Матовников Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ хэтащ «Безенги» альплагерыр къызэрызэIуахрэ илъэс 60 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэм
2019-09-03
- Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ республикэм къыщыкIуам КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек щIыгъуу щыгъуазэ зищIащ Безенги къуажэм цIыху 200 зыщIэхуэ ЩэнхабзэмкIэ и унэр «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ капитальнэу зэрызэрагъэпэщыжым. ИужькIэ ахэр хэтащ «Безенги» альплагерыр къызэрызэIуахрэ илъэс 60 зэрырикъуам теухуа гуфIэгъуэм.
- Матовников Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ IуэхущIапIэр къызэхакIухьащ, абы хиубыдэу къызэрагъэпэща музейм еплъащ, альпинизмэм и ветеранхэмрэ юбилей гуфIэгъуэм кърихьэлIа хьэщIэхэмрэ епсэлъащ. Кърагъэблэгъахэм яхэтащ 1959 гъэм альплагерыр къыщызэIуахам абы дохутыру щыIа, альпинист Леменев Владимир, «Вертикаль» фильмыр щытрахым усакIуэ, актёр, уэрэджыIакIуэ Высоцкий Владимир и чэнджэщэгъуу щыта Готовцевэ Марие, Эверест и щыгум тIэунейрэ дэкIа, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр зрата Душарин Иван, альпинизмэмкIэ СССР-м и къэрал тренеру щыта, Эверест кIуэну экспедицэ зыбжанэ къызэзыгъэпэща Шортаев Владимир сымэ.
- «Метр 2200-рэ зи лъагагъ щIыпIэм щаухуа лагерым япэ альпинистхэр илъэс хыщI ипэкIэ къригъэблэгъауэ щытащ. Абы лъандэрэ блэкIа зэманым мы щIыпIэм цIыху минхэр щызэблэкIащ. Безенги хуэдэ щIыпIэ къэгъуэтыгъуейщ, абы метр минитхум щIигъу зи лъагагъ щыгу зыбжанэ щыIэщ. НэпцIу зыри яхэткъым бгыхэми, цIыхухэми, хабзэхэми, мафIэпэ уэрэдхэми, къуршым щызэтеувэ зэкъуэшыгъэми» — къыхигъэщхьэхукIащ Матовников Александр и хъуэхъум.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым, къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэм ящыщ цIыху куэдым я дежкIэ илъэс щэ ныкъуэм фIыуэ щIигъу зэманым къриубыдэу жьэгупащхьэ нэс яхуэхъуащ Урысей Федерацэм, СНГ-м я альпинист базэхэм я нэхъыщхьэхэм икIи нэхъыжьхэм ящыщыр, къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и унафэщIым жиIащ альпинизмэм куэд мыщIауэ зезытахэм ящыщу къуршхэр зэзыгъэцIыхуу щIэзыдзахэр мы щIыпIэм къытрагъэзэжурэ къызэрыкIуэнум шэч къызэрытримыхьэр. «Ди дежкIэ «Безенги» лагерыр Хэкум и альпинизмэм и къежьапIэу зэрыщытым къыдэкIуэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, зи ныбжькIэ зэхуэмыдэ спортсменхэмрэ туристхэмрэ я зэкъуэтыныгъэр къыщежьэ щIыпIэщ. Гуапэщ альплагерыр зэманым екIуу зэрылажьэр, и блэкIар зэрыхьэлэмэтым къыдэкIуэу и нобэри зэрыдахэр», — жиIащ абы.
- «ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къыщызэIуахым зыхуэунэтIауэ щыта къалэнхэр абы ноби зэригъэзащIэм — альпинистхэр гъэхьэзырынымкIэ школу зэрыщытым. ИкIи псом япэу ар зи фIыгъэр лагерым и лэжьакIуэхэрщ, мы щIыпIэм щыпсэухэрщ, IуэхущIапIэр зэпымыууэ япэкIэ зыгъэкIуатэ, абы и зэфIэкIым хэзыгъахъуэ, тыншыпIэ псори къызэзыгъэпэщ, зэгурыIуэу икIи зэдэIэпыкъужу зэдэлажьэ цIыху гуащIафIэхэрщ» — къыщIигъужащ КIуэкIуэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм «Безенги» лагерым и унафэщIхэм, къегъэлакIуэ гупхэм хьэлэлу я къалэнхэр зэрырахьэкIым папщIэ фIыщIэ яхуищIащ, узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ яIэну альпинизмэм и ветеранхэм, спортсменхэм, юбилейм кърихьэлIахэм ехъуэхъуащ.
- ГуфIэгъуэ Iуэхухэм хиубыдэу къурш дэкIыпIэщIэхэр яубзыхуащ, спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, экологие Iуэхухэр ирагъэкIуэкIащ, сурэт выставкэ къызэIуахащ, гъуэгуанэ уэрэдхэм я фестиваль ирагъэкIуэкIащ.
- 1959 гъэм къызэIуаха «Безенги» лагерыр Безенги мыл джейм и къежьапIэм деж щыIэщ. Мы зэманым абы Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм щыщу цIыху минитIым нэблагъэм гъэ къэс зыщагъэпсэху.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я
- пресс-IуэхущIапIэ.