ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ кинор Урысейм щагъэлъагъуэ

2019-11-19

  • ЩэкIуэгъуэм и 7-м щIидзауэ УФ-м и кинотеатрхэм щокIуэкI театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» фильмыр.

  • «Гуапагъэр цIыхум къыдалъху», — жиIащ Конфуций. Ауэ кином щыдолъагъу цIыхур гупцIанэу дунейм къытехьэ щхьэкIэ, хьэл мыхъумыщIэ зэрызыхилъхьэфыр, фIымрэ Iеймрэ зэбгъурыту къызэрызэдэгъуэгурыкIуэр. Дауэ а тIур зы дунейм зэрытезагъэр? Лейр пхуэгъэгъуну? Бийм уегуэпэкIыфыну? ЦIыху гъащIэм нэхъ лъапIэ тет дунейм? Уэ пхуэдэм ажалкIэ ухуэупсэ хъуну? ЦIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ, цIыхугъэншагъэмрэ пхъашагъэмрэ, дэтхэнэра нэхъ лъэщыр? УпщIэ куэд гум къыщызыгъэуш, жэуап купщIафIэхэр щыбгъуэт фильмщ зи гугъу фхуэсщIынур.
  • Кином къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр, иужькIэ сюжет гъэщIэгъуэн къызэрыкIыр — зы лъэпкъым щыщ щIалэр нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIам зэриукIырщ. Ауэ режиссёрым зэрыжиIэмкIэ, кином къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, яукIари зыукIари къуаншэкъым, тIури хейщ. Апхуэдэ щыIэ?
  • Къохъу апхуэдэ. Мы махуэхэм цIыху цIыкIум яхуэмыIуэтэжу здэкIуэ фильмщ «Кавказфильм» киностудием (унафэщIыр ЕмкIуж Андзорщ) трихар. Ар дахэу утыку кърахьащ щэкIуэгъуэм и 6-м, щэкIуэгъуэм и 7-м Урысей псом щежьащ гъэлъэгъуэныгъэр. КъэлъаIуэурэ прокатыр къэзыщтэ къалэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Ар гуапэщ. Къэрал псор йоплъ ди хэкужьым и беягъыр, ди лъэпкъым и хабзэ дахэр, ди цIыхухэм я дуней тетыкIэр къызыхэщ, дунейм щекIуэкI къэхъукъащIэхэр Кавказым щыпсэу цIыхум и нэкIэ зэрилъагъум теухуа фильмым.
  • «Невиновен»-м щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр зейр абы и режиссёрыращ. Сценарийр тхынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ КъШР-м щыщ тхакIуэ, усакIуэ, драматург Шыд Юрийрэ (иджыблагъэ дунейм ехыжащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи) «Кавказфильм» киностудием и оператор-постановщик, драматург щIалэ Хьэкъул Ратмиррэ. ИлъэситIым къриубыдэу кинор трахри, дунейпсо мардэм изэгъэнымкIэ (постпродакшн) зы илъэскIэ Москва щелэжьыжащ. Дунейм къытехьащ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъун, дунейпсо утыку ипхьэну узытемыукIытыхьын, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэжьхэр къызыхэщ фильм телъыджэ.
  • Сыт ар нэхъри тпэгъунэгъу зыщIыр? Дауи, ди артист цIэрыIуэхэр зэрыхэтырщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал дамэ театрым и артист пажэ Хьэмырзэ Ахьмэдщ. Айтэч и ролыр хуабжьу хьэл-щэныфI защIэкIэ псыхьащ. Адыгэ цIыхухъу зэпIэзэрытым, щIэныгъэ зыбгъэдэлъым, пэжымрэ захуагъэмрэ япэ изыгъэщым, гъащIэм хуэIущым, и дэтхэнэ лъэбакъуэри зэпэзышэчыфым, нэхъыщхьэращи, адыгэлI нэсым и щапхъэщ Айтэч. Ахьмэд а ролыр апхуэдизкIэ дахэу игъэзэщIащи, джэгуауэ фIэщщIыгъуейщ, дунейм зэрытетым хуэдабзэу хэтауэ къыпщегъэхъуфри.
  • Апхуэдэ дыдэщ анэм и ролыр Андзор зыхуигъэфэща, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Тхьэщыгъуей Жаннэ. Зи бын зыфIэкIуэда анэм и гум щыщIэр псалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым. Кином хэт Зери и псалъэр мащIэщ, ар мэгуIэ, мэхыщIэ. И къуэ нэхъыжьым и хьэдэр къыщыдахьэжым ар къызэрикъугъыкIымрэ и къуэр зыIэщIэкIуэда бзаджащIэр и пащхьэ къыщрагъэувэм и псэм телъ бэлыхьыр ирикъухыу и бгъафэм зэрыщIиубыдэмрэ гуми псэми къытехьэлъэ теплъэгъуэщ. Жаннэ и ролыр и псэм щыщ Iыхьэ гуэру къыпщегъэхъуф, анэпсэ махэм ишэчыфынур зыхуэдизыр а дакъикъэ бжыгъэм уи нэгу къыщIегъэувэф.
  • Иджыри зы лIыхъужьым щхьэхуэу и гугъу щIыпхъэщ. Ар фильмым и кIыхьагъкIэ псалъалэу щымыт пэтми, Iущагъ куэд къызыпкърыкI Хьэлыуэщ (Куэтэншы Тимур). ИгъащIэми жылэ къэс дэсщ адрейхэм емыщхь зы цIыху. ДелэкIэ еджэми, ахэр цIыху къызэрыгуэкI куэдым нэхърэ щынэхъ губзыгъэ щыIэщ. Ахэр еншэщ, фIэрафIэщ, дахэм, пэжым, фIым я телъхьэщ. Уеблэмэ цIыхубэм нэхърэ нэхъ гуащIэу зыхащIэ гуапагъэм и IэфIымрэ ем и дыджымрэ. Хьэлыуи апхуэдэщ. И цIэм къегъэлъагъуэ лъэпкъым быдэу зэрепхари, фIымрэ екIумрэ зэрищапхъэри. Фильмым и кIыхьагъкIэ Хьэлыуэ япэщIэтщ зызыгъэпхъашэхэм, пэжыр зи гъуазэхэм я телъхьэщ, зэныкъуэкъухэм я щыблэIушщ, зэгурымыIуэхэм я чэнджэщэгъущ. ЖыпIэнуракъэ, роль телъыджэщ Хьэлыуэ и ролыр, ауэ нэхъ хейм тохуэ жыхуаIэращи, кинор гущIыхьэу еух.
  • Режиссёрым и лэжьыгъэр къыщIехъулIам и зы Iыхьэщ актёрхэм я Iэзагъыр, ауэ абы и хэкIыпIэр пасэу иубзыхуат ЕмкIужым. Абы къызэрыджиIамкIэ, сценарийр тхын щIимыдзэ щIыкIэ зи гугъу тщIа ролхэр зыгъэзэщIэну актёрхэр къыхихакIэт, и щхьэм щызэригъэзэхуакIэт. Арагъэнщ фильмыр апхуэдизу гущIэм нэсу щIыщытыр. Хьэщэ Къанщобий, Хъыдзэдж Борис, КIэмыргуей Валентин, Шыпш Къантемыр, Къардэн Заур, ХьэхъупащIэ ФатIимэ, Шыдгын Тимур, Зэмай Аминэ — театрым и актёр Iэзэхэр — кино утыку иришащ Андзор икIи къайхъулIауэ жыпIэ хъунущ.
  • Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэм къыдалъагъу Iуэхугъуэ куэд. Хуабжьу гукъинэжщ щIалэ хъыжьэ, лIы ткIий, леймыгъэгъу Мурат (ДыщэкI Замир) и образыр. И къуэшыр зыукIар псынщIэу къигъуэту илъ ищIэжыну йолъэдэкъэщыкI Мурат, абы и телъхьэхэри мащIэкъым. Ауэ гъащIэм хуэнабдзэгубдзаплъэ нэхъыжьхэр, акъыл зэтеубыдакIэ гупсысэ Айтэч сымэ токIуэ абы. Нэхъыщхьэращи, анэм хуегъэгъуф лей зезыхьа щIалэм IэщIэщIа щIэпхъаджагъэр. Анэм и пащхьэ кърагъэува лIыукIыр и къуэм и ныбжьынуращ, абы и адэ-анэр зэрыса мафIэгур Кавказым щыщ бзаджащIэхэм къагъэуащ зэгуэр, цIыкIуу ибэу къэна щIалэщIэр уэрамым къыщыхъуащ, хьэулейхэм зыхашащ, «нэхъыщхьэхэм» ягъэлажьэ лейзехьэ гупым ящыщ зы хъуащ. Анэм къыгуроIуэ зи сабиигум дыркъуэ телъ щIалэр зыгуэрхэм «Iэмэпсымэу» къызэрагъэсэбэпыр, и гум техуэрэ хуигъэгъуфмэ, абы и гъащIэр зэрихъуэжыфынур, лIы укIыныр къызэригъэувыIэнур. Аращ Айтэчи зи телъхьэр. Егор (Проскурин Артур) зэрихьа лейр хуэзыгъэгъуну хуейхэмрэ ар зыукIыну илъэдэкъэщыкIхэмрэ къаувыхьауэ пщIантIэм щыдэтым; анэм ищIэнумрэ жиIэнумрэ пэплъэу лIы гупыр щызэхэтым; шэми шхуми ису гуIэгъуэр зытелъ анэр гукIэ щычэнджащэм… Нэпсыр кърегъакIуэри, гущIэр зэрегъэдзэкI.
  •  Дауэ а къомыр лъэпкъым щымыщ цIыхум зэрилъагъур? Москва къикIа следователыр къэхъукъащIэм кIэлъоплъ. Къэрал хабзэм тету Iуэхур зэфIэхыным къытекIухьа бзылъхугъэм илъагъур фIэтелъыджэщ. ЛIыукIыр гуауэ къызылъысахэм я пащхьэ ипшэныр фIэшынагъуэщ Аллэ (Дрожжинэ Татьянэ, АР-м щыщщ), узыпэмыплъа гуэр къэхъункIэ шынагъуэщ, лей зезыхьар жэуапым иришалIэмэ нэхъ къещтэ. Ауэ ди щIалэ губжьахэм зрадзыну хьэзыр пэтми, анэм лIыукIыр зреубыдылIэ, Егор щхьэхуит мэхъу, лейзехьэм хуэдзэлашхэхэм я губжьыр иракъух. Аллэ илъагъур и фIэщ хъуркъым. «Къэхъур сыт?» — щIоупщIэ. «Лъэпкъ хабзэщ, — ират жэуап. — Анэм игъэгъуащ».
  • Кином нэхъыщхьэу укъызыхуриджэр мис аращ. Зи къуэ яукIа анэм зыукIам хуегъэгъури, лъыгъажэр къызэтрегъэувыIэ.
  • Адыгэ къуажэм, хьэблэм, пщIантIэм, унэм деж щегъэжьауэ а жылэм дэлъ хабзэмрэ щекIуэкI адыгэ гъащIэмрэ къыщыгъэлъэгъуащ мы фильмым. Ауэ щыхъукIи, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ лъабжьэ хуэхъуар, цIыху куэд зыгъэпIейтей къэхъукъащIэщ зыхуэгъэпсар. Режиссёр ЕмкIуж Андзор зэрыжиIэмкIэ, цIыху зэхэгъэж, лъэпкъ зэныкъуэкъу, щIалэгъуалэ зэпэщIэувэныгъэ щыIэн хуейкъым. ЦIыху гъащIэр зыщ зэрыхъур, ар зым адрейм Iихыныр къезэгъыркъым. ЗэгурыIуэрщ, шыIэныгъэрщ, мамырыгъэрщ мы дунейр щызыгъэIэри, зэтезыIыгъэри. Мис ахэращ адыгэ кином цIыху-бэр къызыхуриджэ гупсысэ нэхъыщхьэр.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.