ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бзэм и псалъэхэм я къэхъукIэр

2019-09-14

  • Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Жылэтеж Хьэжысмел и «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и жылагъуэ политикэ лексикэр» тхылъыр.

  • КъыдэкIыгъуэм зэхэхауэ щызэпкърыхащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и жылагъуэ-политикэ лексикэр зэрызэхэтымрэ зэрызэфIэувамрэ. Ар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ жылагъуэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм, абы и зыужьыныгъэм.
  • Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и жылагъуэ-политикэ лексикэр зэхэтщ езы бзэм къигъэщIыжарэ нэгъуэщI лъэпкъхэм ейуэ къищта псалъэхэу. Бзэм и псалъалъэм нэхъыбэу къыхэзыгъахъуэри нэгъуэщIыбзэм къыхэкIахэрщ. Апхуэдэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэм урыс, хьэрып, тырку псалъэ куэдым дыщрохьэлIэ. Ахэр ди бзэм къыхыхьащ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм. Псалъэм папщIэ, Октябрь революцэм ипэкIэ адыгэбзэм къищтащ хьэрып-тырку псалъэ куэд, а лъэхъэнэм иужькIэ урысыбзэм нэхъыбэу ижь къыщIиху хъуащ. Апхуэдэу щытми, тхылъыр зи IэдакъэщIэкIым къыхегъэщ нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэм я тхыкIэр хабзэ щхьэхуэм тету зэрыщымытыр икIи литературэбзэм адэкIэ зиужьынымкIэ ар зэран зэрыхъунур. Абы и жыпхъэр убзыхуным и чэзур къэсауи къелъытэ.
  • — Бзэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэр зыхуэдэр нэгъэсауэ къозыгъащIэр лексикэрщ. Абы зэпыу имыIэу зыгуэрхэр щокIуэкI. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и лексикэм нэхъыбэу зэхъуэкIыныгъэ хэзылъхьэр иджырей жылагъуэ-политикэ гъащIэрщ. Абы къыхэкIыуи ди бзэм и зыужьыныгъэм лексикэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. КъызэрыдбжамкIэ, иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и жылагъуэ-политикэ лексикэр псалъэ 1000-м щIегъу. XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейм и жылагъуэ политикэ гъащIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэм ди псалъалъэм щIэ куэд къыхигъэхьащ. Ауэ абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд къоув. Къапщтэмэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и жылагъуэ-политикэ лексикэм и иджырей щытыкIэр, абы адэкIэ игъуэтыну зыужьыныгъэр тэмэму къэхута хъуакъым. Аращ мы лэжьыгъэр къыщIетхьэжьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри, — щыжеIэ тхылъым и пэублэ псалъэм Жэлэтеж Хьэжысмел.
  • Лэжьыгъэр щагъэхьэзырым къагъэсэбэпащ урысыбзэкIи адыгэбзэкIи дунейм къытехьа къыдэкIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр: газетхэр, журналхэр, художественнэ тхыгъэхэр, парт, къэрал дэфтэрхэр, псалъалъэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • ЩхьэщэмыщI Изэ.