ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2022

Лэжьыгъэшхуэ иджыри къапэщылъщ

2022-11-24

  • «Кавказ» Р-217 гъуэгум кIэщIэж Шэджэмыпсымрэ Лэскэныпсымрэ щхьэпрыкI лъэмыжитIыр къызэIуахыжащ иджыблагъэ. Абы ирихьэлIэуи КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Росавтодорым ирищIылIащ 2023 — 2028 гъэхэм машинэхэр зэрызекIуэ гъуэгухэм зегъэужьынымкIэ зэгурыIуэныгъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Ди гулъытэ  хуэныкъуэхэм хохьэ

2022-11-24

  • Зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр езым я ныбжьхэм яхэту егъэджэныр республикэм къызэрыщызэрагъэпэщым, а Iуэхум хэлъ гугъуехьхэм, хэкIыпIэхэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ школ-интернат №1-м (КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэтщ). ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэрыщIэмэ, Iуэхури кIуэтэнщ

2022-11-24

  • Москва, Къэзан, Петрозаводск къалэхэм щэкIуэгъуэм и 11 — 24 махуэхэм щекIуэкIащ «Кино и драматургия народов России. Фестиваль- смотр этнических и локальных фильмов и пьес» фестивалыр. Москва еплъыныгъэр къыщызэIуахащ адыгэ драматург, усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и    «КъежэкI» пьесэмкIэ. Тхыгъэм урысыбзэкIэ къеджащ москвадэс актёрхэр, зэзыдзэкIар езы Къаныкъуэращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

ТыншыпIэ хущIэкъуакъым

2022-11-24

  •  Нэхущ Исмел ТIутIэ и къуэр 1898 гъэм Абзуанхьэблэ (иджы Къулъкъужын Ипщэ) къыщалъхуащ. И сабиигъуэм абы лэжьыгъэм, хабзэм ехьэлIа щIэныгъэ бгъэдэзылъхьар и адэ къуэшырщ, ар къэзылъхуахэр пасэу дунейм ехыжати.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ литературэр  и плъапIэт

2022-11-24

  • Шэвлокъуэ Пётр Жэбагъы и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж къуажэм 1927 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыщалъхуащ. 1944 гъэм къыщыщIэдзауэ къулыкъу зэхуэмыдэхэр зэрихьэу ар «Къэбэрдей пэж» газетым щылэжьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зи къалэмыр гуащIафIэу зыгъэбза

2022-11-24

  • Уэрэзей Афлик къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу
  • Уэрэзей Афлик Пщымахуэ и къуэр Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1947 гъэм щэкIуэгъуэм и 23-м къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха иужь, 1966 — 1968 гъэхэм абы дзэм къулыкъу щищIащ. 1970 — 1973 гъэхэм Афлик щеджащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмкIэ и къудамэм. 1973 гъэм Литературэ институту Москва дэтым щIэтIысхьэри, ар 1978 гъэм къиухащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэр «Ленин гъуэгу» газетым и зэдзэкIакIуэу, корреспонденту, къудамэм и унафэщIу щытащ (1978 — 1988), «Iуащхьэмахуэ» журналым и отделым и унафэщIу лэжьащ (1988 — 2000), а къулыкъу дыдэр «Нур» журналми щрихьэкIащ (2000 — 2003). 2003 гъэм щыщIэдзауэ 2006 гъэ хъуху «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Месси и гугъэхэр къызэтощащэ

2022-11-24

  • Катарым щекIуэкI футболымкIэ дунейпсо чемпионатыр хуэмурэ къызэщIоплъэ. Командэхэм узыщымыгугъа зэфIэкIхэр къызэкъуах, телъыджэхэр къыщохъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол