КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек курыт школыр къэзыуххэм зэрызахуигъазэр
2019-05-23
- Курыт еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэ лъапIэхэ!
- Нобэрей махуэр фи дежкIэ къызэрыгуэкIкъым. Нобэ фэ еджапIэм къыщыфхуоуэ Иужьрей уэзджынэр.
- Фэ къыфпэщылъщ школыр къэзыуххэр зыпхыкIын хуей къэпщытэныгъэхэр, балигъ гъащIэм фыхэзышэну гъуэгур къыфхузэIузыххэр, IэмалыщIэхэмкIэ, гъащIэм лъэ быдэкIэ фыщыувыным фыхуэзышэну къэлъыхъуэныгъэхэмкIэ гъэнщIахэр. Фэ фщыщ куэдым яубзыхуакIэщ я гъащIэр зытраухуэнур, зыгуэрхэри пIейтейуэ йогупсыс къыхахыну гъуэгум.
- Фыщымышынэ унафэ къэфщтэным, мурадышхуэхэр зыхуэвгъэувыж. ИкIи еджапIэм щызэвгъэгъуэта щIэныгъэр фи плъапIэхэр гъэзэщIа хъунымкIэ къыфхуэсэбэпыну, фи къарум фыкъызэригъэгугъэр фи хъуэпсапIэхэр зэвгъэхъулIэным лъабжьэ хуэхъуну си гуапэщ.
- ГъащIэщIэм фыщыхыхьэкIэ зыщывмыгъэгъупщэ щIэныгъэ щывгъуэта школыр, сыт щыгъуи фщIыгъуа, фызыIууа гугъуехьхэр къызэвнэкIынымкIи, вбгъэдэлъ зэчийхэр къызыкъуэфхынымкIи щIэгъэкъуэн нэс къыфхуэхъуа, зи псэм щыщ IыхьэкIэ къывдэгуэша фи егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи махуэшхуэмкIэ, узыншагъэ быдэ, къару мыкIуэщIыж, дэрэжэгъуэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну си гуапэщ.