ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уасэ зиIэмрэ зэманымрэ

2019-11-19

  • Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тедзапIэм илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщыдагъэкI «Кавказ» тхылъ гупым щыщщ нобэ зи гугъу фхуэтщIынухэр: МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэмрэ» (урысыбзэкIэ) Кавказ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэгурыIуэныгъэм щыхьэт техъуэ лъэпкъ Iущыгъэхэр зэрыхуа «Кавказский этикет» зыфIащамрэ.

  • Уасэ зиIэр зэманым къегъэлъагъуэ. Ар хужыпIэфынущ лъэхъэнэщIэ къэс и къару мылъытэр щIэрыщIэу наIуэ къэзыщI адыгэ хабзэжьхэм. Анэдэлъхубзэм и гъунапкъэм итыху, ар дызэсэжа гуэру къытфIэщIми, нэгъуэщIыбзэм зэриувэу, ар лъэпкъ псом и дуней тетыкIэу, зыхъумэжыкIэу икIи зыузэщIыкIэу зэрыщытыр уи фIэщ мэхъу. А гупсысэрщ и лъабжьэр езы МафIэдз Сэрэбий адыгэбзэкIи урысыбзэкIи итхауэ щыта «Адыгэ хабзэм». «Мы тхылъыр зыхуэгъэзар адыгэхэрщ — иджырей къэбэрдейхэм, кIахэхэм, шэрджэсхэм, IуэрыIуатэу, шакъэкIэ ямытхауэ къекIуэкI абыхэм я уэркъ хабзэжьу «адыгэ хабзэкIэ» зэджэм, — дыкъыщоджэ тхылъым и пэублэм. — Ауэ абы къикIыркъым тхылъым нэгъуэщI къеджэ мыхъуну хьэмэрэ еджэн хуэмейуэ. Зэрыб псалъэр хэти хуэгъэзащ икIи телъыджэщ абы цIыхухэм зэрызащIигъэкъуэфыр, я щэныфIагъым тегъэщIапIэ хуэхъур ихъуэжу».
  • МафIэдзым и тхылъым уасэшхуэ зэриIэр къэзыгъэлъагъуэр ар зыхуей хуэза лэжьыгъэу зэрыщытым и закъуэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэм и нэщэнэхэм язщ, зы лъэныкъуэкIэ, хабзэмрэ тхыдэмрэ щIалэгъуалэм хуаIэ гулъытэр нэхъ ин зэрыхъуар. Ауэ ар зэдзэкIын зэрыхуейми къегъэлъагъуэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ зэбгрыкIа ныбжьыщIэхэм, хэкум исхэри яхэту, хабзэр адыгэбзэкIэ яджыжыныр, ар я Iыхьлы-благъэхэм къыбгъэдахыныр гугъу зэрыхъуар. Езы МафIэдзми гу зэрылъитащи, адыгэ хабзэм езы лъэпкъым и кIуэцIым унэтIыныгъитI къыщищтащ. Зыр — ар дауэдапщэу, нысашэм, гущэхэпхэм, нэщхъеягъуэм пыщIа зэхуэсхэр зэрагъэдэхэн Iуэху зехьэкIэ къудейуэ зыгъэувырщ. Абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ куущ хабзэм щIэлъ философиер: цIыхур дунейм и кIуапIэм тезыгъахуэр, и гупсысэкIэр зэтезыухуэр. А лъэныкъуитIми я щапхъэ ущрохьэлIэ Котляровхэ я фIыгъэкIэ гъащIэщIэ зыгъуэтыжа, МафIэдз Сэрэбий и тхылъым.
  • «Кавказский этикет» тхылъри удихьэхын хуэдэу зэхагъэуващ. Тхылъым и япэ Iыхьэр топсэлъыхь кавказ лъэпкъ псоми зэхуэдэу хьэщIагъэр, бзылъхугъэр, нэхъыжьыр, нэхъыщIэр ягъэлъапIэу къызэрекIуэкIым. Абы къыкIэлъокIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбар щхьэпэ къомыр. Ещанэ Iыхьэм щызэхуэхьэсащ кавказыбзэхэм ирилажьэу къекIуэкIа усакIуэ Iэзэ Гребнев Наум зэридзэкIа лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я псалъэжьхэр: адыгэхэм, балъкъэрхэм, ингушхэм, шэшэнхэм, лезгинхэм, къэрэшейхэм, къинэмыщIхэм.
  • Тхылъыр зэхуащIыж   адыгэ жыIэгъуэ цIэрыIуэхэу Семэн Руслан урысыбзэм къригъэзэгъауэ щытахэм.
  • Сабийми балигъми щхьэпагъ гуэр къызэрыхихынум шэч хэлъкъым зи гугъу тщIы тхылъыщIэхэм. Ахэр щывгъуэтынущ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.