ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бзэрабзэ, си адыгэбзэ!

2020-01-10

  • Егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэралым къигъэув стандартыщIэм тету Налшык къалэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым лъэпкъыбзэхэр егъэджынымкIэ и къудамэм къызэригъэпэщауэ къалэ кIуэцIым щыIэ сабий садхэм адыгэбзэкIэ семинархэр щрагъэкIуэкI. Зи чэзу Iуэхур иджыблагъэ щызэхэтащ прогимназие №41-м. ХьэщIэхэу яхуеблэгъат Налшык къалэ егъэджэныгъэмкIэ и департаментым лъэпкъыбзэхэр егъэджынымкIэ и методист ЛIыIэщын Людмилэ, къалэм дэт сабий садхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэр.

  • Адыгэ хабзэм къызэрезэгъыу хьэщIэхэр IуэхущIапIэм ирагъэблагъа нэужь, ЛIыIэщын Людмилэ иджыри зэ ягу къигъэкIыжащ мы Iуэхур къыщIызэрагъэпэщам и щхьэусыгъуэр. Ар IуэхущIапIэ зэмыщхьхэм щылажьэ егъэджакIуэхэр я гъэунэхуныгъэхэмкIэ зэдэгъэгуэшэнырщ, зыр адрейм и лэжьэкIэм кIэлъыгъэплъынырщ, дерсым и кIуэцIкIэ сабийхэм нэхъ тыншу щIэныгъэ бгъэдалъхьэн папщIэ къагъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэгъэхъуэжэнырщ.
  • Япэу хьэщIэхэр еблэгъащ категорие нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэ Зэнил Радинэ зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм нэса цIыкIухэм я деж щригъэкIуэкIыну дерсым. Ар теухуат Нало Заур и «Мамышэ и маршынэр» Iуэтэжым. НобэкIэ ди гъащIэм хэпща хъуа технологиещIэхэр къигъэсэбэпкIэрэ егъэджакIуэм игъэхьэзыра презентацэмкIэ щIидзащ урокыр. Абы сабийхэм яригъэцIыхуащ адыгэ литературэм, IуэрыIуатэм хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэ хуэзыщIа, зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэу щыта Нало Заур, и сурэт яригъэлъагъукIэрэ. ЦIыкIухэр щигъэгъуэзащ Налом сабийхэм папщIэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм.
  • Сабийхэм тхыгъэр, хъыбарыр нэхъ тыншу ягу ираубыдэн, я бзэм зрагъэужьын, гупсысэфу ирагъэсэн папщIэ къагъэсэбэп мнемотаблицэри дерсым къыхихьэкIэрэ, Радимэ цIыкIухэм IупщIу я нэгу къыщIигъэуващ Iуэтэжым къыщекIуэкI Iуэхур. ИужькIэ те-мэм ехьэлIауэ гъэсэныгъэ-ущииныгъэ зыхэплъагъуэ сурэтхэмкIэ  игъэлэжьащ. Теплъэгъуэ къэс цIыкIухэм фIы гуэр халъагъуэмэ, апхуэдэ хьэл пхэлъын хуейуэ къалъытэмэ, нэхъапэкIэ ягъэхьэзыра жыгым пагъэпщIэн хуейт тхьэмпэ удзыфэхэр. ИужькIэ  къапщытэжащ адыгэ хабзэм, нэмысым, хьэл-щэным ехьэлIауэ зрагъэщIа псалъэжьхэр. Дерсым и кIэухыу темэщIэр къызэщIригъэкъуэжщ, сабийхэм я упщIэхэм жэуап яритри, дамыгъэхэр яхуигъэуващ.
  • КъыкIэлъыкIуэу, 1-нэ классым щIэс цIыкIухэм деж урок гъэщIэгъуэн щригъэкIуэкIащ категорие нэхъыщхьэ зиIэ Белгъуш Заретэ «Макъ «Iу», «хьэрф «Iу» — арат абы фIищар.
  • Дерсыр гъэщIэгъуэну зэхиухуэнат егъэджакIуэм. ЦIыкIухэр мэзым кIуэну игъэхьэзыр хуэдэти, ШыкъумцIийкIэ еджэу зы щIалэ цIыкIу къакIэрыхуауэ бжэм къытеуIуэщ, къахэтIысхьэжри — щIидзащ дерсым. Гъуэгуанэ теувэн и пэ къихуэу, «я бзэгу цIыкIухэр къагъэушын» папщIэ, макъ зэмыщхьхэр къригъауэурэ зрагъэцIыхуа хьэрфхэр еджакIуэхэм къаригъэщIэжащ Заретэ. ИужькIэ къахуэкIуауэ пощтым илъ письмом гу лъитэри, ар зэтрихри итым къахуеджащ. «Алыфбей рубрикэм» щытхэ «КъэщIэрей» корреспондентым цIыкIухэм лэжьыгъэ зыбжанэ къахуригъэхьауэ арат. Ахэр ягъэзэщIа нэужь, егъэджэныгъэмкIэ къэралым къигъэув стандартым тету, цIыкIухэм заригъэгъэпсэхури, адэкIэ дерсым пащащ. ТемэщIэм хишэн папщIэ письмом жыгыуIум теухуауэ ит къуажэхьыр къаригъащIэри, жэуапым хэт макъыщIэр къригъэгъуэтащ егъэджакIуэм. Хьэрф «Iу»-м и къэпсэлъыкIэр, и тхыкIэр яригъэщIа нэужь, цIыкIухэм я пщэхэм хьэрфхэр ищIауэ илъти, сабийхэр къыдишри «Хьэрф гъуэщахэр» джэгукIэмкIэ псалъэхэр къыхригъэщIыкIащ. АдэкIэ тхылъым Iуащхьэмахуэ теухуауэ ит тхыгъэ кIэщI цIыкIум сабийхэр къригъаджэри, бгым теухуа презентацэр дерсым щагъэлъэгъуащ. ТемэщIэм ехьэлIауэ цIыкIухэм зрагъэщIар къыщапщытэжым егъэджакIуэм абыхэм Iэмал яритащ, зэрылэжьам теухуауэ, езыхэм дамыгъэ зыхуагъэувыжыну.
  • Урокыр иуха нэужь хьэщIэхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дерсхэр щрагъэкIуэкI пэшхэр зэпаплъыхьащ. Ахэр зыхуей псомкIи къызэгъэпэщат, дерсыр гъэщIэгъуэну ебгъэкIуэкIын папщIэ къэбгъэсэбэп хъуну иджырей техникэхэмкIи зэщIэузэдат.
  • АдэкIэ хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ!» нэгузыужь теплъэгъуэм. Ар ягъэхьэзырат адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэу Зэнил Радинэрэ Белгъуш Заретэрэ, хореограф Хаевэ Иринэ, макъамэмкIэ егъэджакIуэ Жмаевэ Татьянэ сымэ.
  • Гуп зэхуэмыдэхэм къыхаша сабийхэр къыщеджащ адыгэбзэм теухуауэ ди тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм, уэрэдхэр щыжаIащ, къэфащ.
  • ЗэIущIэм и кIэухыу махуэм ялъэгъуар къыщапщытэж Iыхьэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ екIуэкIа Iуэхур егъэджакIуэхэми, IуэхущIапIэми сыт и лъэныкъуэкIи къазэрехъулIар.
  • Налшык къалэ дэт сабий сад №40-м и гъэсакIуэ Къарэжь Тамарэ жиIащ:
  • — Нобэ дызыщIэса дерситIыр езыгъэкIуэкIа егъэджакIуэхэм ягури и псэри хэлъу апхуэдэт. Пэшым сабийуэ щIэсыр Iуэхум къыхэпшэн щхьэкIэ гъэсакIуэ нэсу ущытын хуейщ, атIэ апхуэдэ лэжьыгъэ къайхъулIащ Радинэрэ Заретэрэ. Бзэм и Iуэхур адэ-анэм, унагъуэм деж къыщежьэми гъэсапIэм, школым къэкIуа нэужь ар адэкIэ зэлъытар сабийр зи IэмыщIэ ихуэ егъэджакIуэр аращ. Дэ нобэ хьэкъыу тпхыкIащ мы егъэджакIуэхэм я нэIэ щIэт цIыкIухэм нэсу ди анэдэлъхубзэр зэращIэнур, икIи IэщIыб зэрамыщIынур.
  • Гимназие №13-м къепхауэ лажьэ сабий садым и гъэсакIуэ АфIэунэ Зэужан и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ мы IуэхущIапIэм къыщыдэбэкъуа дакъикъэм къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэм ядилъэгъуа хабзэр нэхъыщIэхэми къамыщтэнкIэ Iэмал зэримыIэр. Дерс зыщIэсахэм дагъуэ яхуищIын дэнэ къэна, методикэ и лъэныкъуэкIэ езым и лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпын хуэдэу Iэмал зыбжанэ къызэрыхихари жиIащ.
  • Сыт хуэдэ лэжьыгъэри мэкIуатэ, ар къыбдэзыIыгъын унафэщI уиIэмэ. Бэрэгъун Марианэ IуэхущIапIэм щекIуэкI дэтхэнэ лэжьыгъэри и Iэгу зэрикIыр къапщIэу, Iуэхум екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Зы махуэ Iуэхукъым хьэщIэхэм мы семинарым щалъэгъуар, атIэ махуэ къэс ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и кIапэщ. Прогимназием щалъэгъуа псомкIи хьэщIэхэр арэзыуэ зэхэкIыжащ.
  • ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.