Сэхъурокъуэ Хьэутий ЩIыхь орденыр къыхуагъэфащэ
2019-08-17
- Къэралым и къалащхьэм къикIыу иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ — Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир иджыблагъэ Iэ зыщIидза указым ипкъ иткIэ ЩIыхь орденыр къратащ «Урысейм Мэкъумэш кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референтнэ центр» IуэхущIапIэм и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий Хьэзрит и къуэм. И къалэнхэр нэгъэсауэ зэригъэзащIэм, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым, илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылэжьам къыпэкIуащ апхуэдэ пщIэ лъагэр.
- Ди республикэм и мызакъуэу, УФ-м и щIыпIэ куэдми, хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ адыгэлI щыпкъэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм дохъуэхъу къэрал гулъытэ лъагэ къызэрыхуащIамкIэ икIи ди гуапэщ и узыншагъэр мыкIуэщIу, и ехъулIэныгъэхэм хигъахъуэ зэпыту, бэм я гъуазэу лъэпкъым иджыри илъэс куэдкIэ хуэлэжьэну.
- ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэр,
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэр,
- «Адыгэ псалъэ» газетым,
- «Iуащхьэмахуэ» журналым я лэжьакIуэхэр.