ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЖыгыщIэхэм  къахохъуэ

2019-11-12

  • Налшык къалэ администрацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэ-псым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэмрэ я нэIэм щIэту жыгыщIэхэр хасащ.

  • Зыилъэси дэкIыркъым иджы хуэдэ бжьыхьэ лъэхъэнэм ди республикэм и къалэ кIуэцIхэмрэ щIыналъэхэм я щIыпIэ щхьэхуэхэмрэ жыгыщIэхэр щыхамысэу. Къалэ адми-
  • нистрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз зэрыжиIэмкIэ, ди щыхьэрым зы жыг щрахыркъым, абы и пIэм жыгыщIэ ирамысэжу. Къапщтэмэ, къалэм мы махуэм республикэм и клиникэ сымаджэщым (Головко уэрамымкIэ и дыхьэпIэ нэхъыщхьэм къыщыщIэдзауэ Шортэным и уэрамым нэблагъэу) шыкIуртIым жыгыщIэу 50 сатырищ ирикIуэу щыхасащ.
  • Ахэр цIыкIу дыдэкъым, метрищым нызэрохьэс. Иджы абдежыр лъэс лъагъуэ къудей мыхъуу, зи лъабжьэр удзыпцIэ лъэс зекIуапIэ дахэ хъунущ. Мы Iуэхум хэтащ цIыхуи 100-м нэс. Псом нэхъ гуапэр унагъуэ куэд, я бынхэри я гъусэу, зэрылажьэрщ.
  • Мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ Александровкэ хьэблэм дэт курыт еджапIэ №30-м и Iэгъуэблагъэм. Абдежхэм щыхасар бзиихущ.
  • Шэрэдж Дисэ.