ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэрал гулъытэм и щыхьэту

2019-09-03

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голодец Ольгэ. Абы и гъусащ УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Мединский Владимир, Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ министр Чеботарёв Сергей, спортымкIэ министрым и къуэдзэ Ерастовэ Наталье сымэ, департамент зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр.

  • КъэкIуахэм лэжьыгъэм щыщIадзащ Дзэлыкъуэкъуажэ. Мыбы щаухуэ метр зэбгъузэнатIэ мини 2-м щIигъу къызэщIэзыубыдэ, есыкIэ щызэбгъащIэ хъуну псыгуэн зыхэт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкульту-рэ комплекс. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и гъусэу, Голодец Ольгэ щыгъуазэ зыхуи-щIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щынэхъ ин дыдэхэм ящыщ а ухуэныгъэр зэрекIуэкIым. Лэжьыгъэр хохьэ «2016 — 2020 гъэхэм Урысей Федерацэм физическэ культурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьын» программэм.
  • Шэджагъуэ нэужьым, КъБР-м и Правительствэм и Унэм Голодец Ольгэрэ КIуэкIуэ Казбекрэ ирагъэкIуэкIащ республикэм и псэуныгъэ-экономикэ щытыкIэм, лъэпкъ проектхэр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэм, апхуэдэуи щэнхабзэм и IуэхущIапIэ зыбжанэм мылъкукIэ зыщIэгъэкъуэным егъэщIылIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэр.
  • КъыхагъэщхьэхукIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ХьэтIохъущыкъуей, Старэ Шэрэдж, Булунгу, Къарэ-Су, Лэскэн ЕтIуанэ, Безенги къуажэхэм щэнхабзэмкIэ унэу 4 зэрыщаухуэр, тIур къызыхуэтыншэу зэрыщрагъэфIакIуэр. Ахэр хьэзыр хъунущ мы гъэм и дыгъэгъазэм. Нартан къуажэми 2020 гъэм апхуэдэ IуэхущIапIэр щIын щаухынущ. Зэман гъунэгъум республикэм къыIэрыхьэнущ къалэн куэд зыгъэзащIэ, ягъэIэпхъуэ щэнхабзэ центру (автоклуб) 8.
  • Урысейпсо селектор зэIущIэм хэтхэр я гъусэу ирагъэкIуэкIа видеоконференцым Голодец Ольгэрэ КIуэкIуэ Казбекрэ щытепсэлъыхьащ щэнхабзэмрэ спортымрэ я IэнатIэхэм зегъэужьыным, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм, курыт еджапIэхэм щIэсхэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтыным пыщIа Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми.
  • Зэхыхьэр къыщызэIуихым, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм къыхигъэщхьэхукIащ ар щрагъэкIуэкIын папщIэ Налшык къыщIыхахам щхьэусыгъуэ зэриIэр: «Къэбэрдей-Балъкъэрыр сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтыным хуабжьу щегугъу икIи а лъэныкъуэмкIэ программэ нэхъ пэрытхэр щызэхагъэувэ щIыналъэщ».
  • КъытщIэхъуэ щIэблэм сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщу зегъэужьыным и гугъу щищIым, Голодец Ольгэ къыхигъэщхьэхукIащ мы зэманым Урысейм гъуазджэмрэ спортымкIэ унэтIыныгъэ-хэм сабий мелуани 9-м щIигъу зэрыщыдихьэхыр.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым абыхэм щыхуагъасэ IуэхущIапIэхэр а лэжьыгъэм сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу щыхуэхьэзырщ. Республикэм гъуазджэхэм я сабий школ 28-рэ, спорт гъэсапIэу 37-м я къудамэу 188-рэ щолажьэ, IуэхущIапIэ 16-м я мардэр олимп зэпеуэхэм щыхуагъэхьэзыр школхэм хуокIуэ. Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, республикэм «Демографие» лъэпкъ проектымрэ абы «Спортыр ди гъащIэм и хабзэщ» и щIыналъэ къудамэмрэ япкъ иткIэ лэжьэну IуэхущIапIэу 21-рэ щаухуэ. Абыхэм ящыщу 20-р дызэрыт илъэсым хьэзыр хъунущ. Зэрыщыту къатщтэмэ, 2024 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщынущ щыпсэу щIыпIэхэм цIыхухэм спортым зыщыхуагъэсэныр къанэ щымыIэу къахузэзыгъэпэщ IэмалыфIхэр, — щыжиIащ а зэIущIэм Голодец Ольгэ.
  • ХьэщIэхэр ежьэжыным и пэ къихуэу, Голодец Ольгэ, Мединский Владимир, Чеботарёв Сергей сымэ еплъащ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унэр зэрызэрахьэм. Ахэр щыIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и Макъамэ кадет корпусым, ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъ сабийхэр спортым щыхуагъасэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и командэ къыхэхахэр щагъэхьэзыр спорт центрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым. Мыдрейуи, «Театрхэм я Уардэунэ» ухуэныгъэр и кIэм нагъэсын папщIэ къэралыр къазэрыдэIэпыкъунум къыпащэну зэгурыIуащ.
  • ХьэщIэхэм ухуэныгъэхэр къаплъыхьа иужькIэ журналистхэм абыхэм упщIэ зыбжанэкIэ захуэдгъэзащ. И Iуэху еплъыкIэм теухуауэ япэу дэ къыдэпсэлъащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голодец Ольгэ.
  • — Зэрыщыту къатщтэмэ, гъэ еджэгъуэщIэм республикэр хуэхьэзырщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, ныбжьыщIэ цIыкIухэм щIэныгъэ гуэдзэн зэрырагъэгъуэт Iэмалхэмрэ егъэджакIуэхэр а Iуэхум зыщрихьэлIэ гугъуехьхэр зыхуэдэмрэ щыхэплъа зэIущIэхэри и чэзум зэрыра-гъэкIуэкIар. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зи гугъу тщIы унэтIыныгъэр иджырей зэманым декIуу, сабийхэм я дежкIэ зэхэщIыкIыгъуэрэ удэзыхьэхыу зэтеухуап-хъэщ. Къэрал псор къэтщтэнщи, дызэрыт лъэхъэнэм курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм ящыщу процент 57-р щIэныгъэ гуэдзэн щызрагъэгъуэт гупжьейхэм йокIуалIэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, спортым щыхуагъасэ, музыкэм, гъуазджэм щыхурагъаджэ щIыпIэхэр, нэгъуэщIхэри, — жиIащ Голодец Ольгэ.
  • КъыкIэлъыкIуэу ди упщIэхэм жэуап къаритащ Мединский Владимир.
  • — Си щхьэкIэ гу лъытапхъэу къызолъытэ, иужьрей зэманым УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэIэтыкIа къызэрыхуищIым. Апхуэдэу, республикэм и къуажэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэм ящыщу зэбгъэпэщыж хъунухэр къагъэщIэрэщIэж, щIэхэр щаухуэ. Мыдрейуэ, дызыхуэкIуэ илъэс зыбжанэм къриубыдэу Налшык къалэ щызэфIагъэувэнущ зэуэ цIыху мини 2-м щIигъу езыгъэблэгъэфыну ЩэнхабзэмкIэ центр. Къищынэ-мыщIауэ, къыжыIэпхъэщ кинотеатрхэр къыщыгъэщIэрэщIэжыным, щызэгъэпэщыжыным теухуауэ, федеральнэ центрым субсидиехэр зыхуиутIыпщыну къалэхэм Налшык зэрахэтри. Аращи, уней компаниехэм ящыщу а Iуэхум еувэлIэну хуейхэм федеральнэ центрым грант щхьэхуэхэр къаритынущ. Театрхэм я уардэунэм и ухуэныр зэрагъэгувами нобэ дытепсэлъыхьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар хьэзыр хъуа иужькIэ япэм зэрагугъам хуэдэукъым зэрыщытынур. Сыту жыпIэмэ, абы къыщызэIуахыну ягугъа лъэпкъ театрхэм ящыщ дэтхэнэми мы зэманым унэ щхьэхуэхэр яIэщ. Аращи, зи гугъу тщIы уардэунэм и теплъэм зимыхъуэжми, и кIуэцIым къыщызэIуахыну пэшхэм зымащIэкIэ зрагъэхъуэжынущ. Псалъэм папщIэ, абы хэтынущ гъэлъэгъуапIэ пэшхэр, хьэпшып гъэщIэрэщIахэр щащэну тыкуэн цIыкIухэр, шхапIэхэр, къинэмыщI абы хуэдэхэри. Ар щытынущ иджырей мардэхэм къитIасэ, здэщыт щIыпIэм — зыгъэпсэхупIэм — щекIуэкI гъащIэм декIу екIуэлIапIэу, — къыхигъэщащ Мединский Влади-мир.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ, ди республикэм гулъытэ хэха къыхуащIу, зэIущIэ щхьэпэр ди деж зэрыщрагъэкIуэкIам папщIэ.
  • — Апхуэдэуи, дэ хуабжьу дыщыгуфIыкIащ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и хэщIапIэмрэ зи ухуэныгъэр хуабжьу ягъэгува уардэунэмрэ адэкIэ зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIауэ дэIэпыкъуныгъэ щхьэхуэхэр къытлъагъэIэсыну дыкъызэрагъэгугъами. Ар и щыхьэтщ щIыналъэхэр зыIууэ гугъуехьхэм, зыхуей-зыхуэныкъуэхэм федеральнэ центрыр псынщIэу къызэрыпэджэжым, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
  •  
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.