Зи Iулыджыр лъагэ Ефэнды Джылахъстэн
2019-11-16
- Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Ефэнды Джылахъстэн и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 95-рэ ирокъу.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, илъэс 25-кIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру лэжьа (1963 — 1988), Налшык къалэ Адыгэ Хасэм щIыхь зиIэ и тхьэмадэ, республикэм и щэнхабзэ гъащIэм зэрызиужьам теухуа гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэр иту тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа ди нэхъыжьыфIым и лъэужьыр купщIафIэщ.
- Илъэс куэдкIэ къэрал къулыкъу лъагэхэм пэрыту Джылахъстэн зэфIиха Iуэхухэмрэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмрэ я фIыгъэкIэ ди лъахэм и псэукIэ, экономикэ, щэнхабзэ IэнатIэхэр нэрылъагъуу ефIэкIуащ, лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ илъынымкIэ сэбэп хъу Iуэхугъуэ куэди ищIащ.
- Ефэндым и Iуэху бгъэдыхьэкIэм, Iэзагъым, хахуагъэм, Iущагъым, щIэныгъэм я хьэтыркIэ гуащIэдэкI гуимыхуж къызэринэкIащ. Сыт и уасэ абы иригъэщIа щэнхабзэ уардэунэхэр, «Кабардинка» ансамблым дуней хъурейр къызэхикIухьауэ зэрыщытар, дунейм адыгэу тетыр зэригъэгушхуар.
- Апхуэдэ псэемыблэж лэжьыгъэм нобэрей Iулыджыр къыхуихьащ Джылахъстэн. Дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, и IуэхущIафэхэр ди щапхъэу иджыри илъэс куэдкIэ ди япэ итыну.
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Дунейпсо,
- Къэбэрдей, Налшык къалэ Адыгэ Хасэхэр,
- «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ»,
- «Нур» журналхэм я редакцэхэр.