Махуэшхуэр яIэт
2019-05-18
- Налшык дэт Музыкэ театрым дыгъуасэ зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м и Къэрал Думэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хэт депутатхэр, КИФЩI-м и щIыналъэхэм, Томск, Ленинград, Тверь, Волгоград областхэм я лIыкIуэхэр, КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
-
Къызэхуэсахэр едэIуащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэрэ «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партым Къэрал Думэм щиIэ фракцэм и УнафэщI Неверов Сергейрэ видеокIэ къагъэхьа хъуэхъум. Матвиенкэ и псалъэм къыхигъэщащ илъэс 25-м къриубыдэу КъБР-м и Парламентым и депутатхэм зэфIагъэкIар зэрымымащIэр икIи зыми емыщхь щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ зыбгъэдэлъ щIыналъэм дяпэкIи зрагъэужьыну зэрыщыгугъыр.
-
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэса псоми ехъуэхъуащ махуэ дахэмкIэ, псом хуэмыдэу къыхигъэщащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм фIыщIэ зэрахуищIыр.
- — Ди зэIущIэм нобэ щIэсщ КъБР-м и Парламентым и зэхыхьэгъуэ зэхуэмыдэхэм цIыхубэм, щIыналъэм зегъэужьыным псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьахэр. 1993 гъэм япэу хаха Парламентыр и къалэнхэм пэлъэщам и мызакъуэу, нэхъыбэжи хузэфIэкIащ, абы щхьэкIэ фIыщIэ яхудощI ди нэхъыжьхэм, — жиIащ КIуэкIуэм. — ЩIыналъэм и жылагъуэ-политикэ псэукIэм и мардэхэр убзыхуным, цIыхубэр зэкъуэгъэувэным а зэманхэм мыхьэнэшхуэ яIащ. Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр зэгурыIуэу зэрызэдэлэжьам кърикIуащ нобэ дызыхунэсар. Ди мурадыр зыщ — экономикэм зедгъэужьынырщ, цIыхухэм я псэукIэр едгъэфIэкIуэнырщ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысей Федерацэм нэхъ зыщызыужь щIыналъэхэм ящыщ хъун хуейщ. Шэч хэмылъу, абы и лъэныкъуэкIэ гъэ къэс хыдогъахъуэ ди зэфIэкIым. Илъэс 25-м къриубыдэу КъБР-м и Парламентым и хабзэубзыху лъабжьэр игъэбыдэн хузэфIэкIащ, апхуэдэуи федеральнэ законодательствэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуещI, хабзэм ехьэлIа жэрдэм куэд къыщыхелъхьэ УФ-м и Къэрал Думэм. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ куэд иджыри фиIэну депутатхэм сынывохъуэхъу, хьэщIэхэм фIыщIэ яхузощI ди гуфIэгъуэр къыддаIэтыну къызэрытхуеблэгъам папщIэ.
-
И къэпсэлъэныгъэм и ужькIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къэрал дамыгъэ лъапIэхэр яритыжащ ахэр зыхуагъэфэщахэм.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыщыпсалъэм илъэс 25-м къриубыдэу республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм къикIуа гъуэгуанэр, зэфIагъэкIахэр къызэщIикъуэжащ. Абы жиIащ гъуэгуанэ гугъу, абы щыгъуэми гъэщIэгъуэн, депутатхэм къызэрызэранэкIар.
-
— Къэралым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щыщекIуэкIа илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ депутатхэр жыджэру елэжьащ республикэм зэрызиужьыну унэтIыныгъэхэм, абыхэм ехьэлIа законхэр зэхэгъэувэным. ЦIыхубэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ зэтещэхэнкIэ шынагъуэ щыIат, арщхьэкIэ политикхэм я цIыхубэм щхьэкIэ жэуап зэрахьыр зыхащIэу зэрыщытам, ябгъэдэлъа зэфIэкIым и фIыгъэкIэ апхуэдэ гузэвэгъуэ къэхъуакъым, — жиIащ Егоровэ Татьянэ. — Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIыу щыта КIуэкIуэ Валерий и бгъэдыхьэкIэм, Совет Нэхъыщхьэм и пашэу щылэжьам, республикэм и дежкIэ зэман нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщу щыта а лъэхъэнэм, абы хузэфIэкIащ щIыналъэр зэпIэзэрыту къызэтригъэнэн. Апхуэдэущ КъБР-м и япэ Президентыр псоми дигу къызэринар.
- Егоровэ Татьянэ щхьэхуэу къытеувыIащ КъБР-м и Парламентым и зэхыхьэгъуэхэр зэрызэфIэувамрэ зэрызаужьамрэ. Абы жиIащ КъБР-м и Парламентыр нобэ зытет законхэр япэ хэхыгъуэм и депутатхэм ягъэтIылъауэ зэрыщытар, абы щхьэкIэ абыхэм фIыщIэ хэха къызэралэжьыр.
- — КъБР-м и Парламентым япэу къищта законхэр ныпым, гербым, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм ятеухуауэ щытащ. Нэхъыщхьэрати, 1997 гъэм фокIадэм и 1-м къащтауэ щытащ КъБР-м и Конституцэр. Нобэ дэ яужь дитщ дяпэ итахэм зэхалъхьа законхэр зэредгъэфIэкIуэным, псом хуэмыдэу гулъытэ хэха худощI цIыхухэм я псэукIэр нэхъ тынш зэрытщIыным. Республикэ унафэщIхэмрэ депутатхэмрэ зэдолажьэ инвестицэхэр щIыналъэм къешэлIэным, хьэрычэт IэнатIэм зыщIэгъэкъуэным, экономикэм зегъэужьыным ехьэлIауэ.
- Егоровэм жиIащ УФ-м и Къэрал Думэм федеральнэ законхэм я проекти 100 зэрагъэхьар. Абыхэм ящыщу 16-м къару ягъуэтащ (7-р ягъэхьэзыращ Парламентым и етхуанэ зэхыхьэгъуэм хэт депутатхэм). Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и Парламентыр дунейпсо утыку зэрихьэр, псалъэм папщIэ, Европэм и Советым и щIыпIэ, щIыналъэ властхэм я зэхуэсым ар жыджэру хэтщ. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым жиIащ нэгъуэщI щIыналъэхэм я хабзэубзыху орган нэхъыщхьэхэм ядэлэжьэнми мыхьэнэшхуэ зэрыратыр. Апхуэдэу КъБР-м и Парламентым и жэрдэмкIэ, къызэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я Парламент зэгухьэныгъэр, УФ-м и щIыналъэ 16 зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ.
- — Нобэ къалэн нэхъыбэж зэфIэдгъэкIын хуейуэ къытпэщытщ. Ахэр къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и накъыгъэ унафэхэм. Абыхэм щынэхъыщхьэр ди цIыхубэм я гъащIэр егъэфIэкIуэнырщ икIи абы ди къару етхьэлIэн хуейщ. ФокIадэм республикэм къыпэщытщ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуитI: КъБР-м и Парламентым и еханэ хэхыгъуэм и депутатхэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ хэхыныр. Си фIэщ мэхъу ди щIыналъэм и къэкIуэнур нэхъыфIыж хъуныр абыхэм зэрелъытар. Дызэгъусэмэ, куэд тхузэфIэкIынущ, — дыщIигъуащ Егоровэм.
- КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъумкIэ къехъуэхъуу зэIущIэм хьэщIэхэр къыщыпсэлъащ, республикэм и артист пажэхэмрэ «Кабардинка» къэфакIуэ гупымрэ ар ягъэдэхащ.