Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-02-08
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
- ДзасэкIэ гъэжьа бгъуэ
- Мэл яукIагъащIэм и блатхьэри и куэри къыкIэрагъэж, и кIыхьыпIэмкIэ тIууэ зэгуауд. Апхуэдэу къыхагъэкIа бгъуэр (дзажэр) Iэнэм тралъхьэ и щIыбыр къыдэгъэзеяуэ, абы и щIыIум пхъэбгъу захуэ тралъхьэ, нэгъуэщI пхъэхэкI хьэлъэ гуэрхэри тралъхьэжри, зы сыхьэт нэблагъэ щIыIапIэм деж щагъэлъщ, упIам хуэдэу дзажэр пIащIэ хъун щхьэкIэ.
- Абы иужькIэ пхъэбгъухэр трахыж, лъэныкъуитIымкIи дзажэр яшыу, шыбжий плъыжь сыр хьэжа трагъэщащэри, жэрумэм ещхьу зэкIуэцIашыхь. Ар тепщэчышхуэм иралъхьэри, и щхьэр тепIауэ сыхьэти 4 5 хуэдизкIэ щIыIапIэ ягъэув, шыгъур лым нэхъ хыхьэн щхьэкIэ. Апхуэдэу шыуа дзажэр адыгэ дзасэм и кIыхьыпIэмкIэ фIаIури, зэрагъэдзэкIыурэ дэпкIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ, щашыум лым къыщIэжа псыр тракIэурэ.
- Дзажэ жьар зэпыупщIауэ хуабэу Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ хуабэ, чыржын, хьэлIамэ дашх. Шэхуабэ е махъсымэтрафыхьыж.
- Ху мэжаджэ
- Ху хьэжыгъэ ухуэнщIар тIу иращIыкI. МафIэм тет шыуаным ит шэ мыпщтырым шыгъу хадзэри, бэлагъкIэ зэIащIэурэ хьэжыгъэм и зэхуэдитIыр хакIутэ. Ар дакъикъи 3 4кIэ ягъавэ, хъудырыпсым ещхьу пIащIэ хъуху.
- Шыуаныр мафIэм къытрахыж, къэна хьэжыгъэр хакIутэри япщ, и бахъэр зэрыкIуэу гуэдз хьэжыгъэр щIапщэ. И щхьэр трапIэри, IэфI къыщIагъэхьэну сыхьэт нэблагъэкIэ щагъэтщ. Тхъу зыщыхуа тебэм см 4 хуэдиз и Iувагъыу иралъхьэ, и щхьэфэр зэхуэдэ ящIри, жьэгукIэ е хьэкулъэкIэ ягъажьэ хьэзыр хъуху. Хугу мэжаджэ жьар тхъуэплъ дахэу, зэпыбгъэжмэ, и кур гъуэжьу, мэ дахэ къыхихыу щытщ. Шатэ, шху, шэ, лы гъэжьа дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуиплIIыхьэ): хугу хьэжыгъэу г 900, шэуэ г 400, гуэдз хьэжыгъэу г 70, шыгъуу узыхуейм хуэдиз.
- КрупакIэ щIа жэмыкуэ
- Шыуаным псы щIыIэ иракIэ, шатэр щIимысыкIын щхьэкIэ. ИтIанэ, зэIащIэурэ, джэдыкIэ кугъуэ уда зыхэлъ шатэр иракIэри, дакъикъи 2 3кIэ къагъэкъуалъэ. БэлагъкIэ зэIащIэурэ крупар тIэкIутIэкIуурэ хакIутэ. Ягъажьэ дакъикъи 8 10кIэ. Абы и ужькIэ кхъуей цIынэ ущыкъуеяр халъхьэ, шыгъушыпс щIыIэ хакIэ. Хьэзыр хъуа жэмыкуэр пщтыру фалъэ куукIэ Iэнэм трагъэувэ, шху щIыIэ и гъусэу. Яшх пщтыру.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
- Псы щIыIэу г 80
- Шатэу г 230рэ
- Крупауэ г 100
- ДжэдыкIэ кугъуэу 1
- Кхъуей цIынэу г 15
- Шыгъуу узыхуейм хуэдиз
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Прозэу тха усэ
- Бжьэхэр
- ГъащIэр пщIыхьэпIэщ. ПщIыхьэпIэ дахэщ… КъикIри зищIысри къытхуэмыщIэурэ блэлъэт пщIыхьэпIэ щхъуэкIэплъыкIэщ. МащIэ егупсыса абы. ГъэщIэгъуэн мащIи тратхыхьа. Ауэ зыми ищIэркъым цIыхур дунейм къыщIытехьэр. Абы и къалъэн нэхъыщхьэр. Мы дунейм щищIэн хуейуэ къыхуиухар. Дэ дызыщыгъуазэр цIыхум езым зыхуигъэувэжа къалэнхэрщ. Езым къигъэщIыжахэрщ. Дунейм зрагъэзэгъыу езыхэри зэзэгъыжын щхьэкIэ къагупсысахэрщ: хабзэ, нэмыс, укIытэ, фIэлIыкI, пщIэ, щIыхь… Iэджи, Iэджи, Iэджи мэхъу ахэр!.. А псори цIыхум и Iэужьщ. И гъащIэр нэхъ Iэрыхуэ зэрищI Iэмэпсымэщ. ЗэригъэщIэращIэ гуэрхэщ… Пэжу, гъащIэм щызокIуэ, цIыхум къыхуагъэщIа къыпщыхъуу, гупсысэр уэгум езышалIэ нэгъуэщIхэри… ЦIыхур малъхуэ. МапIэ. Ар тыншкъым. Абы гухэхъуэу къуитыр гугъуехьу пыщIам пэшэчэфынукъым. АтIэ сыт щIэлъхуэри? ЩIэпIэри? Сыт щхьэхуиту дунейм щIытемытыфыр? Тетыфыркъым, ар и лъым хэтщи. И псэм хэтщи. ГъащIэм и къуэпсыр мыгъэгъужын къалэныр къыдагъэщIащи… Арауэ пIэрэтIэ цIыхум и къалэн нэхъыщхьэр? Арауэ пIэрэ мы дунейр, зыр зым хьэлэмэтыщэу хуэкIуэу зэхалъхьа мы дунеишхуэр, щIыщытыр? Арамэ, сыт а къалэн нэхъыщхьэм ублэзыгъэгупсысыкI гуэрхэр цIыхум и пкъым къыщIыхилъхьар?.. А къалэн нэхъыщхьэм нэхърэ нэхъыщхьэж щыIэмэщэ? Езым къимыгъэщIауэ. КъыдамыгъэщIауэ. Езыр къыщIагъэщIыжар арауэ… Ауэ сыт а къалэныр зищIысыр? Зыхуэдэр? Къытхуигъэувыр? Ар зыми ищIэркъым. Ар цIыхум и акъылыр здынэмыс щэху абрагъуэщ. Тхьэри мелыIычри къыщалъыхъуэ гъуэз жыжьэм хэгъуэщэж гуэрщ… Дэнэ къикIрэ а «ЛЪАГЪУНЫГЪЭ» зыфIэтща гурыщIэ гъуэбжэгъуэщыр? Сыт ар зищIысыр? Сыт дэр хуэдэу къэхъуа, дэр хуэдэу псэу, дэр хуэдэу дунейм къытелындауэ тебзэхыкIыжыным пэплъэ гуэрым щхьэкIэ ди гур щIэпIейтейр? Ди жейр щIэдгъэныкъуэр? Гуныкъуэгъуэхэм зыщIыхэддзэжыр? Сыт зыгуэрым и теплъэ къызэрыгуэкIыр ди нэм къыщIыщIэгъагъэр? И нэ къызэрыгуэкIхэм вагъуэ къащIыщIэдгъуатэр? И щхьэц къызэрыгуэкIхэм дыхэIэбэмэ, щэхубэкIэ зэщIэIущащэ пшыналъэ къыщIызэхэтхыр?.. Дыщымыуэу пIэрэ цIыхухэр, телъыджэ лъэпкъ дунейм темыту къыщытщыхъум деж? Псоми къызэрыгуэкI жэуап еттыну дыщыхуежьэм деж? Шыпсэри псысэри пцIы зэфэзэщу къыщытфIэщIым деж? Пэжыр ахэрамэщэ? Пэж дыдэр. Пэж кумылэр… Армырамэ, зи акъылыр а пэж купщIэм ецырхъа цIыхухэр нэгъуэщIынэкIэ щхьэ еплърэ а шыпсэми? А псысэми? А телъыджэ лъэпкъ зыхэмылъу къащыхъухэми?.. Акъыл къызэрыгуэкIрэ гурыщIэ къызэрыгуэкIкIэ псэу цIыхум шэч лъэпкъ къытримыхьэжу ещIэ жэуап зумытыфын зэрыщымыIэр. Абы къыпыкIэрэхъукIауэ зы дуней гъуабжэ иIэщи, а дунейм теткъым щIимыбжыкIарэ къимыIэбэрэбыхьарэ. Хэт фагъуэми, хэт гъуабжэми къыбжиIэфынущ. А фагъуэр щIэфагъуэр и бзэгупэм телъщ. А гъуабжэм и гъуабжагъэр игуэшщ, игъэбагъуэщ, зэхихщ, зэхилъхьэри, къыщIэкIар шэч зытрамыхьэж жэуапу и бгъэгущталъэм ирилъхьэжауэ къыздрехьэкI. АпхуэдизкIэ игурэ и щхьэрэ зэтелъщи, ауаныщIу и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыурэ ар адрейхэм къахуоплъых. А Iуэху къызэрыгуэкIхэм щымыгъуазэ куэд зэрыщыIэр егъэщIагъуэ, езыр ахэм къазэрыхэпIиикIым ирогуфIэ, насыпыфIэ ирохъу… Зэхихащ абы мы дунейр зэрыкIэншэри. ЗэрыщIэншэри. Ауэ а кIэншэри а щIэншэри и акъыл къызэрыгуэкIым ирегъэзагъэ. И пщалъэм апхуэдизкIэ хуэарэзыжщи, а здынэмыплъысхэри ар дыдэмкIэ къэппщ зэрыхъунум шэч лъэпкъ къытрихьэжкъым… Ауэ, насып диIэти, щыIэщ телъыджэ зэрыщыIэм шэч къытезымыхьэжхэр. Дунейр зэрыкIэншэу зэрыщIэншэм ещхьыркъабзэу, абы и телъыджэхэм гъуни нэзи зэрамыIэр къэзыщIауэ ахэм захуэзышийхэр… Апхуэдэхэр сытым дежи гъуэгуанэ тет зэпытщ. Гъуэгуанэ жыжьэ. Гъуэгуанэ кIэншэ. УкIуэтэху кIыфIым укъыхэзыIэтыкI гъуэгуанэ… Щыгъыныджи яхэтщ абыхэм. Гъуэмыладжи къахэбгъуэтэнущ. Ауэ гуаджэ къыхэмыхуауэ псэ гъэнщIыным къыхуигъэщIахэщи, макIуэхэр, макIуэхэр, макIуэхэр… а щымыIэу я гугъэ лъахэм… Телъыджэхэр зэщIопщIыпщIэ. Телъыджэхэм зыкъызэIуах. Телъыджэхэр къызэщIогъагъэ… Гъэгъахэм яхохьэ емызэшыж бжьэм и къалэныр къызыхуигъэщIа а цIыхухэр. Акъылу щыIэр зэхэплъхьами уздынэмысыфынум нэсыфхэр. ГъащIэм и IэфIыр зэхуэзыхьэсхэр. ГъащIэм фо зэрыщIэлъыр нэрылъагъу тщызыщIхэр… ЯугъащIэ бжьэм и къалэныр зыгъэзащIэ цIыхухэм! ЯугъащIэ!
- IутIыж Борис.
- ГъэщIэгъуэнщ
- ЦIыхумелуан 62рэ хэкIуэдауэ къалъытэ
- Хэку зауэшхуэр щыщIидзам, фашист Германием ди къэрал гъунапкъэм къришэлIат, и блыгущIэт дзэхэри хэту, дивизэу 190рэ, танкыу 4300рэ, топу мин 47,2рэ, кхъухьлъатэу 4800рэ, цIыху мелуани 5,6рэ.
- * * *
- ЕтIуанэ дунейпсо зауэм къэрал 72рэ хэтащ. Абыхэм ящыщу Германием и лъэныкъуэт Италиер, Румыниер, Венгриер, Финляндиер, Япониер, нэгъуэщIхэри. Лъэныкъуэ псоми я офицерхэу, сэлэтхэу зауэм хэтащ цIыху мелуани 110м нэс. Псори зэхэту ЕтIуанэ дунейпсо зауэм цIыху мелуан 62рэ хэкIуэдауэ къалъытэ. Абыхэм ящыщу цIыху мелуан 26рэ мин 600р СССРм и цIыхут.
- * * *
- Фэ фщIэрэ зауэ нэхъ кIыхь дыдэу Урысейм иригъэкIуэкIар дэтхэнэрами? Ар УрысКавказ зауэрщ, илъэси 101кIэ (1763 1864) екIуэкIарщ.
- * * *
- Инджылыз тхакIуэшхуэ Шоу Джордж Бернард 1925 гъэм Нобель саугъэтыр къыхуагъэфэщат, ауэ ар къыIихын идакъым. «Ар зэщхьыр псым щIилъафэм, къелауэ псы Iуфэм къесылIэжа нэужь къызэрырагъэлыр хуадзауэщ», жиIащ абы.
- * * *
- Языныкъуэ жыгхэр илъэс миниплIым нэскIэ мэпсэу. Африкэ Ипщэм щежэх Магалавкин псым и Iуфэм апхуэдиз ныбжь зиIэ жыг абрагъуэ къыщахутащ. Абы и хъуреягъыр метр 44рэ, и лъагагъыр метри 122рэ мэхъу. Ар пыбупщIмэ, пхъэ кубометр мини 5м нэс къикIынущ.
- Дол Iэминэ.
- Псалъэжьхэр
- Дахэ зыхэмызагъэ щыIэкъым
- Тет мыгубжьрэ дыгъужь мыдзакъэрэ щыIэкъым.
- Бжэгъу закъуэ хэси, фызыфIым уигъэунэнщ.
- ЦIыхубз зыгъэикIэр шыдыкIэ и уасэкъым.
- Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зэрыгуащэр и щэнщ.
- Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
- Дахэ зыхэмызагъэ щыIэкъым.
- Дахэ псор дахэкъым, псэр зэхъуапсэр дахэщ.
- Бзылъхугъэ нэсыр – шы дахэ мыжэркъым, акъыл нэс зиIэрщ.
- Анэм лъэгущIэтын зыхуэщI.
- ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ.
- ЖамыIэ щыIэщи, ямыIуэтэж щыIэкъым.
- ЗэзэуэрейадакъитIпшэрхъуркъым.
- Щикъухьащ адыгэр дунеижьым
- Хабзэ
- КхъуейплъыжькIэрыщIэ
- Мыр унагъуэм къахэхъуа сабийм кIэлъызэрахьэ хабзэ дахэхэм ящыщщ. КхъуейплъыжькIэрыщIэр щащIыр щIалэ цIыкIу къахэхъуауэ щытмэщ. Абы пасэу зыхуагъэхьэзырын щIадзэ: фэ кIапсэ дагъэм быдэу ирагъафэ, матэ кхъуейр ягъэгъу, ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэхьэзыр, кIэралъхьэну хьэпшыпхэр къащэху.
- Метрихблы я лъагагъыу пкъоитI хасэ. ТIури къызэщIиубыдэу зы пкъо и щхьэм тралъхьэж. И щхьэм ику дыдэм фIэдзапIэ хуащIри, абы кIапсэр иращIэ. кIапсэм и лъэныкъуиплIымкIи зэпэмыжыжьэурэ фIэдзапIэ цIыкIу хуащI. Кхъуей плъыжь гъэгъуар кIапсэм пэгъунэгъуу пащIэ. ИтIанэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд кIэращIэ: бэлътоку, IэлъэщI, бостеяпхъэ, джанэ, нэгъуэщI цIыкIуфэкIу Iэджи. Иджыпсту абы къыхэхъуащ хьэпшып лъапIэ куэд.
- КхъуейплъыжькIэрыщIэм кърохьэлIэ унагъуэм я благъэхэр, я гъунэгъухэр. КIапсэм дэпщеину зи къарум къигъэгугъэхэр псори зэхэтщ, я чэзум йожьэри. И щхьэм нэсыр, япэщIыкIэ кхъуейм едзэкъэн хуейт, итIанэт адрейхэр еIусэну щыхуитыр. Хуиту кIэращIауэ джэрэз кхъуейр жьэкIэ къэбубыду уедзэкъэнри Iуэху псынщIэ цIыкIутэкъым. Бгыкъум кIэрыщIахэри къыпыпчыну гугъут. Иныкъуэхэр ищхьэм нэмысыфу къещэтэхыжырт, абы нэсауэ кхъуейм едзакъэфри нэхъ мащIэжт.
- Зэхьэзэхуэр гъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкI, пкъом хьэпшып гуэр къыфIэзыхахэм псори йохъуэхъу, мыдрейхэм гушыIэ, ауан хэлъу хъуэрыбзэ гуэрхэр къыхуагупсыс.
- Нэхъыжьхэр гуфIэгъуэр къызыхуаIэта сабийм йохъуэхъу, щIалэгъуалэр къофэ, мэгушыIэ.
- Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.
- ЖыIэгъуэхэр
- Гумызагъэ Iуэхуншэ хъуркъым
- Гъэмахуэ лэжьыгъэр щIымахуэм нагъэсыркъым.
- Iэм къимыщтэр кIуэдыркъым.
- Iуэхуншэр уанэгуми изагъэркъым.
- Псоми ящIэр тIум ябзыщI, къафIощIыжри щэху яхъумэу.
- Ди блэкIар зыхуэдар ди нобэм къеIуэтэж.
- Зи гур къабзэм и лъэужьыр убзыхуащ.
- ЦIыхуфI и IуэхущIафэ щапхъэ трах.
- ПсэукIэмыщIэ и гуащIэр пщIэншэщ.
- Зы Iуэху зыхузэфIэмыгъэкIым, Iуэхуищэ елъахъэ.
- Гумызагъэ Iуэхуншэ хъуркъым.
- Нэпсеягъэм фIыгъуэ къихьыркъым.
- Ахъшэ зэгъэзэхуэкIэ зыщIэр ар зи пщIэнтIэпскIэ къэзылэжьарщ.
- Зи псалъэрэ зи IуэхущIафэрэ зэтемыхуэр пцIыIуэпцIышэщ.
- Дыгъуасэ сомыр ирикъухьащ, нобэ кIэпIейкIэ къелъыхъуэж.
- Дизыкъуажэ нафIэгуфIэщ, къыIэрохьэри хамэ Iыхьэ.
- Зезыхьами хьилагъэ, къигъэщIакъым гъащIитI.
- Насыпыр къулеягъэм къыдэкIуэркъым.
- Къулыкъум къихьа щIыхьыр жыжьэ нэсыркъым.
- АфэщIагъуэ Iэнас.
- ГушыIэхэр
- Сымаджэщым пшэуэ жумыIэт!
- Хьэбил пIащIэу къуажэм здыдэжым, гъуэгум къытелъэда гуэгушыхъур машинэ лъабжьэм къыщIригъэдзащ.
- Е гъуэгу махуэрэ, игъащIэм зыми зэран сыхуэхъуатэкъым. Мыр сыту къысщыущIт, щIалэр и щхьэ хуэпсэлъэжурэ машинэм къикIщ, пIэтIауэлъэкъуауэу гъуэгум телъ гуэгушыхъум бгъэдыхьэри фIигъэжащ.
- Зыкъиплъыхьри, зы цIыху уэрамым теттэкъым. «Апхуэдэу щыхъуакIэ ныщхьэбэ си ныбжьэгъухэр иризгъэхьэщIэнщ», жыхуиIэ щIыкIэу гуэгушыр машинэм щрилъхьэм, къыздикIари къыздихуари къыхуэмыщIэу зы лIыжь гуэр къэкIиящ:
- Ей, щIалэ, сымаджэщым пшэуэ жумыIэт иджы а си гуэгушыр!
- Унэр къэгъэшыпIэм щхьэ тепщIыхьа?
- Къалэм къикIыжу къуажэм къыщыдэлъэдэжым, Хьэсболэт къэгъэшыпIэм деж гъуэгум щытежщ, Хьэбалэхэ я блынджабэр пхиудри, унэм щIэлъэдащ. Телевизор еплъу диваным илъ Хьэбалэ фIэнащ: «Емынэм узэрихуэу унэр мы къэгъэшыпIэ дыдэм деж тепщIыхьат уэри?» жиIэри.
- Лажьэ уимыIэмэ, унэри зыгуэр хъунщ, тщIыжынщ! жиIэри, лIыжьыр къызэфIэуващ. Уэлэхьэ, Хьэсболэт, уэ машинэкIэ укъызыщIыхьам дэ вакъэ тщыгъыу дыкъыщIамыгъэхьэ!
- Думэн Мурадин.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:5. КъэбэрдейБалъкъэрым и МВДм и Iэтащхьэ. 7. Махуэ ныкъуэкIэ хьэулея и щIалэ цIыкIум анэр йошхыдэ: «АфIэкIа мы пщIантIэм … дозгъэчыкIынкъым, апхуэдэу фIэкIа укъызэмыдэIуэнумэ». 9. ГъущI зэблэдза зэтегъэва. 11. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 12. Илъэс 18 хъуа щIалэм и … кIуэгъуэщ. 13. Къуэш егъу нэхърэ … 14. Диным теухуа тхылъ. 16. Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта, «Слава» орденым и нагъыщищри зрата Мусэ … 17. Хъыджэбз тхьэIухудым щIалэхэр … къищIащ. 20. … зытеха къэбыр IэфIщ. 21. Ватикан къэрал жьгъейр зыхиубыдэ къалэ. 22. ПхъэIэщэм и Iыхьэ, щIы щхьэфэр зэригъэдзэкIыу. 24. ЦIыху … е щымыщ зыхэмылъ гуэдз жылэ … 26. КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 28. IэщэкIэ зэщIэузэда дзэм къулыкъу щызыщIэ. 30. Гъавэ кърахьэлIэжам щыщу тхьэмыщкIэхэм хухах Iыхьэ. 32. … хиса жыгыр мэгъу. 34. Зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхухъу. 36. Ику иту тонн 60 80 хуэдэ зи хьэлъагъ псэущхьэ. 37. ПыIэ … 38. Лэскэн щIыналъэм хиубыдэ къуажэ. 39. Революцэм жыджэру хэта, шэрихьэт полкым и командиру щыта Къатхъэн … 40. Хэку зауэшхуэм и зэманым министр къулыкъу зыIыгъа, Брежневым и хьэмтетыгъуэм Политбюром хэта, Ленин ордену 11 зрата Маршал. 43. Къэнжал хьэку цIыкIу. 45. Iэпслъэпсым щыщ. 47. Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта адыгэ офицер, усакIуэ. 48. КъэбэрдейБалъкъэрым мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министр. 49. Яхуэмылажьэ бжьэхъушхуэ.
- Къехыу:1. Ефэндыхэм я нэхъыщхьэ, хеящIэ. 2. Уэшх, уэс щIэту жьапщэ ин. 3. Зым … хьэдрыхэ кIуэркъым. 4. ТхылъымпIэм ит тхыгъэр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ дамыгъэ. 6. Къуажэр къызэрибгынэу шууейм нэхъ … зищIащ. 8. ФутболымкIэ ди къэралым и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ. 10. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ, КъэбэрдейБалъкъэрым и цIыхубэ артист. 15. Унагъуэ хадэхэм ирагъэувэ бзугъащтэ. 16. Австралием щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа Къардэн … 17. БжэIулъэ. 18. Нартыху хъумапIэ. 19. Джатэ, …, сэшхуэ. 23. Пасэрей зауэлI джанэ. 25. Мылъэтэфми, Iэзэу бадзэ къеубыд. 27. IэубыдыпIэншэ, щысхь зымыщIэ, гущIэгъуншэ. 28. КъалэЛIыхъужь. 29. Гъавэ нэхъыбэ иракIутэн папщIэ шыгум е шыдыгум трагъэувэ. 30. Дунейр щыуаем деж адэкIэмыдэкIэ трищIэ уэс пIащIэ. 31. IэщIэвыщIэ. 32. Къамылым къыхащIыкI лъэгурыдз, алэрыбгъу. 33. КъэбэрдейБалъкъэрым щIыхь зиIэ и артист, Черкесск дэт адыгэ театрым зи цIэр фIаща Акъ … 35. Узыдэмыхьэ къуэладжэ … дэзщ. 40. Къэгубжьауэ нэгъуэщI унагъуэ зэрытелъадэм апхуэдэу йоджэ. 41. Адыгэ лъэпкъым къэралыгъуэ иIэным зи гъащIэр тезыухуа япэ адыгэ пщышхуэ. 42. Ди унафэщIым … зэрына хузэрыхыркъым. 44. Унэ щаухуэкIэ унащхьэм зэпрыууэ тралъхьэ пхъэ гъум. 46. КъэкIыгъэхэм Iисраф къыхуэзыгъакIуэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мазаем и 1м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:1. Къуэ. 4. Кхъужь. 6. Вагъэбдзумэ. 8. Тыгъэ. 9. Пхъы. 10. Лэгъуп. 13. УпщIэ. 14. ФIэпщ. 17. Хьэх. 18. Йемен. 19. Мэш. 21. Дыжь. 23. Къэшэж. 25. Щай. 26. Мысэ. 27. Къумыкъу. 31. Алим. 33. Чын. 34. Хьэлъкъ. 35. Бжьэпэтехуэ. 36. Тху. 37. Кукъу.
- Къехыу:1. Къуентхъ. 2. Джатэ. 3. Iумыл. 5. Жьэгъупс. 7. Бахъэ. 11. ПщIий. 12. Пэгун. 13. Уэх. 15. Щым. 16. Емышэ. 17. Хьид. 20. Шей. 22. Жьым. 23. Къесу. 24. Жумэ. 25. Щыкъу. 28. Мамкъут. 29. Чырэ. 30. Акъмыкъ. 32. Мажьэ. 34. Хьэхуэ.