Адыгэхэм я махуэм зыхуагъэхьэзыр
2019-09-14
- Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр зэрагъэлъэпIэнумрэ абы ехьэлIа Iуэхухэр зэрыдахынумрэ зи пщэ къыдэхуэ республикэ къызэгъэпэщакIуэ гупым и зэIущIэ фокIадэм и 12-м Правительствэм и Унэм щызэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
- Адыгэхэм я махуэр 2019 гъэм зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм тепсэлъыхьащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зи чэзу зэхуэсыр абы ирихьэлIэу зэрызэхэтынум и гугъу ищIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэр арэзы техъуащ республикэ, щIыналъэ, къалэ дауэдапщэхэм хэтынухэм, щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэм.
- Махуэшхуэм ехьэлIа пшыхь нэхъыщхьэр фокIадэм и 19-м Налшык Къэрал музыкэ театрым щекIуэкIынущ. КъБР-м и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ нэхъ пажэхэр зыхэтыну концертым сыхьэт 18-м щIидзэнущ. А махуэм ДАХ-м и Хасащхьэр зэхишэнущ, хамэ къэралхэмрэ хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къикIа хьэщIэхэр хэту.
- Республикэ, щIыналъэ газетхэм фокIадэ мазэм къриубыдэу къытрадзэ махуэшхуэм хуэгъэпса тхыгъэ купщIафIэхэр, апхуэдэу фокIадэм и 20-м ирихьэлIэу къыдэкIынущ «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР) газетхэм я номер зэхэтыр.
- Фильмхэр, лекцэхэр, зэхьэзэхуэхэр щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, къэрал IуэхущIапIэхэм щекIуэкIынущ мы махуэхэм, апхуэдэуи Адыгэхэм я махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ.
- Къэбарт Мирэ.