Унагъуэ нэхъыфIхэр яIэт
2019-06-08
- «Илъэсым и унагъуэ нэхъыфI- 2019» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэхэр иджыблагъэ зэфIэкIащ. Абы кърикIуахэм иджыблагъэ щыхэплъэжащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэнымкIэ и министерствэм къепхауэ лажьэ «Лэгъупыкъу» социально-реабилитацэ центрым. Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Чылар Аринэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, зэпеуэм къыхэжаныкIахэм яхэхуащ а районым щыщ унагъуитI: БатIитIэхэрэ Гъутхэрэ.
- «Унагъуэр хабзэм и хъумакIуэщ» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр яхуэфащэ дыдэу къыщахьащ Жанхъуэтекъуэ къуажэм щыщу БатIитIэхэ я унагъуэ лъэщым. Унагъуэм я нэхъыжьхэу Мухьэмэдрэ Ксениерэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, пщIэрэ нэмысрэ я зэхуаку дэлъу илъэс 35-м щIигъуауэ зэдопсэу, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Абы зэдагъуэтащ, зэдапIащ икIи гъащIэм и гъуэгу захуэм трагъэуващ бынищ. Ахэр унагъуэ дахэ хъужащ, адэшхуэ-анэшхуэхэр ягъэгуфIэ я бынхэм къащIэхъуэ щIэблэм. БатIитIэхэ я унагъуэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ къащIэхъуэ щIэблэхэм лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, тхыдэмрэ IэрыщI гъуазджэмрэ ябгъэдэлъхьэным. Мухьэмэд зэрысабийрэ хуэIэрыхуэщ пхъэм елэжьыным, и мащIэкъым абы къыхибзыкIа, лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет хьэпшыпхэр, пхъэцIыч куэд ищIащ. Апхуэдэу ар хуэIэзэщ фэм елэжьынми: бгырыпх зэмылIэужьыгъуэхэр екIуу еухуэн, нэгъуэщI хьэпшыпхэри ещI. А псоми къадэкIуэу Мухьэмэд уэрэджыIа- кIуэ Iэзэщ. Бахъсэн щIыналъэм и «Кавказ» цIыхубэ ансамблым и солист БатIитIэм дахэу егъэзащIэ адыгэ, балъкъэр уэрэдыжьхэр, зыбжанэрэ хэтащ районпсо, къэралпсо фестивалхэм, абыхэм я лауреати хъуащ. 2005 гъэм Мухьэмэд дэкIуеифащ Iуащхьэмахуэ бгым и къухьэпIэ лъагапIэм.
- Мухьэмэд и щхьэгъусэ Ксение унэгуащэ IэкIуэлъакIуэщ. Ар хуэIэзэщ пщэфIэнми, цым елэжьынми, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, бын гъэсэным. Ар анэ гумащIэщ, анэшхуэ IэфIщ, гуащэ набдзэгубдзаплъэщ, щыкъуанэ гуапэщ. БатIитIэхэ нэхъыжьхэм я чэнджэщэгъущ, нэхъыщIэхэм я унэтIакIуэщ.
- «УнагъуэщIэ» унэтIыныгъэм ещанэ увыпIэр къыщахьащ Ислъэмей къуажэм щыщхэу Гъутхэ Резуанрэ Рометэрэ. Абыхэм унагъуэ зэраухуэрэ куэд мыщIами, я цIэхэр жылэм фIы-кIэ щыIуащ, бын цIыкIуищ къащIохъуэри, зыхэтым щапхъэу щагъэлъагъуэ. Унагъуэм я нэхъыжь Резуан район администрацэм щIалэгъуа-лэм ядэлэжьэнымрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщIщ. Ар бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастерым и кандидатщ, а лъэныкъуэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм къапэкIуащ щытхъу, фIыщIэ тхылъ куэд. Зэщхьэгъусэхэм унагъуэ Iуэхури хьэрычэтыщIэ IэнатIэри къызыхуэтыншэу зэдахь. Рометэ унагъуэ жьэгум и хъумакIуэщ, анэ гумащIэщ, щхьэгъусэм пщIэрэ нэмысрэ хуэзыщI бзылъхугъэ щыпкъэщ. Унагъуэ Iуэхухэми, хадэ гъэкIынми, Iэщ гъэхъунми, хьэрычэтыщIэ IэнатIэми зыкъыдагъахуэурэ, Гъутхэ я унагъуэ дахэм зэман хухах я бынхэр лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ешэлIэным, щIыуэпсыр хъумэным щIэблэр хуэущииным. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, къытщIэхъуэ сабийхэм ящIэн хуейщ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр.
- БатIитIэхэ, Гъутхэ дохъуэхъу унагъуэ насып щымыщIэу, я щIэблэм я гуфIэгъуэ куэд ялъагъуу, лъэпкъым, къэралым яхуэщхьэпэн IуэхугъуэфIхэмкIэ я цIэхэр утыкушхуэхэм къыщраIуэну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.