Адыгэшым и тхыдэ
2019-08-06
- Ди лъэпкъыр иригушхуэрэ хуэдэр зырызу къыддекIуэкIа шы лъэпкъ хэплъыхьар хъумэнымрэ абы и щхьэ бжыгъэр зэфIэгъэувэжынымрэ теухуауэ хъыбар гуапэ къытхуэзыхьа Къудей Аслъэнрэ Къардэн Анзоррэ къызэрыхагъэщамкIэ, совет лъэхъэнэм адыгэшу диIэр учётым щыту щытащ.
- Абы хиубыдэртдунейм къытехьа шыщIэхэми ныбжь зиIэхэми я генеалогие лъагъуэр. 1935 гъэм япэ тхылъыр къыдэкIат. Псори зэхэту томи 7 къыдагъэкIащ. 60 гъэхэм къыщыщIэдзауэ апхуэдэ лэжьыгъэ иныр илъэс 30-м щIигъукIэ зэпыуат. Иджы Шууей Хасэм хэтхэм жэрдэм къыхалъхьащ 8-нэ томыр ягъэхьэзырын зэрыхуейм теухуауэ. «Адыгэшым и щхьэ бжыгъэр зэгъэпэщыжыным-рэ зи чэзу томыр къыдэгъэкIынымрэ теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ищIащ Амщокъуэ Хьэжысмел. Абы хузэфIэкIащ УФ-м шы гъэхъунымкIэ и институтым зыпищIэу къыкIэлъыкIуэ 8-нэ томыр гъэхьэзырыным елэжьын. Абы папщIэ ар Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, адыгэ щыпсэу адрей щIыналъэхэм кIуэурэ шыхэр къыхитхыкIащ. Мы Iуэхум хуэм-хуэмурэ къыхохьэ адыгэш лъэпкъым зигу иригъу дэтхэнэ зы цIыхури. Шууей Хасэм хэтхэм я жэрдэмым нобэ щыгъуазэщ КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр. Шэч хэлъкъым адыгэшым и тхыдэмрэ нобэ абы и Iуэхур зытетымрэ къэтщIэнымкIэ 8-нэ томым мыхьэнэшхуэ зэриIэнум.
- Къудей Лидэ.