Егъэджэныгъэм IэмалыщIэхэр къыхохьэ
2019-08-29
- Налшык дэт Къэрал макъамэ теат-рым дыгъуасэ щекIуэкIащ ди республикэм и егъэджакIуэхэм я пленарнэ зэIущIэ ин. ЦIыху 700-м щIигъу къызрихьэлIа зэхуэсым шэщIауэ щытепсэлъыхьащ щIыналъэм и еджапIэ, гъэсапIэ IэнатIэхэр нобэкIэ зыIут щытыкIэм, къыщапщытэжащ гъэ еджэгъуэ блэкIам абыхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ зыхунэмысахэмрэ. Апхуэдэу щаубзыхуащ 2019-2020 гъэ еджэгъуэщIэм IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэмрэ ахэр зэфIэха зэрыхъунумрэ.
- «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм папщIэ IэмалыщIэхэр» — аращ а зэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр зыхуэгъэпсауэ щыта унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр. Абы теухуа псалъэмакъым щIэдэIуну, зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтыну абы къекIуэлIахэм ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор Ткачёв Евгений, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм Гъэсэныгъэм, сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтынымрэ я зыгъэпсэхугъуэр къызэгъэпэщыным къэрал политикэ хэлъхьэнымкIэ и департаментым и унафэщI Михеев Игорь, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м и Профсоюз зэгуэтхэм я федерацэм и пашэхэр, депутатхэр, районхэм, къалэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, ди республикэм и курыт школхэм, сабий садхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ республикэм зиужьынымкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэр гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщу къызэрынэжынур. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI фIэхъус зэIущIэм хэтхэм ярихащ Михеев Игорь. АдэкIэ псалъэ иратащ зэхуэсым доклад нэхъыщхьэр щыщызыщIа министр Къумыкъу Iэуес. Ар зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм, къыпэщылъ къалэнхэм, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къызэIуих IэмалыщIэхэм. Министрым жиIахэм дыщIагъуу зэIущIэм къыщыпсэлъащ районхэм, къалэхэм я курыт школхэм, гъэсапIэхэм я унафэщI пашэхэр, егъэджакIуэ Iэзэхэр. Зэхуэсым и утыку ирахьа Iуэхугъуэхэм ятеухуа резолюцэхэр къащтащ.
- ЕгъэджакIуэхэм я пленарнэ зэхуэсыр ягъэдэхащ КъБР-м и творческэ гупхэм. Куэдым гунэс ящыхъуащ абы къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтри.
- ШыщхьэуIу зэхуэс иным и лэжьыгъэм теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.