэу илъэсиплIкIэ и щхьэм хуэлэжьа нэужь, Зе-рэ зэрызиужьын хуейм егупсысри, а Iуэхум и ужь ихьащ. Москва къалэм кIуа нэужь, ар ирагъэблэгъащ «Белое золото» фIэщыгъэм щIэту лажьэ цехым. Абы илъэс ныкъуэкIэ щылэжьащ, итIанэ дизайнер ныбжьыщIэхэм модэмкIэ я унэм кIуащ.
  • — Абы сыщыIэу, Сергеенкэ Ульянэ и дизайнер IуэхущIапIэм къращIыкIащ, лэжьакIуэ срагъэблагъэу. Сэ сыщыгъуазэт Сергеенкэм и лэжьэкIэм, къапщтэмэ, ар дуней псом къыщацIыху урысей дизайнерщ. Абы къыхэкIыу си гуапи хъуауэ, ауэ икIи абы сыдэлэжьэну схузэфIэкIынрэ схузэфIэмыкIынрэ сымыщIэу сыкIуат, си дэфтэрхэр схьыри. Иджы IуэхущIапIэм цIыхуи 150-рэ дыщызэдолажьэ. Дэтхэнэ дэрбзэрри дыщэкIыр и IэдакъэщIэкIым зэрелэжьым хуэдэу набдзэгубдзаплъэу и Iуэхум йоувалIэ. Мыбдеж икъукIэ къысщхьэпэн куэд къыщысщIащ, Iуэху бгъэдыхьэкIэм нэхъыбэж хэсщIыкI хъууэрэ макIуэ, — къыддогуашэ дэрбзэр бзылъхугъэр.
  • Зерэ зэлэжь фэилъхьэгъуэхэр къызэрыгуэкIкъым. Ар щылажьэ IуэхущIапIэр яхуодэ ди къэралым къищынэмыщIа, дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхухэмрэ пащтыхьыпхъухэмрэ. Абыхэм къыщIагъэкI фэилъхьэгъуэхэр илъэсым тIэу щагъэлъагъуэ Париж щекIуэкI, Модэ Иным и тхьэмахуэм.
  • Сыт хуэдэ дизайнерри хущIокъу дунейм щIэуэ къытехьэр и IэщIагъэм хипщэну, абы щыгъуэми езым и хъэтIыр къыхэщу ищIыным. Зери и Iэдакъэ къыщIигъэкIхэм сыт щыгъуи щIэщыгъуэ гуэр яхелъхьэ, мурадхэри и куэдщи, зыгуэр IэщIэмыхун щхьэкIэ, «дунейм къытригъэхьэну» зыхуей фэилъхьэгъуэхэр иритхэу зы блок-    нот зэпымыууэ иIыгъщ. «Дэрэжэгъуэ къысхэзылъхьэхэр» аращ абы и япэ напэкIуэцIым тетыр.
  • Батыр Зерэ и IэдакъэщIэкIхэм щыщ щигъэлъэгъуауэ щытащ республикэм и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм 2015 гъэм Налшык къалэм къыщызэрагъэпэща выставкэм. Дэрбзэр бзылъхугъэм и мурадщ къыщалъхуа щIыналъэм къигъэзэжмэ, и IуэхущIапIэр къызэIуихыжыну, и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къызэригъэпэщыну.
  • «Сыхуейт дизайнер ныбжьыщIэхэм ятещIыхьауэ гупжьей е зэгухьэныгъэ щхьэхуэ ди республикэм къыщызэIусхыну. Апхуэдэ зэфIэкI зиIэ хъыджэбз цIыкIухэр куэду дызэриIэм гу щылъызотэ Интернетым къралъхьэ я IэдакъэщIэкIхэмкIэ. КъызэхъулIэмэ, си зэфIэкIкIэ абыхэм садэгуэшэну сыхуейт, сыщIохъуэпс мы IэщIагъэм ирилажьэхэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дэнэ щIыпIи къыщрагъэцIыхуну», — дыщIегъу Батырым.
  • БАГЪЭТЫР  Луизэ.