ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-08-29

  • ШыщхьэуIум и 29, махуэку
  • Ядернэ Iэщэхэр гъэунэхуныр мыдэным и дунейпсо махуэщ. 2009 гъэм ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм и 64-нэ сессием къыщащтащ Къэзахъстаным къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ.
  • Урысей МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я гуп хэхахэм я махуэщ
  • Украинэм и авиацэм и махуэщ

  • 1698 гъэм Пётр Езанэм унафэ ищIащ и къэралым  ис цIыхухъухэм я жьакIэхэр яупсыну, Европэм щыпсэухэм я щыгъынхэм хуэдэ псоми щатIэгъэну.
  • 1703 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Онегэ гуэлым и Iуфэм ухуэн щыщIадзащ         жыр щагъэвэну заводыр. Аращ Петрозаводск къалэм лъабжьэ хуэхъуауэ щытари.
  • 1885 гъэм Германием щыщ Даймлер Готлиб япэ мотоциклым и патент къратащ.
  • 1912 гъэм Москва къыщызэIуахащ «Бородино деж щекIуэкIа зауэр» панорамэр. 1812 гъэм екIуэкIа Хэку зауэр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу ар ирагъэщIат урысей сурэтыщI Рубо Франц.
  • 1938 гъэм СССР-м и цIыхубэ комиссархэм я советым унафэ къыдигъэкIащ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ заочнэу зрагъэгъуэтыну Iэмал етыным теухуауэ.
  • 1946 гъэм ООН-м хагъэхьащ Швециер, Афганистаныр, Исландиер.
  • 1949 гъэм СССР-м щыщ академик Курчатов Игорь и унафэм щIэту япэ совет атомнэ бомбэр Семипалатинск щагъэунэхуащ.
  • 1990 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым «1920 — 1950 гъэхэм политикэ зэхэзехуэн ящIауэ щытахэр гъэзэхуэжыным и IуэхукIэ» Указ къыдигъэкIащ.
  • 1991 гъэм Къэзахъста- ным щызэхуащIыжащ Семипалатинск щыIа ядернэ полигоныр.
  • Америкэм щыщ политик, сенатор Маккейн Джон къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу.
  • США-м щыщ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ. композитор Джексон Майкл къызэралъхурэ илъэс 61-рэ ирокъу.
  • Урысей актрисэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Александровэ (и унэцIэ дыдэр Пупенинэщ) Маринэ и ныбжьыр илъэс 37-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •    «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 11 — 14 щыхъунущ.
  • ШыщхьэуIум и 30, мэрем
  • Залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
  • Тэтэрстан Республикэм и махуэщ. 1990 гъэм Тэтэр-стан Республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.
  • Къэзахъстан Республикэм и Конституцэм и махуэщ
  • 1703 гъэм Петербург и тхыдэм щыяпэу абы псыдзэ щIэуащ. Сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу псым метритIым щIигъукIэ зыкъиIэтат.
  • 1730 гъэм Черкасский Алексей пщым Невский Александр и орденыр къратащ.
  • 1928 гъэм Неру Джавахарлал къигъэуващ Индиер Инджылызым и бжьым къыщIэкIыу къэрал щхьэхуит хъун хуейуэ. А махуэми Индием и щхьэхуитыныгъэм щIэбэныну лигэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Ауэ Индием къэралыгъуэ щигъуэтар абы и ужькIэ илъэс тIощIым нэблагъэ дэкIауэщ — 1947 гъэрщ.
  • 1918 гъэм Каплан Фанни Ленин (Ульянов) Владимир иукIыну хэтащ.
  • 1943 гъэм советыдзэхэм Таганрог къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. АбыкIэ зэфIэкIащ Ростов областыр хуит къэщIыжыныр.
  • 1944 гъэм советыдзэхэр нэмыцэхэм яIыгъ Румынием и къалащхьэ Бухарест дыхьащ.
  • 1963 гъэм Кремлымрэ (СССР) Унэ Хужьымрэ (США) занщIэу кIуэ телефон связкIэ зэпащIащ. Зым адрейм гурыщхъуэ хуищIу, зэрымыщIэкIэ а къэралхэм ядернэ зауэ ямыублэн мурадкIэт а унэхэр зэрызэпсэлъэн IэмэпсымэкIэ щIызэпащIар.
  • 1966 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ Ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэр гъэувыным теухуауэ. Абы къыщыгъэлъэгъуат ар илъэс къэс жэпуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъэпIэну.
  • 1991 гъэм Азербайджаныр къэрал щхьэхуэ зэрыхъуар хэIущIыIу ищIащ.
  • Урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Левитан Исаак къызэралъхурэ илъэси 159-рэ  ирокъу.
  • Инджылызым щыщ физик, ядернэ физикэмкIэ щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, Нобель и саугъэтыр химиемкIэ зыхуагъэфэща Резерфорд Эрнест къызэралъхурэ илъэси 148-рэ ирокъу.
  • Филологие щIэныгъэхэм я доктор, бзэхэр щаджу Армавир дэт университетым и профессор, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий Нурдин и ныбжьыр илъэс 86-рэ ирокъу.
  • Медицинэм и доктор, Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм хэт Сэлихь (Уджыхъу) Ихьсан и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу.
  • Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Сыжажэ Валерий и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
  • Беларусь Республикэм и президент Лукашенкэ Александр и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
  • Урысей журналист цIэрыIуэу, цIыхум и хуитыныгъэхэм я къыщхьэщыжакIуэу щыта Политковская Аннэ къызэралъхурэ илъэс 61-рэ ирокъу.
  • Атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Лъостэнбий и къуэм  и  ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
  • ХьэрычэтыщIэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Едыдж Едыдж и ныбжьыр илъэс 38-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •    «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 24-рэ, жэщым градус 14 — 15 щыхъунущ.