Щолажьэ Армавир къалэм Адыгэ Хасэ
2020-02-08
- Краснодар крайм хыхьэ Армавир къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ а щIыпIэм щылажьэ Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 15 зэрырикъур. ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэу КъэрэшейШэрджэс, КъэбэрдейБалъкъэр, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь крайм, Успенскэ щIыналъэм икIахэр.
- Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Армавир дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шанэ Рэмэзан. Ар зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ Хасэм и къежьэкIам, ар зэрызэфIэувам. Апхуэдэуи зэман блэкIахэм абы хэтахэм, хэлэжьыхьахэм я гугъуи ищIащ.
- Армавир къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Руденкэ Александр тепсэлъыхьащ къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным ехьэлIауэ хасэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIым, абы и лъэныкъуэкIи Шанэ Рэмэзан фIыщIэшхуэ зэрыбгъэдэлъыр къыхигъэщащ.
- Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, щэнхабзэр, тхыдэр куууэ джынымкIэ, гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу сабийхэр къэгъэтэджынымкIэ Армавир къалэм щылажьэ Адыгэ Хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэм я мыхьэнэр къыпхуэмылъытэну инщ. Япэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэхэм щыгъуэ адыгэ лъэпкъым и къуэ пэжхэр Хэкур хъумэным зэрыщIэзэуар, ди лъэпкъэгъухэм я гъусэу абыхэм ящыщ куэдым я псэр ди щхьэхуитыныгъэм зэрыщIатар дэ тщыгъупщэну дыхуиткъым. Абы папщIэ адыгэ лъэпкъым фIыщIэ фхуэтщIыну къыттохуэ, жиIащ Армавир къалэ Думэм и тхьэмадэ Поляков Александр.
- Лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ къалэм и консультант нэхъыщхьэ Грещанов Александр къызэхуэсахэм захуигъэзащ:
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ, си гуапэу фи гуфIэгъуэр вдызоIыгъ. Адыгэхэм фи хьэлщэн дахэмкIэ, фи лъэпкъ фащэмкIэ, нэгъуэщI фIы куэдкIи дыщызэдэпсэу щIыналъэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм факъыхощ. Илъэс 15 дэкIам Хасэм куэд хузэфIэкIащ. Дыфщогугъ фи ехъулIэныгъэфIхэм хэмыщIу дяпэкIи фылэжьэну.
- Мы зэIущIэ дахэм кърихьэлIа псоми сывигъусэу си гуапэу вдызогъэлъапIэ фи махуэр. Зэман мащIэм къриубыдэу Адыгэ Хасэм куэд хузэфIэкIащ. НэхъыбэжкIи дыщогугъ. Тхьэм къывигъэхъулIэ фи хъуэпсапIэ псори, пэшым щIэсхэм захуигъэзащ Краснодар крайм и Успенскэ щIыналъэм и Iэтащхьэ Бахилин Геннадий.
- Адыгэ Республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Аскэр жиIащ къалэ Адыгэ Хасэм и Iуэхухэр дяпэкIи ефIакIуэрэ и зэфIэкIхэми хигъахъуэу екIуэкIыну зэригуапэр. Щхьэлахъуэр къеджащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэми.
- КъэрэшейШэрджэсым и «Адыгэ Хасэ Шэрджэс Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий псалъэ ирата иужь, къыхигъэщащ адыгэхэм Хасэ яIэу, абы лъэпкъым ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къыщаIэту къызэрекIуэкIыр.
- Илъэс 15р зэманышхуэкъым, ауэ лъэпкъ Iуэху зепхуэну ар икIи мащIэкъым. Сынывохъуэхъу зэгурыIуэныгъэ фи зэхуаку дэлъу, фи ехъулIэныгъэфIхэми къыхэвгъахъуэу, адэкIи фылэжьэну, жиIащ абы.
- Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Бэгъущэ Алий Армавир Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэза нэужь, зэрызэдэлажьэм, адыгэбзэр щIэблэм нэхъ куууэ егъэджыным хуэунэтIауэ жылагъуэ зэгухьэныгъитIым ящIапхъэхэм, абы теухуауэ ягъэхьэзыра проектым я гугъу ищIащ.
- ДАХм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфанрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ ДАХм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэмкIэ Армавир Адыгэ Хасэм хэтхэр ягъэпэжащ. Бырсекъуэ Орфан Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу къыщыпсалъэм жиIащ Армавир Адыгэ Хасэр жыджэру ДАХм зэрыдэлажьэр, я зэпыщIэныгъэхэр зэрыбыдэр.
- Армавир деж щыс адыгэхэр мащIэми, я бзэр зэрахъумэжыным, я хабзэр зэрызэрахьэжыным яужь иту, я Iуэху ягъэкIуатэ. Ар узыщыгуфIыкIыпхъэщ. Фи хъуэпсапIэхэри, фи мурадхэри Тхьэм къывигъэхъулIэ, жиIащ Табыщ Мурат.
- Ставрополь крайм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ и гугъу ищIащ дызэрыадыгэр тщымыгъупщэу, дызыдэпсэу лъэпкъхэм фIыкIэ дакъыхэщу, ипэкIэ дыкIуэтэн зэрыхуейр.
- Абы и лъэныкъуэкIэ Армавир Адыгэ Хасэм игъэлъагъуэ щапхъэр дерс къызыхэпхынщи, афэрым, си гуапэщ фефIакIуэмэ, захуигъэзащ пэшым щIэсхэм Шыбзыхъуэм.
- Адыгэ Республикэм къикIа жылагъуэ лэжьакIуэ Шумахуэ Энвер, Армавир къалэм и имам Раджабов Хьэсбулэт сымэ, апхуэдэуи, Армавир щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэми Армавир «Адыгэ Хасэм» хъуэхъу псалъэхэмкIэ зыкъыхуагъэзащ.
- Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ Нэхей Аслъэн зи унафэщI, Адыгэ Республикэм и «Ислъэмей» къэрал ансамблым и къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм.
- НафIэдз Мухьэмэд.