ЦIыхухэм папщIэ псэуа ЩоджэнцIыкIу Еленэ
2020-01-10
- Ди лъэпкъ уардэм и хабзэ дахэмрэ адыгэ бзылъхугъэм хэлъыфыну нэхъ хьэл-щэныфIхэмрэ я щапхъэгъэлъагъуэу дунейм тетащ дохутыр Iэзэу щыта ХьэкIуащэ — ЩоджэнцIыкIу Еленэ (Нэлжан) Алий и пхъур. ЩIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ, цIыхугъэшхуэрэ зэхэщIыкI инрэ зыбгъэдэлъа Еленэ дохутыр IэщIагъэм къыхуалъхуа хуэдэт. Къыдэлэжьахэми, зэIэза цIыхухэм ящыщ куэдми ноби ягу ихуркъым зи псалъэ къудейри хущхъуэ пэлъытэу щыта дохутыр IэкIуэлъакIуэм хэлъа гущIэгъур, гу къабзэ-псэ къабзэу къазэрыхущытар. Псэужамэ, Еленэ дыгъэгъазэм и 29-м илъэс 90 ирикъунут.
- Бахъсэн щIыналъэм хыхьэу, КушмэзыкъуейкIэ зэджэу щыта жылэм (иджы Бахъсэн къалэ) 1929 гъэм и дыгъэгъазэм къыщалъхуащ Еленэ. Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абы и щхьэгъусэ ШэIидэтрэ я унагъуэшхуэм я быниплIым я нэхъыжьт ар. Я адэ щэджащэр пасэу ящхьэщыкIами, ШэIидэт хузэфIэкIащ сабийхэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету игъэсэну, гъащIэм зэрыхэтыфын акъылрэ щIэныгъэрэ яригъэгъуэтыну. НэхъыщIэхэу Лиуан, Мухьэмэд, Чытаун сымэ щапхъэ яхуэхъуащ бын пажэ Еленэ. Жылэм дэт илъэсибл школ нэужьым ар щIэтIысхьащ Налшык дэт медицинэ училищэм икIи 1948 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Бгъэдэлъ зэфIэкIым хэзыгъэхъуэну зи нэ къыхуикI пщащэм, езым хуэдэ ныбжьыщIэ гупым яхэту, мурад ищIащ медицинэ IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Еленэ и насып къикIри, лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьэфащ Орджоникидзе (иджы Владикавказ) къалэм дэт Кавказ Ищхъэрэ медицинэ институтым. Зи мурадым ерыщу хуэкIуэ пщащэ цIыкIур ящыщащ студент илъэсхэр купщIафIэу езыхьэкIахэм. А лъэхъэнэм хеубыдэ ЩоджэнцIыкIум щIэныгъэ лъагэм щич япэ лъэбакъуэхэр. Ар жыджэру хэтт еджапIэм, щIыналъэм студентхэм папщIэ къыщызэрагъэпэщ щIэныгъэ зэхуэсхэм, дэзыхьэх къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр абыхэм я утыку кърилъхьэу. Апхуэдэу щызу, къызыхуэтыншэу студент гъащIэр ирихьэкIащ.
- 1954 гъэм Еленэ диплом плъыжькIэ къиухащ еджапIэ нэхъыщхьэр икIи щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ, узым игъэдзыхэ цIыхухэм сэбэп яхуэхъуну пIащIэу. Терапевт-пульмонолог (тхьэмбылым епха узыфэхэмкIэ дохутыр) медицинэ унэтIыныгъэм нэхъыбэу дихьэхауэ щыта бзылъхугъэр лэжьапIэ уващ Налшык дэт республикэ сымаджэщым и терапие къудамэм. ИужькIэ къалащхьэм и поликлиникэхэм ящыщ зыми щыIащ участковэ дохутыру. Абы жиIэжу зэрыщытамкIэ, нэхъ къищтащ а IэнатIэ гугъухэмкIэ и лэжьыгъэ гъуэгуанэр иублэну, IэщIагъэм и щэху псоми нэсу зыщигъэгъуэзэн папщIэ.
- ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъу гу зылъата дохутыр IэкIуэлъакIуэр 1959 гъэм ягъэкIуащ Налшык къалэ сымаджэщым и ординатору, абы къыдэкIуэу ягъэуващ республикэ сымаджэщым и терапие къудамэ №1-м и унафэщIу. Апхуэдэу ЩоджэнцIыкIум пщэрылъ къыщащIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и терапевт нэхъыщхьэ къалэнри. КъБКъУ-м медицинэ факультетыр къыщызэIуаха нэужь, Еленэ абы терапиемкIэ и кафедрэм ассистенту ирагъэблэгъащ, куэд дэмыкIыуи а къудамэм и унафэщI хъуащ. А лъэхъэнэм нэхъ шэщIауэ ар пэрытащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэми, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ къалэнхэми, сымаджэщми щылэжьащ. Дауи, зи гугъу сщIы IэнатIэхэм ящыщ дэтхэнэри къызыхуэтыншэу зепхьэныр тынштэкъым, арщхьэкIэ зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, «си пщэ къыдалъхьа къалэныр тэмэму згъэзэщIэнщ» жызыIэу ерыщу Iуэхум зезыта дохутыр IэкIуэлъакIуэм ахэр къемыхъулIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Къыхуагъэфэща къулыкъухэм егугъуу бгъэдэтащ Еленэ. Сыт щыгъуи абы япэ иригъэщар сымаджэм и Iуэхур нэхъыфI зэрищIынырщ, узыр нэхъ псынщIэу зэрыщхьэщихынырщ. А Iуэхугъуэхэм епхат абы и къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр. Псори зэхэту ахэр 30-м щIигъурт, монографие щхьэхуэхэри, методикэ чэнджэщхэри, статья купщIафIэхэри яхэту.
- «Къуршым къыхиху жьыбгъэмкIэ тхьэмбыл къуэпсхэм я астмэр зэрыбгъэхъужыну щIыкIэр» къэхутэныгъэр ЩоджэнцIыкIум лъабжьэ хуищIауэ щытащ и диссертацэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ 1976 гъэм пхигъэкIри, къыфIащауэ щытащ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэ лъагэр. Астмэ узыфэ зыпкърытхэм зэреIэзэн хуейм триухуат Еленэ и къалэмыпэм къыпыкIа нэгъуэщI лэжьыгъэ куэди. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми пщIэшхуэ щаIащ щIэныгъэм. КъинэмыщIауэ, а лэжьакIуэ Iэзэм иубзыхуа гъэхъужыкIэмкIэ ноби дохутырхэр йоIэзэ астмэ зыпкърытхэм. Зи тхьэмбылым, абы и къуэпсхэм щIыIэ уз ягъуэта сымаджэхэм я узыр нэхъ псынщIэ ящыщIынымкIэ Еленэ зэфIиха лэжьыгъэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ лъапэ и Iэшэлъашэм щыIэ Эльбрус жылэм къыщызэIуахауэ щыта сымаджэщ щхьэхуэр. Еленэрэ абы и нэIэм щIэту лажьэ дохутырхэмрэ я чэнджэщкIэ абы ягъакIуэрт астмэ къызэузхэр. Абыхэм ящыщащ а узыфэ хьэлъэр илъэс куэдкIэ къызэуза си анэри. ЖыпIэнурамэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыщыIэ махуэхэм деж узыр IэкIэ щхьэщах хуэдэт си анэми абы и гъусэу сымаджэщым щыIэхэми. Еленэ иригъэкIуэкI апхуэдэ къэхутэныгъэхэм я фIыгъэт ахэр хуиту, шэщIауэ зэрыбэуэфыр, къуршхэм къахиху жьыр сэбэпышхуэ зэрахуэхъури нэрылъагъут, хущхъуэ лъэпкъ Iуэхум хэмыту. Сымаджэщым къыщIатхыкIыж цIыхум адэкIэ ищIэнумрэ узым зэрыпэщIэтыфынумрэ епха чэнджэщ щхьэпэхэр къаритырт дохутыр щыпкъэм, узыр къызэIэ дэтхэнэми гууз-лыуз зэрыхуиIэр нэрылъагъу дыдэу.
- Дохутырым и цIэр фIыкIэ Iунуми дэдзыха хъунуми куэдкIэ зэлъытар зэIэзэ сымаджэхэращ, ахэращ ар фIырэ Iейрэ зыщIэр. Зэман кIэщIым къриубыдэу и цIэр фIыкIэ апхуэдэу Iуащ ЩоджэнцIыкIум. Абы пщIэшхуэ щиIэт сымаджэхэм я дежи, щригъаджэ IэнатIэми. Щапхъэ трахырт къыдэлажьэхэми.
- — ЩоджэнцIыкIу Еленэ си дежкIэ егъэджакIуэ къудейтэкъым — ар сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэт, гъуэгугъэлъагъуэт икIи чэнджэщэгъу Iущт, — жеIэ Налшык дэт поликлиникэ №1-м и дохутыр нэхъыщхьэ, КъБР-м щыпсэу бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Къаскъул Iэулият. — КъБКъУ-м и медицинэ факультетым терапиемкIэ лекцэ къыщытхуеджэрт ар. Къэхъуакъым абы и дерсхэр зэшыгъуэ къыщытщыхъуа, ахэр дапщэщи купщIафIэт, хьэлэмэтт, и IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр нэрылъагъу дыдэу. Студентхэм етт сыт хуэдэ упщIэми зэпкърыхауэ жэуап нэс къритырт Еленэ. ИужькIэ, лэжьэгъу дызэхуэхъуауэ, куэдрэ и Iуэху зехьэкIэм сыкIэлъыплъащ, хьэл-щэныфIу дэслъагъухэр зэрызыхэслъхьэным сыхущIэкъуу. ИпэжыпIэкIэ дохутыр IэщIагъэм къыхуалъхуат Еленэ. Ар хунэсакъым хьэзыр хъуа и доктор диссертацэр пхигъэкIыну…
- ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ дохутыр Iэзэм и псэ хьэлэл лэжьыгъэр гулъытэншэ хъуакъым. Абы хуэфащэ дыдэу зэрихьэрт «категорие лъагэ зиIэ дохутыр» цIэр. Къыхуагъэфэщат «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэри, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденри, нэгъуэщI къэрал дамыгъэхэри, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэди.
- Апхуэдиз лэжьыгъэ купщIафIэ зэфIэзых бзылъхугъэм и щIыбагъ унагъуэ дахи къыдэтт. 1956 гъэм Еленэ щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ ХьэкIуащэ Андрей, филологие щIэныгъэхэм я доктор, зи цIэр жыжьэ Iуа еджагъэшхуэр. Абыхэм бынитI къащIэхъуащ: Мадинэрэ Аслъэнрэ. Я анэм и щапхъэм тету, ахэр хуеджащ дохутыр IэщIагъэм. Мадинэ иужькIэ филологием зритыжащ, щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ. Аслъэн (и ахърэтыр нэху ухъу) илъэс куэдкIэ ирилэжьащ зыхуеджа IэщIагъэм, пщIэрэ щытхъурэ иIэу.
- Илъэс 30-кIэ зэдэпсэуауэ аращ Андрейрэ Еленэрэ. 1986 гъэм Еленэ зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ.
- — Сымаджищэхэм я узыр ящхьэщызыхыу щыта ди анэ дахэр апхуэдэу тIэщIэкIащ, — и анэр игу къегъэкIыж ХьэкIуащэ Мадинэ. — Узыр къызэIэхэм я хущхъуэгъуэ къахуэзыгъуэтыну хущIэкъуу щыта дохутыр Iэзэм езым и хущхъуэгъуэ дунейм телъыжакъым… Гу щытхуэу, ди IэфIагърэ гулъытэрэ нэхъыбэIуэу едгъэлъагъуну дыхунэсакъым ди анэм… ДохутырыфI сыхуэза нэужь, ди анэри си дэлъху закъуэри сигу къокIыж. Абыхэм хуэдэу нэхъуеиншэу, гу къабзэ-псэ къабзэкIэ псоми я Iуэхур зэрахьамэ, сыту фIыгъуэшхуэт лъэпкъым и дежкIэ.
- Нобэ дунейм темытыжми, ХьэкIуащэхэ я унагъуэм я гъусэщ я анэри я дэлъхури, жаIа псалъэ IущхэмкIэ, зэфIаха IуэхущIафэ екIухэмкIэ, яIа гупсысэ шэщIахэмкIэ. Абыхэм я фэеплъхэр сакъыу яхъумэ Андрейрэ Еленэрэ я къуэрылъху-пхъурылъхухэу Алиярэ Инарэрэ. Абыхэм ягъэдахэ икIи ягъэIэфI я адэшхуэ гумащIэ Андрей и гъащIэр, лъэпкъ къуэпсыр яукъуэдийуэ, унагъуэм илъ хабзэм лъабжьэ быдэ хуэхъуу. Ахэращ нуру зыхуэблэр дохутыр щэджащэу, цIыху псэ къабзэу щытахэу Еленэрэ Аслъэнрэ я вагъуэр.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.