ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэпеуэм щытекIуахэр

2019-11-16

  • КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм щы- текIуахэр махуэку кIуам ягъэлъэпIащ.

  • «Адэжь хэкум. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я лъахэщ» республикэпсо зэпеуэм хэтащ радиом, телевиденэм, газетхэм я редакцэ-  хэм щылажьэ журналистхэр. Ар зыхуэгъэпсар хамэ къэралхэм къыщалъхуауэ зи хэку къэзыгъэзэжа  ди лъэпкъэгъухэр ди республикэм зэрыщыпсэум, я къуэшхэм зэрахэ- зэгъэжым, я IуэхущIафэхэр зыхуэ- дэм тетхыхьынырщ, тепсэлъыхьынырщ.
  • Мы гъэм зэпеуэм цIыху 33-м я лэжьыгъэ ягъэхьат. «Гупыж фщIыуэ ди зэпеуэм фызэрыхэтам щхьэкIэ фIыщIэ фхудощI. Къапщтэмэ, фэ куэдрэ фытотхыхь, фытопсэлъыхь, къывогъэлъагъуэ хамэ щIыпIэхэм къикIыжа ди къуэшхэм я Iуэху зыIутыр икIи абыхэм я деж фыкIуэурэ нэтынхэр щывгъэхьэзырыр куэдрэщ. Ахэр хэкужь гъащIэм зэрыхэзэгъэжым и хъыбарым цIыхухэр щызыгъэгъуазэр фэращ. Журналистхэр куэдрэ яхуозэ, я унэхэм макIуэ, редакцэхэм кърагъэблагъэ адэжь лъахэм къэзыгъэзэжахэр. Абы къыхэкIыу я гукъыдэжымрэ мурадхэмрэ, зыхуэныкъуэхэмрэ ягу зэрыгъухэмрэ утыку къывохьэф, Iуэху зэIумыбз щыIэмэ, ар гъэзэкIуэжа зэрыхъунымкIэ дэIэпыкъуэгъу фохъу.
  • Зэпеуэм къевгъэхьа IэдакъэщIэкIхэм псоми дыкъеджащ, деплъащ, дедэIуащ. Дэтхэнэми гулъытэ щхьэхуэ хуэфащэщ, ауэ хабзэм къызэригъэувым тету увыпIэхэр дгуэшащи, ди гуапэу нобэ фыдогъэлъапIэ, дяпэкIэ дызэдэлэжьэнуи дыхьэзырщ», — жиIащ КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIурашын Анзор.
  • «Газетым къытехуа тхыгъэ нэхъыфI» лIэужьыгъуэмкIэ япэ увыпIэр къыщихьащ «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ; етIуанэр хуагъэфэщащ «Кабардино-Балкарская правда» газетым и лэжьакIуэ Чэрты Ольгэ; ещанэр Iэрыхьащ «Прохладненские известия» газетым и редакцэм.
  • «Радиом къита нэтын нэхъыфI» лIэужьыгъуэмкIэ япэ увыпIэр хуагъэфэщащ журналист МахуэлI Хъаджэт; етIуанэр радиом и лэжьакIуэ КIэбышэ Эльмирэ; ещанэр — Теувэжыкъуэ Марианнэ.
  • «Теленэтын нэхъыфIымкIэ» бжьыпэр иубыдащ Бжьахъуэ Лолэ (1КъБР); етIуанэ увыпIэр къихьащ Жылокъуэ Лусаннэ («Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК); ещанэр хуагъэфэщащ НэщIэпыджэ Замирэ.
  • ЩIыхь тхылъхэр, саугъэтхэр, удз гъэгъахэр зэпеуэм щытекIуахэм яритыжащ КIурашын Анзор икIи журналистхэм я лэжьыгъэ мытыншым щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIри, республикэм, къэралым я зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъун тхыгъэхэр, нэтынхэр дяпэкIи жыджэру ягъэхьэхьэзырыну ехъуэхъуащ.
  • Къэбарт Мирэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.