ЩIэныгъэлI щыпкъэ, егъэджакIуэ нэс
2020-02-08
- Ди щIыналъэм и цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етын IэнатIэм зыщиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ КъБРм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ жьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Медалы Хьэчим Темыр и къуэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм лъэпкъ щIэныгъэм «къыщылыда вагъуэбэм», еджагъэшхуэхэу Къумыкъу Тыгъуэн, Мамбэт Хьэлым, Къардэн Чэлимэт сымэ зыхэтам, языхэзт Медалыр. А тхыдэдж щэджащэхэм куэдкIэ я фIыгъэщ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр, абы щыпсэу лъэпкъхэм я блэкIар джа зэрыхъуар, абыхэм къаугъуея щIэныгъэри я тегъэщIапIэщ иджырей къэхутакIуэхэм. Мы махуэхэм илъэсищ ирокъу щIэныгъэлI Iэзэр дунейм зэрехыжрэ.
- Медалы Хьэчим Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм 1925 (языныкъуэ дэфтэрхэм ар 1928 гъэуэ къыщыгъэлъэгъуащ) гъэм и пэщIэдзэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школым щеджащ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и нэ къыхуикIыу, гукъыдэж хуиIэу. Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ, 1942 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди щIыпIэм къихьа нэужь, еджапIэр зэхуащIащ. Хьэчим, езым хуэдэ ныбжьыщIэ куэдым ещхьу, колхоз губгъуэм щылэжьащ, нэхъыжьхэм Iэпыдзлъэпыдз яхуэхъуу. Зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэкIэ иуха нэужь, щIалэщIэм еджэным пищэжащ икIи школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ 1949 гъэм. А илъэс дыдэм Медалыр щIэтIысхьащ Къэбэрдей пединститутым и тхыдэ факультетым. Зэрихабзэу, еджэным щыпашэу, гъэсэныгъэкIи щапхъэу студент илъэсхэр ирихьэкIащ абы. Къэхутэныгъэхэм дихьэхыу гу зылъата щIалэщIэм и мурадащ бгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIи аспирантурэм щыхигъэхъуэну. Апхуэдэ жэрдэмыр къыдаIыгът абы и егъэджакIуэхэми. АрщхьэкIэ КПССм и обкомым и унафэкIэ Хьэчим лэжьакIуэ ягъэкIуауэ щытащ «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») лъэпкъ газетым.
- Редакцэм куэдрэ щылэжьакъым Медалыр. Журналист IэщIагъэр хьэлэмэтми, абы и гур зыхуеIэр нэгъуэщIт: ар щIэхъуэпсырт лъэпкъ тхыдэр нэхъ куууэ иджыну, зи гъунэ ирилъа къэхутэныгъэхэм адэкIи пищэну. 1953 гъэм Хьэчим щIэтIысхьащ педагогикэ институтым КПССм и тхыдэмкIэ и кафедрэм къепха аспирантурэм. Къэрал дэфтэр хъумапIэхэм къэхутэныгъэ инхэр щригъэкIуа нэужь, ар кIэщIу яужь ихьащ и кандидат диссертацэм. 1959 гъэм ирихьэлIэу ар хьэзыр ищIащ Медалым. Къэхутэныгъэ купщIафIэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэ лэжьыгъэр абы ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIауэ щытащ Потёмкиным и цIэр зэрихьэу Москва дэта пединститутым. Ди щIыналъэм и парт зэгухьэныгъэм къэралым щаухуэ псэукIэщIэм хуищIа хэлъхьэныгъэм теухуа диссертацэр ящыщащ ди щIыпIэм и тхыдэ блэкIам нэху трезыгъадзэ япэ къэхутэныгъэхэм.
- КъБКъУм тхыдэмкIэ и факультетым щылажьэу, абы и кафедрэм и доценту щыту, Медалым зэфIихырт егъэджэныгъэгъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуи. Зэман кIэщIым къриубыдэу ар хъуащ студентхэм я деж пщIэшхуэ щызиIэ, къыдэлажьэхэми фIэлIыкI къызыхуаIэ егъэджакIуэ Iэзэ. Абы и лекцэхэр апхуэдизу хьэлэмэту, купщIафIэу зэхэлъти, студентхэм я гущIэм нэсыфырт, предметым яхуиIэ хьэлэмэтагъыр куэдкIэ нэхъ ин ищIу. Бгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ иригъэкIуэкI къэхутэныгъэфIхэмрэ и тегъэщIапIэу, Медалым итхащ и доктор диссертацэри. 1973 гъэм ар Хьэчим ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Ростов къэрал университетым. А лэжьыгъэми пщIэшхуэ щиIащ щIэныгъэ дунейм. Абы щIэныгъэлIым щызэпкърихащ япэ илъэситхухэм ди республикэм, гъунэгъу щIыналъэхэм промышленностым зэрызыщиужьа щIыкIэр, партым абы хуищIа хэлъхьэныгъэ инри къыщигъэлъэгъуащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор хъуа еджагъэшхуэм илъэситI дэкIри къыхуагъэфэщащ КПССм и тхыдэмкIэ кафедрэм и профессор къулыкъури.
- ЩIэныгъэлI щыпкъэм, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм и къэхутэныгъэхэр триухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм зэрызаужьам, абыхэм къихъуэ лъэпкъ IэщIагъэлIхэм, инженертехникэ лэжьакIуэхэм щIыпIэхэм щаубыда увыпIэхэмрэ жылагъуэм мыхьэнэуэ щаIамрэ наIуэ къэщIыным. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ТхыдэмэкIэ и къудамэм и нэIэм щIэт, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ и секцэм и ЩIэныгъэ советым хэту, Медалы Хьэчим зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ ди щIыналъэм и тхыдэр нэсу джыным. Профессор цIэрыIуэр дапщэщи жыджэру хэтащ, и Iуэху еплъыкIэри къыщиIуэтащ а Iуэхугъуэхэм епхауэ къэралым, щIыналъэм, республикэм къыщызэрагъэпэщ щIэныгъэ конференцхэм, симпозиумхэм, нэгъуэщI зэхыхьэхэми.
- Медалыр ящыщт зи псалъэм пщIэ иIэ, зи еплъыкIэм Iуэху тращIыхь щIэныгъэлIхэм. Абы иIа пщIэ лъагэм и щыхьэтщ СССРм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и УнафэкIэ тхыдэр ди хэкум щезыгъэдж IэщIагъэлI нэхъыфIхэм яхэту, ар 1969 гъэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэм лекцэ къыщеджэну ягъэкIуауэ зэрыщытар. Медалыр а щIыпIэхэм щахуэзащ къэрал IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, щыгъуазэ зыщыхуищIащ абыхэм щыпсэу цIыхухэм я гъащIэм, зэрахьэ хабзэхэм, щэнхабзэхэм. А зэхуэзэхэм фIыуэ кърикIуахэм ящыщт а къэралхэм я щIалэгъуалэм ди щIыналъэхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм IэщIагъэ щызрагъуэтыну Iэмал яIэн зэрыхуеймкIэ Iуэхум хэта лъэныкъуэхэм зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ зэрыщытар. А дэфтэрхэр я лъабжьэу, лIэщIыгъуэ блэкIам и 60 гъэхэм я кIэухым къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым КъБКъУм IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызрагъэгъуэт хамэ къэрал куэдым щыщ щIалэгъуалэм.
- 1974 гъэм Медалы Хьэчим ягъэувауэ щытащ КъБКъУм и тхыдэфилологие факультетым и декану. Лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм а къалэныр къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ илъэс 20м нэскIэ. Абдеж наIуэ къыщыхъуащ щIэныгъэлIым, къэхутакIуэм, егъэджакIуэ Iэзэм хэлъ нэгъуэщI хьэлъыфI куэди. ЗэхэщIыкI лъагэ зыхэлъ унафэщI щыпкъэм хулъэкIащ и нэIэм щIэт IэщIагъэлI гупыр, аспирантхэр, студентхэр зэкъуэту, зэгурыIуэу игъэлэжьэн.
- Факультетым щекIуэкI Iуэху зехьэкIэр щапхъэу щагъэлъагъуэу екIуэкIащ илъэс бжыгъэкIэ. Абы гулъытэшхуэ щыхуащIырт къуажэдэс щIалэгъуалэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтыным, абыхэм дэт школхэм егъэджакIуэхэр зэрахуримыкъум къыхэкIыу. Апхуэдэу деканыр яхуэнабдзэгубдзаплъэт еджэным къыхэжаныкI, абы ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ студентхэм. Ахэр къыхихырти, Москварэ СанктПетербургрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм игъакIуэрт, я щIэныгъэм абыхэм щыпащэн папщIэ. «Лъэпкъ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным теухуауэ» а къэрал программэм дыхэту, тхыдэфилологие факультетым и студент нэхъыфI зыбжанэм еджэным щыпытщауэ щытащ Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым. Юрист IэщIагъэм хуеджэну зи хъуэпсапIэ студентхэм ящыщхэр ягъэкIуауэ щытащ Ростов къэрал университетым.
- Лэжьыгъэ купщIафIэ къезыхьэлIэ декан Медалыр куэдрэ чэнджэщэгъу ищIырт а лъэхъэнэм КъБКъУм и ректору щыта Лъостэн Владимир. Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм кърикIуахэм ящыщщ университетым ди лъэпкъ экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэщIэхэм хуегъэджэн зэрыщыщIадзауэ щытар. Езыр зи пашэ тхыдэфилологие факультетым щыщ Iыхьэхэу хамэ къэралыбзэхэм щыхурагъаджэхэр, урысыбзэмрэ литературэмрэ, адыгэбзэмрэ (балъкъэрыбзэмрэ) литературэмрэ, пэщIэдзэ классхэм зэрыщегъэджапхъэ щIыкIэр, нэгъуэщIхэри къудамэ щхьэхуэ иригъэщIауэ щытащ абы.
- Апхуэдиз къалэным къыдэкIуэу Медалы Хьэчим ядэлажьэрт щIэныгъэм хыхьагъащIэхэм. Абы и нэIэм щIэту кандидат, доктор диссертацэхэр ягъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэ яIэу пхагъэкIащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэу 20м нэсым. ЖыпIэнурамэ, Медалы Хьэчим и фIыщIэшхуэ хэлъщ Кавказ Ищхъэрэм тхыдэдж щIэныгъэм лъэщу зэрызыщиужьам, а унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэлI щыпкъэхэр щIыналъэм иIэ зэрыхъуам. Апхуэдэу ар лектор Iэзэти, КПССм и обкомым къызэригъэпэщ парт курсхэм къекIуалIэхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр ядригъэкIуэкIырт.
- ЩIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа лэжьыгъэ хьэлэлым, и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ куэдым къапэкIуащ къэрал гулъытэ лъаги. Медалым мызэмытIэу къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр, къэрал IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ хэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. КъБРм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэр зыфIаща цIыху щыпкъэм и дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр иригъаджэхэм, къыдэлажьэхэм къыхуащI пщIэ лъагэмрэ щIыхь инымрэт. Езыми и гъащIэ гъуазэу щытар цIыхухэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къахуэхьынырт.
- Медалы Хьэчим Темыр и къуэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, щIэныгъэлI щыпкъэу, къэхутакIуэ гумызагъэу зи дунейр зыхьа адыгэлI нэсым, и фэеплъ нэхур я гум илъщ абы къыщIэна унагъуэм, ар зыцIыхуу щытахэм, иригъэджахэм, къыдэлэжьахэм ящыщ куэдым. ЩIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу дигу къэдгъэкIыжа еджагъэшхуэм и гъащIэр щапхъэ яху рырехъу абы иужь ит щIэблэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.