Урысейпсо, дунейпсо утыкухэр зыгъэбжьыфIахэр ягъэлъапIэ
2020-02-08
- Тхэквондо спорт лIэужьыгъуэм щIэблэр хуэгъэсэн КъБРм зэрыщыщIадзэрэ, абы адэкIи зегъэужьыным хуэгъэпса федерацэ республикэм къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэс 20 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу ди республикэм и спортсмен ныбжьыщIэхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэри къыщызэщIакъуэжу, юбилейри ягъэлъапIэу зэIущIэ дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.
- Пшыхьым кърихьэлIат КъБРм и Парламентым Спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен, Бахъсэн къалэм и администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, КъБРм спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, Урысейм тхэквондомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь, зи юбилейр зыгъэлъапIэхэм ехъуэхъун папщIэ Дон Iус Ростов къалэм къикIа Хан Станислав, хьэрычэтыщIэ Балэ Аслъэнбий, КъэбэрдейБалъкъэрым тхэквондомкIэ и федерацэм и президент Щокъарэ Азрэталий, а зэгухьэныгъэр зи нэIэ щIэт советым и унафэщI Чеченов Ануар, Абхъаз зауэм хэтахэм я союзым и унафэщI Яхэгуауэ Къазбэч, «ЗауэлIхэм я зэкъуэшыныгъэ» зэгухьэныгъэм и къудамэу республикэм щыIэм и тхьэма дэ Джылахъсэн Барэсбий сымэ, спортым дихьэххэр, жылэдэсхэр, нэгъуэщIхэ ри.
- Япэу псалъэ зрата, Кэнжэ къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Пщынокъуэ Олег къыщыпсалъэм къыхигъэщащ тхэквондо спорт лIэужьыгъуэм ди республикэм щыхуагъасэу зэрыщIадзэрэ куэд мыщIами, абы дихьэххэм ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэрагъэхьэфар.
- Пэжщ, гугъуехь куэди къызэранэкIащ а Iуэхур къезыхьэжьахэм, ауэ ахэр пщIэншэ хъуакъым, ди республикэм и мызакъуэу, Урысейми, дунейпсо утыкуми ди спортсменхэр нэсащ. Дауи, я нэхъыбэу зи фIыщIэр ди гъэсакIуэхэрщ, жиIащ Пщынокъуэм. Спорт лIэужьыгъуэщIэм гъуэгу игъуэтыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Чеченов Ануаррэ Мамхэгъ Хьэчимрэ. Ахэр къэрал къулыкъухэм зэрыпэрытым, къалэнышхуэхэр я пщэ къызэрыдэхуэм щхьэкIи къэмынэу, зэмани къагъуэтащ икIи яхузэфIэкIи ящIащ тхэквондом дихьэххэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ. Ди гъэсакIуэхэми ди спортсмен ныбжьыщIэхэми сохъуэхъу нобэрей махуэшхуэмкIэ. Си гуапэщ фи зэфIэкIым хэвгъахъуэу дунейпсо утыкухэр дяпэкIи куэдрэ вгъэбжьыфIэну.
- Апхуэдэуи Олег къыхигъэщащ езым и ныбжьэгъу икIи и къуажэгъу Балэ Аслъэнбий тхэквондом зыщыхуагъасэ япэ IуэхущIапIэр я жылэм къызэрыщызэIуихар, иджы къуажэдэсхэр зэрыгушхуэ, Урысейм тхэквондомкIэ и командэ къыхэхам и тренер Ахъмэт Амир спортсмен лъэщхэр зэригъасэр.
- АдэкIэ спортсмен нэхъ ныбжьыщIэхэр утыку кърашэри, я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ.
- 2019 гъэм Урысейм тхэквондомкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуахэу Гъубжо къуэ Астемыр, Бейтыгъуэн Тимур, Багъ Даринэ, Монастырский Владимир, Багъ Идар, Ахъмэт Борис, Щокъуий Ислъам, Яхненкэ Данил сымэ щIыхь тхылъхэр иратыжащ Мамхэгъ Хьэчимрэ Джылахъстэн Барэсбийрэ.
- Тхэквондом дихьэх псоми нобэрей махуэмкIэ сынывохъуэхъу, жиIащ Мамхэгъым, зэIущIэм кърихьэлIахэм захуигъазэри. А спорт лIэужьыгъуэм ди республикэм щикIуа гъуэгуанэми, абы зиужьыным къызэгъэпэщакIуэхэм лэжьыгъэу ирахьэлIами фIыуэ сыщыгъуазэщ. Дэтхэнэ адэанэм и хъуэпсапIэр и сабийр Олимп чемпион хъуну аращи, си гуапэщ а фи хъуэпсапIэр нахуапIэ фхуэхъуну.
- Абы и псалъэхэм пищэу Джылахъстэнми къыхигъэщащ щIэблэ узыншэ, насыпыфIэ къытщIэхъуэмэ зэригуапэр.
- Дунейпсо, Европэ утыкухэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа спортсменхэм тыгъэхэр хуагъэфэщэну утыкум кърагъэблэгъащ Чеченов Ануаррэ Щокъарэ Хьэзрэталийрэ. Апхуэдэу абдежым щагъэлъэпIащ 2018, 2019 гъэхэм Европэм и чемпион хъуа Бекъул Миланэ, Европэ зэпеуэм пашэ щыхъуу дунейпсо зэхьэзэхуэм дыжьын медаль къыщызыхьа Ахъмэт Дамир, сурдолимп джэгухэм хэта, 2019 гъэм Европэм и чемпион хъуа Сатушы Мадинэ, Щокъуий Ахьмэд, Жылэ Татьянэ сымэ.
- Куэдым ящIэртэкъым а спорт лIэужьыгъуэр къыздикIари зищIысри, жиIащ Чеченов Ануар, тхэквондом и лъабжьэр ди республикэм зэрыщагъэтIылъам и гугъу щищIым. А зэманым гугъуехь мымащIи дыIууащ, ауэ абыхэм дапэлъэщащ икIи ди спортсмен ныбжьыщIэхэм фIэщхъуныгъэ яхэлъу загъасэу щIадзэри, лъэпощхьэпо куэд къызэранэкIащ, урысей, дунейпсо зэхьэзэхуэхэми нэсащ. Абыхэм къагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, тхэквондор къыщежьа Корее Ипщэм и IэщIагъэлIхэм зэгурыIуэныгъэхэр къыдащIылIэри, ди спортсменхэмкIэ дызэхъуажэурэ я зэфIэкIхэм фIыуэ хагъэхъуащ. Ноби ди республикэм и Iэтащхьэм гулъытэ хэха яхуещI ди щIалэгъуалэми спортми. Фэращ ди къэкIуэнур зэлъытари, фымыщхьэхыу зывгъасэ, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрывгъэхьэ, захуигъэзащ абы пшыхьым кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм.
- ГъэсакIуэхэм ехъуэхъуну жэрдэм яIэу утыкум къихьащ Щокъарэ Хьэзрэталийрэ Яхэгуауэ Къазбэчрэ.
- Къазбэч къыщыпсалъэм къыхигъэщащ 1992 гъэхэм Абхъазым щекIуэкIа зауэм кэнжэдэсхэри лIыгъэ къагъэлъагъуэу зэрыхэтар.
- Сэ сызиунафэщI зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэр естыну сыхуейт спортым зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI гъэсакIуэхэм, жиIэри Яхэгуауэм я цIэ къриIуащ Тикаев Индрис, Ахъмэт Амир, Кугхондоко Елдар сымэ. Апхуэдэуи Ахъмэт Амир хуагъэфэщащ «Псэм япэ напэ» зи фIэщыгъэ медалыр.
- ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа Къуэныкъуей Залинэрэ Къанкъул Ислъамрэ кIэщIу тепсэлъыхьахэщ я къуажэгъу Ахъмэт Амир и зэфIэкIхэм.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Ахъмэт Амир тхэквондомкIэ Урысейм и гуп хэхам и гъэсакIуэщ, КъБРм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ и тренер нэхъыщхьэщ. Амир и гъэсэн 30 УФм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуащ, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм ящыщу спортсмених Урысейм и чемпион хъуащ, сурдолимп джэгухэми дунейпсо зэхьэзэхуэхэми хэтащ, цIыхуиплI Европэм и чемпион хъуащ. Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ, Ахъмэт Амир зи гъэсакIуэ Урысей гуп къыхэхам Европэми дуней псоми япэ увыпIэр зэрыщаубыдар. Езым псэупIэ ирищIыхьыну и адэм кърита щIапIэм спорткомплекс щиухуауэ, щIыпIэ куэдым къикIыурэ тхэквондомкIи бэнэкIэ хуитымкIи абы и деж зыщагъасэ. КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм хэIущIыIу щащIащ нэгъуэщI хъыбар гуапи хьэрычэтыщIэхэу Къаздэхъу Альбертрэ Балэ Аслъэнбийрэ и дэIэпыкъуэгъуу, Амир Кэнжэ дэлъэдапIэм деж щрегъэухуэ спорт лIэужьыгъуитхум зыщыхуэбгъасэ хъуну комплексышхуэ. Ар мы гъэм и накъыгъэ мазэм къызэIуахыну я гугъэщ.
- Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Мамий Аслъэн, Вындыжь Аскэр, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, къэфакIуэхэу ФIыцIэ Алинэрэ Ахэмын Алимрэ. Анэм теухуа уэрэдыр IэпэтэрмэшкIэ игъэзэщIащ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм папщIэ Урысейм тхэквондомкIэ щекIуэкIа чемпионатым щытекIуа Сэбаншы Мадинэ.
- ЗэIущIэм и кIэм хьэщIэхэр ирагъэплъащ ди спортсменхэм тхэквондомкIэ къахьа щIыхь тхылъхэр, медалхэр, кубокхэр, нэгъуэщI тыгъэхэри щызэхуахьэса выставкэм, пшыхь гуапэм и фэ еплъуи сурэтхэр зытрагъэхащ.
- КЪУЭШРОКЪУЭ Дисэ.