Хэхауэ хьэрычэтыщIэхэм ядоIэпыкъу
2019-11-19
- Урысейм и финанс-кредит IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэм — ХъумапIэ банкым — и лэжьакIуэхэм иджыблагъэ ягъэлъэпIащ банкыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 178-рэ зэрырикъур. А пIалъэм ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр иIэу ирихьэлIащ ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэри. Ди корреспондентыр щепсэлъам мы IуэхущIапIэм и унафэщIу иджыблагъэ ягъэува Бейтыгъуэн Залинэ къыжриIащ:
- Псом япэу къэгъэлъэгъуапхъэщ ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр республикэм и кредит-финанс IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэу зэрыщытыр. Ар куей псоми, апхуэдэу жылагъуэ нэхъ ину ди щIыналъэм щыIэхэм щолажьэ. Абы цIыху щхьэхуэхэм я ахъшэ гъэтIылъыгъэхэм я процент 67-р ехъумэ, апхуэдэу розницэ кредитым и зэхуэдитIым щIигъур къылъос. Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр налог нэхъыбэ дыдэ зытхэм ящыщщ. Ар зэщIэгъэуIуауэ икIи сэбэпынагъ пылъу ядолажьэ республикэм и къэрал властым и органхэм.
- Иджырей лъэхъэнэм бизнесым и зэфIэкIыр къэзыIэтыр инновацэхэрщ, абы къыхэкIыу ХъумапIэ банкыр хьэзырщ инновацэ мурад губзыгъэхэр пхыгъэкIыным сыт хуэдиз ахъши тригъэкIуэдэну. Абы и лъэныкъуэкIэ куэд зэфIигъэкIыфынущ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зегъэужьынымкIэ корпорацэ» акционер зэгухьэныгъэм. Абы щIыгъуу ХъумапIэ банкым республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проект зыбжанэ ахъшэкIэ къызэригъэпэщащ. Иджыпсту абыхэм ягъэхьэзыр мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным хуэунэтIа проектхэу сом мелуан 500-м щIигъу зи уасэ.
- Къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ я мылъкур зэдэгъэлэжьэным, нэгъуэщI хэкIыпIэхэми япкъ иткIэ иужьрей илъэсхэм банкыр хэту экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм инвестицэ проект инхэр щагъэзэщIащ. Абыхэм ящыщщ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр, иджырей хадэхэкIхэр зехьэныр, мэкъумэш продукцэм елэжьыныр, щIэупщIэ зиIэ медицинэ Iэмэпсымэхэр къыщIэгъэкIыныр, теплицэхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэмрэ ухуэныр.
- ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ хьэрычэт IэнатIэ мыиным и IуэхущIапIэхэр кредиткIэ къызэгъэпэщыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ банкыр быдэу япыщIащ бизнес мыиныр дэIыгъынымкIэ инфраструктурэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм. Ар сэбэп мэхъу бизнесым и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэу нэхъыбэкIэ узыщыгугъ хъунухэр и зэманым наIуэ къэщIынымкIэ икIи апхуэдэ унэтIыныгъэхэм хиубыдэ проектхэм ящыщу нэхъ тэмэмхэр кредитхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ. 2019 гъэр къызэрыунэхурэ апхуэдэ IэнатIэхэм щылажьэ хьэрычэтыщIэхэм кредит 650-м щIигъу иратащ, псори зэхэту сом мелард 1,5-рэ хъууэ.
- ХъумапIэ банкым и IуэхущIапIэр республикэм и организацэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ ядолажьэ, улахуэр цIыхухэм зэрыратыр нэхъ тэмэму икIи псынщIэу къызэгъэпэщы-ным хуэунэтIауэ. Апхуэдэ IуэхущIапIэу мини 3-м щIигъум иращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ, республикэм и цIыхухэм ящыщу мини 100-м щIигъум я улахуэхэр банкым и картэхэмкIэ зэрагъакIуэ. Абы папщIэ ахъшэр къыщыIах щIыпIэу 343-рэ къызэрагъэпэщащи, абыхэм я зэхуэдитIым щIигъур жэщми махуэми мэлажьэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм исхэм ящыщ куэдым псэупIэ къащэхуну е ящIыну зэрыхэтым къыхэкIыу, IуэхущIапIэр зэпымыууэ йогупсыс цIыхухэр ипотекэ кредитхэмкIэ нэхъ тэмэму къызэгъэпэщыным. Дызэрыт илъэсым щыщу блэкIа зэманым абы ипотекэ кредиту 1000-м нэблагъэ, псори зэхэту сом мелард 1,7-рэ хуэдиз итащ. Республикэм ипотекэ кредитымкIэ и рынокыр зэрыщыту къапщтэмэ, ар процент 64-м щIегъу.
- Сыт хуэдиз ехъулIэныгъэ ямыIэми, Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэхэм я плъапIэхэр къэкIуэну зэманым хуэунэтIащ. Ахэр хущIокъу гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ псоми къызэрыкIэрымыхуным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным езыхэм яхузэфIэкI псори зэрыхащIыхьыным.
- БАГЪЭТЫР Анзор.