Европэм и Кубокым щIобэн
2019-11-12
- «Оренбуржье» спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ Европэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа 2005-2006, 2007-2008 гъэхэм къалъхуахэм я зэхьэзэхуэ.
 
- Зэпеуэм хэтащ Урысейм и къалэ 41-м, Къэзахъстаным, Таджикистаным, Къыргъызстаным, Куржым, Азербайджаным къикIа спортсмен 500-м щIигъу.
 - 2005-2006 гъэхэм къалъхуахэм я гупым щыбэна хьэлъагъым япэ увыпIэр щиубыдащ Къумыкъу Астемыр. Къущхьэ Тамерлан — етIуанэщ. Шыгъушэ Артуррэ Беслъэней Идаррэ домбеякъ медалхэр къахьащ.
 - 2007-2008 гъэхэм къалъхуахэм я деж дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Беслъэней Дамир.
 - Спортсменхэр ягъасэ Урысейм спортымкIэ и мастер Иванов Дмитрийрэ Апхуд Анзоррэ.
 - МЭЗКУУ Къанщобий.