ТхакIуэм и иужьрей IэдакъэщIэкI
2019-11-19
- Журт Биберд Къумыкъу и къуэр Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэм 1937 гъэм мэлыжьыхьым и 19 къыщалъхуащ. А зэманым халъхуа куэдым хуэдэу, Биберд сабиигъуэ дахэ, щIалэгъуэ тынш иIауэ жыпIэ хъунукъым.
- Къуажэ школыр къиуха иужькIэ, зы илъэскIэ колхозым щылажьэ-ри, 1958 гъэм КъБКъУ-м и филологие факультетым щIэтIысхьащ. А илъэсхэм абы и усыгъэ щхьэхуэхэр, Iуэтэж кIэщIхэр къытехуэу хуожьэ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ. 1964 — 1978 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ и комитетым корреспонденту, литературэ-драмэ нэтынхэм я редактор нэхъыжьу щолажьэ. 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ Журтыр «Нур» сабий журналым и къудамэм и редакторщ.
- ТхакIуэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр гъащIэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм тегъэпсыхьащ. Биберд и псалъэ купщIафIэхэр зыщIэлъ уэрэдхэм ягъэдахэ, ягъэлъапIэ лъахэр, ныбжьэгъугъэр, цIыхугъэр, лъагъуныгъэр…
- ТхакIуэм и Iуэтэж купщIафIэхэмрэ псэр зыгъэгуфIэ повестхэмрэ къищынэмыщIауэ, и къалэмыпэм къыщIэкIащ драмэ хьэлэмэтхэри. Абы и пьесэхэр щагъэуващ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Мэхъэчкъалэ, Ташкент, Уфа къалэхэм, нэгъуэщIхэми.
- Нобэ лъэпкъ литературэм игъуэта зыужьыныгъэм Журт Биберд и гуащIи и фIыщIи хэлъщ. Абы и цIэр яхэтщ адыгэ сабий литературэр езыгъэфIэкIуахэм. Журт Биберд и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Си унэцIэ дыдэр» (1971), «Си сабиигъуэм и бжьэпэ» (1974), «Гъатхэ пасэ» (1980), «Адэжь лъапсэ» (1987), «Ажэкъуэ» (1993), «Тхыгъэхэр» (1997), «Вагъуэбж» (1994) тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
- Биберд адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ тхакIуэ цIэрыIуэ куэдым я тхыгъэ купщIафIэхэр. Абыхэм ящыщщ Толстой Алексей, Айтматов Чингиз, Думбадзе Нодар, Карим Мустай сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр. Журтым зэридзэкIа пьесэ зыбжанэ игъэуващ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым.
- Журт Биберд Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэмрэ Журналистхэмрэ я зэгухьэныгъэхэм хэтащ. 1991 гъэм абы къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- Фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэм 2002 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ. А лъэхъэнэм, детектив жанрым зрагъэужьын мурад яIэу, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм тхыгъэ зэпеуэ къыхилъхьат. Биберд и повестым къежьапIэ хуэхъуари аращ. Тхыгъэр редакцэм кIасэу къызэрыIэрыхьам къыхэкIыу, традзауэ щытакъым.
- «Шыдыгъу» повестыр зи Iэдакъэ къыщIэкIар мыпсэужми, ди щIэджыкIакIуэхэм IэмалыфI яIэщ а тхыгъэм псом япэ нэIуасэ зыхуащIыну.
- Журт Биберд
- Шыдыгъу
- Повесть
- I
- Лэжьыгъэ нэужьым, Езид унэм дэмыхьэжу, Долинск хадэм дэкIуеящ. АтIэми, бжьыхьэку мазэ телъыджэт, нэр зытеплъэм псэр ихьэхуу. Долинск узэрынэсу щIидзэрти, нэм илъагъу псор жыг хадэт. Мы гъэм пхъэщхьэмыщхьэр апхуэдизкIэ бэгъуати, ерагъкIэ жыгым иIыгъ къудейт, къещIыкIэха къудамэхэри мащIэтэкъым.
- Унэ дахэ куэд иращIыхьащ цIыхухэм я хадэхэм, тIууэ зэтетрэ дунейр я инагъыу. Апхуэдэхэм нэхъыбэр зэреджэр дачэт. Езид ящыщтэкъым унэшхуэ зыщIахэм. Ар къелыжу ирикъурт илъэс зы пщыкIутху ипэкIэ, щIыр къыщратагъащIэм, ищIа унэ цIыкIум. ПэшыфIитI хъурт, кIэлындор тIэкIуи Iутыжу, нэхурэ Iэхуитлъэхуиту. Пэжу, ар щищIам щыгъуэ, зылъагъур ехъуапсэрт, нэхъ ини нэхъ дахи а щIыналъэм иттэкъым. Абы щыгъуэ жаIэрт: «ТIэ, мылицэм хэтым унэ имыщIмэ, хэт ищIын?» Мо унэ зэтет инхэр къращIэкIа иужьи ягъуэтащ Езид къыхужаIэн: «Хуейкъыми аращ, армыхъумэ, дыщэу ирищIыхьынкIэ тхьэ дыгъаIуэ. СлIо, апхуэдизрэ мылицэм хэта полковникым унэ хуэмыщIыну ара?» Ахэри зэхихыжырт Езид, зэхихыж къудей мыхъуу, къраубыдылIэу къыщыжраIэри мащIэтэкъым. Ауэ полковникыр и пащIэкIэ щIэгуфIыкI мыхъумэ, апхуэдэхэм жэуап лъэпкъ яритыртэкъым. ЯриткIи, къагурыIуэнутэкъым, ар къызыгурыIуэнум апхуэдэу къыбжиIэнукъым. ТIэ, сыт дунейм абыхэм уепсалъэу зэманыр щIэбгъэкIуэнур?
- Абыхэм егупсысурэ дожей Езид Долинск, дожей, мыпIащIэурэ. Дунейм и дахагъэмрэ нэм илъагъу бэвыгъэшхуэмрэ нэхъ ин ящIырт цIыхур, нэрымылъагъу фIыгъуэ гуэрхэм хураджэу, хуаIэту. АтIэ Езид нэщхъейщ, гукъыдэж лъэпкъ иIэкъым. Апхуэдэурэ здэжэм, игу къэкIыжащ нышэдибэ лэжьапIэм щекIуэкIа псалъэмакъ мыхъумыщIэр, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, псалъэмакъ гуауэр. ИгъащIэ псом апхуэдэ псалъэмакъ щекIуэкIыу щытакъым и лэжьапIэм, ауэ илъэс ныкъуэфI хъуауэ, я унафэщIыр зэрызэрахъуэкIрэ, псалъэмакъыр щIэх-щIэхыурэ къэхъей хъуащ. ЩIэуэ къагъэкIуа унафэщIым, Мурат, зыкъом лъандэрэ мылицэм хэта щхьэкIэ, унафэщI хъунутэкъым, иIэтэкъым апхуэдэ зэфIэкI. ЗэфIэкI зэримыIэр апхуэдизу шынагъуэтэкъым, ар къыгурыIуэжу, зыгуэрхэр зригъэщIэну иужь иту щытатэмэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, къызыхыхьахэр лэжьэфыркъым. И щхьэ течауэ ар псоми яжриIэфыртэкъым, ауэ зыгуэрхэр я закъуэу къиубыдурэ яреIуэкI, мыдрейхэми ар ауан ящIу, яIуэтэж. Пэжу, унафэщIыщIэр зыкъомкIэ нэхъыщIэщ Езид нэхърэ, и дамэтелъми зы вагъуэшхуэ хущощIэ Езид лъэщIыхьэным. Ар подполковникыу аращ. УнафэщIу къыщагъэкIуагъащIэм, ар зыкъомрэ яужь итащ Езид нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищIыну, зыкъыхуищIу адрейхэм я щэхухэр жригъэIэну. АрщхьэкIэ, мо лIы губзыгъэм зэуэ къыгурыIуэщ и унафэщIыщIэр зыхуейри, жриIащ а къыхуимурадхэм зыри къызэримыкIынур. Абы лъандэрэ Езидым къепэбжьауэу щIидзащи, щыхъунуми щымыхъунуми зыгуэрхэр къреутIыпщ. Мис нышэдиби Езид и лэжьэгъухэр псори щIэсу къыжриIащ мыхъун, делагъэ. Езиди ар хуэмышэчу зызэраупсейри, тIуми яхуэмыфащэ куэд зэрапэсащ.
- Зыкъом щIауэ Езид гурыщхъуэ ищIырт отделым щыщ гуэр абы бзэгузехьэу зэрыхуэувам. Хэт сыт ищIэми, хэт дэнэ щыIами, е нэхъ тэмэму жыпIэмэ, дзыгъуэ гъуанэ дихьа къимыгъанэу, отделым щекIуэкI псори жриIэрт. Ауэ ар хэтми къыхуэщIэртэкъым полковникым. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, къищIэнуи хуейтэкъым. Абы сыт щыгъуи и жагъуэт хьэргъэшыргъэр, псалъэмакъ мыфэмыцхэр. Iэмал зэригъуэткIэ абыхэм запыIуидзырт. Ауэ нышэдибэ абы Езид зыкъызэрыхуищIамрэ къыжриIахэмрэ зэи хуимыгъэгъуну арат. КIэ иIэн хуейщ сытми, псом хуэмыдэу апхуэдэ псалъэмакъ мыфэмыцхэм.
- Езид хадэм нэсащ. Машинэр пщIантIэм дигъэхьэри, сыт щыгъуи хуэдэу, бжэIупэм Iут кхъужьей абрагъуэм и лъабжьэм щIигъэлъэдащ. Жыг лъабжьэм щIэлът хъууэ къыпыхуа кхъужь тIыгъуа зырызхэр. Ахэр апхуэдизкIэ дахэт, хъуэпсэгъуэти, ауэ уздеплъ къудейм пхузэфIэмыкIыу уи гурыIупсыр къагъажэрт. Езид жыгым дэплъеящ. Абы кхъужь зэмылIэужьыгъуэ зыщыплI пытт. Пасэу, мис иджы хуэдэ зэманым хъухэм къыщыщIэдзауэ уэс къесыхункIэ пытхэм щиухыжу. А жыг телъыджэр хэзысамрэ щыхасамрэ зыми ищIэртэкъым, ищIэртэкъым езы Езиди. Хадэр къыщыхупачым, а зы жыгышхуэр иту къылъысати, ириупщIыкIакъым, ириупщIыкIыным и пIэкIэ и унэ цIыкIур абдеж щищIащ. Жыгыр апхуэдэу зэрыхьэлэмэтыр къыщищIар етIанэгъэрщ, кхъужь къыпыкIа иужькIэщ.
- И хадэр ихъуреягъкIэ къызэхикIухьащ Езид. Зэран щыIэ хуэдэтэкъым. «И хьэлэлщ мы хъумакIуэ лIыжьым еттри», — егупсысащ ар. Абы ипэкIэ къалэм къикI щIалэжь цIыкIухэм Iисраф ящIырти, ягъэбампIэрт. Мы лIыжьыр къызэращтэрэ тыншыжахэщ. ХъумакIуэр Езид къызэрилъагъурэ нэхъ нэшхуэгушхуэу къыхущытт, и цIэри жимыIэу, сыт щыгъуи къызэреджэр полковникт. Хадэр къызэхиплъыхьри, Езид унэм щIыхьащ зэрылэжьэну щыгъыныжьхэр щитIэгъэну. Щыгъыныжьхэр щитIагъэри, зы тутыни ефащ Езид, къыщыщIэкIыжым абы и щхьэ щIыбым удын хьэлъэ къытехуэри, зимыщIэжу джэлащ.
- II
- Езид жэщым къыщымыкIуэж куэдрэ къэхъурт. Тынштэкъым бзаджащIэхэр къэплъыхъуэну, нэхъ гугъужт ахэр къэбубыдыну. Апхуэдэхэм деж мы зы жэщу, мы жэщитIу пэрытт я IэнатIэ мытыншым, зызэфIамыхарэ а зэрыхуэпауэ зы сыхьэт къещхьэукъуэхыну къахуихуамэ, абы щыгуфIыкIыу. Ауэ, есэжахэти, къазэрыфIэIуэхужи щыIэтэкъым езыхэм.
- Унагъуэшхуэтэкъым Езид: зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ иIэу арат. Хъыджэбзым, Мэрзидан, и ишэгъуэ дахэу, щIалэм, Мурадин, и къэшэгъуэ фIыуэ блэкIауэ. Езид и щхьэгъусэр иIэжтэкъым. Хъыджэбз цIыкIур илъэсибгъу фIэкIа мыхъуауэ, ар дунейм ехыжащ. Абы лъандэрэ и закъуэщ, къимышэжауэ: хуеякъым сабиитIым анэнэпIэс яхуищIыну. Iыхьлыхэми благъэхэми ямыгъэпсэууэ куэдрэ иужь къитащ зыгуэр кърагъэшэжыну. Ялъагъурт Езид и фэм икIыр. Лэжьыгъэ гугъумрэ унагъуэ зехьэнымрэ здэпхьыну тынштэкъым. Хэт нэхъри нэхъыфIу ар езыми къыгурыIуэжырт. Мурад ищIат сабийхэр унагъуэ хъумэ, езыми зыгуэр ищIэну. АрщхьэкIэ, щIалэм къимышэжыныр къыхуэкIуащ. Иджы абы и Iуэху зэрихуэжынутэкъым, хъыджэбзым унагъуэ игъуэтамэ.
- И адэр жэщым къыщымыкIуэжым, Мэрзидан къэгузэващ. ИщIэртэкъым нэхъапэхэм нэхърэ и гур нэхъ щIэгузавэр, щIэхьэжэпхъажэр. Жьыуэ къэтэджри, и дэлъхур зыщIэлъ пэшым щIэплъащ. Ари нэщIт, ари ныжэбэ къекIуэлIэжакъым. Мэрзидан телефоныр къищтэри, и адэм и лэжьапIэм псэлъащ, арщхьэкIэ, и адэр здэкIуам теухуауэ жэщ къэрэгъулым зыри къыжриIэфакъым. Сыт ищIэнт, и зэман къэсати, лэжьакIуэ кIуащ, сыхьэтибгъу хъумэ, и адэм къыдэлажьэ щIалэм епсэлъэну мурад ищIри.
- Зэрахабзэу, Капитани (арат следователым Мухьэдин и лэжьэгъухэр къызэреджэр, илъэс куэд щIауэ капитаным зэрыфIамыгъэкIым щхьэкIэ), Заурбэчи, адрейхэри жьыуэ къэкIуащ лэжьапIэм. Заурбэч и кIагуэр фIэдзапIэм фIидзауэ, стIолым щыбгъэдыхьэ дыдэм телефоныр къеуащ.
- — Нэху игъэщыжыртэкъэ мыбы! — жиIэри, Заурбэч телефон трубкэр къытрихащ. — СынодаIуэ… Хэтщ жыпIа къэпсалъэр?.. А-а, атIэ, атIэ, сыт ущIэзмыцIыхур?.. Къэпсэлъакъэ?.. КъызгурыIуащ… Узыншэу.
- Заурбэч телефон трубкэр трилъхьэжри, Капитан еплъащ.
- — Сыт къэхъуар? — щIэупщIащ Капитан.
- Абы ирихьэлIэу пэшым къыщIыхьащ я лэжьэгъу Исуф.
- — Езид и хъыджэбзращ къэпсэлъар, ныжэбэ ди адэр къэкIуэжакъым, жи!
- — Уэлэхьи, и адэр мыкIуэжыху къэпсалъэмэ, гугъу ехьынум ари, — и псалъэм дыджагъ гуэрхэр щIэлъу къыпыгуфIыкIащ Исуф.
- Капитанрэ Заурбэчрэ абы ней-нейуэ еплъа мыхъумэ, зыри жраIакъым.
- — Зы Iуэхушхуэ гуэр щымыIэмэ, ар жэщкIэ емыкIуэлIэжу и мыхабзэу дэнэу пIэрэ здэщыIэр? — игъэщIэгъуащ Капитан.
- — Дэнэ щыIэн, жэщ хэпщ ищIа хъунщ! — къыпыгуфIыкIащ Исуф гуэрыр, — щхьэгъусэкъым, нэгъуэщIкъым, абы дыхуэдащэрэт. Кабинетым щIэкIмэ трахун къыфIощIри, щIэсщ щIэгъухьыжауэ.
- — Езид здэщыIэр сщIэркъым, ауэ и хъыджэбзыр мэгузавэ. Иджы фIэкIа зэи къэпсэлъакъым ар, си адэр къэкIуэжакъым жиIэу, — Исуф къибжхэр къыфIэмыIуэхуу, Капитан зыхуигъэзащ Заурбэч.
- — Шэджагъуэ хъуху дызэIуплъынщ, апщIондэхукIэ къыкъуэкIынщ дэнэ щыIэми, — жэуап къитащ Капитани, Исуф и псалъэхэм къызэрагъэлыбар IупщIу. Ауэ Исуф зыхуигъазэу зыри жриIакъым.
- — ДызэIуплъынщ, — жиIащ Заурбэчи, — нэгъуэщI зыри къытхуэнэркъым.
- Капитанрэ Заурбэчрэ тхылъымпIэ гуэрхэм хэплъэу тIысащ, Исуф и Iуэху зрамыхуэу, ауэ Исуф щытт къикIукI-никIукIыу, зэзэмызи и дзэлыфэр итIу. Капитан, зэплъри имылъагъуу, Исуф и псалъэхэм къигъэгубжьат.
- — А тхылъымпIэм фыхэплъэ нэхърэ нэхъыфIщ фи унафэщI кIуэдар къэвгъуэтыжи, — ауан хэлъу къызыкIэщIиутIыпщыкIри щIэкIыжащ Исуф.
- Капитани и къалэмыр ину стIолым тридзэри, къызэщIэнауэ къэтэджащ:
- — Мы Алыхьталэм дауэ ишэчрэ апхуэдэхэр?! — жиIащ абы, Заурбэч жриIэми и щхьэ хужиIэжми мыгурыIуэгъуэу. — Апхуэдэу щытакъым ар, иужьрей зэманым зэIыхьащ…
- — Райотделым и унафэщIу ЩхьэхуэфI Мурат къызэрагъакIуэрэ, — жиIащ Заубэч ищхьэр къимыIэту. — Ар умыщIэу ара?
- — Сыт ЩхьэхуэфI Мурат къызэрагъэкIуамрэ абырэ Iуэхуу зэхуаIэр? — игъэщIэгъуащ Капитан.
- — Уа, си нэхъыжьыфI, си нэхъыжь дахэ, жысIэIамэ уи жагъуэ хъунущ, мы дуней узытетым зыри хэпщIыкIыу си гугъэкъым сэ. А щIэкIыжар Мурат и бзэгузехьэу зэрыувар умыщIэу, умылъагъуу ара уэ? Хьэмэрэ апхуэдэу фэ зытебгъауэу ара?
- — Сыт ЩхьэхуэфI Мурат бзэгузехьэ зэрищIынур, и натIэм иримыундэкIынумэ сщIэркъым нэгъуэщI!
- — Сыт бзэгузехьэ зэрищIыну жыхуэпIэр? Абы ищIэн хуейщ уэ пщIэ псори, уздэкIуэри, ущIэкIуэри, укъыщIэкIуэжри, псори. Зымахуэ шхапIэ къызэIузыха а уи шыпхъум деж дыщыкIуар пщIэжрэ?
- — Сыт щIэзмыщIэжыр, тхьэмахуэ хъуакъым абы лъандэрэ!
- — ТIэ, дыкъэкIуэжа иужькIэ къызыфIимыгъэIуэху-къызыфIимыгъэIуэхуу Исуф къызэупщIащ дыздэщыIамкIэ. Сэри, хьэрэмыгъэ лъэпкъ сигу къэмыкIыу, жесIащ дыздэщыIар. ЕтIуанэ махуэм ЩхьэхуэфIым къызжиIащ шхакIуэ дыщыкIуэну сыхьэт бжыгъэр убзыхуауэ зэрыщытыр, и мычэзууэ къэдджэдыхьу уэрамым дыщIыдэтын лъэпкъ зэрыщымыIэр. Сэ делэми зэуэ къызгурыIуакъым ар зытепсэлъыхьыр. ИужькIэ хуэм-хуэмурэ къэсщIауэ аращ Исуф бзэгу зэрыхуихьар.
- — А жыхуэпIэм дыкъэсыжауэ аращ! — ину щэтащ Капитан, — джэдгын зи жагъуэ и пэ лъабжьэ къыщIокIэ жыхуаIэм хуэдэу, бзэгузехьэм силIыкIырти, ди джабэм къыкIэщIэтIысхьамэ зэ унэгъуэу дыунащ, жыпIэркъэ!
- — Аращ, си Капитан дыщэ, ууна-умыунами!
- Капитан къэтэджри, щхьэгъубжэм дэплъу уващ, и Iэхэр и щIыбагъымкIэ щызэрыдзауэ. Апхуэдэу зыкъомрэ щыта иужь, сыхьэтым еплъащ. Ар хуабжьу къызэрыгубжьар и щхьэпхэтIыгумкIэ илъагъурт Заурбэч.
- — Бзэгу зезыхьэм и щхьэ пщIэ хуищIыжыркъыми зэрехьэ, апхуэдэхэр тхьэмыщкIэу Алыхьым къигъэщIащ, абы зыри пхуещIэнукъым. Ауэ а зэрезыгъэхьэхэрщ сэ къызгурымыIуэр… Щхьэ ядэрэ?
- — Ахэри зыкIи нэхъ щIагъуэкъым, ахэри къигъэщIащ Алыхьым, — къыпыгуфIыкIащ Заурбэч. — ЩхьэхуэфIым хуэдэхэр бзэгузехьэ щIыхуейр сэ бжесIэнщ, ухуеймэ?
- — КъызжеIэ, хъун хуэдэ гуэру щытмэ, уэ хуабжьу щыкIэребгъасхьэ къохъу.
- — Ей, си Капитан дыщэу, си Капитан лъапIэ, сэ фIыщэу узолъагъури аращ, армыхъумэ, а иджыпсту сэ къызжепIар нэгъуэщI зыгуэрым жепIамэ, бий къыпхуэхъуат шыщхьэмыгъазэу. КъыбгурыIуа ар?
- — Къэбгъуэтащ бий пщIын! — и пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ Капитан.
- — ТIэ, къэухьышхуэ зимыIэ цIыхухэр, мис мы ди ЩхьэхуэфIым хуэдэхэр, яхуэмыфащэу къулыкъу ин къыщраткIэ, бзэгузехьэ ямыIэныр ажалым хуэдэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лэжьыгъэм хащIыкI щIагъуэ щымыIэмэ, и унафэм щIэтхэр езым нэхърэ куэдкIэ нэхъ губзыгъэмэ, сыт абы къыхуэнэр? Бзэгузехьэм абы жриIэнущ уи щэху, си щэху, адрейм и щэху. Мис, псалъэм папщIэ, уэ пивэ тIэкIур зыпэпщI щыIэкъым, сэри «сыкъэпцIэлащи», махуэр щыкIэщIым зыщыплIрэ докIуэ пивафэ. Ари лэжьэгъуэ зэману, дыщIэкIыну дыхуимыту, хабзэр къызэпыдуду. ЩхьэхуэфIым ар къищIэмэ, къуиудэкIынущ.
- — ТIэурэ-щэрэ къызиудэкIащ, адэкIэ нэхъ гъэщIэгъуэн гуэр жумыIэнумэ, щыгъэтыж, — Заурбэч и псалъэр Iэпиудащ Капитан.
- — КъуиудэкIакIэ тIэурэ-щэрэ? АтIэ дяпэкIэ лэжьапIэр зэрубгынэнум зыхуэгъэхьэзыр! КъыбгурыIуа бзэгузехьэхэр зищIысымрэ унафэщI тхьэмыщкIэхэм ар зэращIынумрэ? КъыбгурыIуамэ, накIуэ, пивэ зырыз дефэнщ, пхуэзгъэкIэщIынщ лэжьапIэм узэрыIутыну къыпхуэнэжа зэман тIэкIур!
- — Сэ сыIуахуу уэ укъыIуанэн уи гугъэ?
- — Ей, си Капитан дыщэу, си Капитан тхьэмыщкIэ, ари политикэщ. Абы зы щхьэусыгъуэмкIэ зэуэ тIу Iуиху хъунукъым. Абы щыгъуэм ищхьэмкIэ щыIэхэм ЩхьэхуэфIым къыжраIэнущ: «Уэ хьэдэр бгъейрэ, уи лэжьэгъухэр ефэу уэрамым щыдэткIэ?!» Ар къыжраIэну хуейкъым уи ЩхьэхуэфIми, япэщIыкIэ уи закъуэщ Iуихунур.
- — Уэ сытым деж ущыIуихунур?
- — Сэри? Сэ зэи сыIуихунукъым, сыту жыпIэмэ, уэ ущызимыгъусэжкIэ сэ пивэ ефэн хыфIызодзэж, пивэ ефэн щыхыфIэздзэжакIэ, сыт щхьэкIэ сыIуихун? СыIуихупэнуми, сыхуIухунукъым!
- Капитан сыхьэтым еплъри, гузавэу жиIащ:
- — Сыхьэт пщыкIутI хъуащ, Езид къыкъуэкIакъым. НакIуэ, ЩхьэхуэфIым жетIэнщ Iуэхур зыIутыр, армыхъумэ, щхьэ къызжевмыIарэ жиIэжынщ иужькIэ.
- — НакIуэ, жетIэну ди фарзщи, жетIэнщ, армыхъумэ, сыт абы хузэфIэкIынур? — къэтэджащ Заурбэч.
- — Къэвгъуэтыжа фи ныбжьэгъу кIуэдар? — мащIэу и пащIэ щIэгуфIыкIыу щIэупщIащ ЩхьэхуэфIыр. — Хьэмэрэ фымылъыхъуэххарэ?
- — Сыт ныбжьэгъу кIуэда, дэ ныбжьэгъу кIуэда диIэкъым, ди отделым и унафэщI полковник Бэвыкъуэ Езид нышэдибэ лъандэрэ лэжьакIуэ къэкIуакъым. Пщэдджыжьым, лэжьакIуэ дыкъэкIуа къудейуэ, и пхъур къэпсалъэри къыджиIащ ныжэбэ и адэр зэремыкIуэлIэжар, зэрыгузавэр. Дэ иджыри къэс дызэIуплъащ, полковникыр къэкIуэну дыщыгугъыу. КъэкIуакъым, ар бжетIэну дыкъыщIыхьауэ аращ, — хуабжьу къэгубжьауэ, ауэ ерагъкIэ зэрызиIыгъыр IупщIу жиIащ Капитан.
- — Сыт сэ къызжепIэкIэ пхуэсщIэнур?! Фи Iэ зэтедзэжауэ фыщымысу, нышэдибэ лъандэрэ фылъыхъуэн хуеящ. Ныжэбэ къалэм къыщыхъуа щIэпхъаджагъэхэм фыхэплъа?
- — Сыхэплъащ, ауэ абы хэслъэгъуакъым Езид зыхэхуэн Iуэху яхэту, — щабэу жиIащ Заурбэч. — Ауэ…
- — Сыт ауэр? Ауэ сыхуейкъым сэ. Сэ сызыхуейр лэжьыгъэщ! — IэщIиудащ унафэщIым Заурбэч къригъэжьар. — ФыкIуэ, дэни къифх, къэвгъуэт фи ныбжьэгъур!
- — Полковник Бэвыкъуэр, — жиIащ Капитан.
- — Аращ ар хэтми!
- — Сэ тхьэ пхузоIуэ, шынэхъыщIэ, мы къытхуагъэкIуа унафэщIыр е зещIмэ, е, нэсри къэсыжауэ, делэмэ. Дунэхъури, дыкъэсэхыжащ, иджы абы езауэу дэт уэрамым! — жиIащ Капитан, ахэр я пэшым щIыхьэжа иужь. — Езид нобэ къызэрымыкIуари дэнэ щищIэр?
- — Iуридзэжащ а нышэдибэ къыщIыхьам.
- — Исуфи? — щIэупщIащ Капитан.
- — Исуф, Исуф! — и щхьэр ищIащ Заурбэч.
- — СлIо, ари бзэгум хыхьэу ара?
- — Бзэгум псори хохьэ!
- Зы тэлайкIэ щыму щысащ следователитIыр. Абыхэм я щхьэм Iэджэ щызэблэкIырт. Ауэ къэхъуар умыщIэмэ, ущымыгъуазэмэ, сыт жыпIэнур? ТIуми яIэтэкъым жаIэн. Ауэ Заурбэч къэтэджщ, и плащыр щитIагъэри, Капитан зыхуигъэзащ:
- — НакIуэ сымаджэщым.
- — Сыт къэхъуар?
- — НакIуэ уэ. Ныжэбэ къалэм щалэжьа щIэпхъаджагъэхэм зы хъыбар яхэтщи, нышэдибэ лъандэм сызэрехуэ, ауэ зыри схужыIэркъым. Сигу къэкIар пцIыуэ Тхьэм къыщIигъэкI.
- III
- Езид и дачэр здэщыIэр щIыпIэ дахэ дыдэт: ижьырабгъумкIэ къуэ цIыкIум псыIэрышэшхуэ уэру щежэхырт, адэкIэ мэзышхуэт, хьэкIэкхъуэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэзэмызи уащрихьэлIэу. СэмэгурабгъумкIэ, дакъикъэ зыхыбл укIуэмэ, «Кхъужьей хадэ» зыгъэпсэхупIэшхуэр къыщытт. Нэхъапэхэм абы Iэуэлъауэ иныр щыувыIэртэкъым, фIыуэ хэкIуэтэхукIэ, зыгъэпсэхуакIуэхэри хьэпIацIэм хуэдэти, псоми я нэгу зрагъэужьырт. Иджы цIыхухэри нэхъ мащIэ хъуащ, япэм хуэдэу, Iэуэлъауи щыIэжкъым. Куэдрэ къохъу тIурытI-щырыщу е гупышхуэурэ дачэхэмкIэ къыщыдэкIуей заплъыхьыну, къалэдэсхэм ящI дачэ ахъырзэманхэр зрагъэлъагъуну. Къэхъурт, тIэкIу шынэми, ахэр дихьэхыу мэзым щыщIыхьи, псом хуэмыдэу мис иджы хуэдэ бжьыхьэхэм деж. Абыхэм щыгъуэ мэзым пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ къыщащып.
- Зы зэман зэ зыкъищIэжащ Езид. Абы зы Iэпкълъэпкъ иIэтэкъым къедэIуэжу, хуэгъэхъейуэ. Псом хуэмыдэу и щхьэр вурт, и нэхэми ялъагъу щыIэтэкъым. Хуэмурэ Езид къигупсысыжырт къэхъуар. Аращ — лэжьапIэр иуха иужь дачэм кIуащ, хадэр къиплъыхьащ, унэм щIыхьэри, зэрылэжьэнум хуэдэу зихуэпащ, къыщыщIэкIыжым и щхьэ щIыбым удын хьэлъэ къытехуэри, зимыщIэжу джэлащ. АдэкIэ-щэ? АдэкIэ мис, щылъщ мыбдежым, зэрыхуигъэфащэмкIэ, мыр и дачэр аракъым. Ауэрэ Езид къыфIэщIащ псалъэмакъ гуэрхэр зэхихыу. Абы и щхьэр къиIэтыну яужь ита щхьэкIэ, зыри къикIакъым: къиIэтын дэнэ къэна, хуэгъэхъеиххакъым. Хуэм-хуэмурэ, хъарпшэрыр нэхъ зэлъыIукIуэтри, къилъэгъуащ метр зыбгъупщI нэхърэ мынэхъ жыжьэу щыт «Волга»-р, абы лIитI бгъэдэту къыфIэщIащ. КъыфIэщIащ плащ кIыхьышхуэ зыщыгъ, шляпэ зыщхьэрыгъ лIыр ицIыхуу. Щыуагъэншэу макъри зэхихауэ. Дунейм сыт абыхэм мыбдеж щащIэр? Йофэ. Йофэ, тIэкIуи пIащIэу…
- — Иджы, си ныбжьэгъужь, къысхуэгъэгъу уи цIэри сщыгъупщэжащ, дызэрызэгурыIуа тIэкIур къызэптамэ, сэ сежьэжынт, — зым щыжиIэм, зи макъ ицIыхуу гурыщхъуэ зыхуищIыр къэпсэлъащ:
- — Уэстынкъэ дызэрызэгурыIуари! Сэ си псалъэ сепцIыжыркъым.
- — Хьэуэ, уэ уарещхькъым зи псалъэ епцIыжхэм, ауэ мыбдежми нэхъ псынщIэIуэу дыIукIмэ нэхъыфIщ. Жэщщ жыпIэ щхьэкIэ, пщIэнукъым къыбжьэхэуэнур.
- — Къигъахъуэ, зырыз дефэжынщ!
- ЛIым фадэр иригъахъуэу щIидзащ.
- — Ууейм из щIы, сэ плъагъуркъэ, рулыр сIыгъщ!
- — КъытхуэпщI ди унафэщ, зиусхьэн!
- ЛIым птулъкIэ нэщIыр лъэныкъуэкIэ хыфIидзэри, стэканыр къиIэтащ:
- — Уи саулыкъукIэ!
- — Уи хьэлэлщ.
- ЛIыр ефэри, стэканыр машинэ капотым тригъэувэжащ. Абы ирихьэлIэу мыдрейм и жыпым кIэрахъуэ кърихащ, макъыр зэрагъэужьых и пэм пылъу. И кIэрахъуэ къихи къыбгъэдэтым и еуи зы ищIащ. ЛIыр къызэфIэщэхащ. Ар щилъагъум, Езид хьэлъэу къыхэгурымыкIащ. Гурым макъыр щызэхихым, лIыр Езид къыбгъэдыхьащ, бэлътоку кърихамкIэ кIэрахъуэр зэпилъэщIыхьурэ. Абы и къыбгъэдыхьи и къеуи зыуэ лъа-къуэкIэ къыкIуэцIыпкIэу щIидзащ. Нэхъыбэу зэуэр и щхьэрт.
- — Мыр сIэщIэукIэпэнущ, — хуэпсэлъэжащ лIыр и щхьэ, — сэ сыхуейкъым мыр лIэну, мылIэ-мыкIуэду мы дунейм къытезнэну аращ, цIыхур зэрыхуейм хуэдэу хуиту зытримыгъэт дуней дахэшхуэм…
- Езид адэкIэ зыри ищIэжыртэкъым, ар аргуэру мэхащ.
- ХэкIуэтауэ мэзым зылIрэ зы цIыхубзрэ къыхэкIыжри, «Кхъужьей хадэ» зыгъэпсэхупIэмкIэ яунэтIащ. МыпIащIэурэ къыздэкIуэм, цIыхубзым и гъусэ лIыр иубыдри, ину къыхэкIиикIащ. ЛIыр къэщтащ. Ахэр Езидрэ абы пэмыжыжьэу щылъ хьэдэмрэ къыIууауэ арат. ЛIымрэ фызымрэ зэуэ къыщIэпхъуэри, зыгъэпсэхупIэм къэсыжыху къэжащ. «Кхъужьей хадэ» зыгъэпсэхупIэм и пщIантIэр нэщIт, дэтыж, дэсыж щIагъуэ щымыIэу. Аддэ жыжьэу тIысыпIэ кIыхьым зыгуэрхэр тесщ мэуэршэрри. АдэIуэкIи тутыныр Iурысу зылI дэтщ, къокIукI-нокIукIри. Мес, мылицэхэри дэтщ, хуэму къакIухь-
- ри. ЛIымрэ фызымрэ мылицэ щIалитIым ябгъэдыхьэри, жраIащ мобдеж, мыжыжьащэу, хьэдитI зэрыщылъыр.
- — Дэнэ деж дыдэ, фынакIуэт.
- АрщхьэкIэ тIуми кIуэн ядакъым.
- — Дыщыпсэу пэшхэр тхы, ауэ дынэкIуэнукъым, — жаIэу щаукъуэдийм, мылицэми ахэр хагъэзыхьыщакъым. ЗыщIэлъ пэшхэр ятхри, яутIыпщыжащ. Езыхэм рацэмкIэ машинэ къраджэри, хьэдэхэр здэщылъу жыхуаIамкIэ щIэпхъуащ.
- Хьэдэхэр моргым щыщIахьэм, зыр къэгурымащ.
- — Мыр псэущ, — жиIащ зы мылицэ щIалэм, къэщтарэ макъыр кIэзызу.
- Псэут Езид. Ар сымаджэщым яшэ-ри, щIагъэгъуэлъхьащ. ЗыкъыщищIэжар етIуанэ махуэм къулъшыкъушхуэхэм дежщ.
- IV
- И адэр жэщым къызэрымыкIуэжар щызэхихам Мурадин, Езид и щIалэм, уэимышхуэ ищIакъым. «Хэт ищIэрэ, зыгуэр къылъыкъуэкIа хъунщ», — егупсысащ ар. Ауэ, дауэ щымытми, хуэмышэчу дачэм дэкIуеящ. И шыпхъу нэхъыщIэм телефонкIэ къыжриIат: «Дачэм кIуэи плъэ, лэжьыгъэ нэужьым абы кIуэн хуэдэурэ жиIа сфIощIыж. Сыщымыуэмэ, аргуэру дачэхэр яхъунщIэу щIадзэжа сфIощI».
- И шыпхъум телефонкIэ епсэлъа иужькIэ, Мурадин куэдыщэ дыдэрэ зимыIэжьэу, Долинск дэкIуеящ. Ар я дачэм щынэсым, къэгузэващ: куэбжэхэр игъэузэщIыкIат, унэбжэри Iухат, ауэ и адэм и Iэуэлъауэ лъэпкъ щыIэтэкъым. Абы гу лъитакъым кхъужьей щIагъым щIэт пхъэ гъуэлъыпIэжьым жейуэ илъ хъумакIуэм. И гугъащ гъуэлъыпIэм къэпыжь гуэрхэр илъу. Ауэ Мурадин и Iэуэлъауэм къигъэуша лIыжьым и щхьэр къыщыкъуигъэ-жым, щIалэр хуабжьу къигъэщтащ. Зэманыр здынэсар хузэхэмыгъэкIыу куэдрэ зиплъыхьащ лIыжьым, щымыхъужым, Мурадин еупщIащ:
- — Уа, МишкIэ, пщэдджыжь хьэмэрэ пщыхьэщхьэ иджыпсту?
- Мурадин зыкъомрэ дыхьэшха иужькIэ щIэупщIащ:
- — Дэтхэнэр нэхъ къэпщтэнут, Михаил?
- — Пэжыр жысIэнщи, си дежкIэ тIури зыщ.
- — Уэ пщэдджыжьрэ пщыхьэщхьэ- рэ щыпхузэхэмыгъэкIыжкIэ, ныжэбэ фIыуэ щIэпкIащ, дауи?
- — ЩIэпкIащ, жи! ЩIэскIэу къэзгъэнэжа къудей? Мо зыкъом лъандэрэ семыфэжар тIэкIу къыстехьэлъащ. Уи адэжьым и машинэм зы бжьэ иту къэзгъуэтри, хуэм-хуэмурэ секъуащ. Дэнэ щыIэ ар езыр? Къеджэт мыдэ, хэт ищIэрэ, ди щхьэр дигъэщIыжынкIэ хъунщ, — жиIащ Михаил, къызэфIэувэурэ.
- — Дэнэ а жыхуэпIэр езыр здэщыIэр? — щIэупщIащ Мурадин, и гур мащIэу нэхъ зэгъауэ.
- — Слъэгъуакъым. Дыгъуэпшыхь бжэи щхьэгъубжи игъэузэщIыкIауэ сыкъыдыхьащ, езыри дэмысу. Сежьэщ-сежьэри, къыщымыкIуэжым и машинэм ит фадэр къисхри, сефащ. ИужькIи сефащ. Апхуэдэурэ жейр къыстеуэри, макIуэ-мэцIыв, сыIуичри, мис, сыкъэушауэ аращ.
- Михаил птулъкIэр къищтэу еплъа щхьэкIэ, ар нэщIт. Фадэ зэрыщымыIэжыр и жагъуэ хъуауэ, Мурадин зыхуигъэзащ:
- — Уэ сыт щыгъуэ, МишкIэ, укъыщыкIуар?
- — Сыкъэса къудейщ, Михаил. Ныжэбэ ди адэр нэкIуэжатэкъыми, сыгузавэри, сыкъыдэжат…
- — НэкIуэжатэкъыми жыпIа?
- — НэкIуэжатэкъым.
- — ТIэ, унэм нэмыкIуэжамэ, мыбы щымыIэмэ, ар дэнэ здэкIуэнур? — къызэрыгузэвар IупщIу, жиIащ хъумакIуэм. — ТIэ, и мыхьэл къиублэу пхъужь гуэр деж кIуауэ пIэрэ, ярэби?
- — Мурадин, абы жиIэр зэрызэхихышхуэ щымыIэу, пхъэ гъуэлъыпIэжьым и кIапэм тест гузавэрэ, ищIэнур имыщIэу. Ар хуэмурэ къэтэджри, унэбжэр игъэбыдэжащ, машинэр пщIантIэм къыдихужри, куэбжэм IункIыбзэ иритыжащ.
- — АтIэ, Михаил Михалыч, мыр щыдмыгъуэткIэ, машинэр сэ есхухыжынщ. КъыкъуэкIыжмэ, жеIэ сэ зэрысхужар. — Мурадин аргуэру зы бжьэ лIыжьым иритащ, машинэм кърихри. — Iэмал имыIэу жеIэ. Аргуэру ужеинщи, хэткъым.
- — Хьэуэ, сыжеинкъым, абыкIэ псалъэ узот, тIэкIу си щхьэр сщIыжынурэ, афIэкIа ткIуэпс сефэнукъым, — къыIурылъэлъырт лIыжьым, дуней гурыфIыгъуэ иIэу. — Уи адэм щхьэкIэ умыгузавэ, псори жесIэжынщ.
- Мурадин занщIэу Езид и лэжьапIэм ежэхащ. Абы фIыуэ ицIыхурт и адэм и лэжьэгъухэр, ауэ нэхъ и хэгъэрейр Капитант. Мурадинрэ Капитанрэ мызэ-мытIэу шыгъу-пIастэ зэдашхат, бдзэжьеящэ здэкIуат. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ахэр нэхъ нэIуасэ зэхуэзыщIар бдзэжьеящэрт.
- Мурадин и адэм хуэарэзыщэтэкъым: абы зэи къыбжиIэртэкъым и Iуэху зытет: гуныкъуэгъуэ иIэми сытми и закъуэу, зыкIи зыкъуимыгъащIэу ишэчырт. Ар идэртэкъым Мурадин икIи зыкъомкIэ захуэт. Зыгуэрхэр жиIэу, зыгуэркIэ къыбдэгуашэу щытамэ, мис иджы жиIэнури ищIэнури нэхъ убзыхуауэ щытынт. АрщхьэкIэ, сыт…
- Капитан щIэстэкъым, игъуэтакъым Заурбэчи. НэгъуэщI и дзыхь зригъэзын ицIыхухэм яхэттэкъым. ТIэкIуи хэплъэу мылицэ щIыхьэпIэм деж здэщытым, Исуф къыщIэкIыу Iууащ абы. Ней-нейуэ щIалэщIэм еплъри, Исуф щIэупщIащ:
- — Хэт ухуей, щIалэфI, мыбдеж щхьэ ущыт?
- — Iуэху сиIэу сыщытщ, — кIэщIу жэуап иритащ абы Исуф.
- — Къысхуэгъэгъу, зыгуэркIэ сэбэп сыхъун жызоIэри аращ, армыхъумэ, сэ мыбдеж къыIухьэ псоми сеупщIыркъым зыхуеймкIэ, — жиIащ Исуф нэхъ щабэу, а зэрыригъэжьам тету епсалъэмэ, щIалэм зыри къызэрыпимыхынур къыгурыIуэжауэ. — Сыщымыуэмэ, уэ Бэвыкъуэ Езид урищIалэщ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).