Щэнхабзэм иропIейтей
2019-08-20
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм дыгъуасэ щаIущIащ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм.
- Зэхыхьэм хэтащ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, «НОТР» телеканалым и тхьэмадэ, режиссёр, сценарист Вэрокъуэ Владимир, щызэIущIа IуэхущIапIэм и унафэщI Емуз Анатолий, къыщаIэта псалъэмакъыр зэгъэщIылIа ведомствэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
- — Дэ псоми, властым щыщхэми щэнхабзэм и лэжьакIуэхэми, къалэнышхуэ ди пщэ къыдохуэ дуней еплъыкIэ зэпIэзэрытым дыкъыхуезыджэ, цIыху хэтыкIэ дахэм дыхуэзыущий, гупсысэ узыншэм дыхуэзыунэтI гъуазджэм, зэрыщыту къатщтэмэ, щэнхабзэм зыкъедгъэIэтыжыным хуэгъэзауэ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэм, зэIущIэр къыщызэIуихым. – Мыдрейуэ, гулъытэ хэIэтыкIа зыхуэфащэ унэтIыныгъэхэм ящы-щу къызолъытэ лъэпкъ цIыкIухэм ди литературэм дяпэкIи пщIэ лей хуэтщIын зэрыхуейм, зэрыхуэфащэу, къытщIэхъуэ щIэблэм ар ялъэдгъэIэсыфын папщIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ художественнэ литературэм, гъуазджэм, театрым я ехъулIэныгъэшхуэхэр къызыхэщыж тхыгъэхэр, сурэтхэр, спектаклхэр, пьесэхэр, нэгъуэщIхэри бжыгъэкIэ лажьэ иджырей Iэмэпсымэхэм къагъэIурыщIэфын хуэдэу къызэгъэпэщыным.
- КIуэкIуэ Казбек адэкIэ къытеувыIащ республикэм и тхылъ хъумапIэхэм ящыщу дапхуэдизыр зэгъэпэщыжыпхъэми, ахэр зыдэт жылагъуэхэр сыт хуэдэхэрами, иджырей мардэхэм къитIасэу зыхуей хуагъэзэну зыхунэсахэм я бжыгъэми.
- ЗэIущIэр щекIуэкI IуэхущIапIэм и унафэщI Емуз Анатолий тепсэлъыхьащ щIэджыкIакIуэу къахуэкIуэр зэрымымащIэми, тхылърэ дэфтэру библиотекэм мин бжыгъэхэр зэрыщахъумэми, я лэжьакIуэхэм я улахуэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуами, гу зылъытапхъэу къилъытэ нэгъуэщI Iуэхухэми.
- — АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъэ къэс къытIэрыхьэ хабзэ тхылъхэм я бжыгъэр гу лъыптэу нэхъ мащIэ мэхъу, тедгъэкIуэдапхъэ ахъшэр къызэрыдэмэщIэкIым къыхэкIыу. Абы щыгъуэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, щIэджыкIакIуэхэм библиотекэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэт къудейкъым, атIэ я гъэсэныгъэми щыхагъахъуэ, — къыхигъэщащ Емузым.
- Я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлагъуэу зэхыхьэм къыщыпсэлъащ УФ-м и цIыхубэ художник, профессор Пащты Герман, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI, режиссёр Фырэ Руслан сымэ, нэгъуэщIхэри.
- — ЩIалэгъуалэм, зэрыщыту къатщтэмэ, театреплъхэм я гукъыдэжым зыкъегъэIэтыным, я гурыгъу-гурыщIэхэр жыпхъэ дахэм иту къахузэщIэгъэушэным хуэгъэзауэ сэбэпынагъышхуэ зыхэлъ Iуэхугъуэ щхьэпэт драматургием и фIыпIэхэм дяпэкIи лъыхъуэныр, ахэр ди деж къакIуэхэм я пащхьэ итлъхьэфын хуэдэу къэгъэIурыщIэныр. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, IуэхущIапIэм дбгъэдэлъ мылъкур къызэрыдэмэщIэкIым къытхуэгъэлъэгъуэну ди зэфIэкIыр хуабжьу къелъахъэ. Артистхэр зыгъэгушхуэ стипендиехэми зэрыхэгъэхъуапхъэрэ зэманыфI дэкIащ. Нобэрей зэIущIэр мыбдежым зэрыщекIуэ-кIыр сэбэпынагъышхуэ зыпылъу къызолъытэ, щэнхабзэмрэ абы пыщIа IэнатIэхэмрэ яхуэфащэ гулъытэ дяпэкIэ нэхъ ягъуэтыным хуэунэтIауэ, — къыхигъэщащ Фырэ Руслан и псалъэм.
- ЖыпIэ хъунущ зэхыхьэм къекIуэлIахэр абы къыщаIэта псалъэмакъ щхьэпэм, щхьэж и Iуэху еплъыкIэр хуиту къызэрыщиIуэтам арэзы къащIауэ, зытепсэлъыхьа Iуэхухэм яхуэфащэ гулъытэ хуащIынымкIэ гугъэфIхэр яIэу зэбгрыкIыжауэ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.