ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Яхэгуауэ Михаил зэи къикIуэтакъым

2019-09-17

  • Яхэгуауэ Михаил КъуэкIыпIэ Жыжьэм къулыкъу щищIэрт. Зауэр къэхъейри, сэлэтхэр абыкIэ куэдрэ щаIыгъыжакъым. МафIэгухэм кърагъэтIысхьэри, дыгъэ къухьэпIэмкIэ къыдрашеижащ. А гъуэгуанэ кIыхьым зэрыщыгувар хыумыбжэмэ, Хэку зауэшхуэр екIуэкIыху Яхэгуауэр лагъымыдз батареем связисту хэтащ.

  • 1943 гъэм ар щозауэ Курск деж. ЛъэныкъуитIымкIи танк минхэр щызэпэщIэувауэ къызэрекъутэххэрт. Совет Iэщэр фашистхэм ейм зэрефIэкIыр абдеж наIуэ щыхъуащ. Ди лагъымыдзхэми лъэкI къыщагъэнакъым — жыр машинэ Iэджэ хьэбэсабэ ящIащ.
  • «АтIэ Яхэгуауэр сыткIэ къэсэбэпа, топ зыгъауэхэм яхэмытамэ, танк ису ебгъэрыкIуахэми ящымыщамэ?» — жиIэу щIэупщIэн гуэри къыхэкIынщ. Ауэ фронтым Iутар фIыуэ щыгъуазэщ дэнэ дежи къыщахьа текIуэныгъэми связистхэм я фIыщIэ зэрыхэлъыр.
  • Зауэр и гуащIэгъуэу екIуэкIыу нэхъ щIы-пIэ шынагъуэ дыдэхэм кIуэурэ кIапсэхэр зэпищIэжыну къыхуихуащ Псыгуэнсу щIалэм. Биишэр и хъуреягъкIэ къыщыпIэнкIыу, зэм пщыуэ, зэми къыщылъэтрэ жэуэ связыр щызэпыуда щIыпIэр къихутэрт икIи зэригъэзэхуэжырт.
  • Ари къыщыхъуар Курск дежщ. Зэхэуэр зэщIэплъауэ полкым и батареемрэ унафэщIхэмрэ зэмыпсэлъэжыф хъуащ. Топхэм заущэхуащ. Ахэр нэуфIыцIщхьэрыуэу ягъауэркъым — ууейхэм удын ятебдзэнкIэ шынагъуэщ… Яхэгуауэ Мышэ щIэпхъуащ, губгъуэм кIуэцIрыша кIапсэр иубыдри. Ауэ ар куэдрэ ягъэжакъым. Нэмыцэхэр гъунэгъу дыдэу къепщылIауэ къыщIэкIати, шэ къытрагъэлъалъэхэм адыгэлIыр щIым ираIулIащ, и щхьэр кърамыгъэIэту. Къуацэ зэрыт къуэм нэсыным зэ илъыгъуэт къыхуэнар — абдежым биишэхэр къыщылъэIэсыжынутэкъым. Яхэгуауэм и ныбжьэгъу Болотов Захар къыкIэлъыджащ: «Мишэ, къэгъазэ», — жиIэу. ИкIи фашистхэр абы трагъэплъэкъукIыу и щIыбагъымкIэ автомат уэ макъхэр къыщыIуащ. Къигъэзэжами хъунут, ауэ ар и щхьэм трилъхьакъым, «бийхэм саIэпыхуащ иджы» щыжиIэм, къыщылъэтри жэрыгъэкIэ метрипщI хуэдэ ижащ, аргуэ- ру щIым зыхидзэжащ. Иджы Яхэгуауэм зызыкъуигъэпщкIуэн щыIэт — джабэ нэпкъ цIыкIумрэ къуацэчыцэмрэ къахъумэрт. КъиIэбэрэбыхьурэ Мышэ кIапсэр къигъуэтыжащ икIи ар здэшэщIамкIэ езыри пщыуэрэ щызэпыуда щIыпIэм нэсащ. КIапсэр зэпищIэжыну хунэса къудейт фашистхэр абдежым къыщеуам. И гъунэгъуу къыщыуа лагъымым джабэ тIэкIум къыкIэриуда щIыр абы къытрипIэжащ. Езым ягъэ екIатэкъым. ЩIы къытрипIам къыхэпщыжри, абы лъэныкъуэ зригъэзащ…
  • БжьыхьэхуегъэзэкI хъуауэ ди дзэхэр Днепр екIуэлIащ. Оболонье къуажэм пэгъунэгъуу щекIуэкIа зауэ гуащIэм лIыгъэшхуэ щызэрихьащ Яхэгуауэм. 360-нэ фочауэ полкым и миномет батареем и ефрейторым дамыгъэ лъапIэ къызэрырата тхылъым иратхащ: «ЩIыпIищым кIапсэр щызэпыудауэ къехутэ ефрейтор Яхэгуауэм. Биишэхэр а щIыпIэм къызэрытелъалъэр илъагъу пэтми, и псэм емыблэжу псын-щIэу связыр зэфIигъэувэжыфащ, абы и сэбэпкIи миномет батареем хузэфIэкIащ бийм и мафIэр зэтезыIыгъэ удын иридзыжын. Зауэр здекIуэкIым аргуэру Яхэгуауэ Михаил къихутащ кIапсэр зэрызэпыудар, ауэ ар щызэпыча щIыпIэр иджыри бийм иIыгът. Абы щыгъуи шынакъым Яхэгуауэр — кIапсэр зэпищIэжыну ежьащ. ЩIалэ хахуэм гъуэгум фашист зауэлIитху къыщыхуэзати, зы къэмынэу зэтриукIащ, связри зэфIигъэувэжащ. Бийм еуэну батареем аргуэру Iэмал игъуэтыжащ…».
  • Днепр япэу зэпрыкIа зауэлI гупым яхэтащ Яхэгуауэр. Связыр къызэрызэригъэпэщыжыну кIапсэхэри Iэмэпсымэхэри здызэпришат. Псым зэпрыкIахэм къебгъэрыкIуа бий куэдым зыщахъумэжын хуей щыхъум — Яхэгуауэми, къыпэщыта къалэныр зэфIигъэкIауэ, Днепр и сэмэгурабгъур къреджэ икIи топхэмкIэ фашистхэм нэхъ щеуэну щIыпIэхэмкIэ дзэ унафэщIхэм хъыбар ярегъащIэ. Ижьырабгъу ныджэм бийм къыщиухъуреихьа дзэ пакIэр къелынтэкъым, адрей псы Iуфэм хуаIа пыщIэныгъэр зэпыуамэ. Ар зэпигъэуакъым адыгэлI хахуэм — Днепр псышхуэм къызэприша кIапсэр щызэпыуд къэхъуами, кIыхьлIыхь зимыщIу зэпищIэжыфащ икIи совет зауэлIхэр Днепр зэпрыкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуащ.
  • УIэгъэ хьэлъэу а зауэм къыIуашыжат Яхэгуауэр. УIэгъэщми щIэлъащ. Ауэ нэхъыфI зэрыхъуу зауэм яфIыIухьэжащ. И унагъуэ хыхьэжа хуэдэт зауэр зэрыщIи-дзэрэ зыщIыгъуахэм я деж щынэсыжам. «Ди Мишэ, лъапэ махуэ къыухьэжьэж», — жаIэу къаувыхьауэ IэплIэ къыхуащIырт, гуфIэщахэу хэт тутын къыхуишийрт, хэти зытетIысхьэн къыхуигъэхьэзырырт. «Сыт мыпхуэдизу фыщIызэрызехьэр?» — жиIэу асыхьэтым батареем и унафэщIри къыщыIухьэм, псори зэлъыIуокIуэт, аргуэрми и IэплIэм къохутэ, итIанэ бгъэдокIуэтыжри, командирым ар къызэпеплъыхь. «ТIэкIу уфагъуэщ, ныбжьэгъу, — къыжреIэ, — ухъужыпауэ узиIэ уэ».
  • — Ныбжьэгъу командир, ар иджыпсту щIэфагъуэр зы бжьэ ефа нэужь нэхъ тхъуэплъ хъужын щхьэкIэщ, — мэгушыIэ Болотов Захар.
  • Командирыр сыхьэтым йоплъ.
  • — ДакъикъитхукIэ щIыдодзэ зэхэуэм, — жеIэ абы.
  • — Связыр лэжьэнущ, — жэуап етыж Яхэгуауэм икIи и Iуэху иужь йохьэж. Абы дяпэкIи къыпэщылът зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэр и кIэм нэс икIуну.
  • 1943 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым Унафэ къищтащ Днепр щызэпрыкIым зэрахьа лIыхъужьыгъэм щхьэкIэ блыщIрэ еянэ фочауэ дивизэм щыщ цIыху пщыкIуийм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр фIащу. Абыхэм яхэтт Яхэгуауэри.
  • ЦIыху насыпыншэу къыщIэкIынтэкъым Михаил, зауэ гуащIэ куэдми къелри, ар хэтащ ТекIуахэм я еплъыныгъэшхуэ Мэзкуу щекIуэкIам. ГурыфIыгъуэшхуэм къызэщIиIэтэуэ ар блэкIащ фашист нып фIыцIэхэр зи лъабжьэм щIадза Мавзолейм.
  • Гуэщокъуэ Бабцинэ.